Балъкъэр Аслъэнбий и гъуэгуанэ гугъухэр
2022-05-07
- Ди Хэкум и дежкIэ накъыгъэр къызэрыгуэкI мазэкъым. Абы хеубыдэ ар зи щхьэ хущытыж къэрал хуит щыхъужа, 1939 — 1945 гъэхэм екIуэкIа ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и Iыхьэ нэхъ ин дыдэу къалъытэ Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэ ИнымкIэ щиуха махуэр. Совет лъэхъэнэм диIа псэукIэмрэ цIыхухэм яку дэлъа зэхущытыкIэмрэ иджырейхэм куэдкIэ къащхьэщыкIми, зызымыхъуэжу къэна Iуэхугъуэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр зэрыкъэралу дапщэщи Iэтауэ зэрыдгъэлъапIэр.
- А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ хужьыр фIыцIэм, фIыр бзаджэм, мамырыгъэр зауэм зэрытекIуам и нэщэнэу. Апхуэдэу ар цIыхубэм я гум къинащ зэи имыхужын махуэу, лIыхъужьыгъэрэ щIыхьрэ зыпылъу. Зи Iыхьлыхэм ящыщ зауэшхуэм и губгъуэхэм икIуэдахэм ягухэр екъуз, атIэми я щхьэр лъагэу ялъагъуж къэралым ТекIуэныгъэ къыхуэхьыным абыхэми я Iыхьэ зэры-халъхьам щхьэкIэ, я гъащIэ дыдэри щхьэузыхь хуащIу. Я унагъуэ икIахэр псэууэ къызыхуэкIуэжауэ щытахэм накъыгъэм и 9-м епха гукъэкIыжхэр я куэдщи, абыхэмкIэ зэдогуашэ, ахэр зытеухуа я нэхъыжьхэр яхуэмыпсэужми. Апхуэдэхэм ящыщщ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм щыщ Балъкъэрхэ. Унагъуэм нэхъыжьу яIа Балъкъэр Аслъэнбий Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу хэта совет цIыху мелуанхэм ящыщащ.
- МэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуа Аслъэнбий сабиигъуэ тынш иIакъым. Зи адэр пасэу зыщхьэщыукIуриикIа бынунэм яшэчащ гъащIэм и гугъуехь псори. ИлъэсипщI ныбжьым щитым къыщыщIэдзауэ Аслъэнбий лIыщIэн щIидзащ. Жэпуэгъуэ революцэ иным ижь къащIихуу, ди щIыналъэм совет властыр щагъэува нэужьщ ди цIыхухэр пщылIыным и бжьым къыщыщIэкIар. Апхуэдэ нэплъэжыгъуэ зыгъуэтахэм ящыщащ Балъкъэрри.
- Я къуажэм дэт пэщIэдзэ школым щеджа нэужь, 1928 гъэм щIалэщIэр щIэтIысхьащ Налшык дэта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ). 1931 гъэм ар нэхъыфIхэм ящыщу, ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухри, дзэм ираджащ Хэкум къулыкъу хуищIэну. А къалэныр щIыхь пылъу зэфIигъэкIа нэужь, коммунист Балъкъэр Аслъэнбий щIыналъэм къигъэзэжащ икIи ВКП (б)-м и Бахъсэн райкомым, иужькIэ партым и обкомым я къудамэхэм я пашэу лэжьащ. Апхуэдэу лэжьащ Бахъсэн МТС-м и унафэщIым и къуэдзэу.
- Хэку зауэшхуэр къэхъейри, 1941 гъэм и бжьыхьэм Балъкъэрыр фронтым Iухьащ. Ар хэтащ Кавказ Ищхъэрэр бийм къыIэщIэхыжыным хуэзэуахэм. Аслъэнбий зыхэта советыдзэращ 1942 гъэм нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм Тэрч деж щапэщIэувэу ахэр Кавказым и щIыбагъ нэзымыгъэсар.
- 1943 гъэм и пэщIэдзэхэм КавказщIыб фронтым и дзэхэм ебгъэрыкIуэныгъэр яублащ. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу совет сэлэтхэм бийр ирагъэкIуэтыжащ, Кавказ щIыналъэри хуит къащIыжащ. 37-нэ дзэм хэтт лейтенант Балъкъэр Аслъэнбий, 1-нэ батальоным и политагитаторыр. Мэлыжьыхь мазэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ ар хэтащ Кърым щIы-пIэр, Краснодар крайр бийм къыIэщIэхыжыным, фронтыр адэкIэ гъэкIуэтэным хуэзэуа дзэхэм. А зэзауэ гуащIэхэм хэту, Аслъэнбий уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ икIи зэман кIыхькIэ зигъэхъужащ.
- УIэгъэщым къыщIэкIыжа нэужь, Балъкъэрыр ягъэкIуащ командирхэм я зэфIэкIыр щрагъэфIакIуэ курсхэм. Ар къиухри, зи пашэ ящIа ротэр щIыгъуу аргуэру фронтым Iухьэжащ. Аслъэнбий и зауэ гъуэгуанэм щыпищащ Украинэм. ИужькIэ ар нэсащ Белоруссием, Румынием, Болгарием, Югославием, Венгрием. А щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм Балъкъэрыр иджыри тIэуней-рэ уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. И лъэ зэрихьэ зэрыхъужу, фронтым Iуувэжырт ар, лъэIу тхылъ итхыурэ.
- Апхуэдэ зауэ гъуэгуанэ кIыхь, Кавказым къыщыщIэдзауэ Венгрием нэс, зэпичащ Балъкъэр Аслъэнбий, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыкъуэкIыу. Щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжу и адэжь пщIантIэм ар къыщыдыхьэжар зауэр иухыу илъэси дэкIыжауэщ. ЗауэлI хахуэм и бгъэгум щылыдырт «Вагъуэ Плъыжь» орденыр, медаль зыбжанэ. Унэм абы къыщежьэрт и унагъуэ дахэр.
- Къыхэдгъэщынщи, Аслъэнбийрэ и щхьэгъусэ Шэризэтрэ (ар Мыдхэ япхъут) ЛУГ-м щызэрыцIыхури, 1932 гъэм унагъуэ хъуауэ щытащ. Шэризэт илъэс куэдкIэ школым щылэжьащ, пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу. И лэжьыгъэ- фIым къыпэкIуащ дамыгъэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Адыгэ хабзэ дахэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэр быныфIэ хъуат. Аслъэнбий зауэм щыкIуэм Шэризэт къыхуэнат бынищ, IэплIэтеси яхэту: Тамарэ, Рае, Борис. Зауэ нэужьым къалъхужащ Юрэ, Хьэсэнбий, Руслан сымэ. ХъыджэбзитIымрэ щIалиплIымрэ зэщхьэгъусэхэм зэдапIащ лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету, гъащIэм къапигъэтIылъ лъэпощхьэпохэм щымышынэу, щIэныгъэ нэхур я плъапIэу. Адэ-анэм быным ящыщ дэтхэнэми ирагъэгъуэтыфащ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ. И анэм и лъэужьым ирикIуа Тамарэ илъэс куэдкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытащ, щIыхьрэ пщIэрэ иIэу. Рае дэрбзэр Iэзэу щытащ. Борис КъБР-м и хабзэхъумэ IэнатIэм къулыкъу щищIащ. Юрэ «Трудовой горец» колхозым и агроному лэжьащ. Хьэсэнбий дзэ къулыкъум къыхэкIыжа полковникщ. Руслан техникэ щIэныгъэхэм я докторщ, КъБКъМУ-м и профессорщ. Зэанэкъилъхухэм ящыщ дэтхэнэми гъащIэ гъуазэу яIащ я нэхъыжьыфIхэр.
- Балъкъэрым и щапхъэм тету щхьэмыгъазэу Хэку зауэшхуэм хэтащ Кыщпэк жылэм щыщ цIыху 263-рэ. Абыхэм ящыщу 177-м я щхьэр щагъэтIылъащ а зауэ гуащIэм и губгъуэхэм. Балъкъэр Аслъэнбий хуэдэу зи унагъуэхэм псэууэ къахуэкIуэжахэр еш ямыщIэу щылэжьащ къуажэм щызэхэта хозяйст-вэм, я къару псори бийм зэтрикъута гъащIэр зэтегъэувэжыным ирахьэлIэу.
- Зэрыбынихым я адэ гумащIэ Аслъэнбий 1981 гъэм дунейм ехыжащ. Шэризэт и щхьэгъусэм кIэлъыпсэужащ илъэс 12-кIэ. ЛIыхъужьу Хэку зауэшхуэм хэта адыгэлI хахуэ Балъкъэр Аслъэнбийрэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъагъуэу лэжьа абы и щхьэгъусэ Шэризэтрэ я фэеплъхэр сакъыу яхъумэ къащIэна бынхэмрэ абыхэм къащIэхъуа щIэблэ дахэмрэ. А нэхъыжьыфIхэм я гъащIэ купщIафIэр абыхэм ноби я гъуэгугъэлъагъуэщ.
- КЪАРДЭН Маритэ.