2013-01-11
- «КъБР-м щIы реформэ къыщызэгъэпэщыным, ар гъэхьэзырыным икIи егъэкIуэкIыным граждан обществэр зэрыхэтыну щIыкIэмрэ хабзэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и
- Унафэ
- Финанс-экономикэ кризис хьэлъэри, жылагъуэ, экономикэ шынагъуэншагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр КъБР-м иджыри нэгъэсауэ зэрыщызэфIэмыхьари хэтыжу, сыт хуэдэ гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ щыIами, иужьрей илъэс зэкIэлъыкIуэхэм зэрыщыту экономикэми, валовэ щIыналъэ продуктми (ВРП) республикэм зэпIэзэрыту щыхэхъуащ, ноби абы тетщ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ мэкъумэш IэнатIэм нэрылъагъуу зэрызиужьыр. Ар и фIыгъэщ бэджэнд зэхущытыкIэхэр я лъабжьэу, щIым и зехьэкIэм хабзэ зэрыхалъхьам, мэкъумэш щIэкIэр езыгъэфIакIуэ сыт хуэдэ Iэмалми зэрытрагъэгушхуэм.
- Абы къыдэкIуэу, рынокым и институтхэмрэ Iуэху зехьэкIэщIэхэмрэ нэгъэсауэ республикэм щызэтеублакъым, псом япэу щIыр къызэрыгъэсэбэпыпхъэм ехьэлIахэр. Апхуэдэ щытыкIэм зи къару илъыгъуэу лэжьэфынухэм я жэрдэмхэр къызэпеуд, иджырей хьэрхуэрыгъэм и IэмалхэмкIэ КъБР-м и экономикэм дяпэкIи зэрызрагъэужьыфыну щIыкIэр зэтреIыгъэ. Гъавэ щIапIэхэм я фIагъыр хъумэным, зэфIэгъэувэжыным, я къэуатым хэгъэхъуэным пыщIа мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэри зэфIэха хъуакъым. Къуажэдэсым (мэкъумэшыщIэм) щIымкIэ иIэ хуитыныгъэм теухуауэ урысей законодательствэм къигъэувыр иджыри къыздэсым зэрамыгъэзащIэр социальнэ захуагъэм и хабзэхэм къезэгъыркъым, апхуэдэу хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ КъБР-м зэрызыщаужьым зэран хуохъу. А псом къыхэкIыу, фIэкIыпIэ зимыIэу икIи экономикэ, социально-щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ республикэм адэкIи зэрызиузэщIынум и хэкIыпIэхэм ящыщ зыуэ зэманым къегъэув хабзэ гъэбелджылахэм тету, щIы зэхущытыкIэхэм мыпхуэдэ реформэ щегъэкIуэкIыпхъэу:
- — цIыхухэм мылъкум теухуа я хуитыныгъэхэр къызэрагъэпэщкIэрэ, фейдэ пылъу нэгъэсауэ щIыр унейуэ республикэм щызезыхьэфынухэр убзыхун;
- — зэрызэкIэлъагъакIуэ Iэмалым тету, щIы гъэтIылъыгъэхэр рынокым хэгъэхьэн икIи рынок зэхущытыкIэхэмрэ социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ зэраунэтI Iэмалым ахэр хуэгъэкIуэн;
- — ар и лъабжьэу экономикэм и мэкъумэш IэнатIэм технологие пэрытхэр къызэрыщагъэсэбэп щIыкIэр егъэфIэкIуэн, хъеру къитым хэгъэхъуэн, цIыхухэр Iуэхум хэшэн, абыхэми я псэукIэр къэIэтын;
- — КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм, хабзэ хъуауэ, къадекIуэкI щIы зехьэкIэр нэгъэсауэ къэлъытэн.
- Къыхалъхьам ипкъ иткIэ, советым унафэ ещI:
- 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIы зэхущытыкIэхэр реформэ зэрыщащIынум и концепцэм и проектым арэзы техъуэн (адэкIэ-Концепцэ) икIи, Советым и зэIущIэм щыжаIахэр къалъытэу зэгъэзэхуэжыныгъэхэр халъхьа нэужь, 2012-2016 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIы реформэм зыщыхуэгъэхьэзырыным икIи ар щегъэкIуэкIыным теухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм я программэмрэ я календарь графикымрэ лъабжьэу къэщтэн.
- 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIы реформэ зэрыщрагъэкIуэкIынум и календарь графикыр гъэбелджылыныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и ЗэзыгъэуIу комитетымрэ щIы зэхущытыкIэхэм я реформэм зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар егъэкIуэкIынымкIэ КъБР-м и Правительствэм и лэжьакIуэ гупымрэ я пщэ илъхьэн.
- 2. Чэнджэщ етын:
- КъБР-м и Правительствэм
- 1. Зэрагъэувам тету, пщалъэ актхэр къэщтэн:
- — цIыхухэм щIы Iыхьэхэр зэрыхупач щIыкIэмрэ хабзэхэмрэ я IуэхукIэ; щIы Iыхьэхэр унейуэ зэратхым и IуэхукIэ;
- — зыбгъэдэлъым елъытауэ, щIыхэр зэрызэхагъэщхьэхукIым и IуэхукIэ.
- 2. Граждан обществэм и институтхэр ящIыгъуу щIы реформэхэр къызэрызэрагъэпэщ, цIыхухэм щIы IыхьэхэмкIэ я хуитыныгъэхэр зэратх щIыкIэм теухуауэ мы къыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэхэр зыгъэув методикэ чэнджэщхэр гъэхьэзырын икIи къэщтэн:
- — щIы Iыхьэхэр зыхупычыпхъэ цIыхухэм я спискэр зэрагъэбелджылы щIыкIэр;
- — щIы гъэтIылъыгъэу ябгъэдэлъым, абыхэм я фIагъыр зыхуэдэм тещIыхьауэ, районхэмрэ къуажэхэмрэ щызэщхьэщахынухэм ящыщу ягуэшыну щIы Iыхьэхэр зыхуэдизыр;
- — пыухыкIауэ зыхуэзэ щIыпIэм тещIыхьауэ, мэкъумэш щIапIэхэм къыхагъэкIыну щIы Iыхьэхэр я инагъ-цIыкIуагъкIэ нэхъыбэ дыдэу зэрыхъун хуейр;
- — КъБР-м и районхэм пыухыкIауэ щIы гъэтIылъыгъэу къагъэнэну зыхуэдизыр.
- 3. Гъавэ щIапIэхэр приватизацэ ящIа нэужь, щытыкIэщIэм тету гъэмахуэ хъупIэхэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэм теухуа Iуэхугъуэхэм хэплъэн.
- КъБР-м и Парламентым
- «КъБР-м мэкъумэш щIапIэхэр къызэрыщагъэсэбэпым и IуэхукIэ» Законым мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ халъхьэну:
- — республикэм и муниципальнэ щIыналъэ псоми щыпсэухэм щIы пакIэхэр яхупычыным теухуа Iуэхугъуэхэр зэфIахыхункIэ, илъэс 49-кIэ щIыр приватизацэ ящIыну хуит зыщI мораториер пIалъэ-пIалъэкIэ зэщхьэщыхауэ зыкъутэжыр;
- — къуажэдэсхэм я нэхъыбэм щIы Iыхьэхэр зэрыхухах, ахэр унейуэ зэрыхуатх щIыкIэр зыгъэувхэр;
- -республикэм щIыр щызыIэщIаубыдэу, ар зэрыхуейуэ къыщагъэсэбэпыну хуит зымыщIыр;
- — щIыр зыбгъэдэлъ дэтхэнэми ар къигъэсэбэпын, зэрихьэн папщIэ, зэхуэдэ Iэмал къыхузэзыгъэпэщыр.
- Муниципальнэ властым и къудамэхэм
- — ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм хабзэ хъуауэ къадекIуэкI щIы зехьэкIэр нэгъэсауэ къалъытэкIэрэ, щIыр зыIэщIэлъ дэтхэнэми хьэрхуэрыгъэр зи лъабжьэ зэхуэдэ щытыкIэ тэмэм я щIыналъэхэм къащыхузэрагъэпэщыну (мыбдежым зи гугъу щищIыр къуажэ хъупIэхэр, мэз кусэхэр, щIыпIэ гъуэгухэр зэхуэдэу къэгъэсэбэпынырщ, жылагъуэхэм я зыужьыныгъэм щхьэхуэу щIы хухэхынырщ, н.къ.);
- — КъБР-м и Правительствэм муниципальнэ щIыналъэ къэс яхуигъэува пIалъэм къитIасэу, щIы пакIэхэр яхупычыныр, щIы Iыхьэхэр унейуэ яхуэтхыныр зэфIигъэкIыну.
- КъБР-м и Правительствэмрэ республикэм и властым и муниципальнэ IуэхущIапIэхэмрэ я къалэнщ:
- — республикэм щIы зэхущытыкIэхэм я реформэр щыщрагъэкIуэкI лъэхъэнэм дэтхэнэ муниципальнэ щIыналъэми и экономикэм и мэкъумэш IэнатIэм и инфраструктурэмрэ технологиемрэ зезыгъэужь Iуэхугъуэхэр къызэрагъэпэщыну;
- -щIыр къызэрагъэсэбэпынум теухуа лэжьыгъэ псори наIуэу зэфIахыну, республикэм щIы зэхущытыкIэхэм я реформэр зэIухауэ щрагъэкIуэкIыну.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и политикэ партхэм, граждан жылагъуэм
- и къудамэхэм:
- Республикэм уней мылъку зыбгъэдэлъхэм я бжыгъэм щыхэгъэхъуэным, жылагъуэхэм социальнэ ткIиягъэр къыщыгъэщэбэным, КъБР-м социальнэ, инвестицэ щытыкIэр щегъэфIэкIуэным, унагъуэхэм я бизнес гъэпсыкIэхэри хэту, хьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIухэм зегъэужьыным IэмалыщIэ дыдэхэр къыхузэгъэпэщыным хуэунэтIауэ мы Iуэхум социально-политикэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэу, къуажэдэсхэм щIы Iыхьэхэр яхупычыным теухуа лэжьыгъэр наIуэу икIи нахуэу егъэкIуэкIыным жыджэру хэтыну.
- ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм:
- — мы унафэр, апхуэдэу КъБР-м щIы реформэхэм зэрызыщыхуагъэхьэзырынум икIи ар зэрыщрагъэкIуэкIынум теухуа концепцэмрэ календарь графикымрэ къытедзэн:
- — щIы реформэр зэрагъэхьэзырымрэ ар зэрекIуэкIыну щIыкIэмрэ наIуэу къэгъэлъэгъуэн, пэжу икIи зыубгъуауэ хэIущIыIу щIын.
- Советым и УнафэщI
- Къанокъуэ Арсен.