Дин щIэныгъэм и хэщIыныгъэ
2022-02-03
- Адыгэ дин щIэныгъэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. ЩIышылэм и 30-м дунейм ехыжащ Сирием къыщыхъуа икIи щыпсэуа дин узэщIакIуэ, егъэджакIуэ Джэудэт Сэхьид.
- Цей (Джэудэт) Сэхьид Мухьэмэд и къуэр Сирием хыхьэ Джолан Iуащхьэм и Iэгъуэблагъэм ит Бираджэм адыгэ къуажэм дэс абэзэхэ унагъуэм дунейм къыщытехьащ 1931 гъэм щIышылэм и 31-м. ПэщIэдзэ дин щIэныгъэр КъунейтIрэ щызригъэгъуэта нэужь, Джэудэт Сэхьид 1958 гъэм щIэтIысхьащ Мысырым щы-Iэ Iэл-Iэзхьэр университет цIэрыIуэм. Хьэрыпыбзэмрэ егъэджэныгъэмкIэ IэщIагъэлI хъуауэ, абы щалъхуа щIыпIэм игъэзэжри, илъэс куэдкIэ егъэджакIуэ IэнатIэм пэрытащ, бжьэ игъэхъуу, щIым телэжьыхьу, щIалэгъуалэр къепщIэкIауэ псэуащ. Дунейпсо цIэрыIуагъэ щIэныгъэлIым къезытар диныр зи тегъэщIапIэ и гупсысэхэрщ, псом хуэмыдэу, «ем екIэ пэувыжыпхъэкъым» жызыIа Ганди Махатмэ, Икъбал Мухьэмэд сымэ хуэдэ гупсысакIуэхэм я акъылэгъуу зэрыщытамкIэщ, а Iущыгъэр щиукъуэдия и IэдакъэщIэкIхэмрэ утыку псалъэхэмрэщ.
- 1966 гъэм щегъэжьауэ зэбгрыкIын щIадзащ Джэудэт Сэхьид и лэжьыгъэхэм. 1980 гъэ лъандэрэ абы и тхылъ 12 тыркубзэкIэ зэрадзэкIащ. 1987 гъэм щегъэжьауэ дин къыхуеджэныгъэ IуэхукIэ Джэудэтыр щыIащ Сауд Хьэрыпым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Алжирым, Ливаным, Катарым, Бахърейным, Мароккэм, Ираным, США-м, Канадэм, Германием, Франджым, Бельгием, Италием, Урысейм…
- Сирием къыщыхъея зауэр езыр зыдэс къуажэм къэса нэужь, 2012 гъэм Джэудэт Сэхьид и унагъуэр и гъусэу Истамбыл Iэпхъуащ. Тыркум щыIэху щIэныгъэ конференц 80-м нэс иригъэкIуэкIащ.
- «Адыгэ Ганди» зыфIаща узэщIакIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрми къакIуэри, муслъымэнхэм яхуэзауэ щытащ. ЩIэныгъэлIыр щыщIалъхьащ Истамбыл дэт КъараджэIэхъмэт кхъэлъахэм. ЖэнэткIэ Алыхьым игъэгуфIэ!