ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си адэшхуэм къиIуэтэжауэ щытар…

2022-05-07

  • Зауэшхуэр къэхъеят, унагъуэхэм лъапсэрыхыр ирилъхьэу: сабийхэр зеиншэу къигъанэу, цIыхубзхэр фызабэ ищIу, анэхэр къуэхэм я гуауэм иригъэхьыжу… Аращ зытеухуар си адэшхуэ Мырзэкъан Музэрин къиIуэтэжа мы хъыбарри:

  • — Абы щыгъуэ сэ илъэсибл сыхъуу арат. Си шыпхъур илъэсищ хъурт, къуэш нэхъыщIэр илъэситI ирикъупатэкъым.Ди адэр зауэм дашащ, мазих нэхъ дэмыкIыуи хэкIуэдащ. Абы и ужь ди анэри дунейм ехыжащ. Хьэчим, быным я нэхъыщIэр, ди анэ тхьэмыщкIэм и къурIэнаджэр зэфIэкIыху щагъэIэну ди адэ къуэшым и пхъум деж яшат.
  • Ди адэ тхьэмыщкIэм и къуэш Дзыдзу гъусэ схуэхъуат, Хьэчим къэсшэжыну сыщыкIуэм. Аслъижан гъунэгъум йожэкI, уэрамым долъадэ, и куафэм йоуэж — сабийр игъуэтыжыркъым, напIэзыпIэм здэкIуэдари къыгурымыIуэу жеIэ. Дзыдзу сэрэ дэнэ щытщIэнт Аслъижан Хьэчимым мылъыхъуэххауэ, гъунэгъухэр къызэхижыхь нэпцI зищIауэ… Пщыхьэщхьэр фIыуэ хэкIуэтауэ дыкъыдокIыж, тIуми ди щхьэр къытхуэмыIэту. Си гум зишхыхьыжырт: щхьэ еттат?
  •  ЕтIуанэ махуэм тедгъэзащ Аслъижанхэ. ДыздэкIуам дыдэмыхьэ щIыкIэ къытхуэзащ Нэгумэ Iэлэбуц жыхуаIэр, икIи абы ди адэ къуэшым къыжриIащ:  «Уэлэхьи, Дзыдзу, мыбыхэм зэ къытрагъэзэжамэ и пэжыпIэр яжесIэнт, мы унагъуэр Iеищэу мэгуIэ жысIэу сыныфпэплъэу аратэмэ. Мы си нитI къаплъэхэмкIэ слъагъуу, Налшык кIуэ автобусым Аслъижанрэ сабиймрэ итIысхьащ. КъызэрыкIуэжар щIалэ цIыкIур имыгъусэжущ. ФыкIуи, Налшык фыщылъыхъуэ».
  • Куэдрэ дыкъекIуэкIащ, Хьэчим дымыгъуэтыжурэ. Сэ сыкъыдэкIуэтеящ, балигъ сыхъуащ. Хьэкъыу спхыкIат: си къуэшыр къэзмыгъуэтыжауэ сыувыIэ хъунутэкъым.
  • Си гугъэ хэсхыжынми сынэсауэ, Хьэчим и лъэужь сытехьащ. Налшык дэт интернат гуэрым сыщыщIэупщIэну сыIухьауэ, ныбжь зиIэ цIыхубз сырыхушхуэ къыспожьэ. Урыс фIэкIа си гугъакъым цIыхубзыр. СыкъызытекIухьар зэрыгурызгъэIуэнум сыздегупсысым, езыр адыгэбзэ къабзэкIэ къэпсэлъащ. СыкъыщIэкIуар цIыхубзым щыжесIэм, гупсысэри зы щIалэ цIыкIум хуигъэфэщащ. Си Iуэхур къизымыдзэну фэ зэсплъа цIыхубзыр къысхуэгузави хуэдэт. Сабийм и цIэри ищIэжырт си псэлъэгъум. Ауэ цIэ къудейкIэ уигу бгъэтIылъ хъунутэкъым — лъагэу узыIэта гугъэр пцIыуэ къыщIэкIмэ, уиудыныщIэу щIылъэм утридзэжынут. ЩIалэ цIыкIум ХьэкIурацэкIэ еджэу шыпхъу иIэу и гугъу ищIрейуэ щытауэ цIыхубзым къыщызжиIэм, си фIэщ хъупащ шынэхъыщIэм и лъэужь сызэрытетыр. Ди шыпхъу Зое арат — ХьэкIурацэт — дызэреджэр.
  • ГъэщIэгъуэн сщымыхъуу къэнатэкъым си пащхьэ къит цIыхубз сырыхушхуэм Хьэчим теухуауэ а псор зэрищIэр — интернатым сабий щымащIэу къыщIэкIынтэкъым. А псор абы игу ирезыгъэубыдар Хьэчим интернатым зэрыщIашыжа хъуа щIыкIэрауэ къыщIэкIынт. Абы и гугъу къысхуищIащ:
  • — Интернатым цIыхубз гуэр къэкIуауэ щытащ: «Си щхьэгъусэр зауэм хэкIуэдащ, си закъуэщ, бын сиIэкъым. Ади ани имыIэжу, зыри къыщIэмыупщIэжыну зы щIалэ цIыкIу къызэфт» — жери Iейуэ лъаIуэу. Дигугъакъым Хьэчим щIэупщIэ иIэну. Фи щIалэр абы иратауэ щытащ.
  • — Дауэ сэ ар къэзгъуэтыжыну иджы — щыжысIэм, абыи щыгъуазэ сыхуищIащ.
  • — Старэ Лэскэн щыщщ, и цIэр Борэн Хьэбцинэщ.
  • Старэ Лэскэн дыщыкIуам, куэбжэм цIыхубз лъагъугъуафIэ гуэр къыдэкIащ. Хьэчим щIэмысу щыжиIэм, дыкъэкIуэжащ. Аргуэру тедгъэзащ — щIэстэкъым. Ещанэу щытедгъазэм, фызыр къэгъащ: «Зыри жызмыIа щхьэкIэ фыкъызытекIухьар къызгурыIуащ», — жиIэри. ЦIыхубзыр и гум зэрихуэу къыщIэкIынт, апхуэдизрэ дыщыкIуэм шэч ищIауэ. Бысымым унэм дригъэблэгъащ. Хьэчими къыщIэкIри, дыщIишащ. Зыри жыдмыIэу дыщысащ тэлайкIэ. ЦIыхубзыр щIэкIа нэужь, Хьэчим зыхуэзгъэзащ:
  • — СыкъэпцIыхуркъэ?
  • — СызэрыпIуплъэу шэч пхуэсщIащ, у-Музэринкъэ? — жиIащ Хьэчим.
  • — Уэлэхьи, сы-Музэринмэ — жызоIэ сэри.
  • ТIури дыкъэтэджауэ IэплIэ зэхудощI…
  • Хьэчим къыздэтшэжынуи дыхэтат. Зи нэпситIыр къелъэлъэхыу къэлъэIуа анэм сыт епщIэнт?! Езы ди къуэшми къыхуэгъэнэнутэкъым ар.
  • Хьэчим Борэн унэцIэр къыхуэнащ, унэцIитI иIэ хъуащ.
  • Япэу лъапсэм къыщихьэжам къыпыгуфIыкIащ:  «Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ» — жиIэри. «Сыт жыхуэпIэр» — къизгъэкIыу сыкъыщыдэплъейм, къызжиIэжащ машинэшхуэкIэ Къущхьэхъу былым ишэу ди къуажэм куэдрэ къызэрыдыхьар, къыдыхьэхуи ди куэбжэмкIэ зэрыблэкIар.
  • Зытхыжар  Гугъуэт Заремэщ.