Дыщэр куэдыIуэрэ зыIэщIагъэкI
2022-02-17
- Пекин щекIуэкI ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и къыкIэлъыкIуэ махуэхэми Урысей Федерацэм и атлетхэм медалхэр къахуихьащ, арщхьэкIэ зыпэплъахэм хуэдэкъым. КъищынэмыщIауэ, официальнэу щымыт гуп зэпеуэми къыщебэкъуэхащ.
- Олимпиадэм и епщыкIузанэ махуэр Урысейм и командэ къыхэхамрэ абы къыдэщIхэмрэ я дежкIэ тыншакъым. Пэжщ, медаль бжыгъэхэм тIукIэ хэхъуащ, ауэ яIэщIэкIа Iэмалымрэ иужькIэ къызыхуэнамрэ зэплъытмэ, къахуихьар гукъеуэу жыпIэ хъунущ.
- БиатлонымкIэ эстафетэм дыщэ медалым пэгъунэгъу дыдэ хуэхъуат Халили Саид, Логинов Александр, Цветков Михаил, Латыпов Эдуард сымэ. Къызэдэжэм и япэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ пашэныгъэр зыубыдахэм Латыповым ар яIэщIигъэкIащ. Хэгужьеихьщ, гузавэм зэщIищтэри, хуэмыфащэ щыуагъэ куэд къыIэщIэщIащ. Иужьрей къэувыIэпIэм нэщанэхэм щеуэм тхуэнейрэ блэцIэфтащ. Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщыпхьыныр ехъулIэныгъэщ, ауэ дыщэр уи Iэрылъхьэу къэплъытэу абы укъыщыхуэнэжым и деж, шэч хэмылъу, гущIыхьэщ.
- ЛъэрыжэкIэ къызэдэжэмкIэ зэхьэзэхуэр япэрейм зыгуэркIэ ещхь хъуащ. ЩIэдзэкIэфI дыдэ къэзыгъэлъэгъуа Алдошкин Даниил, Трофимов Сергей, Захаров Руслан сымэ США-р хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуа финал ныкъуэ зэпеуэм олимп рекордрэ мылыджэ захуэхэм я дунейпсо рекордрэ щагъэуващ. Ауэ дыщэм щыщIэбэным къару яхурикъужакъым. Норвегием драгъэкIуэкIа финал къызэдэжэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам зы Iэмали иIакъым пашэныгъэр иубыдыну. Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэшхуэхэм дыжьын медаль къэпхьауэ укъыхэкIыныр фIы дыдэщ, ауэ дыщэри гъунэгъут.
- БобслеимкIэ зэпеуэми ди къэралым и атлетхэм медалхэр щызыIэщIагъэкIащ. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ махуэр Гайтюкевич Ростислав и экипажым ещанэ увыпIэм щыту къыщIидзащ, арщхьэкIэ еянэм къекIуэтэхауэ и кIэм нагъэсащ. Япэ увыпIэр къэзыхьахэм ди щIалэхэр секунди 2,42-кIэ къакIэрыхуащ.
- Урысей фристайлисткэ Таталинэ Анастасие Пекин щекIуэкI Олимпиадэм дунейпсо чемпионрэ зыкъыщигъэлъагъуэ спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщ спортсмену кIуат. Абы сытым дежи нэхъыфIу къехъулIэ «биг эйр»-м и Iуэхур щыдэкIакъым, иужькIэ слоупстайлым еплIанэ щыхъуащ. Езы спортсменкэми, а спорт лIэужьыгъуэм и щIэныгъэлIхэми къызэралъытэмкIэ, Анастасие текIуэныгъэ къэзыхьахэм ефIэкIащ, арщхьэкIэ судьяхэр абы зэреплъар нэгъуэщIущ.
- ЕкIуэкIащ биатлонымкIэ километрих къыщызэранэкIа цIыхубзхэм я эстафетэри. Казакевич Иринэ, Резцовэ Кристинэ, Мироновэ Светланэ, Нигматулинэ Юлианнэ сымэ абы дыжьын медалыр къыщахьащ. Ди спортсменхэр секунд 12-кIэ къакIэрыхуащ дыщэ медалхэр зыIэрызыгъэхьа Швецием и командэ къыхэхам. Германием и биатлонистхэр ещанэщ.
- Дыгъуасэ гуэрым ди щIалэхэм дыщэр яIэщIэкIащ. Мы Олимп джэгухэм тIэунейрэ и чемпион щыхъуа икIи дыжьын медалыр щызыIэрызыгъэхьа Большунов Александррэ Терентьев Александррэ лыжэкIэ спринтым къыщызэдэжэм ещанэу къэсауэ аращ, пашэхэм ящыщу къэкIуа пэтми. Ступак Юлиерэ Непряевэ Натальери яхузэфIэкIар ардыдэращ.
- Мазаем и 17-м ирихьэлIэу официальнэу щымыт гуп зэхьэзэхуэм дыщэ медаль 13 иIэу пашэныгъэр щиубыдащ Норвегием и командэ къыхэхам. Абы къакIэлъокIуэ бжьыпэр пщIэнейрэ зыIэрыхьа Германием и спортсменхэр. НэхъыфIищым яхэтщ дыщэ медалу 8 зиIэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я командэ къыхэхар. Урысей Федерацэм и Олимп комитетым и атлетхэр ебгъуанэ увыпIэм щытщ.
- Жыласэ Замир.