Ныбжьэгъур пфIэкIуэдыныр псом нэхърэ нэхъ хьэлъэщ
2022-05-07
- Хэку зауэшхуэм хэта цIыху сыхуэзэхукIэ пIейтей сохъу: ярэби, къысхуэгъэпсэлъэну, си упщIэ- хэмкIэ гугъу езмыгъэхьыну пIэрэ жысIэу. Ауэ дакъикъэ бжыгъэ докIри, здэкIуар сымыщIэу мэбзэхыж си гур зэрыгъуар. ГъащIэ къэзыгъэщIа цIыхум удэуэршэрыну сытым дежи гухэхъуэщ. ЩIэнгъуазэ пэлъытэщ апхуэдэ зэIущIэхэр, цIыхухэм къызэрагъэсэбэпыр мащIэ дыдэрэщ жумыIэмэ. Тхьэкъуахъуэ Нухь и къуэ Баширщ а псом сезыгъэгупсысар.
- Башир сыщыхуэзам къызэрыщIидзар и сабиигъуэм е зауэ зэман хьэлъэм ехьэлIа гукъэкIыжкъым, атIэ и ныбжьэгъухэр нобэ къызэрыбгъэдэмытыжым кърит гухэщIырщ. Абы щIигъэгумэщIыр нэгъэсауэ къызгурыIуащ ди псалъэмакъым икухэм деж: игъэунэхуат ныбжьэгъугъэ нэсыр — нэгъуэщIым пхуемыгъэпщэну фронт зэныбжьэгъугъэр. «Зауэм уи щхьэм нэхърэ нэхъ дзыхь щыхубощI уи ныбжьэгъум», — жиIащ си псэлъэгъум. ТIэкIурэ хэгупсысыхьри къыщIидзащ.
- — Жьыгъэр уи Iэпкълъэпкъым и щытыкIэм и закъуэкъым къызэрыпщIэр, — ар, ухуей-ухуэмейми, зыри къызэрыпхуэмыныкъуэжым, нэхъ пэжу жыпIэмэ, нобэрей гъащIэм узэрыхэмызэгъэжым теухуа гупсысэр къыщыпкIэщIэзэрыхь ныбжьщ. Ар жьыгъэмрэ щIалэгъуэмрэ я зэпэщIэтыкIэщ. ЩIалэгъуалэм я гъэлъапIэхэри нэгъуэщIщ, я Iуэху еплъыкIэри дыдейм жыжьэрэ гъунэгъуу техуэркъым. Зэгуэрым си къуэрылъху-пхъурылъхухэм сеупщIащ: «Сыт тхылъыр зищIысыр?» Жэуапу къызат: «Тхылъыр — тхылъщ». Си дежкIэ ар губзыгъагъэм и кIыщщ, Iущыгъэм и хъумапIэщ. ЦIыху Iущхэм — физикхэм, химикхэм, тхыдэтххэм, тхакIуэхэм — а я лэжьыгъэхэм сыт хуэдиз къулеигъэ яхэлъ. Иджырей школхэм сабийхэр щыхуагъасэркъым тхылъ еджэныр фIыуэ ялъагъуу. Сэ зи гугъу сщIыр художественнэ литературэм и закъуэкъым, атIэ сыт хуэдэ тхылъи. Сабийхэр гъэсэн хуейщ тхылъ еджэрэ итым егупсысу. Мис абы щыгъуэщ еджэну хуейуэ тхылъым нэхъуеиншэ щыхуэхъунур, Iэмал имыIэуи щхьэпэ гуэр я щхьэм къинэнущ.
- А псалъэхэм иужькIэ «къысхуэгъэгъу» жиIэщ Башири, къэтэджри щIэкIащ. ПсынщIэ дыдэуи къыщIыхьэжащ шумэданышхуэ иIыгъыу. «Иджыри къэс и гур зэрыгъум и гугъу къысхуищIауэ аращ, дяпэкIэщ зауэ гукъэкIыжхэм щыхыхьэнур» сигу къэкIащ сэ. Фронтовикхэм я дэфтэрхэр, сурэтхэр, медалхэр шумэданым дэлъущ-тIэ зэрахъумэр.
- — Сэ сыкъыщалъхуар мэкъумэшыщIэ унагъуэщ. Си адэ Нухьрэ си анэ Къэнитатрэ бынитху зэдапIащ. Илъэсибл школыр къэзуха иужь, Налшык дэт педагогикэ училищэм сыщеджащ, 1940 гъэм Нартан къуажэм лэжьэн щыщIэздзащ. Илъэс дэкIри си къуажэ сагъэкIуэжыну сыщIэлъэIуащ. Махуэ къэс псы ежэхым сызэпрыкIыурэ щезгъаджэ школым сыкIуэрт. КIакхъу зэрыщIач щIыкIэм щыхуедгъасэ дерс щхьэхуэр иухауэ фочыр згъэкъэбзэжу сыщыст махуэ гуэрым. Пионервожатэр къызбгъэдохьэри къызоупщI: «Къэхъуар пщIэрэ?» «Хьэуэ», — жэуап изот. «Зауэ къэхъеящ!» Зыри къэмыхъуам хуэдэущ хъыбарым сызэрыIущIар, а псалъэм и мыхьэнэ дыдэри сщIэртэкъым сэ. Мыгувэу комсомол секретару сыхах, районым щекIуэкI зэIущIэхэм я зым къыщыджаIэ зауэм зэрыщIидзар, Хэкур тхъумэн зэрыхуейр. Ар зэхэзыха псоми зэуэ лъэIу тхылъ дотх фронтым дыкIуэну. ЗанщIэу сыдашакъым, зэуапIэм сыщыIухьар 1942 гъэм и гъатхэпэ мазэращ.
- Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Сталинград къыщебгъэрыкIуэм, а къалэм пэмыжыжьэ Урюпинск дэт дзэ училищэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Щхьэлыкъуэ къуажэм и Iэшэлъашэм, къагъэIэпхъуауэ щытащ. Биидзэр Дон Iус Ростов щынэсам, курсант 2500-м я зыу Тхьэкъуахъуэр а училищэм щеджэрт. 12-нэ дзэм хэт курсант полк щхьэхуэу ахэр Кубань яшащ.
- — Кубань псым и Iуфэр тIыгъыну ди унафэт, абы телъ лъэмыжыр советыдзэм къигъэуэху тхъумэну, зы бий къызэпрыдмыгъэкIыну ди къалэнт. Зэхэуэ гущIэгъуншэм щIидзащ. Къагъэуащ лъэмыжыр. Гъуэгур зыхузэхуэщIар нэмыцэм я закъуэтэкъым, дэри кIуапIэ къытхуэнатэкъым. Къарухэр зэхуэмыдэт жыпIэнри зыри жумыIэххэнри зыщ: курсант лъэсыдзэхэр кхъухьлъатэхэмрэ танкхэмрэ дызэрыпэщIэтыр мафIэ зыдз птулъкIэхэмкIэт. ПщIы бжыгъэкIэтэкъым зэрыхэкIуадэр, щэ бжыгъэт. А лъыгъажэшхуэр къыщыхъуа щIыпIэр Кропоткин къалэм щыпсэухэм нобэр къыздэсым ягъэлъапIэ. Зи пащIэ-жьакIэ зэщIэмыхьа щIалэ цIынэхэм, хэкур хъумэным зи бгъэр пэщIэзыгъэувахэм ятеухуащ «Урюпинским солдатам» гимныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ курсанту миным щIигъу щыщIалъхьа щIыпIэм и деж щагъэувауэ Кропоткин дэтщ курсант дамэтелъыр зи теплъэ, метрипщI зи лъагагъ фэеплъ.
- — ЗауапIэм ущыIутым и деж узэгупсысыр зыщ: Хэкум и пащхьэм щыпхь жэуапыр, ар бгъэпэжыну тхьэ зэрыпIуар, пщэрылъ къыпщащIар нэгъэсауэ зэрыбгъэзэщIэныр. Дапщэрэ къысхуихуа а зауэм сегупсысыну икIи зэпымыууэ сызыхуэкIуэжыр сэлэтхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ текIуэныгъэр къызэрахьарщ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэм дытекIуэу ди щIыналъэр хуит къэщIыжын зэрыхуей гупсысэм зэкъуигъэуват цIыхубэр. Зэкъуигъэуват къызыхэкIа лъэпкъми, зэрихьэ динми, зыщыщ щIыпIэми емылъытауэ.
- Кубань и деж щрагъэкIуэкIа зэхэуэ гущIэгъуншэм щыщу къэнар курсант полкым и гуп щхьэхуэхэт. Ахэр щытрагуэшэжым, Тхьэкъуахъуэр хэхуащ 221-нэ дивизэм и 671-нэ фочауэ полкым.
- — Иджы бийм дебгъэрыкIуэу арат. ЗэрикIуэтым щхьэкIэ къэгубжьа нэмыцэр хьэIуцыдз хъуат. Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ ягъэсырт, сабийхэр, лIыжь-фызыжьхэр яукIырт. Ди зауэлIхэм къагурыIуэрт гужьеигъуэ къызылъыса хьэкIэкхъуэкIэм ищIэфынури, щхьэкъэIэтыпIэ ирамыту и ужьыр яхурт. А махуэхэм дэ мэжалIи зыгъэпсэхун хуейуи тщIакъым. Ди дивизэм и командир, Совет Союзым и ЛIыхъужь Блажевич жьэIурыхьэгъуэ щыдгъуэта дакъикъэхэм къыджиIат: «Фэ фызыхыхьэр фщIэрэ? Ар лъыгъажэшхуэщ. Ауэ фыщыхэкIуадэкIи КъухьэпIэмкIэ фи Iэхэр зэрыфшиин хуейр зэвгъащIэ, фызытехуэ щIыри къызэрывзэуар къривгъэлъагъуэу». А генералыр сэ мызэ-мытIэу слъэгъуащ Iэщэ иIыгъыу зауэу. ТекIуэныгъэр и нэгу щIэкIакъым абы, Прибалтикэм щыхэкIуэдащ.
- 1944 гъэм щIышылэм и 10-м Днепр Iус Никополь къалэм и деж Башир уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. «Сыкъыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу нэмыцэхэм тыгъэ схуащIат», — гушыIэрт Тхьэкъуахъуэр. Сымаджэщ нэужьым Башир ягъэкIуащ фронтым папщIэ ягъэхьэзыр ротэр зыхыхьэ 85-нэ фочауэ полкым. «Пщэджыжьым жьыуэ къэIуащ махуэ къэс дыкъэзыгъэуш макъыр. Псори дыкъыщылъэтащ, арщхьэкIэ зэхыдох: «Зывмыхуапэ! Германием къыдищIылIа зауэр ди текIуэныгъэкIэ иухащ!» — игу къегъэкIыж Башир и нэпсыр къызэпижыхьауэ.
- Тхьэкъуахъуэр дзэм къыхэкIыжащ 1945 гъэм. Зэман иIэтэкъым Iэпкълъэпкъым телъ уIэгъи псэ чэтхъаи кIыжыху ежьэну, абы къыпэплъэрт къигъэна еджакIуэхэр. ЯпэщIыкIэ дзэ Iуэхумрэ физкультурэмкIэ иригъэджащ. Зытриублэжын хуейр и лэжьыгъэм и закъуэтэкъым, еджэнри иригъэжьэжыпхъэт. Педагогикэ институтым щIэтIысхьэжащ, 1961 гъэм щегъэжьауэ 1983 гъэ хъуху географиемрэ биологиемкIэ иригъэджащ. Пенсэм кIуэху школ директорым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ и къуэдзэу щытащ. Абы иужькIи Башир и Iэ зэтридзэу тIысыжакъым, фIыуэ илъагъу биолоигие дерсыр иригъэджащ. Псори зэхэту Тхьэкъуахъуэ Башир лэжьащ илъэс 59-кIэ.
- Дзэм щищIа къулыкъум нэхърэ нэхъ тIасхъэкъым Башир школым щрихьэкIа лэжьыгъэр. Абы иригъэджащ, игъэсащ щIэблэ куэд. Ар КъБР-м, СССР-м егъэджэныгъэмкIэ я отличникщ, лэжьыгъэм и ветеранщ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Профсоюзым и ЦК-м я щIыхь тхылъхэр, нэгъуэщIхэри мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ. Ахэр къыкIэлъыкIуат «Хэку зауэшхуэ» орденым и 1-нэ нагъыщэм, «Хахуагъэм папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ» медалхэм, нэгъуэщIхэми.
- А дамыгъэхэмрэ дэфтэрхэмрэ я гъусэу Тхьэкъуахъуэхэ я унагъуэм щахъумэ сурэтхэр, зэуапIэм къыдыIута и ныбжьэгъухэм къыхуагъэхьа письмохэр. 221-нэ Мариуполь дивизэм и 671-нэ фочауэ полкым хэтахэм яIащ щызэхуэзэ, я гимныр щыжаIэ щIыпIэ — Кропоткин. Фронт зэныбжьэгъугъэ быдэ яку дэлъащ абыхэм, иужьрей дыдэ ветераныр дунейм ехыжа иужькIи кIуэдыжынкIэ Iэмал имыIэу. Сыту жыпIэмэ апхуэдэ зэхущытыкIэр, апхуэдэ лIыгъэр пщыгъупщэ хъунукъым, лIэщIыгъуэкIэрэ къытщIэхъуэ щIэблэм ящIэжын хуейщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, Тхьэкъуахъуэхэ я унагъуэм исщ а фэеплъыр зыхъумэфынхэр. Баширрэ абы и щхьэгъусэ ФатIимэрэ къуищ зэдапIащ, псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, пщIэ зыпылъ IэнатIэ пэрытщ: Руслан — егъэджакIуэщ, Климент — инженер-ухуакIуэщ, Аслъэн — агрономщ. Я зэкIэлъыкIуэкIэм пхузэфIэмыкIыу урегъэгупсыс: нэхъыжьым ирегъаджэ, курытым еухуэ, нэхъыщIэм егъашхэ. Мис а и бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ я уафэр къащхъуэу, я щIылъэр щхъуантIэу, яфIэфI IэнатIэм пэрыту лэжьэн щхьэкIэкъэ иджыри зи пащIэ-жьакIэ зыщIэмыхьа Башир и Хэкум къыщхьэщыжу зэуапIэм щIыIутар?! И ужьыр махуэ Тхьэм яхуищI и щIэблэм!
- БЕЙТЫГЪУЭН ХьэIишэт.