ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тут Беллэ: Уи гупсысэ, уи дуней  пхъумэжыныр лIыгъэщ

2023-01-31

  • Щыгъыным лэчкIэ сурэт тезыщIыхьыу Къэбэрдей-Балъкъэрым ис зыбжанэм ящыщщ Тут Беллэ.
  • Абы Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым кърилъхьэ лэжьыгъэхэм гупсысэ пыухыкIа, щIагъыбзэ гъэщIэгъуэн ящIэлъщ. Адыгэ тхыпхъэхэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэм и пкъыгъуэхэр, лъэпкъ дамыгъэхэр, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэ дахэхэмрэ зытет джанэхэр куэдым ягу зэрырихьыр кIэщIатхэ псалъэ гуапэхэм наIуэ ящI. Пэжу, узэхъуэпсэн хуэдэщ. Хэт зыфIэмыфIыр зыми ямыIэ щыгъын дахэ зэрихьэну?!

  • Сурэт гъэщIэгъуэнхэр зи IэдакъэщIэкI хъыджэбзыр хэкупсэхэм зэращыщыр зэ еплъыгъуэкIэ гурыIуэгъуэщ. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ Май щIыналъэм къыщыхъуа пщащэм и адыгэгу къабзэр, лъэпкъым ехьэлIауэ абы ищI сурэтхэм щIилъхьэ гупсысэр, абы иджырей дунейр зэрилъагъур. Ахэр тфIэгъэщIэгъуэну Тут Беллэ ди хьэщIэщым къедгъэблагъэри, упщIэ зыбжанэ еттащ. И IэщIагъэм къежьапIэ хуэхъуаращ япэу дызыщIэупщIар.
  •  
  • — Сызэрысабийрэ сурэт щIыным сыдихьэхырти, школ нэужьым КъБКъУ-м ДизайнымкIэ колледжым сыщIэтIысхьащ. НапIэдэхьеигъуэм хуэдэу блэкIащ илъэсхэр. Сэ сфIэгъэщIэгъуэн IэщIагъэм хэзыщIыкI егъэджакIуэхэм защызмыгъэнщIурэ къэдухащ еджапIэр. ИужькIэ къызгурыIуэжащ абы сыщыщIэтIысхьам сурэт щIыным хэсщIыкI зэрыщымыIар. Ауэ сыхуагъэсащ, сагъэлъэгъуащ. ХьэфэтегъэкIрэ линейкэрэ къэдгъэсэбэпу ядэртэкъым. Зы екъуа лейуэ тщIымэ, сурэтыр щIэрыщIэу къыщIэддзэжыурэ тщIыжын хуейти, дэтхэнэми дыхуэсакъыпэу дыкIэрыст.
  • Щыгъыным лэчкIэ сурэт тещIыхьын зэрыщIэздзэрэ илъэсым щIигъуауэ аращ. Къапщтэмэ, зэфIэкI ин къэзгъэлъэгъуэну апхуэдэ зэман сиIакъым, ауэ псори дяпэкIэщ. ЯпэщIыкIэ, пщэфIапIэм къыщагъэсэбэп пхъэ теIущIыкIыпIэ цIыкIухэм сурэт тещIыхьын щIэздзащ. ИтIанэ щыгъынхэм сыдахьэхащ. Лэч щащэ тыкуэным сыщIэту, щыгъынхэм я лэч зэрымыщIэкIэ си нэм къыфIэнэри, схуэщIIамэ сеплъыну къэсщтащ. Мис абдеж къыщежьащ иджы IэщIагъэ схуэхъуар. ЯпэщIыкIэ си цIыхугъэхэм я щыгъынхэм сурэт яхутесщIыхьащ, ар зылъэгъуа гуэрхэр абы ехъуапсэри къызэлъэIуащ. Мис апхуэдэурэ ежьащ си Iуэхур. Ауэ мыбы сэ хэзмыщIыкIыу зыгуэр къыхэкIащи, адрейхэр хуэсакъыну чэнджэщ естынут. Хъыджэбз цIыкIу гуэрым и джанэм хутесщIыхьа сурэтыр Интернетым къислъхьа иужь зыгуэр къысхуотхэ и IэрыкI сурэтыр къэздыгъуауэ жиIэу сигъэкъуаншэу (сурэтыр джанэр зеим Интернетым кърихри къысхуигъэхьауэ арат). КъызэрыщIэкIамкIэ, къатхэр сурэтыщIт, жиIэри пэжт. Дауи, Iуэхум си къуаншагъэ зэрыхэлъыр, ауэ ар зэрымыщIэкIэ къызэрыхъуар жесIэри, дызэгурыIуэжащ. Шэч хэмылъу, сэ дяпэкIэ сыхуэсакъынущ апхуэдэ къызэрызмыгъэхъунум.
  • — Сыт щыгъыным тетыну нэхъ уагъэщIыр?
  • — Лъэпкъ дамыгъэ, лIыхъужь, жыIэгъуэ хуэдэхэрщ. КъызэрымыкIуэу согузавэ икIи сыпоплъэ цIыхум хуэсщIа сурэтыр къызэрыщыхъунум. Си гуапэ дыдэ мэхъу а фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу щыслъагъукIэ.
  • — ЩэкI блэну тынш?
  • — ЩэкIыр къызыхэщIы- кIам елъытащ. ЩэкI зэхэшым лэчыр фIыуэ къищтэркъыми, нэхъыбэрэ хэбгъэхьэн хуейщ. Псом нэхърэ нэхъ гугъур фэм сурэт тепщIыхьынращ. Фэм и щIыIур ухуэсакъыпэурэ плъэщIу, Iэлъэ пIэрыгъыу улэжьэн хуейщ, армыхъумэ, IэпапIэ цIыкIу къытенэмэ, фэмрэ лэчымрэ зэкIэрымызагъэу бэлыхь птрагъэлъынущ.
  • — ЛэчкIэ ла щыгъыныр дапхуэдэу зэрызепхьэнур?
  • — Дауи, мыдрей щыгъынхэм нэхърэ нэхъ ухуэсакъын хуейщ. Псы пщтыркIэ бжьыщI, лэчым уеныкъуэкъу хъунукъым. Куэдым къащохъу апхуэдэ щыгъынхэр илъэс-илъэситI фIэкIа земыкIуэну. Хьэуэ, ухуэсакъмэ, куэд дыдэрэ лэчым зыри къыщымыщIу, и фэр мыкIуэду уиIэнущ.
  • — Зы джанэм сурэт тепщIыхьыным дапхуэдиз зэман текIуадэрэ?
  • — НэгъуэщI Iуэху симыIэмэ, махуитIкIэ схуэухынущ. Ауэ лэчыр иджыри махуэ зыбжанэкIэ гъэгъущыжын хуейщ.
  • — НэгъуэщI лэжьыгъэ уиIэ?
  • — Александровскэ хьэблэм дэт курыт еджапIэ №11-м и блыным гъэмахуэ кIуам сурэт яхутесщIыхьа иужь, сурэтыщI гъуазджэмкIэ гупжьей а школым щезгъэкIуэкIыну къысхуагъэлъэгъуати, арэзы сыхъуащ.
  • Нэхъапэм сабийхэм уадэлэжьэну гугъуу къысщыхъурт, ауэ зэкIэ къызэхьэлъэкIыркъым, уеблэмэ сабийхэм къару гуэр къысхалъхьэу зыхызощIэ. Абыхэм яхэтщ сурэт щIыным хуэIэзэхэри пэжыжьи, ауэ дэтхэнэми и гупсысэ къигъэлъэгъуэну хущIокъури, ар зэпыбудынкIэ Iэмал иIэкъым.
  • — Уи IэрыкIхэм ди деж щIэупщIэ щаIэ?
  • — ЩIэупщIэ иIэщ, къэзыщэхур мащIэщ армыхъумэ. Бэзэрым щыIэ джанэм и уасэмрэ сэ махуэ бжыгъэкIэ сызэлэжьамрэ зэрызэхуэмыдэр, щIызэхуэмыдэр къызыгурымыIуэр куэдщ. Си лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщщ къэзыщэхур.
  • — Сыт хуэдэ сурэтхэр пщIыну нэхъ пфIэфI?
  • — Сурэт щIыным сэркIэ хэдэ иIэкъым, ауэ лъэпкъым ехьэлIа сурэтхэр нэхъ къызэхъулIэу къысщохъу. Си гуапэщ щIалэгъуалэм ахэр зэрафIэфIыр. Сэ си къалэныр цIыхур зыхэт гупым къахэзыгъэщ фэилъхьэгъуэ яхуэсщIынырщ.
  • — Уи IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэм уэ ппэгъунэгъу яхэт?
  • — Адыгэ фащэкIэ хуэпа хъыджэбзым и жьэр зэтегъэпщIауэ, Iэ куэдыкIей абы и дежкIэ къэIэбэу сиIэщ. Ар куэдым къагурыIуэркъым, ауэ ар сэ нэхъ спэгъунэгъуу схужыIэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си щхьэкIэ апхуэдэ щытыкIэ ситащ. Си хъуреягъыр си гъащIэм къыхэIэбэрэ, сэ жысIэр зыми зэхахыну хуэмейуэ. Уи гупсысэ, уи дуней пхъумэжыфу дунейм утетыныр лIыгъэу къысщохъу, ауэ абы къарууэ текIуадэр зыщIэр пэщIэтарщ.
  • Епсэлъар  Щомахуэ Залинэщ.