«ЦIыкIухэм дакъыхуоджэ зауэм теухуауэ…»
2022-05-13
- ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд ди къэралым къыщызэрагъэпэщ. Пщэрылъ зыщащIыжхэмкIэ ахэр зэщхьэщыкIми, зыхуэунэтIар зыщ — Хэку зауэшхуэм и тхыдэ пэжыр жылагъуэм ялъэгъэIэсынырщ, ТекIуэныгъэр къыдэзыха ди лIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэнырщ. Апхуэдэу ди къэралым щекIуэкIащ «ЦIыкIухэм дакъыхуоджэ зауэм теухуауэ…» зи фIэщыгъэ урысейпсо Iуэхугъуэ дахэр.
- Урысейм и щIыналъэ псоми сыхьэт 11-м щIидзэу къыщыхалъхьэ а жэрдэмыр библиотекэхэм щекIуэкIащ. Гуапэу даIыгъащ а гупыжыр Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэ лэжьакIуэхэми. Iуэхугъуэм и гупсысэ нэхъыщхьэр 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэхэм я тхыдэр лъабжьэ зыхуэхъуа тхыгъэхэм макъкIэ къеджэу щIалэгъуалэр егъэдэIуэным, ахэр тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дегъэхьэхыным теухуащ.
- Илъэситхум щегъэжьауэ илъэс 15-м щыщIэкIыжу, щхьэж и ныбжьым теухуауэ щыIэ тхыгъэхэм макъкIэ къеджэным и мызакъуэу, зэхахам тепсэлъыхьыныр, къыхахамрэ зыгъэгупсысамкIэ я ныбжьэгъу цIыкIухэм ядэгуэшэныр — Iуэхугъуэм и къалэн купщIафIэхэм языхэзщ. Хьэлэмэтращи, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэм къекIуэлIа сабийхэр нэхъыжьхэм къыхалъхьа проектым пэджэжащ, уеблэмэ езыхэм я адэшхуэхэм, анэшхуэхэм, унэкъуэщхэм, къуажэгъухэм ятеухуауэ зэхаха хъыбархэмкIи зэIущIэр ягъэдэхащ.
- ГурыIуэгъуэщ, иджырей щIэблэм Хэку зауэшхуэм теухуауэ гузэхэщIэ иIэр унагъуэм къримытмэ, нэхъыжьхэм абы щIамыпIыкIмэ, сыт хуэдиз жэрдэми къыхэлъхьэ — мыхьэнэшхуэ зэримыIэнур. Ауэ ди япэ итахэм хуащI Iулыджым и щапхъэм щIапIыкI ныбжьыщIэхэм ар занщIэу яхузэпымыгъэувэми, Хэку зауэшхуэм и мыхьэнэр къагуроIуэ, абы хэкIуэдахэмрэ псэууэ къэзыгъэзэжахэмкIэ ятелъ хьэкъыр зыхащIэ. Армырмэ, дауэ къызэрыбгурыIуэнур еджэныгъэм къалэн къыпщищI Iуэхугъуэ дахэм ухыхьэ къудей мыхъуу, ди адэжьхэм ятеухуауэ мыпхуэдэу къэхъукъащIэ ди унагъуэм щыжаIэу зэхэсхащи, сэри си ныбжьэгъухэм садэгуэшэну сыхуейт жызыIэ ныбжьыщIэ гурыхуэхэр зэрыдиIэр? Ар узыщыгуфIыкIын щапхъэ дахэщ.
- Библиотекэм и лэжьакIуэхэм цIыкIухэм папщIэ «ЦIыхубэм я ТекIуэныгъэшхуэр», «БлэкIа илъэс уаехэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ», «Фэеплъым и гуащIэр» зыфIаща тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэпэщащ. Тхылърэ сурэтрэ зэбэкI гъэлъэгъуэныгъэм зауэм къратхыкIа письмо щимэхэри хэтт — гъуабжэ хъуа тхылъымпIэхэм ущеплъкIэ, абыхэм нэпсхэр тезыгъэлъэдэгъа анэхэр, щхьэгъусэхэр, пхъухэр, шыпхъухэр уигу къагъэкIыжу…
- «ЦIыкIухэм дакъыхуоджэ зауэм теухуауэ…» зи фIэщыгъэ Iуэхугъуэр щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджыным теухуащ. АбыкIэ жэуаплыныгъэр зыхащIэу арауэ къыщIэкIынт, зэрыщIыналъэу сабий 300-м щIигъу абы хэтмэ яфIэфIу зыкъыщIагъэлъэгъуар. Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэ нэхъыщхьэм и унафэщI Нэгъуей Радимэ зэрыжиIамкIэ, ныбжьыщIэхэр макъкIэ къеджащ икIи тепсэлъыхьыжащ Митяев Анатолэ и «ЗауэлIым и лIыгъэ», Катаев Валентин и «Полкым и къуэ», Воронковэ Любовь и «Къалэм къикIа хъы-джэбз цIыкIур», Алексеев Сергей и «Махуае», Богомолов Владимир и «Иван», Дубровин Евгений и «ЩIалэ цIыкIухэр плIыщIрэ зы гъэм», Платонов Андрей и «ЗауэлI цIыкIу» тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэм.
- Iуэхугъуэр дахэу икIи купщIафIэу екIуэкIащ. Ар ди щIыналъэхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм я тещIыкIыпIэ хъуну ди гуапэщ, икIи ди библиотекэ лэжьакIуэхэр къыхуедджэну дыхуейт щапхъэ зытехыпхъэ мы IуэхущIафэхэм адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэми я цIэ къыщраIуэу нэхъыбэрэ къыхалъхьэну.
- ШУРДЫМ Динэ.