Ислъамым и нур
2023-01-31
- МэжджытыщIэ яухуэнущ
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек илъэсым и кIэм лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзауэ щытащ КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий.
- КъБР-м и Правительствэмрэ Дин IуэхущIапIэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр нэхъ егъэфIэкIуэнырт зэIущIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытар. ЩIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тешэн, лъэпкъ хабзэхэр хъумэн, мылъкукIэ хуэмыщIахэм ядэIэпыкъун, цIыхухэр псэукIэ узыншэм тегъэгушхуэн, дин гъащIэр щIэпхъаджагъэм ирапхыну Iэмал ямыгъуэтын папщIэ, щIэныгъэм зегъэубгъун — апхуэдэ Iуэхухэрщ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м и муфтиймрэ зытепсэлъыхьахэр.
- «Гу лъытапхъэщ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек, — мы зи гугъу тщIы лъэныкъуэхэр дин псоми къафIэIуэхуу зэрыщытым, фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ къудамэ псори а мурадхэм зэрытелажьэм. Дэ муслъымэн жэмыхьэтхэм фIыщIэшхуэ яхудощI ди цIыхубэм я зэхуаку зэхэтыкIэ узыншэ щыдухуэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIым щхьэкIэ. Зэкъым, тIэукъым а Iуэхур ди Президент Путин Владимир къызэрыхигъэщар».
- ЗэIущIэм кърихьэлIа IэщIагъэлIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ тепсэлъыхьащ 2023 гъэм зи лъабжьэр ягъэтIылъыну зыхуамурад, Налшык и «КъуэкIыпIэ» щIыпIэм щаухуэну мэжджытым. ЗэIущIэм проект зыбжанэм щеплъащ. Ухуэныгъэм и теплъэр зыхуэдэнур мазитIым къриубыдэу эскизу ящIыну зэгурыIуахэщ. Мэжджытыр хуагъэзэнущ зи гугъу ящI микрорайоным и парк Iыхьэм, текIуэдэнур цIыхубэм зэхуахьэса мылъкущ.
- Нэмэз щыгъэрщ фи Iэщэр
- Кавказым щыщ цIыхум зэхимыхауэ къэнэн хуейкъым шэшэн ущиякIуэшхуэ Кишиев Кунтэ-Хьэжы и цIэр. Диным и куупIэу къалъытэ суфий лъагъуэм и къадирий къудамэм и гъуазэу щытащ а лIы махуэр. 1864 гъэм щIышылэм и 3-м урыс пащтыхь хабзэхъумэхэм Кунтэ-Хьэжы и Хэкум ирашри, Новгород губернием ягъэIэпхъуауэ щытащ, щылIэжари аращ.
- 2012 гъэм ингуш тхакIуэ, профессор, депутат Албогачиев Руслан итха «Кишиев Кунтэ-Хьэжы — щихъ, Iустаз, уэлий» тхылъым адыгэхэм ятеухуа Iыхьэ хэту къыщIэкIащ.
- Албогачиевым игу къегъэкIыж: Кунтэ-Хьэжы теухуа си тхылъым и еплIанэ къыдэкIыгъуэм селэжьрэ пэт, дэфтэр къызэрымыкIуэ дыдэ къыспэщIэхуащ зэчырым и Iуэхур щIыпIэ куэдым зэрынэсам теухуауэ. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдейм и Налшык округым хыхьэ Борыкъуей къуажэм. Тхыгъэр гъэкIэщIауэ къызохь:
- «Зи щIыхьыр ин Тэрч областым и унафэщIым хуэгъэза лъэIу тхылъ. Къэбэрдей адыгэхэм я деж иужьрей зэманым «зэчыр» жыхуаIэ дин дауэдапщэм зыщиубгъуащ. Ар зэрекIуэкI щIыкIэр мыпхуэдэущ: муслъымэнхэр зэхуосри, бжэр гъэбыдауэ е щIыбым дэту, хуабжьу диным теухуа уэрэдхэр жаIэ. Ахэр къыщрашкIэ удын зытрадзэжу е тхьэ хуэпщылIыным хуумыгъэфащэ мыхъумыщIагъэ гуэр къагъэхъууи щыткъым. А хабзэр иджыри ислъам диныр къыщыунэхум щыгъуэ къежьауэ жаIэ. Кавказ Ищхъэрэм ар къэзыхьар пщIэшхуэ зиIэ дин ущиякIуэ Кунтэ-Хьэжыщ».
- ЛъэIу тхылъыр къызыбгъэдэкI Анзорхэ я къуэр пащтыхь къулыкъущIэхэм елъэIуу аращ Кунтэ-Хьэжы иужь иувахэм я гум Iей зэримылъыр я фIэщ ящIу, къэрал хабзэкIэ хамыгъэзыхьыну, хуиту зэчыр жрагъэIэну.
- «Зы унагъуэ хуэдэу зызыбжыж Кунтэ-Хьэжы иужь иува дэ гупым гъуэгу захуэм дытемыкIыну тхьэ тIуащи, ди жагъуэ ящIкIи зыми къыдищIар етщIэжынукъым, ем екIэ дыпэщIэмыувэжыныр псэукIэ хабзэу къыхэтхащ. Дэ бын Iэсэм хуэдэу Алыхьталэми тетыгъуэми жыIэдаIуэу я жьауэ дыщIэуващи, дыныволъэIу Кунтэ-Хьэжы уэсят къытхуищIа зэчыр мамырхэр хуиту жыдвгъэIэну.
- Зытхар Налшык округым хыхьэ Борыкъуей къуажэм щыщ Анзорхэ ХьэтIохъущыкъуэ-хьэжыщ».
- Кунтэ-Хьэжы псалъэ дахэ куэд къызэринэкIащ, я нэхъыбэр IуэрыIуатэ хъужарэ цIыхухэм псалъэжьу къащыхъуу.
- * * *
- Алыхьталэр фIыуэ флъагъуну фыхуеймэ, захуагъэр фIыуэ флъагъу. Фи щхьэ фызэрыхуэхъуапсэмкIэ фи къуэшми фыхуэхъуапсэ. Адрейхэм нэхърэ нэхъ бей, нэхъ цIэрыIуэ, нэхъ лъэрызехьэ зыфщIыну фыхэмыт. ФиIэ псомкIи тхьэмыщкIэхэм фадэгуашэ. МылъкукIэ зыгуэр зэвгъэфыгъуэным фыхуэсакъ. Евгъэхъуапсэ фи щIэныгъэм, захуагъэм, хьэлэлагъым. Алыхьым фелъэIу нэгъуэщIым и пщIэнтIэпскIэ къилэжьа зы хьэдзэ къыфкIэрымыпщIэнымкIэ. Абы кIуапIэ къыуитынукъым.
- * * *
- Фэ фи Iэщэр — нэмэз щыгъэрщ, фочкъым икIи къамэкъым. А Iэщэм тепщэм я нэхъ залымри хуэкъарууншэщ, Алыхьталэм нэхърэ зыри нэхъ лъэщкъым. УзытемыкIуэну бийм зебгъэукIыныр уи IэкIэ зыбукIыжыным ещхьщ, ар гуэныхьышхуэщ. Апхуэдэ лIэныгъэр къыхэзыхым Алыхьталэм и къарумрэ и гущIэгъумрэ дзыхь яхуимыщIу аращ, тепщэ залымхэр къыщIигъэщIыр цIыху зэхэтыкIэр игъэкъэбзэн папщIэщ.
- * * *
- Бзаджэм цIыхуфIагърэ лъагъуныгъэкIэ текIуэ. Быдэм — хьэлэлагъкIэ. Джаурым — уи фIэщхъуныгъэмкIэ. ГущIэгъу пхэлъу, нэмысыфIэу, уи щхьэ уебэкъуэн хьэзыру щыт. Алыхьталэм зептарэ уи псэм ислъам диныр и гъуазэмэ, куэдым щхьэкIэ жэуап уохь.
- * * *
- Къемэт махуэр къэсрэ псори Алыхьталэм и пащхьэм ирагъэувэмэ, ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къытщхьэщыжынкIэ хъунущи, псоми абы и Iумэтым щыщ хуэдэу жаIэнущ. Пэжыр зэхагъэкIын щхьэкIэ, дэтхэнэ зыми и бзэгум еплъынурэ, бзэгур хужьмэ — жиIэр я фIэщ хъунущ, мыхужьмэ — пцIыуэ къалъытэнущ. Сыту жыпIэмэ, щэлэуат къэзыбжым и бзэгур уэсым нэхърэ нэхъ хужь мэхъу.
- * * *
- Дэ ди хабзэхэмрэ ди лъэпкъ хьэлхэмрэ илъэс мин бжыгъэкIэ зэфIэуващ. Аращ ахэр апхуэдизу ислъам диным пэгъунэгъуу къыщIыщIэкIари. Ахэр тхъумэн хуейщ, зыми ягъэпуду яхуэддэ хъунукъым.
- * * *
- ХьэщIэ къакIуэмэ, вгъэлъапIэ. ХьэщIэр жьантIэм дэсыху, мелыIычхэри жьантIэм дэсщ. Ар жьантIэм къыдэпшмэ, и пщIэр мэкIуэдри, мелыIычхэр фи унэм щIокIыж. МелыIыч къабзэхэр фхъумэ. ХьэщIэм хуэфащэ пщIэри фымыгъэкIуэд.
- * * *
- Унэхэр нэхъ лъагэу щыдращIей, пщIантIэхэм нэхъ хуиту зыщрагъэубгъу, сабийхэр адэ-анэм щыщIэкIиеж, цIыхубзхэр ялIхэм емыдаIуэу сондэджэракIуэ щежьэ, хьэлимхэр бажэ плъыжьым ещхьу щыбзаджэ, унафэщIхэр дыгъужьым ещхьу щыгущIэгъуншэ, духьэшыхэм шыд лIаимэ къащыкIэрих зэманыр къэсмэ, къелынур тIэрикъатым тетращ.
- Рэджэбым
- Дыхэтщ
- Мазэ лъапIищым япэ ит рэджэбыр къихьакIэщ. Ди щIыбагъкIэ къэнащ абы и япэ мэремым ягъэлъапIэ РэгъаIиб жэщри. «Сыт рэджэбым адрей мазэхэм емыщхьу пщIэр?» — а упщIэмкIэ зызыхуэдгъэза ди шыпхъухэм я жэуапым федгъэдэIуэнщ:
- Светланэ, Санкт-Петербург: Сэ рэджэбым нэхъ лейуэ хэсщIыхьыр а махуэ пщIырыпщIкIэ къэдбж зикрхэращ. Япэ махуипщIым: «Субхьанэллахьил хьэйил къэйум» 100-рэ къыбобж. ЕтIуанэ махуипщIым: «Субхьанэллахьил Iэхьэди щэмэд». Ещанэ махуипщIым: «Субхьанэллахьил гъэфуури ррэхьиим». Псори зэхэту 3000-рэ жыпIауэ мэхъу мазэм и кIуэцIкIэ. Мы гъэм япэ дыдэ РэгъаIиб жэщым, япэ мэрем пщыхьэщхьэм и ахъшэмымрэ жасымрэ я зэхуакум ящI хабзэ, тIысыгъуэ 12 хъу нэмэзыр сщIащ. Адрей псори махуэ къэс тщIэ хабзэхэращ: нэмэзхэр — и чэзум, пщэдджыжь-пщыхьэщхьэ зикрхэр, КъурIэныр.
- Iэсият, Дыгулыбгъуей: Рэджэбыр щIышылэм и 23-м къызэрихьэр згъэхъуурэ къэсащ Алыхьым и фIыщIэкIэ. Зы илъэси къэзгъанэркъым мазэ лъапIищым гулъытэ лей яхуэзмыщIу. Рэджэбым деж щыщIызодзэри, КъурIэным нэхъыбэу седжэу сыщытщ, сыхонэщIыхь. Рэджэбым и япэ мэрем жэщри, IисраI-михьрадж жэщри хэтщ а мазэм. «Девгъауи, ныжэбэ тIэкIу дызэхэвгъэсыт» жытIэу, цIыху зыхыбл хуэдиз дыдэсщ ди хьэблэми, зикр тщIыуэ, псапэ нэмэзхэр дгъэбагъуэу дызэхэсщ. Рэджэбым махуипщI къэс зикр щхьэхуэ иIэщ, ари хабзэ зыхуэтщIыжауэ жыдоIэ.
- Иджы щыIэ сабийхэм «ахэр фэ къэвгупсысащ, апхуэдэ хэткъым, арат-морат» жаIэ щхьэкIэ, диным илъэс куэдкIэ хуеджа ди Iимамхэм я зым (и цIэр жеIэ) сеупщIат сэ. «Зыми уемыдаIуэ! Абы фIыгъуэу хэлъыр къызыгурымыIуэм зыри къыгурыIуэнукъым. Жэщ ирехъу, махуэ ирехъу, уи тхьэкIумэ фIыуэ къицырхъар къэгъэщхьэпэ, Алыхьым хуэпщылI, абы Iей къыхэкIмэ, си Iуэхущ», — къызжиIащ. Ди ужь ит щIалэгъуалэм дин къабзэр ябгъэдэтлъхьэфыну Алыхьым солъэIу.
- Iэминат, Бахъсэн: Рэджэбыр къулъхуолэм и мазэщ. Мы мазэм къулъхуолэ мин 70 бгъэжэну псапэшхуэщ. Махуэ къэс мини 2-м щIигъу хуэзэу аращ, гъэзэщIэгъуейкъым ар. УмыгъажэкIэ гуэныхь къыпхуатхынукъым, пхуэгъэзащIэмэ, псапэ хъуну аращ.
- Михьрадж жэщыр, рэджэбым и 27-р Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар хьэршым щыдрахьеяращи, жасы нэмэзым и ужькIэ псапэ нэмэзу тIысыгъуэ 12 пщIы хъунущ, тIысыгъуитI къэс сэлам птыжу.
- Рэджэбым и пэм, и кум, и кIэм унэщIыну псапэшхуэ пылъщ. Иджыпсту псори ягъэкIуэдыжыну, япэм щыIахэм жаIахэр пцIыуэ, иджы ящIэхэр пэжу жаIэ щхьэкIэ, щыIар щыIэщ, Алыхьым жиIэмэ. Диныр нобэ къэунэхуауэ пщэдей кIуэдыжыну аракъым, дунейр щытыху- кIэ щыIэнущи, Алыхьым дэтхэнэ зыри ар зыгъэпэжыфын дищI.
- Истихъарэ
- Муслъымэн хабзэхэм язщ IуэхущIэ къыппэщылъмэ, абыкIэ дзыхь зыхуэпщI цIыхухэм уечэнджэщыныр. Абы нэхърэ нэхъ лъапIэжщ а Iуэхур Алыхьталэм хуэбгъэтIылъыныр. Аращ «Истихъарэ» цIэр зыгъуэта нэмэзымрэ духьэмрэ я купщIэ нэхъыщхьэр. Псом хуэмыдэжу абы и уасэм хохъуэ гуитIщхьитI узыщI Iуэху зыхэдэгъуейм и пащхьэ укъихутэмэ.
- ТIысыгъуитI нэужьым («Кафирун» сурэр зыщIэм ар япэ тIысыгъуэм и Iэлъхьэмым трелъхьэ, етIуанэм — «Къулъхуур») мы и лъабжьэкIэ къэтхь духьэр къыбобжри, узыхуейр жыбоIэ. Абы и ужькIэ е пщIыхьэпIэм нэхъыфIым утрегъэгушхуэ, е уэр-уэру уи акъылымрэ уи гумрэ лъэныкъуитIым я зыр нэхъ фIэкъабылу мэхъу. Зэман хэубыдыкIа иIэкъым нэмэзым, уеблэмэ ар ущыгузавэм деж духьэ къудейуи къыубж мэхъу. Ауэ жасы нэужьым, шхэнми, псэлъэнми, тегупсысыкIынми цIыхур нэхъ щыпэIэщIэм деж, къыпэкIуэ жэуапыр нэхъ IупщIу къалъытэ. Зыхуэсакъыпхъэхэм ящыщщ къыхэпхынур къыхэпхауэ, ерыщу лъэныкъуэ гуэрым ухуеIэу, абы и ужькIэ «истихъарэ сщIащ» жыпIэу уи щхьэзыфIэфIагъым и гъэру укъэнэныр. Сыт щыгъуи зэхэгъэкIыпIэу щыIэр гум и къабзагъырщ.
- Аллахьуммэ! Iинни Iэстэхъиирукэ бигьилмикэ, уэ Iэстэкъдирукэ би къудрэтикэ, уэ IэсIэлукэ мин фэдликэл гьэзиим. Фэ иннэкэ тэкъдиру уэ ла Iэкъдир, уэ тэгьлэму уэ ла Iэгьлэм, уэ Iэнтэ гьэлламул гъууйуб.
- Аллахьуммэ! Iин кунтэ тэгьлэму Iэннэ хьазэл Iэмрэ (ущIэгузавэ Iуэхур жыIэ) хъейрун ли фи дини уэ мэгьаши уэ гьакъибэти Iэмри, фэкъдурхьу ли уэ яссирхьу ли суммэ барик ли фиихь.
- Уэ ин кунтэ тэгьлэму Iэннэ хьазэл Iэмрэ (ущIэгузавэ Iуэхур жыIэ) шэррун ли фи диини уэ мэгьаши уэ гьакъибэти Iэмри, фэщрифхьу гьэнни уэ щрифни гьэнхьу уэкъдур лиял хъэйрэ, хьэйсу канэ, суммэ рэдинии бихь.
- Алыхьу си Тхьэ! Шэч зыхэмылъыжращи, Уи щIэныгъэм и фIыгъуэмрэ Уи къарум и лъэкIыныгъэмкIэ си Iуэхур фIым хуэпшэн лъэIукIэ зыпхузогъазэ, Уэ къыббгъэдэкI ехъулIэныгъэ мыухыжми сыщIолъэIу! Шэч хэмылъу, Уэ ПлъокI, сэ лъэкIыныгъэ сиIэкъым, Уэ УощIэ, сэ сщIэркъым икIи Уэ щэхум ущыгъуазэщ. Алыхьу си Тхьэ! Мы Iуэхур си динымкIэ, си гъащIэмкIэ, си Iуэхур зыхуэкIуэжынумкIэ (зи гугъу ищIыр Къемэт махуэрщ) фIыуэ къэплъытэмэ, ар къызэгъэхъулIэ, псынщIэ сщыщI, и фIи къызэгъэкI. Мы Iуэхур си динымкIи, си гъащIэмкIи, си Iуэхур зыхуэкIуэжынумкIи Iеймэ, ар спэIэщIэ щIы, сэри абы пэIэщIэ сыщI, дауэрэ хъуми, нэхъыфIым сыхуэши, абыкIэ сигу гъэзагъэ.