ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гуапагъэр зэбэкI цIыху

2022-03-30

  • Иужьрей илъэситIым цIыху цIыкIур зыхэт бэлыхьым псори дыщыгъуазэщ. Ковид уз зэрыцIалэм и зэранкIэ, ди щхьэм, ди Iыхьлыхэм щхьэкIэ дышынэурэ, дызыкIэлъымыкIуэжу, зыр адрейм дыщымэхъашэу дыхъуам пцIы хэлъкъым. Ар нэхъ гуащIэу щызыхыбощIэ а узым хуэщIа сымаджэщхэм.

  • Сэ сыщIэлъащ апхуэдэхэм ящыщ зым, Тэрч районым щыIэм. Си тхыгъэ кIэщIыр зытезухуэну сыхуейуэ къалэмыр къыщIэсщтар абы щызигъуса бзылъхугъэ гъэщIэгъуэн, Тэрч щIыналъэм къыщалъхуа, Налшык къалэ щыпсэу Уэлджыр Ритэ Лъостэнбий и пхъурщ. Ар «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и бухгалтерщ. Хабзэ зыхэлъ, гущIэгъу зиIэ, Iиман зыбгъэдэлъ а цIыху дахэм хуэдэ щыIэж си гугъакъым. Ритэ и гу къабзагъэм, гуапагъэм, и теплъэкIи и псэ хьэлэлагъкIи зэрызэкIужым нэхъыбэ щызгъэгъуэзэну сыхуейщ, абы щапхъэ трахын щхьэкIэ. Ар ямыщэу икIи къамыщэхуу цIыхум иIэ хъугъуэфIыгъуэшхуэщи, абы и фIыгъуэ Ритэ и унагъуэм, и бынхэм Тхьэм яригъэкI!
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, госпиталым щIагъэхьэркъым зыри. Къажыхьу яхузэфIэкI къытхуащIэрт дохутырхэми абы щылажьэ дэтхэнэми. Я Iэзагъэм къыдэкIуэу, гулъытэрэ гуапагъэрэ дыщагъащIэртэкъым, хуабжьу сахуэарэзыщ, псапэу Тхьэм къаритыж. Сэ сынэхъ хьэлъэт, сыкъэмытэджыфу, дохутырхэм къызэрыджаIэм тету, хэIубауэ сыхэлът. Ритэ нэхъ тыншу щхьэщыкIырт узыр, атIэми бауэкIэщIт, къарууншэт. ИтIани, палатэм щIэлъхэм ящыщу зы цIыху дыщыщIакъым а бзылъхугъэм и гулъытэ. Зэ шхэгъуэ тIысакъым ар япэщIыкIэ псори димыгъэшхауэ, дызыхуей дыхуимыгъэзауэ.
  • Iуэхутхьэбзэ къызэрыгуэкIыу къыпщыхъун, абы щыгъуэми а дакъикъэхэм уасэ зимыIэ Iэджэ зыхузэфIэкIа Ритэ иджыри зы гъэщIэгъуэн дэслъэгъуащ. Зы махуэ гуэрым къызбгъэдыхьэщ, и Iэр щабэу къыстрилъхьэри, «Яллыхь, лъыгъэс, псынщIэу щхьэщых» жиIащ. Абы щыгъуэщ къыщызгурыIуар ар тхьэ зэрысхуелъэIуар.
  • Ахэр сщIэж мащIэращ. Апхуэдэ дапщэ палатэм щIэлъхэм абы дэтлъэгъуар! Шыпхъум къыпхуимыщIэн хуэдиз къысхуэзыщIа бзылъхугъэр зыдэлажьэ гупми фIыуэ къызэралъагъум шэч къытесхьэркъым. Гуапагъэ зэбэкI цIыхур и лэжьыгъэ IэнатIэм фIыгъуэкIэ пэрытыну си гуапэщ.
  • Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сохъуэхъу Ритэ гуфIэгъуэ щымыщIэрэ узыншагъэр и куэду, хъугъуэфIыгъуэм хэсрэ гулъытэу къыхуащIым игъэину псэуну. Къыбгъэдэт и бынхэм, абыхэм я сабийхэм, Iыхьлы-благъэхэм яхуэузыншэну, къыщыщIыну псори уз бзаджэм дэкIуэдыну!
  • БЛИЙ Жаннэ.