Лэжьэн щIедзэ
2013-05-17
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ иIэ хъуащ ЩIалэгъуалэ совет. Ар дэIэпыкъуэгъу хъунущ щIэблэм я Iуэхухэр нэхъыфIу зэфIэхынымкIэ, республикэм щыIэ зэгухьэныгъэхэм нэхъ жыджэру ядэлэжьэнымкIэ.
- ЩIалэгъуалэ советым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Жылагъуэ палатэм зэфIихын хуейуэ и пщэ къыдэхуэ Iуэхухэм щIэблэщIэр хэшэныр, апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр зэпыщIауэ КъБР-м и къэрал IуэхущIапIэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм ядэлэжьэныр, КъБР-м щыIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэхэр зэгъэуIуныр.
- Советыр къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ щIалэгъуалэр социально-экономикэ, политикэ, щэнхабзэ гъащIэм хэша хъун папщIэ Iэмалхэр убзыхуныр, щIалэгъуалэ политикэр гъэзэщIа хъуным къару хэлъхьэныр, зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм я жэрдэмыр дэIыгъыныр, нэгъуэщIхэри.
- Зэпеуэ къыхалъхьам ипкъ иткIэ, ЩIалэгъуалэ советым хэтыну цIыху 55-рэ къыхахащ. Ахэр комиссэ 11-м щылэжьэнущ. ЩIалэгъуалэ советым и Iэтащхьэр Шыпш Аслъэнщ, абы и къуэдзэу Мокаев Ачмезрэ Журавлевэ Татьянэрэ хахащ.
- Правовой IуэхухэмкIэ, къэрал IуэхущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэм ядэлэжьэнымкIэ — Дыджэ Арсен, экономикэмкIэ, бюджетымрэ туризмэмкIэ — Хьэмыкъуэ Ахьмэд, социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ — Афэ Азрэт-Алий, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ — Узденов Расул, узыншагъэр хъумэнымкIэ — Урысмамбэт Даниял, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ — Мыз Залинэ, граждан институтхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ — Уяновэ Любовь, мэкъумэш политикэмкIэ, къуажэ Iуэхухэмрэ экологиемкIэ — Дудар ФатIимэ, физкультурэмрэ спортымкIэ — Чабдаров Тенгиз, щэнхабзэмкIэ — Темукуевэ Маликэ, регламентымрэ ЩIалэгъуалэ советым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ Аббасовэ Нафисад сымэ комитетхэм я унафэщI хъуащ.
- ЩIалэгъуалэ советым и Президиумым цIыху 15 хэтщ.
- Щомахуэ Залинэ.