«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ»
2023-01-31
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ бгъэIэпхъуэ хъу «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» выставкэр.
- Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Москва къалэм щыщ художникхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэмрэ графикэ лэжьыгъэхэмрэ, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр.
- Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Совет по карачево-балкарской культуре и просвещению» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щэнхабзэмкIэ я министерствэхэр я дэIэпыкъуэгъуу.
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и унафэщIым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат выставкэр къыщызэIуихым абы зыкърезыгъэхьэлIахэм мы зэхыхьэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, жиIащ сурэтыщI псоми я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъагъуэ нарт IуэрыIуатэр зэрыхъугъуэфIыгъуэр, Кавказым ис лъэпкъ дэтхэнэми я эпосыр щэнхабзэ фэеплъ зэрыхъуар.
- — Лэжьыгъэхэм ящыщ куэд выставкэм япэу утыку къыщрахьащ, абы ирихьэлIэу ягъэхьэзырри. Дэтхэнэ зы щIэблэри тхыдэм, нартхэм я дунейм хэлъа дахагъэм фIыуэ щыгъуазэу къекIуэкIын хуейщ, — жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.
- «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым лъабжьэ хуэхъуащ Кавказым ис лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр. Илъэс мин бжыгъэ и ныбжьу зыхуагъэфащэ нарт эпосыр ЮНЕСКО-м къилъытащ дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм жаIащ лъэпкъ тхыдэр, хабзэхэр къыщыгъэлъэгъуэжа выставкэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, абы иджыри къыпащэну зэрамурадыр.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.