ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэмыку Жаннэрэ ар фIыуэ зылъагъухэмрэ

2013-06-06

  • Гъуазджэр фIыуэ зы­лъагъу­хэр, КъБР-м щIыхь зи­Iэ и артисткэ Хьэмыку Жан­нэ и творчествэм дихьэххэр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щызэхуэсат. Жаннэ и бенефису ягъэлъэгъуащ итальян драматург Николаи Альдо и пьесэм къытращIыкIа «Гулъытэншэ хъуахэр» спектаклыр (зыгъэувар УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Фырэ Русланщ).
  •  
  • Театрым и артистхэм да­хэу утыку кърахьащ гъащIэм и зы Iыхьэ пэж: зэгуэр езыхэри а ныбжьым зэрынэсынур ямыщIэу бынхэм я адэ-анэм лей зэрытрагъэ­хьэр. Жьы хъуахэр щапIыж унэм къыщыхъу Iуэхугъуэщ спектаклым къигъэлъагъуэр, ауэ абыкIэ жыIа мэхъу нэ­хъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэр, къэзылъхуахэм хьэм и пщIэ зэрыхуамыщIыр, я щхьэ ифI фIэкIа къызэрамылъыхъуэм, мылъкум я нэр къызэрыщри­гъэпхъуам цIыху сэфэтым зэ­рыришыр. «ГъащIэ гъуабжэ, зэшыгъуэ, хэкIыпIэнша­гъэ, къызэбнэкIа гъащIэм еп­ха гукъэкIыж»… а гупсысэхэр и кIыхьагъкIэ щыпхышащ абы. «Бынхэм дэрэ дуней зырыз дытет хуэдэщ, псом нэхъыфIыр зыми ущымыгугъыу упсэунырщ» — а гупсысэр щIегъэбыдэ спектаклым. Ар  пэжщ, ауэ узэрыхуей дыдэм хуэдэу щы­хъуркъым гъа­щIэм, къыпэпкIухьын, дэп­чы­хын, уи гугъэм­ пэIэщIэ гуэр­хэм зы­щы­дэб­гъэшын хуей куэдрэ къохъу. АтIэ­ми, ар уи адэ-анэм ­елъытамэ, абы гуитI­щхьитIыгъэ гуэри къыщIыхэкIын щыIэкъым. Ауэ ар къагурыIуэркъым Ни­нелрэ (ролыр зыгъэзащIэр Къэжэр Борисщ) Мимирэ (Хьэмыку Жаннэ) я бынхэм. ЯхузэфIэкIращи, бынхэм я жыIэм къыщIэкIыну хэтщ, тIэкIу кIасэIуэу къыпщы­хъу­ми, насып кIапэ зрагъэ­гъуэтыным папщIэ.
  • Спектакль нэужьым утыку къихьащ пшыхьыр езыгъэ­кIуэкIа артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ. Абы япэу сценэм къри­гъэблэгъа хъыджэбз цIы­кIум псори хьэщыкъ ищIат. Хьэмыку Жаннэ и къуэ­рылъху Денизэ анэш­хуэм­ макъамэкIэ ехъуэ­хъуащ, уэрэдитI дахэ дыдэу игъэ­зэщIащ (и гъэсакIуэр Бжьыней Маринэщ).
  • КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат.
  • — Актер IэщIагъэр къыхэзы­хам цIыхубэм и пщIэ хуэфащэщ, абы ину ирипагэ хъунущ, сыту жыпIэмэ псэ къару хэплъхьэу утыкум ущы­джэгуныр, роль гъэщIэ­гъуэнхэм уихьэу ахэр пэжагъ ин хэлъу къэппсэуныр зыху­зэ­фIэкIынур зэчийм и мызакъуэу, лIыгъэшхуи зыхэлъ цIыхурщ, — жиIащ Уянаевэм. — Зэчийр Тхьэм и тыгъэщ икIи ар Хьэмыку Жаннэ нэсу къигъэсэбэпащ. Ар дэ до­лъагъу театрым дыкъэ­кIуэху. Актер нэхъыжьхэм хаша лъагъуэм дахэу ири­кIуэ актрисэ лъэщщи, ефIэ­кIуэну ди гуапэщ.
  • Мы гъатхэм къриубыдэу Къэбэрдей къэрал драмэ театрым бенефисхэмкIэ дызэригъэгуфIэр къыхигъэщащ къыкIэлъыкIуэу псэлъапIэр хуит зыхуащIа, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ. Зи махуэр зыгъэлъапIэ Жаннэ ехъуэхъуа иужь, ар министрым къыбгъэдэкI тхыгъэ гуапэм къеджащ.
  • Хьэмыку Жаннэ и лэ­жьыгъэм, и гъащIэм, и цIыху щIы­кIэу зыщыгъуазэм гуапэу и гугъу ящIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэ, а IуэхущIапIэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Токъуий Мадинэ, КъБР-м и Театр лэжьакIуэ­хэм я зэгухьэныгъэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Куэтэншы Хьэлимэт, Тэрч район администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ КIэрэф Мурадин. Утыкум къадит я ныбжьэ­гъум псалъэ IэфIхэр хужа­Iащ УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэу ЖьакIэмыхъу КIунэрэ Балъкъыз Валерэрэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэжэр Борис, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Хьэмыкум щыдэлажьэ Балъкъэр Тамарэ.
  • ЗэIущIэм и кIэухыу микрофоныр къищтащ езы Хьэ­мыку Жаннэ. Пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэми абы къри­хьэлIа псоми фIыщIэ ин яхуи­щIа иужь абы жиIащ:
  • — Артистым сытым дежи уп­щIитIкIэ зыхуагъазэ: щы­щIа­лэм — и хъуэпсапIэм, и ныб­жьыр хэкIуэта иужь, на­сы­пыфIэрэ и мурадхэр къе­хъулIа-къемыхъулIарэ. Мыращ а упщIэхэм теухуауэ жыс­Iэфынур. Хуабжьу сы­щы­насыпыфIи щыIащ, сынасыпыншэу зыкъыщыслъытэжи куэдрэ къэхъуащ, ауэ лэжьыгъэншэу сыкъыщынэм и деж тIэуней сынасыпыншэщ. Творческэ цIыхухэр щыщыуэ куэдрэ къохъу, сэри абыхэм сащыщщ. Театрым зыри щызэзмыгъэхъу­лIэфы­ну сыщигугъаи, абы сыхуэмыфащэу къыщысщыхъуаи къэхъуащ. Нэхъ гъащIэ хуит­­кIэ, нэжэгужэкIэ сыпсэуну сыщыхуежьаи щыIащ, арщхьэкIэ ар сэратэкъым. Аращи, нобэ зы цIыхум нэхъ мыхъуми псэхугъуэ гуэр лъэз­гъэIэсамэ, адэкIэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъу сылэжьэнущ. Дэнэ сэ си ныбжьыр зды­нэсар?!
  •  
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  • Сурэтхэр Толгуров Чэрим трихащ.