ДыщэкIым и «Къуажэр»
2022-06-23
- Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэ ДыщэкI Тамир архитектор ныбжьыщIэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI «Къалэр зыгъэщIэращIэ» етхуанэ урысейпсо зэпеуэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ.
- Абы игъэлъэгъуащ «Къуажэ» зыфIища хьэщIэщым и проект. Ар зэхигъэуващ франджы зыплъыхьакIуэ Тавернье и «Адыгский посёлок» сурэтым иригъуазэурэ. ХьэщIэщым псэуалъапхъэу ирихьэлIэр щIыуэпсми, узыншагъэми зэран хуэмыхъущ: пхъэ, мывэ, упщIэ. Пасэм адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта чий дэдзыкIэм и Iэмалхэри къигъэлъэгъуащ.
- Зэпеуэм ирагъэхьа лэжьыгъэхэм хэплъащ къэралым и архитектор нэхъыфIхэр, къэрал къулыкъущIэхэр зыхэта къэпщытакIуэхэр. ДыщэкI Тамир и лэжьыгъэр къыхагъэщхьэхукIащ ещанэ нагъыщэ зиIэ щIыхь тхылърэ «Мирпроект» институтым и IэщIагъэм щыхигъэхъуэну хуит къэзыщI дэфтэркIэ.
- Гугъуэт Заремэ.