Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIы зэхущытыкIэхэр реформэ зэрыщащIынум и концепцэ
2013-01-11
- Къэралми, ди республикэми социально-политикэ, финанс-экономикэ щытыкIэр щыгугъуми, иужьрей илъэс зэкIэлъыкIуэхэм КъБР-м и экономикэм зеужь, валовэ щIыналъэ продуктым (ВРП) зэуIуу хохъуэ; рынокым и Iэмалхэр я лъабжьэу, экономикэмрэ лэжьыгъэмрэ я къызэгъэпэщыкIэр, иджырей индустриальнэ, инновацэ технологиехэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр (псом хуэмыдэу мэкъумэш IэнатIэм) нэрылъагъуу йофIакIуэ.
- Абы къыдэкIуэу, рынокым и институтхэмрэ Iуэху зехьэкIэщIэхэмрэ иджыри тэмэму республикэм щызэтеублакъым, псом япэу щIыр къызэрыгъэсэбэпыпхъэм ехьэлIахэр (ар КъБР-м щынэхъыщхьэщ). Апхуэдэ щытыкIэм зи къару илъыгъуэу лэжьэфынухэм я жэрдэмыр къызэпеуд, иджырей хьэрхуэрыгъэм и Iэмалхэмрэ инвестицэм и зегъэкIуэкIэмрэ я лъабжьэу экономикэм дяпэкIи зегъэужьыныр зэтреIыгъэ. Гъавэ щIапIэхэм я фIагъыр хъумэным, зэфIэгъэувэжыным, я къэуатым хэгъэхъуэным пыщIа мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэха хъуакъым. Къуажэдэсым (мэкъумэшыщIэм) щIымкIэ иIэ хуитыныгъэм теухуауэ урысей законодательствэм къигъэувыр зэрамыгъэзащIэр социальнэ захуагъэм и хабзэхэм къезэгъыркъым, апхуэдэу, зэрыщыту республикэм и экономикэми, хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ КъБР-м зэрызыщаужьми зэран хуохъу. А псом къыхэкIыу, фIэкIыпIэ зимыIэу икIи социально-экономикэ я лъэныкъуэкIэ КъБР-м дяпэкIи нэрылъагъуу зэрызиузэщIынум и хэкIыпIэхэм ящыщ зыуэ зэманым къегъэув хабзэ гъэбелджылахэмрэ мурад пыухыкIахэмрэ тету, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ къалэн гъэнэIуахэр я лъабжьэу щIы зэхущытыкIэр реформэ щIын хуейуэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIы зэхущытыкIэхэр реформэ зэрыщащIынум теухуа мы концепцэр зыхуэгъэпсари а мурадыр зэгъэхъулIэнырщ.
- 1. ЩIы реформэм и мурадхэмрэ и къалэнхэмрэ:
- — КъБР-м и цIыхухэм (къуажэдэсхэм) мылъкукIэ яIэ хуитыныгъэхэр къызэрагъэпэщкIэрэ, УФ-м хабзэкIэ зэрыщыгъэувам тету, мэкъумэш щIапIэхэм щыщ щIыхэм щIы Iыхьэхэр къыхэгъэкIын икIи ахэр унейуэ етын;
- — фейдэ пылъу нэгъэсауэ щIыр унейуэ республикэм щызезыхьэфынухэр убзыхун икIи ар и лъабжьэу хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьын (IэнатIэ зэхуэмыдэхэм — унейхэм гупу зэгухьэхэм);
- — КъБР-м и щIы гъэтIылъыгъэхэр рынокым хэгъэхьэн икIи рынок зэхущытыкIэхэм щызэкIэлъагъакIуэ объектхэм хуэгъэкIуэн;
- — ар и лъабжьэу экономикэм и мэкъумэш IэнатIэм технологие пэрытхэр къызэрыщагъэсэбэп щIыкIэр егъэфIэкIуэн, хъеру къитым хэгъэхъуэн, цIыхухэр Iуэхум хэшэн, абыхэм я псэукIэр къэIэтын;
- — республикэм щIыр щызэIэщIаубыдэу (щIы монополизм) икIи ар зэрыхуейуэ къыщагъэсэбэпу къэмыгъэхъун;
- — мэкъумэш IэнатIэм щыщу республикэм фейдэ пылъу щылажьэ хозяйствэшхуэхэмрэ курытхэмрэ дяпэкIи зэрызрагъэужьыну щIыкIэр къэлъытэн;
- — КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм хабзэ хъуауэ къадекIуэкI щIы зехьэкIэр нэгъэсауэ къэлъытэн;
- — зэщхьэщыхауэ зэкIэлъагъакIуэурэ, мэкъумэш щIапIэхэм я рынокыр убзыхун.
- 2. ЩIы реформэр къызэрызэрагъэпэщ икIи зэрырагъэкIуэкI хабзэхэр
- — хабзэм тету ягъэбелджыла къуажэдэсхэм щIы Iыхьэхэр зэрыхухах щIыкIэр:
- — зэпымыууэ къуажэм щыпсэууэ 2011 гъэм щIышылэм и 1-м мы- нэхъкIасэу а щIыпIэм щатха дэтхэнэми, апхуэдэу абыхэм балигъ мыхъуа я бынхэми.
- — унейуэ хупач щIы пакIэр зэрыхъур (зыхуэдизыр) къызэралъытэ щIыкIэм тету — къуажэ муниципалитетым (къуажэм, къутырым) псори зэхэту гъавэ щIапIэу бгъэдэлъымрэ абы зэпымыууэ щыпсэухэм я бжыгъэмрэ тращIыхь;
- — гупу зэгухьахэм мэкъумэш щIапIэм щыщ щIы Iыхьэхэр зэрыхухах (зэрыхупач) щIыкIэм тету (псори зэхэту гектари 10 нэхърэ мынэхъ мащIэ Iыхьэхэм къыхупач); зи Iуэхур зэпэщ мэкъумэш хозяйствэхэм яIыгъ щIы Iыхьэхэм я гъунапкъэхэр а щIыпIэм щагъэбелджылы;
- — щIы Iыхьэ гъэтIылъыгъэхэр къызэрыхагъэкI щIыкIэр:
- — жылагъуэм щыпсэухэм зэхуэдэу къагъэсэбэпын папщIэ (къуажэбгъу хъупIэхэр, псоми я зэхуэдэ инфраструктурэм щхьэкIэ);
- — жылагъуэм адэкIи зэрызиужьыным тещIыхьауэ (зыужьыныгъэм теухуа генпланым тету);
- — къэралым дежкIэ гъэтIылъыгъэр — щIыуэ яIэм и проценти 10-м нэс;
- — муниципалитетым дежкIэ гъэтIылъыгъэр — щIыуэ яIэм и проценти 10-м нэблагъэ;
- — IэнатIэ куэду (унейуэ, гупу) зэхэт КъБР-м и мэкъумэш экономикэм щIыр унейуэ зэрыхухах щIыкIэр;
- — КъБР-м щIы реформэхэм зыщыхуэгъэхьэзырыным икIи ахэр щегъэкIуэкIыным граждан жылагъуэр жыджэру зэрыхашэну щIыкIэр;
- — КъБР-м и законодательствэм тету, рынокым хуиту зэрыхэт Iэмалым гъавэ щIапIэхэр зэщхьэщыхауэ (илъэси 2-3-м къриубыдэу) зэрыхуагъэкIуэну щIыкIэр;
- — зи Iуэхур зэпэщ мэкъумэш IэнатIэхэр (цIыхухэм я щIы Iыхьэхэр къызэращэху, щIы гъунапкъэхэр зэрагъэбелджылы льготэхэр (преференц) хабзэкIэ зыгъэув зыуэ щыт IуэхущIапIэу а хозяйствэхэм ядэлажьэм акционер зэращI и IэмалхэмкIэ) щIы Iыхьэхэр зейхэм я арэзыныгъэ хэлъу икIи зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету зэрахъумэ щIыкIэр;
- — щIы Iыхьэхэр зыхупачыну цIыхухэм я спискэхэр ирикъуу, пэжу жылагъуэ псоми гурыIуэгъуэу хэIущIыIу зэрыщащIынури хэту, щIы реформэм зэрызыхуагъэхьэзырымрэ ар зэрекIуэкIымрэ нэгъэсауэ зэIухауэ икIи наIуэу къызэрызэрагъэпэщыну щIыкIэр.
- 3. ЩIы реформэр гъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ зэрызэкIэлъагъэкIуэну щIыкIэр
- — щIы реформэхэр гъэхьэзырыныр, ахэр егъэкIуэкIыныр зыуэ щыт хабзэхэр я лъабжьэу, зы календарь планым икIи властым и къудамэ, республикэм и граждан жылагъуэ псори зэрылэжьэну схемэ зэхэту КъБР-м и Iэтащхьэм зэригъэуIум тету къызэгъэпэщын;
- — гъавэ щIапIэхэр къызэрагъэсэбэпым и IуэхукIэ УФ-м и законым щыубзыхуа пщалъэхэмрэ положенэхэмрэ я лъабжьэу, ягъэбелджыла цIыхухэм щIы Iыхьэхэр яхухэхыныр къызэгъэпэщын;
- — КъБР-м щIы реформэхэм зыщыхуагъэхьэзырыну икIи ахэр щрагъэкIуэкIыну лъэхъэнэм властым и гъэзэщIакIуэ къудамэхэм я деж (КъБР-м и Правительствэм — властым и район къудамэхэм — властым и къуажэ къудамэхэм) пIалъэкIэ лэжьэну гупхэр къыщызэгъэпэщын;
- — щIы реформэхэр щрагъэкIуэкIыну лъэхъэнэм КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым хыхьэу, щIым и зехьэкIэмрэ щIы зэхущытыкIэхэмкIэ экспертхэм ящыщ чэнджэщэгъу гуп къызэгъэпэщын;
- — КъБР-м щIыуэ бгъэдэлъыр инвентаризацэ щIын, республикэм щIы щызыIыгъ, экономикэм и мэкъумэш IэнатIэм и IуэхущIапIэ псоми я щытыкIэр къэпщытэн;
- — КъБР-м щIы зэхущытыкIэхэм теухуауэ щрагъэкIуэкIыну реформэм и къалэнхэмрэ и мурадхэмрэ я концепцэм щыгъэбелджыла Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэныр зэкIэлъыхьауэ икIи зэгъэкIуауэ къызэзыгъэпэщыну зэгъэзэхуэжыныгъэхэр щIыхэр къызэрагъэсэбэпым и IуэхукIэ КъБР-м и законым хэлъхьэн;
- — къуажэ муниципальнэ щIыналъэхэм щIы реформэхэр щыгъэхьэзырыным, къыщызэгъэпэщыным икIи щегъэкIуэкIыным теухуа методикэ Iуэхугъуэхэр КъБР-м и Правительствэм зэхилъхьэу къищтэн;
- — 50/50 жыхуиIэ зэраубзыху Iэмалым тету, дэтхэнэ къуажэми Жылагъуэ комиссэхэр къыщызэгъэпэщын (процент 50-р муниципальнэ депутатхэмрэ муниципалитетхэм я унафэщIхэмрэ ящыщу, процент 50-р граждан жылагъуэм я лIыкIуэу);
- — щIы реформэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ зэфIэкIыхункIэ, къызэгъэпэщыныгъэ IуэхукIэ, чэнджэщкIэ, мылъкукIэ властым и къуажэ муниципальнэ IэнатIэхэм КъБР-м и Правительствэр дэIэпыкъун.
- КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и зэIущIэм Концепцэм арэзы щытехъуащ.
- 2012 гъэм жэпуэгъуэм и 24-м.