2013-05-17
- Къэбэрдей-Балъкъэр
- Республикэм и Правительствэм и
- УНАФЭ
- 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 16 №214-рп
- Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыщыхуэгъэхьэзырын икIи щегъэкIуэкIын мурадкIэ:
- 1. Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр къэщтэн, мы Унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
- 2. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хуэгъэувын Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я махуэм теухуауэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планыр зэхилъхьэу къищтэну.
- 3. Мы Унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Г. А.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр
- зыгъэзащIэ МАРЬЯШ Иринэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм
- 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м къыдигъэкIа
- Унафэ №214-рп-мкIэ къищтащ
- Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар
- егъэкIуэкIынымкIэ
- къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр
- Портэ Г. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIщ)
- Фырэ Р. Б. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ)
- Васильев С. В. — къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр (зэгурыIуауэ)
- Къалмыкъ Ж. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэIу советым и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
- Кладько И. Е. — Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
- Къумахуэ М. Л. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрыр
- Семэн П. Г. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр
- Сэхъурокъуэ Хь. Хь. — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
- Уянаевэ А. М. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъур (зэгурыIуауэ)
- ХьэфIыцIэ М. М. — «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэр, «Адыгэ Хасэ» Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
- Яхэгуауэ К. С. — «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу абхъаз зауэм хэтахэм я союз» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)