ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм лей едвмыгъэх

2022-02-25

  • Налшык дунейм и щIыпIэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ. Арами, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дахагъэм лей щрах щыIэщ: тетIысхьэпIэхэр якъутэ, жыг къудамэхэр къыгуащIыкI, псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ ящI… ЦIыхур къызыхэкIари, зыхэпсэукIри, зыгъэпсэури щIыуэпсырщ, ауэ дэ абы пщIэ зэрыхуэдмыщIым и щыхьэтщ а псори.

  • Икандер Камиллэ психологием хуеджами, и лэжьыгъэр Интернетым пыщIащ. Пщащэм зэрыжиIэмкIэ, гупсэхугъуэ кърет щIыуэпсым зэрыхуэсакъым. Абы щIэх-щIэхыурэ щэбэт щIыхьэхухэр къызэрегъэпэщри, Налшык псы Iуфэр ягъэкъабзэ, Iуэхум хэтахэм траха сурэтхэр Интернетым кърелъхьэ. Щапхъэ дахэ зыгъэлъагъуэ пщащэм и жэрдэмыр дэзыIыгъыну гупыж зыщIхэр мащIэкъым, апхуэдэ лэжьыгъэм емыкIу зэрыхэмылъыр къызыгурыIуэхэмрэ щIыуэпсым зигу щIэузхэмрэ къыбгъуроувэ.
  • — ЩIалэгъуалэ IуэхущIапIэм волонтёру сыщыщылажьэм щыгъуэ щIэх-щIэхыурэ къызэдгъэпэщырт щэбэт щIыхьэхухэр. Паркхэр, псыхъуэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр зэщIэткъуэрт. Ауэ абы ипэIуэкIэ, иджыри курыт еджапIэм сыщIэсу, сыткIэ сэбэп сыхуэхъуфыну щIыуэпсым жысIэу, сегупсысу щIэздзащ икIи зэман кIыхькIэ гъусэ симыIэу зэщIэскъуащ щIыпIэ куэд. Си нэIэ нэхъыбэу тезгъэтщ Налшыкыпс Iуфэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псыхъуэм и Iэгъуэблагъэм къыщыкI удзыр зэи паупщIыркъым, кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэ кумбыгъэ дэткъым, цIыхум къыщинэр щылъынущ зэран хъууэ, ди къалэ дахэм и теплъэр иуцIэпIу. Пэжщ, псыхъуэм зыщызыгъэпсэхухэм къахокI кIэрыхубжьэрыху къамыгъанэу псори къызэщIэзыкъуэж. Ауэ кIэрыхубжьэрыхур зрадзэн а щIыпIэм щыгъэувын зэрыхуейри, щIыуэпсым теухуауэ сиIэ нэгъуэщI жэрдэмхэри зэпымычу Интернетым къыщызогъэлъагъуэ, цIыхухэр хызошэ мы Iуэхум.
  • — ЦIыхумрэ щIыуэпсымрэ зэрызэпхар зыхэпщIэу къыщIэкIынщ, апхуэдэ Iуэху уи пщэ дэплъхьэну ущытегушхуакIэ?
  • — Менделеевым и таблицэм химие пкъыгъуэу итым щыщу зы къэмынэу цIыхум и Iэпкълъэпкъым хэлъу къахутащ. Ар щыхьэт техъуэкъэ щIыуэпсым дыкъызэрыхэкIам, абы дызэрыщыщым? АтIэ, дыкъызыхэкIа, дыщыпсэу, дызэпха дунейм щхьэ апхуэдиз лей етхрэ? Уи унэ къетхъужьауэ, зэтепкъутауэ, фIейм ухэсу ущIэсым хуэдэу аращ, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ.
  • — ИнтернетымкIэ къыпкIэлъыплъ цIыхухэр дауэ хущыт ебгъэкIуэкI лэжьыгъэм, Камиллэ?
  • — Языныкъуэхэм си Iуэхур къыздаIыгъ, нэхъри сытрагъэгушхуэ, къыскъуэувэхэри мащIэкъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы зыри къимыкIыну, си закъуэ зыми зыри къыгурызмыгъэIуэфыну, а лэжьыгъэм и мыхьэнэр унафэщIхэм я деж нэзмыхьэсыфыну жызыIи щыIэщ. КъищынэмыщIауэ, сызыхуеджар зыщ, сызэрылажьэр нэгъуэщI IэщIагъэщ, си зэманыр зытезгъэкIуадэр ещанэщи, ар мытэмэму къэзылъытэхэри мащIэкъым. Дэтхэнэ цIыхуми хуэдэу, сэри Iуэху хъушэ сиIэщ, си зэманыр зытезгъэкIуэдэн нэгъуэщI зыгуэри къысхуэгъуэтынут. Ауэ сызэрыщымыт зысщIыну е лейуэ цIыхум гу зылъезгъэтэну аракъым. УзыщIэс унэр гъэкъэбзэн зэрыхуейм хуэдэу, дыкъэзыухъуреихь дунейми гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр къызгурыIуэу, зыгуэркIэ сэбэп сыхъумэ сыгуфIэу сопсэу. Уэрамыщхьэм, пщIантIэм, гъуэгу Iуфэм, псыхъуэм дэлъ фIейр бгъэкъэбзэным емыкIу хэлъкъым. ЕмыкIур а фIейм ухэсынырщ.
  • — Уи унагъуэр — щэ?
  • — Унагъуэм, благъэм, ныбжьэгъухэм уи дуней тетыкIэмрэ уи гупсысэкIэм- рэ къагурымыIуэмэ, уи       закъуэу зыкъыпщохъуж. Иджыблагъэ щэбэт щIыхьэху щедгъэкIуэкIам псыхъуэм кIэрыхубжьэрыху куэд дыдэ къыдэтхат. Абы тетха сурэтхэр Интернетым къыщидгъэувам, си бынхэми ялъэгъуати, къыкIэлъыкIуэ щIыхьэхум си гъусэу нэкIуэну, къыздэIэпыкъуну жаIащ. Дыкъэзыухъуреихь дунейм гууз-лыуз хузиIэ щIэблэ къытщIэхъуэмэ, щIыуэпсым сэбэп дыхуэхъуфынкIэ хъунущ. Ауэ нобэкIэ дуней псор зыгъэгыз узыфэ шынагъуэхэр, щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыхъу щIыуэпс насыпыншагъэхэр, мылылъэ ткIужхэр къызыхэкIар къыдгурымыIуэу адэкIи дыпсэумэ, дызыщхьэщыува щыхупIэм дехуэхынущ. Зыр адрейм дымыгъэкъуэншэжу, щхьэж хузэфIэкIыр щIыуэпсым хуэтщIэ щхьэ мыхъурэ?! Сэ нэхъ мащIэ дыдэу схузэфIэкIыр псыхъуэр згъэкъэбзэнращи, согъэкъабзэ.
  • Епсэлъар Фырэ  Анфисэщ.