Сочэ и Къуэбыдэ аузыр дуней псом я плъапIэт
2022-02-03
- Китайм и къалащхьэ Пекин пщэдей гуфIэгъуэкIэ къыщызэIуахынущ ХХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэр. Ар дунейпсо мыхьэнэ зиIэ спорт зэхьэзэхуэ инщ. Илъэсий ипэкIэ, 2014 гъэм мазаем и 7-м, апхуэдэ дыдэ Iуэхугъуэшхуэ адыгэхэм я лъапсэжь Сочэ щыIащ. ЦIыху мелуанхэм я гур къилъэтыным хуэдэу кIэлъыплъу абы щыхьэт техъуэ мафIэр «Фыщт» стадионым щыпагъэнащ олимп, дунейпсо чемпиону зыбжанэрэ щытахэу фигуристкэ цIэрыIуэ Роднина Иринэрэ хоккей гъуащхьэтет гъуэзэджэ Третьяк Владиславрэ. ХьэщIэ лъапIэхэм яхэтащ ООН-м, МОК-м, къэрал зыбжанэм, Урысей Федерацэм я унафэщIхэр, цIыху цIэрыIуэхэр. А псори хуей дэтхэнэми, дауи, телевизоркIэ и нэгу щIэкIащ. Ди къэралым япэу щекIуэкIа «Олимпиадэ хужьым» щыIэну зи насып къикIахэм сэри сащыщащ икIи нобэ иджыри зэ ди газетеджэхэм садэгуэшэну сыхуейт си нэкIэ слъэгъуахэмрэ ахэр къызэрысщыхъуахэмрэ.
- ЦIыху 30 хъууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп «Прохладнэ» станцым мазаем и 7-м дыщызэхуэсат. Дэтхэнэми гуиимыхуж Iуэхугъуэ къытпэплъэрт — ди нэкIэ зэдгъэлъэгъуну ди насып къикIат иужькIэ я бынхэм, абыхэм я быныжхэм ирипагэу хуаIуэтэж къэхъугъэ телъыджэ. Япэ дыдэу ди къэралым щыIэ дунейпсо мыхьэнэшхуэ зиIэ спорт зэхьэзэхуэм и курыкупсэм дыхэтыну, абы щекIуэкIхэр зэдгъэлъэгъуну Iэмал къытхукъуэкIат.
- ПсынщIэу нэIуасэ дызэхуэхъущ, ди дэрэжэгъуэхэмкIэ дызэхуэIуатэри гъуэгу дытеуващ. Сочэ нэс дэлъ километр 600-м нэблагъэр зэрыкIуар дымыщIэу зы жэщым къызэднэкIащ.
- ЩIымахуэ Олимпиадэм и къалащхьэм дыщынэсам занщIу зэхэтщIащ ар къызэрыгуэкI Iуэхугъуэу зэрыщымытыр. Дуней псом и щIыпIэ куэдым къикIа цIыхухэр дэнэкIи щыплъагъурт, зыр адрейм хуэгуфIэрэ зэригуапэр къыхигъэщыну щIэхъуэпсу. Илъэс мин зыбжанэ и пэкIэ пасэрей алыджхэм къытхалъхьа олимп зэпеуэхэм я нагъыщэ нэхъыщхьэри аращ — цIыхум цIыхур къилъытэу, ар игъэлъапIэу, къарумрэ зэфIэкIымрэ хуэфэщэн пщIэ хуищIу къекIуэкIынырщ.
- Олимп къуажэ нэхъыщхьэр здэщыIэри, зэхьэзэхуэхэр нэхъыбэу щекIуэкIри Адлер и Iэгъуэблагъэрат. А къалэм и вокзалышхуэм дыкъыщикIам хабзэхъумэхэмрэ волонтёрхэмрэ куэду къытIущIащ. Япэхэм шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщырти сыт илъэныкъуэкIи дыщIапщытыкIащ, адрейхэр дызэдэкIуэнымкIэ дызыщIэсынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуну хьэзырт.
- Зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIыну Олимп паркымрэ Къуэбыдэ аузымрэ дынэсыфын папщIэ аккредитацэм сыхьэт зыбжанэ ихьами, къытфIэмыIуэхущэу къытхуагъэува псори дагъуэншэу зэфIэдгъэкIри, дэнэкIи IункIыбзэIух щытхуэхъуну дызыщыгугъ ди сурэтхэр къызытещ пейджхэр ди пщэм фIэддзащ. АрщхьэкIэ ар япэ «кхъузанэу» арат.
- Адлер дикIыу Олимп паркым дыкIуэн папщIэ псынщIагъ ин зиIэ «ПцIащхъуэ» электропоездхэм дыхуэкIуащ. Ар мы зэхьэзэхуэхэм и пэ къихуэу яутIыпщауэ арат икIи а щIыпIэм щыпсэухэми я щIэщыгъуэт. Билетхэр къэтщэхуну ди мураду кассэхэм дыщыбгъэдыхьэм мазаем и 6-м щыщIэдзауэ Олимп джэгухэр иухыхукIэ ахэр пщIэншэу зэрызекIуэм теухуа хъыбар гуапэр къыдэзыгъащIэ тхыгъэр мониторым къытридзащ.
- ИтIысхьэпIэм дыхуэкIуэну дыунэтIащ. Абы упхырыкIын папщIэ къызэбнэкIын хуей турникетхэм уафIэкIын папщIэ кхъухьлъатэхэм ущитысхьэм дежи хуэдэу джанэ пцIанэу зыптIэщIын, гъущIхэкIхэмрэ псыхэкIхэмрэ лъэныкъуэкIэ ебгъэзын хуейт. Сыт тщIэнт, хабзэр хабзэщ, Псом хуэмыдэу шынагъуэншагъэм пыщIамэ, абы псалъэмакъ лей пылъкъым. Ари яфIэмащIэу турникетым иужькIэ цIыху щхьэхуэхэм псори IэкIэ дыкъаIэбырэбыхьыжащ. Абы иужькIэщ электропоездхэм дитIысхьэну дыщаутIыпщар. Пасэу Iуэхум зэрегупсысам и фIыгъэкIэ къэпщытэныгъэхэм зэман куэд яхьакъым. Яхьи хъунутэкъым — цIыху минхэр зэхэвэзэхэжьэу зэхэзырыхьыжынут.
- Адлер дыщитIысхьэри Олимп паркым дыунэтIащ. Километри 130-м нэс хуабжьагъыу къэзыщтэ «пцIащхъуэм» абы напIэзыпIэм дынигъэсащ. Хамэ къэрал зызыужьахэм зэрыщыхабзэм хуэдэу электропоездым и теплъэр дахэт, тIысыпIэхэр щабэт, вагон кIуэцI къэс «щызежэ» хьэрфхэм кIуагъащIэрт дунейм и хуабагъыр, зэманыр зэрыхъуар, уздэкIуэнум километр дапщэ дэлъми, укъызэрырашэкIым и хуабжьагъыр.
- Олимп къуажэм дыщыблэжым къэтлъэгъуащ ар, адрей щIыпIэхэми хуэдэу, къабзэу, екIуу зэрызэщIэкъуар. Спортсменхэм зыри зэран къахуэмыхъуу зэхьэзэхуэхэм сыт илъэныкъуэкIи зыхуэгъэхьэзырыфын папщIэ Iэмал псори къызэрыхузэрагъэпэщам шэч хэлътэкъым. Жылагъуэм и мэру ягъэува олимп, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу хэта икIи щытекIуа Исинбаевэ Еленэ абыхэм и нэIэ фIы дыдэу зэрытетынум лейуэ ущIытепсэлъыхьыни щыIэтэкъым.
- ЗыплъыхьынкIэ зыдмыгъэнщIауэ Олимп паркым дыкъэсащ. Бгы зэхьэзэхуэхэм къищынэмыщIауэ адрей зэпеуэхэр щекIуэкIыр мырат.
- 2012 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм олимп ухуэныгъэхэр дагъэлъэгъуну дыщыIат. Абы щыгъуэм ди нэгу щIэкIахэр иужькIэ ди газетым къытеддза «Сочэ и Къуэбыдэ аузым» тхыгъэшхуэм къыщытIуэтэжат. А зэман кIэщIым къриубыдэу зэфIагъэкIыжар телъыджэт. Илъэсрэ ныкъуэрэ ипэкIэ автомашинэ хьэлъэхэр ерагъкIэ зыпхырыкIыфу щыта, ятIэмрэ фIеймрэ щIигъэна ухуэныгъэм и лъэужь къудей плъагъужыртэкъым. Нэр игъэгуфIэу дэнэкIи зэлъыIухат. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIа къудейм и щыхьэтт лэчымэр иджыри къызэрыпщIихьэр, жыгыщIэ хасахэм я лъабжьэм щIэлъ ятIэр иджыри зэрызэрымыубыдар, нэгъуэщIхэри.
- Зым укъикIыу адрейм лъэсу уздэкIуэфыну «Фыщт» стадионыр, «Адлер-арена»-р, «Шайба»-р, «Айсберг»-р, «Ледяной куб»-р здэщыIэ щIыпIэми уихьэну тынштэкъым. Зэхьэзэхуэм укIэлъыплъыну Iэмал къозыт билетхэм ящIыгъун хуейт «болельщикым и паспорт» щхьэхуэр е аккредитацэр. Аргуэрыжьти, Олимп паркым ущихьэкIи, абы иужькIэ стадионым ущыкIуэкIи щIэрыщIэу укъащырт, уи билетымрэ паспортымрэ къапщытэрт.
- А псоми иджыри зэ дыпхыкIри километр зыбжанэ зи кIыхьагъ икIи зи бгъуагъ Олимп паркым дыкъыщыхутащ. Зи билетхэр къытIэрыхьа цIыхухъухэм лъэрыжэкIэ я зэхьэзэхуэм дыхуэпIащIэу дыздэкIуэм адыгэ джэгум и макъыр ди тхьэкIумэм къиIуащ. ДызэщIэдэIукIмэ, «Дэ адыгэм ди хабзэр аращ…» псалъэхэр Апэнэс Астемыр и макъ жьгъырумкIэ зэрыIур зэхэтхащ. ЗанщIу абыкIэ дыунэтIащ.
- ДынэсыхукIэ сценэм къихьащ Бэрэгъун Марианнэ. Абы и уэрэд дахэм къызэхуэсахэм Iэгуауэ ин хуаIэтт, джэгу иращIэкIат. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа цIыху щэщIыр зэуэ дащыхыхьэм джэгум псэщIэ игъуэтыжащ. Мыбдежым дащыхуэзащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, абы и къуэдзэ Карчаевэ Аминат, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэтхэм.
- БлэкIри къыблэкIыжри къыхыхьэурэ адыгэ джэгум Олимп паркым и утыку нэхъыщхьэр зэщIищтащ. Хамэ къэрал, Урысей Федерацэм и адрей щIыпIэхэм къикIахэр яфIэтелъыджэу абы кIэлъыплъырт. Псоми къэфэну, я нэгу зрагъэужьыну гукъыдэжышхуэ яIэт. ГуфIэгъуэр сценэм къиIэпхъукIри, абы еплъхэм къахыхьэпащ.
- Гупыр хъуреишхуэу къеувэкIауэ джэгур йокIуэкI. Мис щэнхабзэмкIэ министр Фырэ Руслани къытехьащ. «Кабардинка» ансамблым щыщ бзылъхугъэ тхьэIухудыр абы екIуу, Iэдэбу къегъафэ. Ар яхъуэж ди гъусэхэм, джэгум кърихьэлIа адрейхэм.
- Мис иджы хъункъэ жаIэхукIэ адыгэ джэгум утыкур иутIыпщакъым. Абы иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Олимпиадэм щиIэ плIанэпэ щхьэхуэм драгъэблэгъащ. Хуабжьу ди гуапэу абыкIэ дыунэтIащ. Ар Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я гъэлъэгъуэныгъэм и зы Iыхьэт.
- — Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэр дызэгурыIуэри, экпозицэр зэгъусэу къызэдгъэпэщащ, абы щыгъуэми дэтхэнэ лъэпкъми и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, дызыхуэIэзэхэр щыдгъэлъагъуэ плIанэпэ щхьэхуэ хэтхыжащ, — къыджиIэрт Iуэхум дыхигъэгъуазэурэ дыкъезышэкI Фырэ Руслан. Иужьрей махуэхэм етIысэх зэримыIам хуабжьу зэрыригъэшар хэплъагъуэ пэтми, абы и нэгум гуфIэгъуэр кърихырт. — Феплъыт мы макетым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ цIэрыIуэ нэхъыщхьэхэр абы наIуэу щыболъагъу: Iуащхьэмахуэ, Шэджэм псыкъелъэхэр, Гуэл ЩхъуантIэр, Налшык къалэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ…
- Сочэ щыIэ Олимпиадэм теухуауэ адыгэ газетхэм зэгъусэу къыдэдгъэкIа номер зэгуэтыр дэри гъэлъэгъуэныгъэм хэтлъхьащ. НапIэзыпIэм ахэр зэбграхащ. Гуапэт плъагъуну ди IэдакъэщIэкIыр яфIэхьэлэмэту куэдым зэрызэIэпахыр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и плIанэпэм арджэныр щызэIуищэрт абы хуэIэзэ Мазло Руслан. ЦIыхухэр къыбгъэдыхьэурэ щIэупщIэрт а Iуэхугъуэ телъыджэм и щэхухэм, ар зи сэбэпым. Руслани гупсэхуу абы яхутепсэлъыхьырт. Къыбгъэдыхьэхэм гуапэ лей къащыхъурт адыгэ теплъэ зиIэ саугъэтхэр къазэрыхуигуэшыр. Хамэ къэралхэм, Урысей Федерацэм и адрей щIыпIэхэм кIуэжмэ, адыгэхэм ятеухуа хъыбарым и къежьапIэ ахэр зэрыхъунур нэрылъагъут.
- Дыдейхэм къабгъэдэтщ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я плIанэпэхэр. Лъапэгъу Эммэрэ Хамеашвили Аимидэрэ шэрджэсхэмрэ къэрэшейхэмрэ я IэпщIэлъапщIагъэхэр ягъэлъагъуэ.
- — ДыщэидыкIыр, пыIэ щIыныр, арджэн зэIущэныр, нэгъуэщI Iэзагъ куэди ди адэжьхэм къытхуагъэнащ, — жеIэ Лъапэгъум. — Ахэр къытщIэхъуэ щIэблэми яхэтпщэжын, хамэм къедгъэщIэн хуейуэ ди къалэну къыдолъытэ.
- — Адыгэхэмрэ дэрэ сыт щыгъуи зэгъунэгъуфIу, дыкъызыщхьэщыжу, зым и фIымкIэ адрейм дэгуашэу дыкъыздогъуэгурыкIуэ, — къыдгурегъаIуэ фащэ дынымкIэ IэпщIэлъапщIэ остин пщащэ Гогичаевэ Тамарэ. — Уеблэмэ дэ мыбы къэтшахэм яхэтщ адыгэ фащэр. Ар фи лъэпкъыр дуней псом зэрыхуэупса хъугъуэфIыгъухэм ящыщ зыщ.
- … ЗытплъыхьыхукIэ Ащхъуэт Ритэ- рэ Аттаев Азноррэ аргуэру щэнхабзэ программэр зэхаублащ. Лъэпкъ макъамэм цIыхур нэхъри къызэхуишэсащ. «Кабардинка» ансамблым, Бэрэгъун Марианнэ, Теппеев Алим, Апэнэс Астемыр сымэ жыджэрагъ псоми халъхьэжащ. Iэгуауэ иныр хуаIэтурэ ахэр утыкум кърашэжт.
- ИужькIэ абыхэм дыщепсалъэм къыхагъэщащ Олимпиадэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал къызэрыратар щIыхь ину къызэралъытэр икIи дэрэжэгъуэшхуэ зэрагъуэтыр.
- Адыгейм и плIанэпэри узыIэпызышэт. Ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIамрэ нобэмрэ абы IупщIу къыхэщырт.
- Дигу пымыкIыу, адэкIи дахэтыну тфIэфIу дахуеплъэкIыу дакъыхэкIыжащ. Олимпиадэм дызэрыщыIэну махуэ зыбжанэм нэгъуэщI къалэнышхуэхэри къытпэщылът.
- Адыгэ пшынэм дыкъимыутIыпщурэ спорт зэхьэзэхуэхэм дыкъыкIэрыхуами, ахэри зэдмыгъэлъагъуу дыкIуэжыфынутэкъым. «Адлер-арена»-мкIэ дыунэтIащ. ЦIыхухъухэр абы лъэрыжэкIэ къыщызэдэжэт. Нобэ зэхьэзэхуэт метр 5000 къызэнэкIынымкIэ.
- Стадионым изу цIыхур ист. Дауи, щхьэж зыщыщ къэралыгъуэм и спортсменхэр трагъэгушхуэрт. БжыгъэкIэ адрейхэм ебэкI дэри Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумэхэм я лъэр нэхъ жан тщIыну дыхущIэкъурт. КъыдэхъулIауи къытщыхъужат. АрщхьэкIэ зэпеуэм и кIэухым Голландием и псынщIэрыжэхэм зыкъызэкъуахащ икIи япэ увыпIищми езыхэм къищынэмыщIа зыри бгъэдагъыхьа-къым.
- ЛъэрыжэкIэ къызэдэжэм дыкъыхэкIри, Къуэбыдэ аузым дыунэтIащ. Километр плIыщIым нэс зыдэлъ гъуэгуанэр «пцIащхъуэм» дакъикъэ зыбжанэм къызэринэкIащ. Элетропоездым зы сыхьэтым километри 130-м нэс хуабжьагъыр къыщищтэ къэхъурт, арщхьэкIэ абы и кIуэцIым ар зыкIи щызэхэпщIэртэкъым — псым уесу фIэкIа пщIэртэкъым.
- Къуэбыдэ аузым дыкъыщикIри, «лыжник лъатэхэр» щызэхьэзэхуэну щIыпIэмкIэ дыунэтIащ. Абы папщIэ Iуащхьэм дэкIын хуейт. ЦIыху хырых зэрыхуэ кабинэхэр зыкIэрыщIа кIапсэ гъуэгур зэпэубыдати, автобусыр нэхъ псынщIэгъуэу къэтлъытащ. Абыхэм цIыху щэщI-щэщI ирагъэтIысхьэурэ зрачырт. Из хъуа иужькIэ бжэхэр зэкIэрагъэпщIэжырти, «исхэр къэтпщытащ» зытетха мыхъурыр трагъэужырт. Автобусыр гъуэгум къыщыувыIэнуи, зыгуэрхэр хагъэтIысхьэнуи хуиттэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, щIыпIэм дынэса иужькIэ дыкъыщрагъэкIар лагъымлъыхъуэхэмкIэ дызэрысари дэри щIэрыщIэу дыкъапщытэжа иужькIэщ. Абы десэжати, псалъэмакъ лей зыми къыхэдгъэкIакъым.
- Зы километр хуэдиз гъуэгуанэр иджыри лъэсу дэкIуеипIэхэмкIэ къызэднэкIыжри, трамплиным къелъэхэм я зэхьэзэхуэр щекIуэкI щIыпIэм дынэсащ. Лыжникхэр къызэлъэнум метр 95-рэ и лъагагът. Уи нэкIэ щыплъагъукIэ къыбгуроIуэ а спорт лIэужьыгъуэр къыхэзыхахэр гушхуэ зиIэ спортсмену зэрыщытыр: зы мэскъалкIэ ущыуамэ…
- АрщхьэкIэ «лыжник лъатэхэр» абы есэжа хуэдэт. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу ахэр дблъэцIэфтти, метр 85 — 97-хэм и деж къыщетIысэхыжырт. Дыкъыщыгузэвэпар илъэс пщыкIух фIэкIа ныбжь зимыIэ румын щIалэ цIыкIур къелъэну къыщытеуварщ. Абыи лIыгъэ хэлъу къыщIэкIащ икIи метр 86-р къызэринэкIащ.
- Трамплиным укъелъэныр зэрымыIуэху джэгур иджыри зэ наIуэ къытщищIащ жьы мащIэ къыщыкъуэуам. Абы кIэлъыплъхэм напIэзыпIэм зэхьэзэхуэр къызэтрагъэувыIащ. Шынагъуэ щыIэт лыжникхэр жьым ирихьэкIыну.
- Сытми Урысей Федерацэм и спортсмениплIри квалификацэм кIуэцIрыдгъэкIри, къыкIэлъыкIуэ махуэм абыхэм зэхьэзэхуэм пащэну Iэмал зэрагъуэтар ди гурыфIыгъуэу дыкъежьэжащ.
- Iуащхьэм кIапсэ гъуэгум кIэрыщIа кабинэхэм дису дыкъехыжащ. Абы Iэмал къуитырт адэ-мыдэкIэ уэздыгъэхэр щызэщIэна Къуэбыдэ аузыр зэбгъэлъэгъуну. Сыпэмылъэщу IупщIу си нэгу къыщIыхьащ мы щIыпIэм илъэси 150-рэ и пэкIэ нэсыхукIэ дэса адыгэ къуажэр. Къытенауэ пIэрэ абыхэм я щIэблэм щыщ гуэр мы дунейм? Армырамэ, ахърэт нэхур Алыхьым къарит!
- Олимпиадэр щекIуэкIа япэ махуэм гъэмахуэми щIымахуэми дыкъыщыхутащ. Дызэрыт зэманыр мазае мазэм и пэщIэдзэу, шылэу, зэрыщытыр тщIэжырти, абы хуэфэщэну зыхуэпауэ Олимп паркым дыкIуащ. ПсынщIэ дыдэу къэтщIэжащ илъэсым къриубыдэу махуэ 300-м щIигъум Сочэ и Iэгъуэблагъэм дыгъэр къызэрыщепсыр. Щыгъын хуабэхэр къыдэхьэлъэкIыу махуэ псор дгъэкIуащ, пщэдей зыкъэттIэщIыну быдэу ди мураду.
- Сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м щIэзыдзэ трамплиным къелъэнымкIэ лыжникхэм я зэхьэзэхуэр здэщыIа Iуащхьэм дыщыдэкIуеям щIыIэр тхум нэ-сат икIи жьыугъуэджэт. Зэпеуэм дыщыкIэлъыплъри, и тIысыпIэхэр зэщIэщтхьа щIыб стадионырт. ДыщыгуфIыкIыжащ хуабэу дызэрыхуэпам. Мыгувэу шей, кофе пщтыр къэтлъыхъуэу дежьэжащ.
- Тлъэгъуа къомыр ди щхьэм зэгъэзэхуэн иджыри имыухарэ ди лъакъуэхэр зэблэтхыжыф къудейуэ хьэщIэщым ди псэр къэтхьэсыжащ. Жэщыр сыхьэт пщыкIутIым фIэкIами, пщафIэхэр мыгъуэлъыжауэ къытпэплъэрт, хуабжьу елIалIэу тхуагъэхьэзыра ерыскъы зэмылIэжьыгъуэхэр тIуагъэхуэну хуейуэ.
- Псори зэщIэдгъэхьэну дыхущIэкъуу мащIэу зытедгъэхьэлъа Олимпиадэм и япэ махуэм къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым щIэх зырызыдмыужьыфынур гурыIуэгъуэт. АрщхьэкIэ сыхьэт пщыкIутIым щIэзыдзэну хоккеймкIэ цIыхубзхэм я зэхьэзэхуэм деплъыну ди нэ къикIырт. ЦIыхухъухэм я зэпеуэм ар, дауи, пэхъунутэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, уIэбэмэ уалъэIэсыну къыпщыхъуу, пщащэхэм я зэрыгъэкIий макъыр IупщIу зэхэпхыу абыхэм уахэплъэну уасэ иIэтэкъым. Псом хуэмыдэу зэпэщIэувахэр викингхэм я щIэблэ шведхэмрэ самурайхэр зи къежьапIэ японхэмрэ арамэ.
- Олимп паркым дызэрихьэу адыгэ пшынэр зэрыбзэрабзэм гукъыдэж тIууащIэ къыдитащ. Дыгъуасэ лъандэрэ «Кабардинка» ансамблыр утыкум имыкIа хуэдэт. ХьэтиякIуэм гъуэрыгъуэурэ къэфэнухэр утыкум къришэрт икIи блэкIри къыблэкIыжри къызэтеувыIэурэ адыгэ къафэм я нэ щызу кIэлъыплъырт. Дыдейхэм дахэмыхьэжу, дэри, дауи, дыблэкIакъым. ДжэгункIэ зыдгъэнщIа иужькIэ «Шайба» стадионымкIэ депIэщIэкIащ. Абы изу цIыхур екIуэлIакIэт.
- Iэпкълъэпкъ пIащэ зиIэ швед цIыхубзхэр я цIыхухъухэм къазэрыщхьэщыкI щымыIэу къыпщыхъурт. Япон пщащэхэр нэхъ IэмащIэ-лъэмащIэт. Арати, лъэщагъымрэ псынщIагъымрэ зэпэщIэуващ. Зыри къикIуэтыну хуейтэкъым икIи дэтхэнэри ерыщу текIуэныгъэм хущIэкъурт. Шайбэр зэIэпыхынымкIи, зэжьэхэуэныгъэхэмкIи лъэныкъуитIри Iэзэт. Ауэ гъуэм дэгъэкIыным Iуэхур щынэсым и деж нэхъ хуэмыхухэт. Зи насып къикIар мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм нэхъыбэрэ хэта икIи щытекIуа скандинавхэрщ.
- Спорт зэхьэзэхуэхэмкIэ зыдгъэнщIауэ «Адыгэ унэм» дыунэтIащ. Адрейхэм хуэдэу федеральнэ округ зыщыщым химыубыдэу ар щхьэхуэу щытщ икIи жьантIэр зылъысахэм ящыщщ. Гуапэщ, мы Олимпиадэр щекIуэкI щIыналъэр адыгэхэм я лъапсэжьу зэрыщытыр ящымыгъупщэу апхуэдэ пщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм ди лъэпкъым зэрылъагъэсар. «Адыгэ унэм» хэтщ, хабзэжьхэм Iэмал имыIэу къызэрагъэуву, хьэщIэщ, адэкIэ нобэрей махуэм къапеубыд музей къызэдгъэпэщыну, зэпсэлъэныгъэхэм папщIэ пэш щхьэхуэ хухахыну. Адыгэ ныпыр зыIыгъ щIалэгъуалэр, лъэпкъ фащэр къызыщылыдыкI щIалэ къуданхэр абы и пщIантIэм дэтщ.
- И чэзу дыдэу дыкърихьэлIауэ къыщIэкIащ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къыщIыхьауэ адыгэм я къекIуэкIыкIам пасэрей хьэпшыпхэр ягъэлъагъуэурэ яхутепсэлъыхьт «Адыгэ тхьэIухуд» япэ дунейпсо зэпеуэм щытекIуа Къукъан Беллэрэ урысыбзэр къызыгурыIуэхэм я тэрмэш Краснодар дэт музейм и лэжьакIуэ Девгие Еленэрэ.
- Псалъэмакъыр мащIэу зэрызэпыуар къэзгъэсэбэпри, яжесIащ Къэбэрдейм сыкъызэрикIар икIи адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр тыгъэу стIолыщхьэм яхутеслъхьащ. Ахэр напIэзыпIэм зэбграхащ. Шапсыгъым хыхьэ Кичмай Иным щыщ лIыжьыр гуапэу къызэплъри, «СыкIуэжмэ, гупсэхуу седжэнщ» жиIэурэ газетыр и жыпым ирилъхьащ. «Адыгэ псалъэр» къызэдащтащ Германием, Сирием, Иорданием, Тыркум, уеблэмэ, Эмират Зэгуэтхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэм. Краснодар дэт музейми экземпляр зыбжанэ щIалъхьэну занщIу хахащ. Адыгей, къэбэрдей, шэрджэс къэпсэлъыкIэхэр абы зэрытеддзам псоми Iэмал къаритащ езыхэм нэхъ япэгъунэгъу диалектымкIэ ттхахэм ди лъэпкъэгъухэр еджэну, я благъэхэм, Iыхьлыхэм ар ирагъэлъэгъуну.
- Краснодар крайм и администра-цэм щIыпIэ IуэхухэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ КIэрмыт Мухьдин щыгъуазэ дыхуищIащ «Адыгэ унэр» Олимп паркым къызэрыщызэгъэпэща щIыкIэм. КъызэрытщIамкIэ, ар зи жэрдэмри, трагъэкIуэда мылъкур хэзыхари крайм и унафэщIхэрщ.
- «Адыгэ унэм» дыщыхуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэми.
- — Мы щIыналъэм иджыпсту щекIуэкI гуфIэгъуэр спортым теухуа щхьэкIэ, зэхъуэкIыныгъэ куэд къытхэзылъхьа Iуэхугъуэщ, — къыджиIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Гуапэ къытщохъу Олимпиадэр къызэзыгъэпэщахэм я унафэщIхэм ящыщ зы, ухуэныгъэхэр зи нэIэ щIэта Козак Дмитрий, Краснодар крайм и губернатор Ткачёв Александр сымэ, адрейхэми хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэп- къэгъухэр щхьэхуэу къызэрырагъэблэгъар. Къэралым и Iэтащхьэми, езыхэми къабгъэдэкIыу абыхэм жа-Iащ Олимпиадэ хужьыр нобэ щекIуэкI щIыналъэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм яйуэ зэрыщытыр икIи пщIэ хэха зэрыхуащIыр. Фэри фощIэ Олимп паркым «Адыгэ унэм» къыпэхъун куэд зэрыдэмытыр — ар дуней псоми ялъагъу. КъищынэмыщIауэ, щIыпIэм къинэжа шапсыгъхэм мы ухуэныгъэшхуэхэм яфI екIащ: я гъуэгухэр, псэуалъэхэр, IуэхутхьэбзэщIапIэхэр ефIэкIуащ. Ар гуапэ дыдэ ящохъу хамэ къэрал къикIыжу къытхуеблэгъэжа ди къуэшхэм. Адыгэр зэи мыкIуэдыжыну, адыгэ макъыр сыт щыгъуи адэжь щIыналъэм щыIуну псоми сехъуэхъуну сыхуейт.
- Сочэ и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа Олимпиадэр дунейпсо мардэм къызэритIэсам шэч хэлъкъым. Абы и щIыналъэм узэрихьэу ар зыхэпщIэрт. Ухуэныгъэ екIухэр, Iуэхутхьэбзэ узэщIахэр, транспорт, связь зэпыщIэныгъэхэр… Узыщымыгъуазэ щыIэмэ сыт щыгъуи къыбдэIэпыкъунут ди къэралми дунейм и адрей щIыпIэхэми къраша волонтёр ныбжьыщIэхэр. Абыхэм нэхъыбэр пщIэншэу лажьэми я гуапагъымрэ жыджэрагъымрэ узыIэпашэрт.
- Апхуэдэ щытыкIэ ди къэралым зэгуэр щыщыIэну фIэщщIыгъуейт. АрщхьэкIэ Олимпиадэм къытхузэIуиха зэIущIэ, зэхьэзэхуэ инхэм Iэмал къыдатат дунейпсо мардэхэм дыхущIэкъуну, ахэр ди гъащIэм хэтпщэну.
- Тхыгъэри сурэтхэри Жыласэ Заурбэч ейщ.