ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уащхъуэ  мыващхъуэ  кIанэ

2022-05-13

  •  IуэрыIуатэм зы мащIэ тIэкIу хэзыщIыкIым зэхихауэ къыщIэкIынщ пасэрей адыгэхэм тхьэ щаIуэкIэ «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ» жаIэу зэрыщытар. Уащхъуэм (уафэм) къеха мыващхъуэ кIанэмкIэ тхьэ соIуэ жиIэу арат а тхьэрыIуэм. Апхуэдэ тхьэрыIуэм къаруушхуэ щIэлъу къалъытэрт икIи абы зэи зыри ебакъуэртэкъым. Сыт-тIэ, пасэрейхэм а мывэ кIанэм апхуэдизыпщIэ хуащIу щIыщытар? Мывэр щыIэхха хьэмэрэ къагупсыса?

  • Мыващхъуэ кIанэр япэ дыдэ эпосым къыщыхэщыр Сосрыкъуэ иш Тхъуэжьей хуэзэу щигъэунэхуарщ. Абдежым шыр къэпсэлъащ «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъунщ!», — жиIэри. А тхьэрыIуэр адыгэ хъыбарыжьхэми къахощыж, фIыуэ зэрылъэгъуаитIым зэжраIэу: «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ, сэ фыз сыхъунщ!».
  • Мывэр уафэм къызэрехар ящIэмэ, и плъыфэр яцIыхумэ, пасэрейхэм я нэкIэ ялъэгъуащ а мывэр. ИкIи ар зыщIыпIэ щыIэщ. Абы и жэуапыр къыщыплъыхъуэ хъунущ пасэрей Хьэт къэралыгъуэм и къалащхьэ Хьэтуссэ.
  • Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ лъахэхутэ, тхыдэдж Осташкэ Андрей и Iэдакъэ къыщIэ-кIа «Дунейпсо тхыдэм халъхьа пцIы» тхыгъэшхуэр. А тхыгъэмкIэ щIэныгъэлIым къеIуатэ пасэрей хьэтхэмрэ нобэрей адыгэхэмрэ зы лъэпкъыу зэрыщытыр, зы къэралыгъуэм зэрызэдисар, зы хэку зэраIар. Ар къэплъытэмэ, псори зэхуокIуэж, псори гурыIуэгъуэ мэхъу.
  • Пэжу, Тыркум щыIэ Богёз къалэ и Iэшэлъашэм къыщыщIатIыкIыжащ Хьэт къэралыгъуэм и къалащхьэ Хьэтуссэр. Мывэкъалэ километри 6-кIэ къегъэбыдэкIа къалащхьэм къыщагъуэтыжащ пщым и уардэ унэр, тхьэунэ 31-рэ, гуэдз гъэтIылъыпIэхэр, бэзэрхэр, псэупIэхэр, утхэр, лъэпкъыжьыр къызэрыунэхуар, къызэрыгъуэгурыкIуар зытедза гъущIынэтххэр, хьэтыпщым Мысыр фирхьэун Рамзес ЕтIуанэм ирищIылIа мамыр зэгурыIуэныгъэр… КъищынэмыщIауэ, IуэрыIуатэм къыхэщыж мыващхъуэ кIанэр!
  • ЩIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэр нобэр къыздэсым зэпыуакъым икIи илъэс 200-м нэблэгъауэ а къэхутэныгъэхэр йокIуэкI. Археолог Шахнер Андреас жеIэ:
  • — Хьэтуссэ къыщыдгъуэта мыващхъуэр адрейхэм ещхькъым. Ар нэхъ быдэщ. Серпентиниту е нефриту хузогъэфащэ. НобэкIэ жысIэфынукъым мывэр мы щIыпIэм къыщыщыхута лъэхъэнэри къыздикIари. Къапщтэмэ, Хьэтуссэ дэт ухуэныгъэхэмрэ къызэтещэща мывэхэмрэ я ныбжь дыдэр зыми ищIэркъым, ауэ щIыхъей бжыгъэншэхэм къызэрелар, тхыдэджхэм зэрагугъэм нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыжьыр наIуэщ. ИкIи мы мыващхъуэм тхьэлъэIу иращIэкIыу, нобэрей Къаабэм хуэдэу, мывэм лъэIэсын папщIэ, къалащхьэм цIыхухэр къекIуалIэу зэрыщытам шэч хэлъкъым.
  • Хъыбарыжьхэм къазэрыхэщыжымкIэ, мыващхъуэр уафэм къехуэхащ икIи узэрелъэIур къыпхуещIэ, къару къыпхелъхьэ. Ар Мысырым кърашауэ, фирхьэунымрэ хьэтыпщымрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм щыхьэт техъуэу, Рамзес ЕтIуанэм и тыгъэу хуэзыгъэфащэхэри щыIэщ. Ауэ а зэгурыIуэныгъэ къагъуэтыжам мыващхъуэм теухуауэ зыри иткъым. Хэт ищIэрэ… Мыващхъуэ зэпэплIимэм и джабэхэм укъищу джафэщ, дыгъэм полыд, ущылъэIэскIи гуащIэ гуэр къызэрыпкъры-кIыр зыхыбощIэ. КъыпфIощI ар зэрымыщIэкIэ а щIыпIэм къыщыхутауэ, ЩIым щымыщу.
  • Хаттолог цIэрыIуэ ПхытIыкI Хьэутий зэрыжиIэмкIэ, илъэс мини 5-6 ипэкIэ Хьэт къалащхьэм илъащ мыващхъуэр. Абы и хъы-бар зылъэIэса цIыхухэр зэпымычу къекIуалIэрт Хьэтуссэм: мывэм деж Iэщ щаукIыну, тхьэ щелъэIуну, лъэIэсыну щIэхъуэпсу. Мывэр зыщIэлъ тхьэунэм щIыхьэн ипэ къыхуэу, тхьэлъэIу къэкIуам зигъэпскIын, зигъэкъэбзэн хуейт. Абы щыхьэт техъуэ зыгъэпскIыпIэхэр мыващхъуэм пэмыжыжьэу къыщыщIахыжащ. КъищынэмыщIауэ, тхьэлъэIум къекIуэлIахэм къызэдаша Iэщыр тхьэунэм зэрыщIашэм и сурэт мы-вэм тедзауэ къыщагъуэтыжащ Хьэтуссэ.
  • — Муслъымэнхэм зэрыжаIэмкIэ, пасэрей цIыху-хэм япэ тхьэ елъэIупIэ яхуэзыухуар Iэдэм бегъымбарырщ. Дунейпсо псыдзэр къэхъуа нэужь а тхьэ елъэIупIэр яфIэкIуэдати, етIуанэр Ибрэхьим бегъымбарым Мэккэм щиухуащ (Къаабэ). Ар къэплъытэмэ, Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ жыхуэтIэжыр Iэдэм бегъымбарым иухуа япэ тхьэ елъэIупIэр армырауэ пIэрэ жызоIэ, — етх ПхытIыкIым.
  • Фырэ  Анфисэ.