Ислъамым и нур
2022-02-25
- Муслъымэн лэжьакIуэщ пщащэм епсэлъэн хуеяр
- УФ-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Мухетдинов Дамир зэгуигъэпащ къэралым и гуп къыхэхауэ Олимпиадэм щыIэм и чыристан духьэшыр Валиевэ Камилэ зэрыIущIам.
- Зэхьэзэхуэм адэкIи хэтынрэ хэмытынрэ зэхагъэкIыху, къытезэрыхьа бэлыхьымрэ цIыху гулъытэ егъэлеямрэ хъыджэбз цIыкIур гугъу зэрырагъэхьам щымыгъуазэ куэд къэралым къинэжа къыщIэкIынтэкъым Пекин щызэхэта Олимпиадэр щекIуэкIым. Арати, пщащэм игу къызэригъэгъуэтыжын мурадкIэ, гуп къыхэхам и гъусэу Олимпиадэм здашауэ къыщIэкIа протоиерей Алексеев Андрей Валиевэ Камилэ хуэзащ. «Дэ зэадэзэпхъу хуэдэу хъарзынэу дызэпсэлъащ», — хэIущIыIу ищIащ иужькIэ дин лэжьакIуэм хъыджэбз цIыкIум щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъуар.
- Къэхъуам Мухетдинов Дамир щытепсэлъыхьащ и фейсбук напэкIуэцIым: «Мы махуэхэм апхуэдизу гугъу ехьа, муслъымэн унагъуэм къыхэкIа Валивэ Камилэ чыристан духьэшы зэрепсэлъам дэ къыджиIэр IуэхугъуитIщ: 1) Олимпиадэм щыIэ ди спортсменхэм православ дин лэжьакIуэ я гъусащ. 2) Урысейм диниплI щызекIуэрэ пэт, чыристанхэм къинэмыщIа, нэгъуэщI динхэм къабгъэдэкI лIыкIуэ Пекин здашакъым. Урысейм ис муслъымэнхэм къахь медалхэр адрейхэм ейхэм нэхърэ мыхьэнэншэу пIэрэ, жытIэу дгъэув упщIэм и жэуап дгъуэтыну къыщIэкIынкъым».
- Сурэттеххэм я зым къиубыдащ Камилэ мылым техьэн ипэкIэ духьэ ищIу и Iэхэр къызэриIэтар. И япэ текIуэныгъэр хъыджэбз цIыкIум хуигъэфэщащ дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIа и анэшхуэм. «ФIыуэ тлъагъуу димыIэжхэм я фэеплъу» — апхуэдэ гупсысэ иIэут Рихтер Кирилл зэритхар Камилэ и гум хыхьэу игъэзэщIа къафэм и макъамэр.
- ШейтIаным и IэщIагъэ фIейхэр
- Нобэ зи гугъу тщIынур икъукIэ Iуэху шынагъуэу, ди щIалэгъуалэр зэщIэзыщта, банэм хуэдэу ди лъэгум хэлъ, дытеувэхукIэ къыдэуз, лъэ быдэкIэ дызымыгъэув Iуэхугъуэхэм ящыщщ.
- Зи гугъу тщIынур акъылыр зыгъэутхъуэ фадэрщ, наркотик лIэужьыгъуэхэрщ, адэкIэ кальян, тутын хуэдэхэри абы хэвгъэхьэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэнхэ, пщыхьэщхьэм нэмэзыр ящIрэ кальян клубхэм щызэхуэсыжхэр щIэсщ ди мэжджытхэм. Апхуэдэ зэхуэсыпIэхэр зыгъэлажьэхэри дэ къытхэтщ. Абы щыхъума хъуахэм Алыхьталэм фIыщIэ хуэдвгъэщI, адэкIи а лэжьыгъэ фIейм пэIэщIэ дищIыну девгъэлъэIу.
- Алыхьым цIыхур къигъэщIауэ хъуам яхигъэлъэпIыкIащ. IэпкълъэпкъкIэ екIуу къигъэщIащ, абы дэбгъуэни, хэпхыни, щIыбгъуни щымыIэу. Тхьэшхуэр цIыхум къыхуэупсащ тхьэкIумэкIэ, нэкIэ, акъылкIэ, гукIэ. ИкIи къыщIыхуэупсар ахэр къэдгъэсэбэпурэ езы Алыхьышхуэм зэрыфIэфIым хуэдэу дыхуэпщылIын папщIэщ. «Жинри цIыхури къыщIэзгъэщIар Сэ къысхуэпщылIын къудей щхьэкIэщ», — щыжеIэ Алыхьышхуэм КъурIэн лъапIэм. Ди тхьэкIумэм зэрызэхихым и фIыгъэкIэ, Iэят лъапIэхэр, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и хьэдисхэр, Iимамышхуэхэм я псалъэхэр зэхыдох, абы ущие къыхыдохыф. Алыхьталэм къигъэщIахэр, уафэми щIылъэми къаруушхуэ зэрыщызекIуэр ди нэмкIэ долъагъу. Ди гум, ди акъылым дрогупсысэ, ди сэбэп, ди зэран зыхэлъыр, хьэрэмыр, хьэлэлыр зищIысыр зэхыдогъэкI, шэч зыхэлъхэм защыдохъумэ. Алыхьталэм цIыхум и пщэм къалэн гуэр къыщыдилъхьэм деж, ар зэригъэзэщIэну и Iэпкълъэпкъри, и акъылри ихъумэжыну и фарзщ.
- Мы динымкIэ зыгуэрым пцIы теплъхьамэ е зинэкIэ ухуэпсэлъауэ щытмэ, апхуэдэ цIыхум хуэфащэ тезыр ихьын хуейуэ щытщ. Зыгуэрым и мылъку къыфIэбдыгъуамэ е къытепхамэ, ари уегъэпшыныж. Апхуэдэ дыдэу, цIыхум и акъылыр тезыгъэкI, зыгъэутхъуэ гуэр зрихьэлIа иужь, абдежми Iэмал имыIэу абы тезыр къытохуэ. Алыхьталэм апхуэдэ гъунапкъэхэр щIигъэувар сыт жыпIэмэ, цIыхур мы дунейм екIуу, дахэу, шынагъуэншэу щыпсэун папщIэщ.
- Уи щхьэ зэран ухуэмыхъуж
- Уа муслъымэнхэ! Алыхьталэм дэ нэгъуэщIым зэран дыхуэхъуным и закъуэ мыхъуу, ди щхьэми зэран едгъэкIыжу къытхуидэркъым. Псалъэм папщIэ, зыбукIыжыныр динымкIэ гуэныхь нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. «Фи IэкIэ зывмыукIыж», — щыжеIэ Алыхьталэм КъурIэн лъапIэм. Бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхами къыбгъэдокI: «Хэт зиукIыжыну бгым зыщидзыжу щытми, ар жыхьэнмэм апхуэдэ дыдэу мафIэм зыхидзэжу хэтынщ. Ар дапхуэдизрэ зэрекIуэкIынур жыпIэмэ, «игъащIэкIэ, кIэ имыIэу». АдэкIэ къыпещэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам: «Хэт зиукIыжыну щхъухь ирифу щытми, Къемэт махуэм ар жыхьэнмэ мафIэм хэтынущ, увыIэгъуэ имыIэу а щхъухьыр ирифу. Хэт гъущIхэкI гуэркIэ зиукIыжу щытми, апхуэдэ дыдэу Къемэт махуэм жыхьэнмэ мафIэм хэтынущ а гъущIыр и ныбэм хихуэжу, абыкIэ зиукIыжу, зэпыуи, къэувыIи, кIэи имыIэу».
- Фегупсыс, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьымрэ Къемэт махуэшхуэмрэ зи фIэщ хъуахэ! Мыр егъэлеяуэ узыгъэшынэ Iуэхущ, зыбукIыжу игъащIэкIэ жыхьэнмэ мафIэм ухэтыныр. НтIэ, абы хуэдэ дыдэщ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъунхэ, фадэм уефэнри, наркотик гуэр зэпхьэлIэнри, ар сыт хуэдэ лIэужьыгъуи ирехъу. Абы адэкIэ а кальяным, тутыным уефэнри. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ дохутырхэм къыжаIауэ щыIэщ кальяныр тутыным нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ зэраныр, абы уз Iейм хуэди, тхьэмбыл узыфэхэри къызэрыхэкIыр. Алыхьталэм уи Iэпкълъэпкъым зэран хуэхъу дэтхэнэ зыри хьэрэм зэрищIам хуэдэ дыдэу, уи акъылым и зэран псори хьэрэм ищIащ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къыжиIауэ Тхьэр арэзы зыхуэхъун Iибн Хьумэр къеIуэтэж: «Хъэмрым Алыхьым и нэлатыр телъщ». Хъэмрым фадэ лIэужьыгъуэ псори, цIыхум и акъылыр тезыгъэкI, чэф зыщI, жиIэмрэ ищIэмрэ имыщIэжу къэзыгъанэу хъуар хеубыдэ. Абы ефэми езыгъафэми, ар къэзыщэхуми къезыгъэщэхуми, ар зыхьми зыхуахьми, ар зыщIми езыгъэщIми — абыхэм псоми Алыхьым и нэлатыр ятелъщ. Iибн Хьэббас къеIуэтэж Бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къыжьэдэкIауэ: «Хъэмрым зыщыфхъумэ, сыту жыпIэмэ, ар сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэми и IункIыбзэIухщ. Уеблэмэ «ар Iеягъэу щыIэм я анэщ».
- Зэгуэрым зылI къеупщIат, жи, фадэм теухуауи, жриIар мыращ: «Чэф узыщI, уи акъылыр зыгъэутхъуэ псори хьэрэмщ». «Алыхьталэм къигъэгугъащ, жи, хэт чэф къезыт гуэр зрихьэлIэу щытми, Къемэт махуэм «тIинэтулъ хъибал» иригъэфэну. Щэхьабэхэр щIэупщIащ: «Сыт «тIинэтулъ хъибалыр» зищIысыр?» Ар жыхьэнмэ мафIэм хэтынухэм я пщIэнтIэпсращ е абыхэм къащIэжыну псы фIейращ, къажриIэжащ.
- НэгъуэщIыцIэ фIащауэ
- «Къемэт махуэм деж си Iумэтым зы гуп къахэкIынущ, фадэ ефэу, ауэ абы нэгъуэщIыцIэ фIащауэ», — жеIэ хьэдисым. Ар ирафу, зыхаIуу, е ягъэныщкIу гуэру ирехъу. Быдэу, щабэу, сыт хуэдэ щIыкIэу зрахьэлIэуи щрет. Уи акъылым ухуимытыжу узыщI псори мы хьэдисым и лъабжьэм кIэщIоувэ.
- ЗылI къакIуэри, Бегъымбар лъапIэм къеупщIащ: «Уа Алыхьым и ЛIыкIуэ! Сэ шагъыр сощI. Ауэ щIэсщIыр хущхъуэ папщIэу зэсхьэлIэн щхьэкIэщ». Абы и жэуапу иритар сыт? «Ар хущхъуэкъым, щхъухьщ», — жриIащ.
- ЦIыхум, дэ зэрытщIэщи, наркотик лIэужьыгъуэхэм, а кальянри яхэту, и акъылыр трагъэкI. Ахэр Iэпкълъэпкъми акъылми зэран хуохъу. ШейтIаным абыхэмкIэ цIыхур тригъэхьэулеикIину, къызыхуигъэщIа Iуэхугъуэ нэхъ ин дыдэхэр къригъэгъэнэну, и нэмэзыр блригъэгъэкIыну, Алыхьталэр щигъэгъупщэну хэтщ. Мыр шейтIаным и IэщIагъэ, лэжьыгъэ фIейхэм ящыщщ. Сыт хуэдиз цIыху зэбий зэхуэхъурэ, зэрыукIыжрэ, гужьгъэжь я гум зэхуилъу хъурэ фадэм и зэранкIэ? Дапхуэдиз зинэ ящIэрэ? Ар зэзыхьэлIар, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, ипхъуми, и шыпхъуми, нэгъуэщIми бгъэдыхьэжынкIэ хъунущ, ищIэр имыщIэжу, и акъылыр текIауэ. И лъэпкъми и напэр трихыу, езыми и щхьэр игъэпудыжу. Фадэмрэ наркотикхэмрэ ефэу сыт хуэдиз цIыху дыгъуэрэ, яукIрэ? Зауэ къыщикIари мащIэкъым. Дапхуэдиз цIыхубз фызабэу къанэрэ, дапхуэдиз сабий зеиншэ хъурэ абыхэм я зэранкIэ?!
- КъурIэн лъапIэми унафэ къытхуещI абы пэIэщIэ зытщIыну. Уа Iиман къэзыхьахэ, Алыхьыр зи фIэщ хъуахэ! Фадэр, ахъшэджэгур, тхьэ нэпцIхэм къурмэн щыхуаукI щIыпIэхэр, пхъэтедзэр – ахэр шейтIаным и лэжьыгъэ фIейхэм, шейтIаным и Iуэху мыгъуэхэм ящыщщи, фемыкIуалIэ, пэIэщIэ зыфщI, зыщыфхъумэ, жи, фехъулIэну фыхуеймэ. ШейтIаныр зыхуейр фадэмрэ ахъшэджэгумкIэ бий, жагъуэгъу фызэхуищIыну, Алыхьым и цIэ къиIуэнымрэ нэмэз щIынымрэ фIэщIигъэхуну, фщигъэгъупщэну аращ, жи. Алыхьым солъэIу хьэлэл къытхуищIа IуэхугъуэхэмкIэ хьэрэмыр IудгъэкIуэтыну къыддэIэпыкъуну.
- ФIыкIэ фызэхъуажэ
- Алыхьталэм КъурIэн лъапIэм щыжеIэ: «Зыр адрейм дэIэпыкъуэгъу фыхуэхъу IуэхуфIхэмрэ тхьэшынагъэ зыхэлъхэмкIэ. Зыр зым дэIэпыкъуэгъу фыхуэмыхъу гуэныхь къызыпэкIуэхэмрэ зэбииныгъэ къызыхэкI IуэхугъуэхэмкIэ». Тхьэр арэзы зыхуэхъун Хьэсэн Басри къыбгъэдэкIа Iущыгъэхэм ящыщщ мыри: «ГъэщIэгъуэнщ цIыхум акъыл къызэримыщэхуфыр! Ар хузэфIэкIыну щытамэ, мылъкуу иIэр тригъэкIуэдэнтэкъэ акъыл зэгъэпэщыным? Ауэ абы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныжщ а и акъылыр фIэзыгъэкIуэдыр мылъку щIитурэ къыщищэхум деж».
- Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэнхэ! ЗэрыжытIауэ, наркотикхэр, кальянри яхэту, ягъэныщкIу, жьэдадзэ, я бзэгу лъабжьэхэм кIэщIалъхьэ — зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ мэхъу иджыпсту ахэр, шейтIаным куэд къахуигупсысащ и лэжьыгъэ фIейхэм щыщу. Ахэр зэпхьэлIэныр, абы ахъшэ щIэптыныр е пщэныр зэрыхьэрэмым шэч хэлъкъым. Апхуэдэм къыщIиха и мылъкур, жи, сэдэкъэуэ иту щытми, Алыхьталэм къабылу Iихынукъым. Сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм пIихыр дахэрщ, фIырщ, къабзэрщ. Апхуэдэ мылъкур и унагъуэм тригъэкIуадэу щытми, а унагъуэм берычэт зэи илъынукъым. А мылъкур зыгуэркIэ къыщIэну щытми, жыхьэнмэм зэрыкIуэн гъуэмылэ хуэхъунущ, жи. Дызэвгъэгупсысыж, зыкъэдвгъэщIэж. Алыхьталэр къызэрытхуэупса ди гъащIэ мащIэр пщIэншэу дывмыгъэгъэкIуэд. Псом хуэмыдэжу, ди узыншагъэм, ди акъылым дривмыгъэджэгу. КъытщIэхъуэ ди щIэблэр гулъытэншэ дывмыгъэщI. Ди сабийхэм дахуэвгъэсакъ. Дэнэ щыIэу щытми, хэт и гъусэми зэдвгъэгъащIэ. Сыту жыпIэмэ, зы цIыху мыхъумыщIэм жылэ псо, гуп псо иуцIэпIыфынущ. Абы къыхэкIыу, ди сабийхэр ди мылъкур зэрытхъумэм нэхърэ нэхъ сакъыу дывгъэхъумэ.
- Мы зи гугъу тщIыхэр зэзыхьэлIэ, зыщэ тщIэуэ щытмэ, девгъэущий, чэнджэщ щхьэпэ едвгъэт, зыкъащIэжын хуэдэу. Абы иужькIэ къамыгъанэрэ? Дывгъэгъэшынэ! Утыку Iуэху дывгъэщI! Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ирехъу, мыбы дебэнын хуейщ. Дытетхыхьми, хъутIбэ къэтту, зырызыххэу утыку къитшэу щытми, мы Iуэхум дыпэщIэтыныр ди къалэнщ. Ди деж къэмысыну блэр игъащIэкIи ирепсэу жытIэ хъунукъым. А блэр благъуэ хъуауэ къэсынкIэ шынагъуэ щыIэщ.
- Абдуллахь ибн Хьумэр къеIуэтэж Бегъымбар лъапIэм жиIауэ: «Тхьэ къысхуэфIуэ а зы Алыхь закъуэм къищынэмыщIа, нэгъуэщIым зыми фыхуэмыпщылIыну, Алыхьым гуэгъу хуэвмыщIыну. Алыхьым хьэрэм ищIа зы цIыхуми хьэкъыншэу и псэ хэвмыхыну, фымыукIыну. Зинэ фымыщIэну икIи фымыдыгъуэну. Чэф фызыщI, фи акъылыр зыгъэутхъуэ зэвмыхьэлIэну». АдэкIэ къыпещэ: «Хэт мы къедбжэкIахэм щыщ гуэр ищIэми, абы хуэфащэ тезырыр тефлъхьэ. Ар абы щхьэщэхужыпщIэ хуэхъунщ. Ауэ хэт дунеягъэкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэ фIейр хущIихъумэу щытми, абы и хьисэпыр Алыхьым и IэмыщIэм илъынущ. Мыбыхэм ящыщым зыщызыхъумэр Алыхьталэм жэнэткIэ къигъэгугъащ». Абыхэм ящыщ дищIыну Алыхьым солъэIу.
- Алыхьталэм гуэгъу хуумыщI
- Акъылыр тезыгъэкI фадэр, наркотик лIэужьыгъуэхэр Алыхьым гуэгъу хуэщIыным, «ширк» жыхуаIэм хуагъадэу щытауэ къыхощыж щэхьабэхэм я хъыбархэм. Алыхьым фадэр хьэрэм щищIам щыгъуэ, зыр адрейм и деж кIуэурэ «Алыхьталэм фадэмрэ ширкымрэ зэхуигъэдащ» жраIэу щытащ, а тIум я гуэныхьыр апхуэдизу инти. Iэл Iэшхьэри Iэбу Муса къеIуэтэж: «Алыхьыр къэбгъанэу мо пкъоужьым ухуэпщылIынри, фадэм уефауэ дунейм уехыжынри тIури зэхуэдэщ».
- Ар Бегъымбар лъапIэм и псалъэхэми къыхощ: «Фадэ ефэу, фадэ зыфIэфу щытар Алыхьталэм и пащхьэм мывэм хуэпщылIам хуэдэу ихьэжынущ». АдэкIэ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жеIэ: «Хэт фадэ ирифам чэф къриту, и акъылыр игъэутхъуауэ щытми, апхуэдэ цIыхум и нэмэзыр Алыхьталэм махуэ плIыщIкIэ Iихыркъым». Аращи, зыщыдвгъэхъумэ Алыхьталэм хьэрэм ищIа фадэм. Мыхэр, дауи, къызыхэкIыр цIыхум и Iиманыр зэрыцIыкIурщ, и акъылыр зэрыхунэмысырщ. ДыкъызыхуигъэщIа Iуэхугъуэшхэр зылэжьыфынухэм ящыщ дищIыну, къызэрытхуэупса ди Iэпкълъэпкъ дахэр, ди акъыл зэгущыр Алыхьталэм къытхуихъумэну, хьэрэмым пэжыжьэ дищIыну солъэIу.
- ХЪУЭКIУЭН Арсен,
- Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм и мэжджытым и Iимам.
- «Узуняйла щыпсэуа адыгэ дин щIэныгъэлIхэр»
- Тыркум щыщ егъэджакIуэ, тхакIуэ Къущхьэ Эрдал и IэдакъэщIэкIыу, 2018 гъэм дунейм къытехьащ Урыс-Кавказ зауэ нэужьым хамэ щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэ дин щIэныгъэлIхэм ятеухуа тхылъ.
- «Куэдым зэращIэщи, Узуняйлар Къайсэр щегъэжьауэ Сивас нэс зызыубгъу, и цIэм къызэрыхэщщи, кIыхьрэ лъагэу зызыукъуэдий тафэшхуэщ, — щетх Къущхьэ Эрдал тхылъым и пэублэм. — Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэм и политикэ фейдэкIэ, адрейхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, езыхэм я гукъыдэжкIэ, Кавказым ирахуа адыгэхэм я къэбэрдей къудамэм и нэхъыбэр щытIысар ущыпсэуну гугъу а щIыпIэращ. ИтIани, гугъуехьхэм щхьэкIэ къамыгъанэу, адыгэхэм яхузэфIэкIащ къалъыса щIы кIапэр лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, езыхэм къадекIуэкI щэнхабзэ гурыхьым и щапхъэ ящIыну».
- Дин щIэныгъэлI плIыщIрэ зым я гъащIэ гъуэгур къыщыгъэлъэгъуащ зи гугъу тщIы тхылъым. Дэтхэнэ зыми и къежьапIэм, и цIыху хэтыкIэрэ и дин зехьэкIэу щытам щыгъуазэ зытщIыну Iэмал къыдет, а псори къыдбгъэделъхьэ щхьэж и Iыхьлыхэм, иригъэджахэм, зыцIыхуахэм ягу къызэринэжа хъыбархэмкIэ. Тхылъым щIэщыгъуагъ лей къезытхэм язщ ар зытепсэлъыхь хьэлимхэм яухуа е езыхэр щылэжьа мэжджытхэм, щхьэж къыщIэна хьэпшыпхэм, зи фэ текIыжа я сурэтыжьхэм уазэрыIуигъаплъэри.
- ТхакIуэм зэрыжиIэмкIэ, абы и IэдакъэщIэкIыр тырку щIыналъэм щызэфIэува адыгэ дин щIэныгъэм теухуа ещанэ тхылъщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ дунейм къытехьауэ щытащ Гёруджу Зэки и адэ Куржы Джэмал ефэндым теухуауэ итха лэжьыгъэмрэ профессор Атик Кемал и егъэджакIуэ Адэмей Хьэфиз ефэндым теухуауэ къыдигъэкIамрэ.
- Къущхьэ Эрдал и тхылъыр зытеухуа щIэныгъэлIхэр Тыркум щыпсэуа щхьэкIэ, псоми я лъабжьэр Кавказым йокIуэлIэж. Куржыхэ, Мэремкъулхэ, БанэщIэжхэ, Къашыргъэхэ, Щэныбэхэ, Бжьэдыгъухэ, Ащхъуэтхэ… Дэтхэнэ унэцIэр къипIуэн? Абы къикIращи, дин щIэныгъэр нобэ къагъэлъэгъуэну яужь зэритым хуэдэу, хамэу, хьэмэ ар адыгэ хабзэр IэщIыб пщIыну ухэзыгъэзыхь, цIыхур и псэмрэ фIыуэ илъагъу цIыхухэмрэ япэщIэзыгъэувэж гуэру зэи щытакъым, уеблэмэ хабзэм и фIыр диным игъэбагъуэу, ахэр фэрыщIыгъэншэу зезыхьэм къащхьэщыувэ нуру лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуащ.
- Къущхьэ Эрдал и тхылъым хуэдэхэр нэхъыбэ хъунут, тхакIуэм дыкъызэрыхуриджэм тету, инагъ-цIыкIуагъкIэ зэхэгъэж дымыщIу, фIэщхъуныгъэ къабзэкIэ диным зэрыбгъэдэтамкIэ щхьэж и унагъуэ, и лъэпкъ, и къуажэ дэсахэм ятеухуа гукъэкIыжхэр къетхьэлIэжыфамэ.
- Адыгэм лъэпкъ хьэл, къафэ, фащэ, Iэщэ зэриIэм хуэдэ дыдэу, дин зехьэкIэ хабзэ IупщIи лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ зэрыбгъэдэлъым и щыхьэт наIуэщ зэкIэ хуиту дыкъызэмыджэф Къущхьэ Эрдал и тхылъыр. Гуращэ гуэр мы лэжьыгъэм епхауэ пщIы хъунумэ, хэкурысымрэ хэхэсымрэ нэхъ быдэу зэпыщIэжынымкIэ IэмалыфIт ар адыгэбзэкIи дунейм къытехьэныр. Мы напэкIуэцIри щIыщыIэр апхуэдэ гуэрщ. Дунейпсо щэнхабзэм щыцIэрыIуэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм я тхыгъэхэм щыщ Iыхьэхэр, КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэр, хьэдисхэр адыгэбзэм къригъэзагъэу, Хэкум щатха усэхэр тыркубзэкIэ зэридзэкIыу апхуэдэщ Къущхьэ Эрдал. Абы гугъэфI къыдет «Узуняйла щыпсэуа адыгэ дин щIэныгъэлIхэр» мыгувэу адыгэбзэкIи дунейм къытехьэнымкIэ.
- 1992 гъэм щегъэжьауэ хэнейрэ Хэкужьым къэкIуа Къущхьэ Эрдал Къайсэр дэт Iимам-хъатIибхэр щагъэхьэзыр еджапIэр, иужькIэ Ислъам институтыр къиуха нэужь, Эскишехир, Анкара, Ван къалэхэм егъэджакIуэу щылэжьащ. Дызэрыт зэманым Айдын дэт колледжхэм я зым щрегъаджэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ит мэжджытхэр
- КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту дунейм къытехьащ 2022 гъэм и махуэгъэпс.
- Нэр игъафIэу, инрэ щхъуэкIэ- плъыкIэу традза махуэгъэпсым и IуплъапIэм тетщ Налшык зыгъэщIэращIэ ухуэныгъэхэм яхыубжэну зыхуэфащэ Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэр щылажьэ мэжджытышхуэр. Дэтхэнэ зы мазэми адыгэ, балъкъэр къуажэхэм дэт апхуэдэхэм ящыщ зым и сурэтым уIуегъаплъэ.
- ЩIышылэм и напэкIуэцIым ди нэгум къыщIегъэувэ ШэджыхьэщIэ Марие Псынабэ дригъэщIыхьауэ щыта ухуэныгъэ къызэрымыкIуэр (сурэтым). Хэхъуэ лей зимыIэ, зэрыжаIэу, тхылъыр зи дуней профессорым мэжджыт зэрыригъэщIыфар умылъэгъуамэ, уи фIэщ пхуэмыщIыну Iуэхущ. Езы цIыхубзым и адэшхуэм Псынабэ щригъэухуауэ щыта мэжджытыр совет зэманым клуб ящIыжауэ ягъэхъыбару щытащ. Диныр къыдахыжу гъуэгухэр зэIуаха нэужь, ШэджыхьэщIэ Марие хьэж ищIри, абы теухуа тхылъи итхыжащ. Езым урысыбзэкIэ итхыу, ТIымыжь Хьэмыщэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIыжауэ щыта «ХьэжыщIым и гукъэкIыжхэр» тхылъым къыщIиха ахъшэрщ бзылъхугъэ емызэшым мэжджытыр къызэрыригъэжьар. ИужькIэ ухуэныгъэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэну гукъыдэж зиIэ цIыху мымащIэ къыкъуэкIами, и лъакъуэхэм зэрамыгъэтыншым ищIыIужкIэ, Налшык щыпсэууэ Псынабэ щекIуэкI ухуэныгъэ Iуэхухэм кIэлъыплъын хуей хъуа Марие Алыхьталэм зыкъызэрыщIигъэкъуар зи нэгу щIэкIар зы цIыхукъым-цIыхуитIкъым. Нобэ мэжджытыр зыхуей хуэзауэ мэлажьэ, абы и Iимамщ Къэхъун къуажэм щыщ Мамыхъу Мулид. Езы профессорым и гуращэу щытар сыт жыпIэмэ, Марие еш имыIэу тепсэлъыхьу щытащ абы сабийхэр бзиплIкIэ щрагъэджэну зэрыхуейм: адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ.
- Махуэгъэпсым деж дгъэзэжмэ, адэкIэ Терскол, Малкэ, Балъкъэр Ипщэ, Нарткъалэ, Эльтюбю, Уэзрэдж, Бедыкъ, Бахъсэн, къинэмыщI къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт мэжджытхэр щыдолъагъу абы. Сыт хуэдэ блыни игъэщIэрэщIэн хуэдэу екIуу, гъэм и махуэхэр, махуэшхуэхэр, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр нэгъуэщIыфэкIэ къыщыхэгъэщащ махуэгъэпсым. КъыдэкIыгъуэр дунейм къытехьэным хэлIыфIыхьащ республикэм фIыуэ къыщацIыху тхылътедзэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес. «Ислъамым и нурым» дэтхэнэ мэжджытми и тхыдэр наIуэ къыщытщIыну ди мурадщи, фи къуажэ дэт мэжджытхэм ятеухуа хъыбар къытхуевгъэхьмэ, ди гуапэ хъунущ.
- Iимам Мухьэмэд Мутэуэлли Шэхьрауи къыщIэна духьэ
- Iэллахьуммэ! Ла тушгъил гьэкъли бима йукъликъуухьуу; уэ ла къэлби бимэн ла ярхьэмухьуу; уэ ла уэкъти бима ла янфэгьухьуу. Рэбби кун ли уэ кун мэхьи; уэджгьэлни бикэ Iэкъыуа уэ бикэ Iэгъна.
- Алыхьу си Тхьэ! Иумыгъэубыд си акъылыр зэхэзехуэн зыщIын гупсысэм, си гур — гущIэгъу къыхуэзымыщIыну цIыхум, си зэманыр — къысхуэмыщхьэпэну Iуэхум. Си Тхьэ, зыкъысщIыгъу, къыскъуэт! УэркIэ лъэщ, Уэ узэрызиIэм и фIыгъэкIэ зыми хуэмыныкъуэ сыщI!