Щамил Iимамым къытхуигъэхьа тхыгъэр
2021-12-07
- Иджыри и пIэ имыувэпа тхыдэ къудамэхэм язщ 1846 гъэм Щамил Къэбэрдейм къэкIуауэ зэрыщытар. Абы и пэ къихуэу Iимамым адыгэхэм къахуигъэхьа тхыгъэр тхыдэ фэеплъ хъугъуэфIыгъуэу къэплъытэну хуэфащэщ.
- «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа фи щIыналъэм фIэщхъуныгъэ къабзэм и пщIэр щиIэтын къалэнкIэ Сулеймэн-ефэнды щхьэмахуэр нэзгъэкIуа нэужь, сэри фи деж сынэкIуэн си гугъащ, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъри нэхъ хуабэ, нэхъ быдэ хъун хуэдэу. Ауэ ди хэгъэгум къиужьгъа бий къомым апхуэдэ Iэмал къызатакъым. Абыхэм дапэщIэувэу, Алыхьым и нэфI зыщыхуа Хэкур дымыхъумэу хъунутэкъым.
- Иджы дызыщIэхъуэпса-хэр къыдэхъулIащ, бийхэр, я напэ текIауэ, я мурадхэр къемыхъулIауэ, я плъапIэхэм гугъэ хахыжауэ икIуэтыжахэщ. Iейм дыкъезы-гъэла Алыхьталэм фIыщIэ худощI, Абы и закъуэщ къыдэхъулIар къызыбгъэ-дэкIыр.
- Си ныбжьэгъу пэжхэр си гъусэу Благодатное къуажэм сыкъекIуэлIэжа нэужь, я псэупIэхэр зэрагъэпэщыжыну яжесIащ. А зэман дыдэм зи гугъу сщIа нэIи-быр къэкIуэжри къыфщытхъуащ, фыкъызэрыбгъэдэтами, дэ нэхъ гъунэгъу фыкъытхуэхъуным фызэ-рыщIэхъуэпсми, фи щIыналъэм бийр ифхужыфын папщIэ щIэн хуейхэми дытепсэлъыхьащ. Сыфхуэарэзыщ, Алыхьым фи мурадыфIхэр къывигъэхъулIи псэукIафIэ фищI.
- Фымышынэ, фигури фымыгъэкIуэд, фэ фи Iуэхур лъагэщ. Ислъам диным фыхуэпэжыху, хабзэншэхэр къыпфэлъэщынукъым. Абыхэм я мылъкум зыдевмыгъэхьэх, бийхэр я къуэш муслъымэн-хэм япэ изыгъэщу къывэпцIыж фи лъэпкъэгъухэми дзыхь яхуэвмыщI, дунейми ахърэтми я нэлатыр зытехуэу удын фIэкIа зыхуэмыфащэ а тхьэгъэпцIхэм ещхьу фи напэр темыкIын папщIэ.
- Сэ куэд дэмыкIыу фи нэIибыр ныфхуэзгъэкIуэнущ, дызэрылъагъунуи Iэмал къытхукъуэкIыну сыщогугъ, къытпэщылъ Iуэхухэм гунэсу дытепсэлъыхьын хуэдэу. Алыхьыр гъусэ фхузощI, фIым Тхьэм фыхуишэ».
- Зыгъэхьэзырар ХьэпцIэ Iэуесщ.