ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Убыххэм я щIэблэщ япэ адыгэ олимп чемпионыр

2022-06-23

  • Нобэ Дунейпсо Олимп махуэщ. Адыгэхэм тхуэугъурлыщ абы ехьэлIа зэхьэзэхуэхэр. ЖыпIэну урикъунщ олимп чемпиону нобэр къыздэсым цIыхуипщI дызэриIэр, тIур вице-чемпион зэрыхъуар, домбеякъ медалыр апхуэдизми къазэрылъысар. Къэралышхуэ Iэджи щыIэщ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр я пщIыхьэпIэми хэмыту.

  • ДыкъызытехъукIыжахэм илъэс мин зыбжанэ зи кIыхьагъ тхыдэ къулей зэраIэм и щыхьэтщ налкъутналмэс щIэину къытхуагъэна нарт эпосыр. Апхуэдэм ирипагэфыну дунейм лъэпкъищ-плIы тету аращ. Абыхэм къыхощыж Пасэрей Алыджым ди эрэм и пэкIэ IX лIэщIыгъуэм къыщежьа Олимп джэгухэм куэдкIэ ящхьэщыкIыу нарт лIыхъужьхэм езыхэм я лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ, я къарур, зэфIэкIыр здынэсыр щагъэунэху зэ-пеуэ инхэр зэраIар. Ар IупщIу къыхощ Сосрыкъуэ зэраукIам и хъыбарми, нэгъуэщIхэми.
  • Сосрыкъуэ Хьэрэмэ Iуащхьэ ираджащ:
  • — Шурылъэс дыджэгунущ, Хьэрэмэ Iуащхьэ жаншэрхъ къедгъэжэхынущ,- жари…
  • Хьэрэмэ Iуащхьэ нэсащ Сосрыкъуэ. И жагъуэгъухэр Хьэрэмэ Iуащхьэ тетщ. Сосрыкъуэ къыщалъагъум, жаншэрхъыр кърагъэжэхащ:
  • — НатIэкIэ къеуэ, Сосрыкъуэ! — жари.
  • НатIэкIэ еуэри, Сосрыкъуэ жаншэрхъыр Хьэрэмэ Iуащхьэ дрихуеижащ.
  • — IэдакъэкIэ къеуэ, Сосрыкъуэ! — жари жаншэрхъыр къраутIыпщхьэхыжащ.
  • IэдакъэкIэ еуэри, жаншэрхъыр Хьэрэмэ Iуащхьэ дрихуеижащ.
  • — БлыпкъкIэ къеуэ, Сосрыкъуэ! — кърагъэжэхащ жаншэрхъыр.
  • БлыпкъкIэ еуэри, жаншэрхъыр Хьэрэмэ Iуащхьэ дрихуеижащ Сосрыкъуэ…
  • Илъэс мин бжыгъэ зи кууагъ лъабжьэ быдэ зэраIэрауэ къыщIэкIынщ адыгэхэм Олимп лъагапIэр мызэ-мытIэу къыщIащтэфар. Я гугъу фхуэтщIынщ Хьэрэмэ Iуащхьэ зи къежьапIэ ди лIыхъужьхэм. НобэкIэ ахэр, Олимп чемпионхэр, 10 мэхъу.
  • Олимп зэпеуэхэр къызэрежьэрэ илъэс минитIым щIигъуащ. ПIалъэ гуэрым ар зэпагъэуауэ щытами, тхыдэм къыхэтэджыкIыжащ икIи дунейм къытехъуа зэхьэзэхуэ нэхъ удэзыхьэххэм я деж жьантIэр щиIыгъщ. ДиIащ, диIэщ икIи диIэнущ абы адыгэ лъэпкъыр щызыIэта щIалэ ахъырзэманхэр. Апхуэдэхэм я лъагъуэхэш хъуащ Тыркум щыпсэуа ди лъэпкъэгъу Догу (ГъукIэ) Яшар.
  • Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым дунейм тригъэкIуэдыкIыжа, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуа убыххэм я щIэблэщ Догу Яшар. Ар къызыхэкIар ГъукIэ-хэщ икIи 1913 гъэм Тыркум и Самсун къалэм пэмыжыжьэ Къарэ-Эмир адыгэ къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ. Яшар и адэжь пагэхэм Кавказыр ябгынат, я Хэкур гущIэгъуншэу къэзызэуа урыс пащтыхьым я щхьэр хуамыгъэтIылъын папщIэ. ЯлъэкI къагъэнакъым абыхэм зыхэхуа тыркухэми яхэмышыпсыхьын щхьэкIэ. Абы щыгъуэми, адрей адыгэ мухьэжырхэми хуэдэу, я къаруи зэфIэкIи щысхьакъым кIуэдыжыгъуэ щихуам зэзышэлIа къэралым и пщIэр яIэтын, ар ягъэбыдэн папщIэ. Ахэр зауэлI хахуэхэт, политик Iущхэт, ухуакIуэхэт, щIэныгъэлIхэт, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ипэкIэ зыгъэкIуатэхэт. Ахэр икIи спортсмен лъэрызехьэхэт. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур адыгэхэм къахэкIауэ япэ дыдэу Олимп чемпион хъуа Догу (ГъукIэ) Яшарщ. Абы и цIэр Хэкужьми, Тыркуми, хамэ къэралхэми хуабжьу пщIэ лъагэ щызиIэщ. Ар ящыщщ тыркухэр спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо утыку изышахэм, япэ ехъулIэныгъэ инхэр къахуэзыхьахэм.
  • И ныбжьыр илъэс пщыкIутхум иту Яшар бэнэныр IэщIагъэ хуэхъуащ. Дзэм хыхьа иужькIэ, нэхъ IэмалыфIхэр иIэ хъуащ утыкушхуэхэм зыкъыщигъэлъэгъуэну. Ар алыдж-урым бэнэкIэми бэнэкIи хуитми хэтт, ауэ нэхъ ехъулIэныгъэфIхэр щызригъэгъуэтар иужьращ. 1939 гъэм щыщIэдзауэ Тыркум и командэ къыхэхам хэтащ.
  • ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щIидзэным и пэ къихуэу Яшар и цIэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Iуащ. Норвегием и къалащхьэ Ослэ щекIуэкIа Европэм и чемпионатым килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абы дыжьын медалыр къыщихьащ. ИужькIэ Балкан джэгухэми 1940, 1942 гъэхэм щытекIуащ.
  • Зауэ нэужь лъэхъэнэращ Догу (ГъукIэ) Яшар и зэфIэкI лъагэр наIуэ щыхъупар. 1946 гъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионатым аргуэру дыжьын медалыр къыщихьащ. Махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу апхуэдэ дыдэ зэхьэзэхуэм Швецием  и къалащхьэ Стокгольм дыщэр щызыIэригъэхьащ. Иджы бэнэкIэ хуитымкIэ. Килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм убых щIалэм къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым.
  • КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Яшар аргуэру Европэм и чемпион хъуащ. Иджы ар абы къыщехъулIащ алыдж-урым бэнэкIэм. Чехословакием и къалащхьэм къикIыжащ дыщэ медалыр пщIэхэлъу.
  • Догу (ГъукIэ) Яшар куэдрэ хэтт, щыпсэу Тыркум къищынэмыщIауэ, Ираным, Индием, Данием, Швецием, Польшэм, Италием, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщ дунейпсо зэпеуэ инхэм. ИкIи къыщыхъу щIагъуэ щыIэтэкъым текIуэныгъэхэр щызыIэримыгъэхьэ. Ауэ абы и вагъуэр нэр щIисыкIыу къыщыблар иужькIэщ. 1948 гъэм Великобританием и къа- лащхьэ Лондон щекIуэкIа XIV Гъэмахуэ Олимп джэгухэм япэ ехъулIэныгъэ ин щаIащ тыркухэм. Ар зи фIыгъэр абыхэм я командэ къыхэхам хэ-ту бэна Догу (ГъукIэ) Яшарщ. Зэи къэмыхъуауэ, адыгэ Олимп чемпион дунейм къытехутащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы щыгъуазэр мащIэт, Тыркум щыпсэу хэхэсхэм къызыхэкIа лъэпкъыр ябзыщIын хуей хъурти. Псоми зэреджэр тыркут.
  • Европэм и чемпиону Олимпиадэм кIуами, Догу (ГъукIэ) Яшар куэдым кърадзащэртэкъым. Къащыхъуат зэрымыщIэкIэ и насып нэхъапэм къикIауэ. Абы щыгъуэми ар зыхэт бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм спортсмен гъуэзэджэ куэд щызэтрихьат, дэтхэнэми дыщэр хуагъэфащэу. Япэ дыдэ зэIущIэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа Мерил зэрыхигъэщIам гу лъызытар мащIэщ. АдэкIэ къыпэщIэувари нэхъ лъэщыж швед Фределт. Хухаха зэманыр имыух щIыкIэ ар къабзэу щытридзэм, итIанэ ягъэщIагъуэу щIадзащ Яшар и зэфIэкI лъагэр. Къапщтэмэ, Великобританием къыщыдэкI «Миррор» газет цIэрыIуэм абы иужькIэ итхащ: «Мы тырку щIалэр Лондон къыщIэкIуар дыщэрауэ фэ тетщ!» Ар икIи пэжт. КъикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэ Догу (ГъукIэ) Яшар чемпионыгъэм хуэпабгъэт. Абы текIуэныгъэ дахитху Лондон къыщихьащ икIи, и хьэрхуэрэгъу лъэщ псори иригъэкIуэтэкIри, Олимп щыгум къыщыхутащ.
  • Нэхъ гугъу дыдэ кIэух зэIущIэм Яшар къыщыпэщIэтащ техникэ гъуэзэджэ зиIэ икIи къарууфIэ Геррард, Австралие жыжьэм къикIар. Хьэрхуэрэгъур сакът икIи IэкIуэлъакIуэт. Ар икIи бзаджэт — пэплъэрт Догу Яшар щыбэлэрыгъынум. Адыгэ щIалэр зэрытеплъэкъукIыу, занщIэу тридзэри, къыщхьэщытIысхьэжащ, къабзэу хигъэщIэн папщIэ. Мис абдежым Яшар и къэмыланджагъэр наIуэ хъуащ: щхьэпхэтIыгур алэрыбгъум щIигъакъуэщ, и бгыр къытриIэтыкIри, «лъэмыжу» уващ. ДакъикъитIым нэблагъэкIэ австралийцыр хущIэкъуащ ар хигуэну. Инджылызхэр нэхъыбэу зыдэщI Геррард цIэрыIуэр зэрытекIуэнур къахуэмыгъэсу зэпэщIэтыныгъэм кIэлъыплъхэр зэрызехьэрт. АрщхьэкIэ ахэр щыуащ. НапIэзыпIэм и лъакъуэр щIигъакъуэщ, и плIэр игъазэри, Яшар щытыкIэ гугъум къикIащ. Бэнэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъхэр зэщIэщымащ. Зэхьэрхуэрэгъухэр аргуэру зэ-пэщIэувэжащ. Балл бжыгъэкIэ хагъащIэми, Догу (ГъукIэ) Яшар тегушхуэныгъэм зэщIищтащ, щытыкIэ гугъум къызэрикIыфам папщIэ. Геррард Iэнкунщ. ЗэIущIэм пащэну судьям хуит зэрищIу, адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъур ипхъуатэри, тридзащ. Ар, игъэкIэрахъуэурэ, япэ ищащ. Къабзэу тридзэну абы къару иIэжтэкъым. АрщхьэкIэ, псом ящхьэр текIуэныгъэрат. Догу (ГъукIэ) Яшар ар зыIэригъэхьэри, адыгэхэм ящыщу япэу Олимп чемпион хъуащ! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зи щIэщыгъуэ тыркухэми я бэнакIуэр уафэм нэс драхьеинут.
  • Абдежми къыщыувыIакъым Яшар. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ар хэтащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэ-хуэм. Абы саугъэт лъапIэхэр къыщимыхьами, гуп зэпеуэм тыркухэр япэ щизыгъэщын балл зыбжанэ зыIэригъэхьащ.
  • КъыкIэлъыкIуэ текIуэныгъэ инми Догу (ГъукIэ) Яшар къыдэщIхэр куэдрэ пигъэплъакъым. 1949 гъэм Истамбыл щекIуэкIа Европэм и чемпионатым ар щытепщащ. Илъэсищ ипэкIэ адыгэ щIалэр апхуэдэ зэхьэзэхуэм щытекIуати, ар щIигъэбыдэжын хуейт. Олимп чемпион зэрыхъуам апхуэдэ къалэн ин къыхуигъэувырт. Iуэхур гугъу ищIырт Европэм и чемпионатыр я деж зэрыщекIуэкIым икIи трагъэгушхуэн папщIэ цIыху минхэр и пащхьэм зэрыщызэрызехьэм. Ахэр текIуэныгъэ фIэкIа зыри хуейтэкъым. Ар щымыIэмэ, апхуэдизу иджыри къэс яIэтар щIым щыщ ящIыжыфынут.
  • Догу (ГъукIэ) Яшар зыхэт килог-        рамм 79-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бэнакIуэ тIощIым щIигъу кърихьэлIат. Дэтхэнэми дыщэ медалыр хуэфащэу къилъытэрт икIи ар зыIэригъэхьэн папщIэ и фэм къипщынут. Псоми я хъуэпсапIэт Олимп чемпионыр хагъэщIэну. АрщхьэкIэ Яшар абыхэм апхуэдэ Iэмал яритын дэнэ къэна, гугъэ къудеи яригъэщIакъым. Адыгэ щIалэр тхуэнейрэ утыку къихьати, тхуэми къыпэлъэщын къыкъуэкIакъым. Абы иужькIэ Догу (ГъукIэ) Яшар къыфIащащ «Бэнэным и тхьэ» цIэ лъапIэр.
  • НэгъуэщI текIуэныгъэ инхэри иIащ ди лъэпкъэгъум. АрщхьэкIэ, 1951  гъэм Хельсинки (Финляндие) бэнэкIэ хуитымкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм  я деж дуней псом и чемпион щыхъуа иужькIэ, спортым хэкIыжыну мурад ищIащ. Абы къыщыпхуэхьыну псори зыIэрызыгъэхьа щIалэм адэкIэ хьэлэмэтагъ иIэжтэкъым зэпеуэхэм хэтыну. Ар иджы Тыркуми, Балкан джэгухэми, Европэми, ЩIы хъурейми, Олимп джэгухэми я чемпионт. И ныбжьри илъэс 38-м щIигъуати, зигъэпсэхуну, зи щIалэгъуэхэм гъуэгу яритыну и чэзут.
  • АрщхьэкIэ алэрыбгъур ибгынакъым Догу (ГъукIэ) Яшар. Тыркум и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ, чемпионхэр игъасэу. 1961 гъэм и пэщIэдзэм инфаркт   етIуанэу къеуэри, дунейм ехыжащ. Ар щащыгъупщэркъым зи щIыхьыр лъагэу дунейпсо утыкум щиIэта Тыркуми къызытехъукIыжахэр щыпсэуа Хэкужьми. Яшар и фэеплъ сынхэр щагъэуващ Истамбыли щалъхуа щIыпIэми. И хьэдэр щыщIалъхьа Къалаллахь къалэ цIыкIум абы и цIэкIэ илъэс къэс щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэ инхэм и саугъэтхэм щыщIобэн дуней псом и бэнакIуэ нэхъыфIхэр.
  • Зылъэгъуахэмрэ зыцIыхуахэмрэ нобэми ягу къагъэкIыж Догу (ГъукIэ) Яшар цIыху телъыджэу, спортсмен гъуэзэджэу зэрыщытар. Зэхьэзэхуэхэм абы Iэмал щIэщыгъуэ, зыпэмыплъа куэд къыщигъэлъагъуэрт, къарууфIэт. ЗыщихъумэжкIи щебгъэрыкIуэкIи Яшар хуэбгъэдэфынур мащIэ дыдэт. А псом ищIыIужкIэ    хабзэрэ нэмысрэ зыхэлът икIи и хьэрхуэрэгъухэм хьэрэмыгъэ гуэр щакIэ-лъызэрихьа зэи къэхъуакъым. Апхуэдэ бэнэкIэмрэ дуней тетыкIэмрэщ зыщIипIыкIар и гъэсэнхэри. ИкIи   тырку бэнакIуэхэм я иджырей ехъулIэныгъэхэми абы и IыхьэфI хэлъщ.
  • Великобританием и къалащхьэ Лондон 1948 гъэм щекIуэкIа XIV Гъэмахуэ Олимп джэгухэм дыщэ медалхэр къыщызыхьа Догу (ГъукIэ) Яшар хиша лъагъуэ дахэм иужькIэ ирикIуащ Тыркур зи хэщIапIэ хъуа адыгэ бэнакIуэ щIалэхэу Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидрэ (1956 гъэ) Аталай (Нагъуэ) Мэхьмудрэ (1968 гъэ). ИужькIэ абы къыпащащ Хэкужьым къыщыхъуахэу Шыхъуэ Борис (лъакъуэрыгъажэ спорт), Чыржын Мухьэрбий (атлетикэ хьэлъэ), Ахэмын Еленэ (волейбол), Къардэн Мурат (алыдж-урым бэнэкIэ), Хъущт Аслъэнбэч (алыдж-урым бэнэкIэ), Махуэ Билал (бэнэкIэ хуит), Мудрэн Беслъэн (дзюдо) сымэ. А IуэхуфIыр зыгъэкIуэтэнухэри, Тхьэм и шыкуркIэ, ноби ди мащIэкъым.
  • Хьэтау Ислъам.
  • Сурэтхэм: Европэми, ЩIы хъурейми, Олимп джэгухэми я чемпион Догу (ГъукIэ) Яшар.
  • И фэеплъ зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым кърихьэлIахэр.