Ислъамым и нур
2022-03-30
- Рэмэданым и щэхумрэ ар нэгъэса зыщIымрэ
- Муслъымэн дунейм щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIышхуэхэм языхэз Гъэзалий Iэбу Хьэмид Мухьэмэд «Дин щIэныгъэхэм псэ къахэгъэхьэжыныр» и тхылъыр лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ я Iэпэгъущ ислъамым и пэжыр сIэщIэмыкIащэрэт жызыIэхэм. Абы щыщ Iыхьэу нэщIым теухуа пычыгъуэхэр нобэ дигу къыдогъэкIыж.
- ЗэгъащIэ! НэщIыр лъагагъкIэ лIэужьыгъуищу зэхедз: цIыху къызэрыгуэкIхэм я нэщI, цIыху къызэрымыкIуэхэм я нэщI, цIыху хэIэтыкIа дыдэхэм я нэщI.
- ЦIыху къызэрыгуэкIхэм я нэщIым и гугъу пщIымэ, ар уи ныбэмрэ уи Iэпкълъэпкъымрэ я хъуэпсапIэхэр къызэрыжьэдэпкъуэрщ. ЦIыху къызэрымыкIуэхэм я нэщIым и гугъу пщIымэ, ар а зи гугъу тщIам нэмыщI, нэри, тхьэкIумэри, Iэри, лъэри, адрей Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэри гуэныхьым щыпхъумэнырщ.
- ЦIыху хэIэтыкIа дыдэхэм я нэщIыр сыт хуэдэ жыпIэмэ, ар уи гур дуней Iуэхухэм гъэр яхуэзыщI гупсысэ жьгъейхэм къаIэщIэпхыу, Алыхьталэм фIэкIа нэгъуэщIым думыгъэхьэхынырщ. Дин къалэнхэр зэрыбгъэзэщIэну Iэмалхэм фIэкIа гъащIэм уимытхьэкъуу ущытынырщ. Аркъудейщ ахърэт гъуэмылэ пхуэхъужынур. Уеблэмэ цIыхушхуэхэм къапсэлъауэ къаIуэтэж: «Пщыхьэщхьэм зэрыхэщхьэжыну гуэр къызэриугъуеину щIыкIэм иригузавэм и Iиманым щыщIэныгъэ иIэщ. Сыту жыпIэмэ, абы ерыскъымкIэ укъэзыгъэгугъа Алыхьталэм и фIыгъуэм шэч къытепхьэу къокI». Ар бегъымбархэм, цIыху пэжхэм, уэлийхэм я лъагапIэщ. А щытыкIэм куэдрэ утепсэлъыхь нэхърэ, зэрыплъэкIкIэ удэплъеймэ нэхъыфIщ. Уи гупсысэр зэрыщыту Алыхьталэм тебухуэу, Абы къищынэмыщIа адрей псоми уи щIыб яхуэбгъазэу аращ апхуэдэ щIыкIэу.
- ЦIыху къызэрымыкIуэхэм я гугъу пщIымэ, ар цIыху пэжхэм я нэщI IыгъыкIэрщ. Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэ псори гуэныхьым зэрыщыпхъумэрщ абы и купщIэр. Апхуэдэ нэщIыр нэгъэса зыщIыр Iуэхугъуих мэхъу.
- Япэр — узэплъыну мыдурысым, Алыхьталэр пщызыгъэгъупщэнкIи зэрыхъунум къыхэкIыу ягъэемыкIуа, ягъэпуда псоми, уи нэр хуумыгъэзэныр. Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу и фIэхъусри зриха Бегъымбар лъапIэм жиIащ: «Плъэгъуэр Алыхьым и нэлатыр зытехуэн Iиблис и шабзэ мыубзэщхъухэм язщ. И Тхьэм зэрыфIэлIыкIым къыхихыу, и нэр зыубыдыфым Алыхьталэр гур зыгъэнщIын Iиман куукIэ къыхуэупсэнущ».
- ЕтIуанэр — уи бзэгур уэршэрыбэм, пцIы упсыным, цIыхухэм яхуэпсэлъэным, ахэр зэщыгъэIеиным, хъуэнэным, шхыдэным, дэуэным щыпхъумэныр. А псом нэхърэ ущымыныр, Алыхьталэм и цIэр пIурылъыныр, КъурIэным уеджэныр нэхъ къапщтэу. Апхуэдэущ бзэгукIэ нэщI зэраIыгъыр.
- Ещанэр — узэмыдэIуапхъэм уи тхьэкIумэр щыпхъумэныр, сыту жыпIэмэ, жыпIэ мыхъуну псоми уедаIуи хъунукъым.
- ЕплIанэр — уи Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэр хьэрэмым щыпхъумэныр. Узэрыхэщхьэжым шэч зыхэлъ ерыскъы къыхыумыгъэхуэныр. ХьэрэмкIэ хэщхьэжыр, унэшхуэ сощI жиIэу, къалэр зыкъутэм ещхьщ.
- Етхуанэр — хэщхьэжыгъуэм ерыскъыкIэ иумыгъэлеиныр. Сыту жыпIэмэ, дунейм теткъым шхынкIэ куда ныбэм хуэдэу Алыхьталэм гущыкI зыхуищIа, абы илъыр хьэлэлу щытми.
- Еханэр — нэщI исыр гузавэу щытын хуейщ, и гур гугъэмрэ гугъэншагъэмрэ я зэхуакум щиIыгъыу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы ищIэркъым и нэщIыр Алыхьталэм Iихынрэ Iимыхынрэ. Iихмэ — ар Тхьэшхуэм и нэфI зыщыхуахэм япэгъунэгъу мэхъу. Къыхуидзыжрэ Алыхьым и губжьыр зылъысахэм ящыщ хъумэ-щэ?!
- СфIэфIщ, сфIэлъапIэщ
- ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мэлыжьыхьым и 2-м къыщыщIэдзауэ Рэмэдан мазэ лъапIэр къохьэ. А лъэхъэнэм нэщI Iыгъыным теухуауэ ислъам диным тету нэхъыжьхэм къаубла хабзэр иджы куэдым ирахьэкI. «Сыт нэщIым къыпхуихьыр?» упщIэм абыхэм ящыщ зыбжанэм кърата жэуапхэр ди щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуну къытщохъу.
- Соня (Куба):
- — НэщIым фIыгъуэу хэлъыр къэлъытэгъуейщ. Ди тхьэлъэIухэр тIихыну дызыщыгугъ Алыхьышхуэм нэхъ гъунэгъу дыхуещI а мазэм, шыIэныгъэ къытхелъхьэ, пэжыгъэм дыхуеущий, фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызытхъуэжыным, гугъуехьхэм дапэлъэщыным дытрегъэгушхуэ. Шхын зимыIэ куэд зэрыщыIэр дигу къокI дыщыхэщхьэжкIэ. Ди дин зехьэкIэри нэхъ нэгъэса мэхъу. УнэщIыныр узыншагъэмкIи зэрысэбэпышхуэр еджагъэшхуэхэм къахутащ. Дэ езым зыхыдощIэ дыщынэщIа мазэм нэхъ узыншэ дызэрыхъур. Ди Iэпкълъэпкъыр узым нэхъ пэщIэтыф мэхъу, лъыдэуейхэр зэтоувэж.
- Музэ (Псыгуэнсу):
- — «НэщIым сыт къуитыр?» — щыжаIэм и деж сэр-сэру сызэрызэупщIыжри? «Къызимытыр сыт?» — жызоIэ, апхуэдизкIэ абы и мыхьэнэр согъэинри. Дэтхэнэ зы цIыхури къащти, щытыкIэ гугъу дызэрихуэу хэт нэхъыбэм зызыхуэдгъазэр? Алыхьталэращ! НтIэ, Алыхьталэм дэ хуэтщIэжыфынур сыт, сыткIи дэ къытщыгугърэ? Къытхуэнэр а нэщIращ! ДызэрыхуэнэщI къудейм фIыгъуэу пылъыр а мазэр икIыху, лъэбакъуэ тчыхункIэ нэрылъагъу тщещI. Сыт-тIэ нэщIым къыдимытыр? Си щхьэкIэ, псэ къысхилъхьэжу къысщохъу.
- Маритэ (Къэхъун):
- — Япэ дыдэ нэщI сыщиса илъэсым нэщIикIыж тыгъэу лъакъуэрыгъадэ машинэ къысхуищэхуауэ щытащ си щхьэгъусэм. Иджы ар къесхьэжьэ хъумэ, абы щыгъуэ мазитI фIэкIа мыхъуу щыта си къуэм и бынхэр: «Дэнэ мыр къыздипхар?» — жаIэри къысщхьэщытщ. «Япэ дыдэ сыщынэщIам дадэ къысхуищэхуат», — яжызоIэ сэри. Ар сигу къыщIэкIыжар куэд щIауэ нэщI зыIыгъ унагъуэу дыкъокIуэкIри аращ. Абы ди гур хуэкъабзэ зэрыхъуам Сауд Хьэрыпым щеджа, ХьэрыпыбзэмкIэ институт къэзыуха си пщыкъуэм и фIыгъэ куэд хэлъщ. Езыр быным я нэхъыщIэу щытми, и Iуэху еплъыкIэр тфIэдахэу, и дуней тетыкIэр тфIэекIуу, дин IуэхухэмкIэ абы дочэнджэщ. Уи хьэл-щэныр зэтреубыдэ нэщIым. Зыгуэрхэр пхуэшэчу, шыIэныгъэ пхэлъу уегъасэ. Нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр — ерыскъым мыхьэнэшхуэ иIэу щытми, гъащIэм ар зэрыщымынэхъапэр къыбгуроIуэ. ЦIыхум игъэлъэпIапхъэ нэгъуэщI куэд зэрыщыIэм урегъэгупсыс. НэщI мазэр щиухам деж пхэлъа лIыгъэм уэри урогушхуэж. Ди хьэблэм мынэщIу куэд дэскъым, ауэ нэщIикIыжым деж апхуэдэхэми къыджаIэ хабзэщ: «Мис иджы дынывэхъуэпсэжащ!»
- Изэ (Хьэтуей):
- — «НэщIым къысхуищIэр мыращ» — жысIэу зыхэсщIэ псори псалъэм схуигъэзэгъэну къыщIэкIынкъым. СымынэщIыныр си псэм зэримыдэм хуэдэ дыдэу, сызэрынэщIми гупсэхугъуэ гуэр къызет. Дыщысабийм, абы и мыхьэнэр зыхыдагъэщIэну, нэхъыжьхэм махуэ бжыгъэ гуэркIэ дыхагъэнэщIыкIырт. Iуэхум залымыгъэ хэлътэкъым, тхузэфIэкIынумэ, ар зищIысыр къэтщIэн папщIэ дыкъыхураджэу арат. Балигъ сызэрыхъурэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, зы илъэси дэзмыгъэхуауэ сонэщI. Пэжыр жысIэнщи, зы махуи къыстехьэлъауэ схужыIэнукъым. НэщIым псэр зэригъэтыншым, гурыфIыгъуэкIэ дызэригъэнщIым си фIэщ ещI адрей муслъымэн пщэрылъхэми дифI зэрыхэлъыр.
- Мурат (Зеикъуэ):
- — Си цIыкIущхьэм къыщегъэжьауэ (илъэс 12 сызэрыхъурэ зэи блэзгъэкIакъым) си гъащIэм хэт нэщIыр гъунэгъу къыщыхъукIэ, къысхуэмыгъэсыжу сыхуэпабгъэу сохъу. Диным хэлъ фарзхэр къытхипщэн щхьэкIэ, ди анэшхуэм псалъэрэ IуэхукIэ дыдихьэхыу щытащ. Щэращыр бэлыхьлажьэу къызэрытщыхъум дытригъэтын щхьэкIэ, чыржыным мэл кIапэ хэгъэжьарэ пщэфIапIэми къуэнымей-бжьынымейр къыщIихыу дызэщIигъэтаджэрт. Ар щытшхкIи, «фынэщIыфынумэ, адрей щэращхэри нэхъ IэфIыж хъунущ», жиIэурэ къыдэущиерт. Ди анэшхуэм къытхуигъэна щэращ фэеплъым и мызакъуэу, ди ныбжьыр здынэсам абы пылъ фIыгъуэр зыхуэдизыр къызгурыIуэ хъуащи, сфIэфIщ, сфIэIэфIщ, сфIэлъапIэщ. НэщIым къыпхилъхьэ шыIэныгъэм уепсыхь, уи псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ зарегъэузэщI, зи пащхьэ уит Тхьэм и лъапIэныгъэр хьэкъыу зыхыуегъащIэ.
- Маринэ (Налшык):
- — НэщIым сыт и лъэныкъуэкIи уегъэкъабзэ: уигукIи, уи щэнкIи, уи узыншагъэкIи. УзэщIыныгъэ гуэр къыдокIуэ. Дунейр къару лъэщым зэрызэригъакIуэр уи фIэщ мэхъу. Алыхьталэр зэрыщыIэр, дэ псори Абы и лъабжьэм дызэрыщIэтыр, Абы игъэува, цIыхумрэ гъащIэмрэ зэзыпх хабзэхэмкIэ дызэрызекIуэр нэхъ зыхыбощIэ. Аращ ди гъэсэныгъэми, ди адыгагъэми, ди муслъымэныгъэми лъабжьэ яхуэхъур.
- Заретэ (Аргудан):
- — НэщI мазэ лъапIэм дэтхэнэ зыри дыпоплъэ, Тхьэшхуэм муслъымэнхэм къытхуигъэува фарзхэм ящыщ зыр щытхуэгъэзэщIэну пIалъэщи. Ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну, ди лъэIухэр къытхуищIэну нэхъри Тхьэшхуэм зыщыхуэдгъазэ, дигухэр нэхъ щабэ щыхъу, хуэныкъуэм гулъытэ щыхуэтщI, псапэм зыщедгъэузэщI мазэ лъапIэм дэтхэнэми худиIэ гугъэфIхэр къыдэхъулIэну дыхущIокъу. ЦIыхум и гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжынымкIэ НэщI мазэ лъапIэр IэмалыфIу зэрыщытыр зэхэзыщIыкI-хэм дащыщу, ди дунейр мамыру Тхьэм етIанэгъэ пIалъэм псори дынигъэс!
- Саидэ (Нартан):
- — НэщIыр шыIэныгъэщ, псом япэрауэ. Зызыхуэдгъэныкъуэхэр димыIамэ, дауэ дыхъунут жыдоIэри, Алыхьышхуэм къыдита псом щхьэкIи фIыщIэ худощI. Ар зимыIэ зэрыщыIэм уогупсыс. УмыщIапхъэ уигъащIэркъым нэщIым. Уи гупсысэхэм нэгъунэ уахуегъэсакъ, уегъэкъабзэ. Узэрымуслъымэныр пщIэжу, уи нэмэз, уи нэщI, уи хабзэ ухуэсакъыу зепхьэмэ, Алыхьри арэзы къыпхуэхъунущ, уи Iыхьлыи къыптеукIытыхьынукъым, уэри фIы ухуэзэнущ.
- Заремэ (Къармэхьэблэ):
- — НэщI дисщ, ди псэр дгъэкъэбзэн папщIэ. Абы гуапагъэкIэ депсыхь, ди гум фIы кърелъхьэ, нэхъ щабэ дещI. Адыгэм и дежкIэ нэщI Iыгъыныр икIи хабзэ хуэдэу хъуащ. Сабийр къыщIотэджыкI абы, и гупсысэр хуэхьэзыр мэхъу. Диныр хабзэуи къыщытхыхьэм и зы щапхъэщ.
- ФатIимэ (Бахъсэн):
- — Сэ сыщIэнэщIыр ар Алыхьталэм фарз къытщищIащи аращ. ЦIыхум нэщI щиIыгъкIэ абыкIэ и щыуагъэхэр иригъэзэкIуэжыну, псапэ къихьыну хущIэкъуу щытщ. Ди гуэныхьхэр къытхуэгъунымкIэ гугъэ къытхелъхьэ. Узыншагъэ къызэрыдитым деж щегъэжьауэ, Алыхьталэм къытхуищIэ къомым папщIэ фIыщIэ худощI. Апхуэдэурэ дунейр нэхъыфI хъуным дэри зыгуэркIэ дыхоувэ.
- Мухьэмэд (Щхьэлыкъуэ):
- — Щапхъэу къэсхьынщи, вирус хыхьэу зэIыхьа компьютерым «еIэза» нэужь, псынщIэ зэрыхъужым хуэдэу, ди гур, ди псэр гъэкъэбзэным, гууз-лыуз нэхъ зыхэдгъэлъыным, дбгъэдэлъ Iиманыр нэхъ быдэ зэрытщIын хуейм хузохь сэ нэщI мазэ лъапIэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэщ ди Алыхьышхуэм и гущIэгъури къызэрыдлэжьыфынур.
- СулътIан Фэрадж и хъэнэкъэр
- 1400 — 1411 гъэхэм яухуа, Бэркъукъу и къуэ Фэрадж и хъэнэкъэр (тхьэелъэIупIэр) Къаир и Ищхъэрэ лъэныкъуэм хуозэ. Мамлюкхэм къащIэна ухуэныгъэ нэхъ дахэхэм хабжэ ар.
- Тамерлан зэрыпикIуэтам къыхэкIыу, тахътэм традза Фэрадж иужькIэ зэ яфIытеувэжауэ щытащ, итIани, хъарзыналъэр нэщI зэрищIамрэ цIыхухэм къаIих ахъшапщIэр зэрыдригъэуеймкIэ ягъэкъуаншэу, традзыжри, 1411 гъэм и ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуу яукIащ.
- Зи гугъу тщIы мэжджытыр ипэжыпIэкIэ иухуэну мурад зыщIар Фэрадж и адэ Бэркъукъут, ауэ хунэсатэкъым. Дунейм ехыжа нэужь, и хьэдэр къызэрыгуэкI къалэкхъэм иримыгъэхьу, абы уэсят къигъэнат цIыху хэIэтыкIахэм, щихъхэм я гъусэу къумым щыщIалъхьэну. Ухуэныгъэм текIуэдэну динар 800000-р хигъэкIа щхьэкIэ, ар къэзыгъэсэбэпари ухуэныгъэр нэзыгъэсари Фэраджщ. Бэркъукъу 1399 гъэм иджыри ямыщIа хъэнэкъэм щыщIалъхьауэ щытащ. Ар зыхуэзэ Карафэ щIыпIэм бурджий адыгэ мамлюкхэм я кхъэлэгъунэ куэдым ущрохьэлIэ. Абдежырт Мэккэм хуэунэтIа гъуэгу нэхъыщхьэр зрикIуэр.
- Ухуэныгъэм и тхыдэр къызэращIар абы тетха хьэрфхэмкIэщ. 1400 гъэм Фэрадж щIидзауэ, 1405 гъэм Бэркъукъу и къуэ етIуанэ Абдульхьэзиз иухыжауэ къраджыкI блыным къытена тхыгъэхэм. Фэрадж тахътэр щрагъэбгына зэман кIэщIым тетыгъуэр зэрихьащ Абдулхьэзиз. ИужькIэ етIуанэу тепщэгъуэр иубыдыжа нэужь, хъэнэкъэр Фэрадж 1411 гъэм иухыжри, езыри а илъэс дыдэм яукIащ.