Макъамэр зи псэм хэлъ Нэхей Аслъэн
2021-12-07
- Урысей Федерацэм, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ артист, Кубанымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «Адыгейм и щIыхь» медалыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр, УФ-м, АР-м я къэрал саугъэтхэр, Шостакович Д. Д. и цIэкIэ щыIэ саугъэтыр зыхуагъэфэща, Кавказ Ищхъэрэм, Урысей псом щыцIэрыIуэ композитор, АР-м къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблым и художественнэ унафэщI Нэхей Аслъэн Къасым и къуэм хуэдэ цIыху гъуэзэджэм къытебгъэзэжурэ утепсэлъыхьыныр лейкъым.
- Нэхейр щIыпIэ куэдым къыщацIыху. Ар цIэрыIуэ зыщIар, дауи, и IэщIагъэм хуиIэ Iэзагъырщ. Аслъэн и цIэр адыгэ тхыдэм дыщэпскIэ хитхащ Адыгейм и япэ лъэпкъ оперэмкIэ, абы къызэригъэпэща, нобэ Адыгейр зэрыгушхуэ «Ислъэмей» ансамблымкIэ. Нэхейм и IуэхущIафэхэмкIэ лъэпкъ щэнхабзэм зрегъэужь, хэгъэгухэмрэ къэралхэмрэ хуаIэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри ирегъэфIакIуэ, къыдэкIуэтей щIэблэр фIым, дахэм, гъуазджэм хуегъасэ.
- Абы и гъащIэ псор зытриухуар ди лъэпкъ профессиональнэ музыкэм зегъэужьынырщ. Ар икъукIэ Iуэхушхуэщ. Псом хуэмыдэу Нэхейм и IэдакъэщIэкIхэм иджыпсту мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иужьрей илъэси 10-м макъамэ мыхьэнэншэ куэд дунейм къытехьэ хъуащ. Ар нэхъыбэ дыдэу къызыфIэIуэхухэм ящыщщ Аслъэн. Абы сытым дежи жеIэ композиторхэр, тхакIуэхэр, европэ мардэхэм изагъэу, гъэхьэзырын зэрыхуейр, ди лъэпкъым гъуазджэ нэс иIэну зэрыхуэфащэр.
- Лэжьыгъэ купщIафIэкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ къызэринэкIащ композитор цIэрыIуэм. Абы гъуазджэм и лэжьакIуэ цIыху къызэрыхэкIынур гурыIуэгъуэу къыдэкIуэтеящ. Адыгэ Республикэм и Теучэж районым хыхьэ Джыджыхьэблэ къыщыхъуащ Аслъэн, бынунагъуэшхуэм къыщалъхуащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэм цIыхухэр гугъуехь куэд хэта пэтми, сабиигъуэ насыпыфIэ иIауэ къелъытэ. ПэщIэдзэ классхэм щыщIэсым фIыуэ еджэрт, макъамэм егупсысыртэкъым, ауэ усэ итхырт. ТIэкIу нэхъ къыдэкIуэтея нэужь, уэрамым щагъэзащIэ макъамэхэм хуабжьу дихьэх хъуащ. Абы щыгъуэм щегъэжьауэ нотэ зы-тIу нэхъ емыдаIуэу макъамэр зыхуэдэр къицIыхуфырт. Дауи, ар композитор хъуну и пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым, ауэ апхуэдизкIэ макъамэм дихьэх хъуати, самодеятельнэ гупхэм, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм кIуэурэ макъамэ Iэмэпсымэ псоми еуэфу зригъэсат. ИужькIэ, дзэм къулыкъу щищIэну щыдашам, и япэ уэрэдхэр абы щитхащ.
- Армэ нэужьым музучилищэм щеджащ, Шаповалов, Меньшин, Маркарьян, нэгъуэщIхэми ягъэсащ. ИтIанэ ЩэнхабзэмкIэ институтым щIэтIысхьащ, 1978 гъэм Тбилиси къэрал консерваторэм кIуащ. Мис абдежщ къыщежьэр гъуазджэ нэхъ хэIэтыкIам щиIа ехъулIэныгъэхэр. Тбилиси консерваторием щыщIэсым фIыуэ егупсысауэ езым и лъагъуэ къыхихыжащ Аслъэн. КъыгурыIуащ зи ужь ихьа Iуэхур къыгуэхыпIэ имыIэу къызыхэкIа лъэпкъым, абы и тхыдэм, и бзэм зэрепхар. Апхуэдэ щIыкIэкIэ и IэдакъэщIэкIхэм яIэну классикэ теплъэр къыхихри, лъэпкъ купщIэри щIилъхьэжащ.
- Гъуазджэм къыщикIуа гъуэгуанэр тыншу щымытами, ар гугъуехьым иригъэкIуэтхэм зэи ящыщакъым. Абы кърикIуари нэрылъагъущ. Илъэс 25-рэ и пэ къызэригъэпэщащ къафэмрэ уэрэдымкIэ «Ислъэмей» ансамблыр. А гупым хуэдэ адыгэм иIэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар Нэхейм гупсысэу и щхьэм къыщихьам зыхуеяр цIыхухэм я нэгу зезыгъэужьын ансамбылтэкъым, атIэ адыгэ щэнхабзэм и зы Iыхьэ гъэщIэгъуэн — уэрэд IуэрыIуатэр къэзыгъэщIэрэщIэжынт. Апхуэдэуи къыщIэкIащ. Нобэ ар зы гуп лъэрыхь хъуащ.
- «Иджырей ансамблыр си псалъэр ныкъуэжыIэу къызыгурыIуэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъ, лэжьэным хуэмыщхьэх цIыхухэу зэхэтщ. Нобэ доллар мин бжыгъэ зи уасэ микрофонхэр къыдощэхуф, фащэ щад цех, зыхуей хуэгъэза студие диIэщ, европей жыпхъэхэм изагъэ уэрэдхэр, макъамэхэр идогъэтхыф», — жеIэ Нэхей Аслъэн.
- «Ислъэмейм» мызэ-мытIэу концерт щитащ Тыркум, Иорданием, Израилым, Германием, Грецием, Инджылызым, Италием, Польшэм, Чехым, Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ЦIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэмкIэ Адыгейм и къэрал ансамблыр республикэм и псэкупсэ щэнхабзэр зыгъэдахэщ, зыгъэбейщ. Лъэпкъыр зэрыгушхуэ ансамблыр нобэ дунейпсо цивилизацэм и курыкупсэм итщ, сыт хуэдэ лъэпкъ щэнхабзэми пагэу бгъурыту.
- Уасэ хуэщIыгъуейщ — ансамблым макъ зыбжанэу зэщIэжьыуэу жиIэ уэрэдхэм. ЦIыхубэ уэрэдхэр ар жанр щхьэхуэщ икIи лъэпкъым и псэщ. Абы и тхыдэр, и гупсысэр, игу зэрыгъур, и бзэр, и гум и къеуэкIэр зыхэплъагъуэр уэрэдыжьхэрщ. «Ислъэмейм» и къалэн нэхъыщхьэр ди адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр хъумэнырщ, ар къыдэкIуэтей щIэблэм ябгъэдэлъхьэнырщ, адыгэ щэнхабзэр дуней псом къыщегъэцIыхунырщ.
- Лъэпкъ оперэ зэриIэмкIэ япэ къэсым зигъэщIэгъуэфынукъым. Аслъэн апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэкIэ къытхуэупсащ адыгэм. Абы и творчествэм и нэхъ лъагапIэу къэплъытэ хъунущ МэшбащIэ Исхьэкъ и романымкIэ итха «Раскаты далекого грома» оперэр. «1980 гъэхэм я пэщIэдзэм, Тбилиси консерваториер къыщызухым стхащ оперэр. Абы лъандэрэ илъэс щэщIи дэкIыжауэ, 2011 гъэм Адыгейм и утыку къисхьащ си IэдакъэщIэкIыр. Ди республикэм и щэнхабзэ гъащIэм хэт нэхъ Iэзэхэм я къару халъхьащ мыбы, артисти 100-м нэблагъэ хэтащ. Оперэм лъабжьэ хуэхъуар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм, 1796 гъэм Адыгэ хэкум щекIуэкIа Бзиикъуэ зауэрщ, ар ди тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гуузхэм ящыщ зыщ.
- Тбилиси консерваторэм и япэ курсхэм сыщIэсу произведенэ нэхъ цIыкIухэм зеспщытащ, ауэрэ си зэфIэкIым хэзгъахъуэурэ нэхъ иныIуэхэри стхащ. ИужькIэ сызэджа псори къызэрызэщIэскъуэжын жанру оперэр къыхэсхат. Абы и сюжетыр куэдрэ къэслъыхъуащ сэ. Япэу поэмэ къыхэсхын си гугъащ, ауэ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэ» романым адыгеибзэкIэ сыкъызэреджэу, ар лъабжьэ сщIыну тезухуащ. ТхакIуэм сыхуэзэри, дызэдэлэжьэну дызэгурыIуащ. Абы щыгъуэм хуабжьу къыздэIэпыкъуащ консерваторэм сыщезыгъэджахэр. Романыр и лъабжьэу оперэм либреттэ хуэзытхар Куржы Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абашидзещ.
- Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъым оперэ иIэныр фIыгъуэшхуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар уи щэнхабзэм и лъагагъыр, фIагъыр, кууагъыр къэзыгъэлъагъуэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъыр лъэпкъыу зэфIэувэнымкIэ, абы и щэнхабзэр хъума хъунымкIэ хуабжьу сэбэпынагъ ин зиIэ произведенэщ ар. ИлъэситI ипэ «Раскаты далекого грома» оперэм и концерт «Ислъэмеймрэ» симфоние оркестрымрэ зэдагъэзащIэу утыку къитхьащ. ИужькIэ адыгэ оперэм и партирурэр къыдэзгъэкIащ. Оперэр нотэкIэ тхауэ къыдэгъэкIыныр ди республикэм и гъуазджэ дунейм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а оперэр иджы дэнэ щIыпIи щыбгъэзащIэ хъунущ, тхылъыр къахуэсэбэпынущ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ еджапIэхэм», — къыддэгуэшащ Аслъэн.
- ТхакIуэм зэхиха е и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэ гуэр хъыбаркIэ къыщиIуэтэж къохъу, усакIуэм и гум щыщIэ куэд усэ сатырхэмкIэ ди пащхьэ кърехьэ, апхуэдэ дыдэу макъамэтхми и гурыщIэ гуэрхэр щыхилъхьэ щыIэщ и IэдакъэщIэкIым. Нэхейм и сабиигъуэр и нэгу къыщIэзыгъэхьэж, ар щыкIуа адыгэ жылэр, сабиих зыпIа и анэр игу къэзыгъэкIыж IэдакъэщIэкIщ «Сабиигъуэ жыжьэм и макъамэхэр» триптихыр. Ар гущэкъу уэрэдкIэ къыщIедзэ – «Гуащэгъагъ и гъыбзэ», абы къыкIэлъокIуэ «Сабиигъуэ жыжьэм и макъамэхэр» композицэр, ещанэ Iыхьэр «Раскаты далекого грома» оперэм щыщ «Зыгъэлъэт» къафэращ.
- «Си макъамэхэм нобэрей си дуней еплъыкIэри я лъабжьэщ, ахэр гур дэзышейхэу схужыIэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар философым и музыкэщ. Ар зэрызэхэт нотэхэр языныкъуэхэм деж апхуэдизкIэ нэщхъейщ, гупсысэ, гукъэкIыж куэд яхэлъщи, концертым сыщIэсу сыщедаIуэкIэ, си нэпсыр щысхуэмыIыгъ къысхуохуэ», — жеIэ абы.
- Аслъэн хуэдэ цIыху лъэрызехьэхэрщ лъэпкъым зезыгъэужьри, зэкъуэшыныгъэр зыгъэбыдэри, зэпыщIэныгъэхэр зыгъэлъэщри. Ар сытым дежи быдэу къыпыщIащ Къэбэрдейм. Абы къежьапIэ хуэхъур адыгэ композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил Тбилиси зэрыщыдеджарщ, абы лъандэрэ ахэр зэрызэныбжьэгъурщ. 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ зы илъэси къэмынэу Налшык къакIуэу щытащ ар, ныбжьэгъуу иIащ Къардэныр, Молэр, ХьэхъупащIэр, ХьэIупэр… Зэдэлажьэрт, зэныбжьэгъут, Композиторхэм я союзым и пленумхэм зэгъусэу хэтт, Москва кIуэрти, концертхэр щатырт, абыхэм къатетхыхьыр куэдт.
- 1992 гъэм «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», 2013 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ и артист» цIэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ Нэхей Аслъэн. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ зэпыщIэныгъэфIхэр диIэщ, ХьэIупэм и автор концертитI Мейкъуапэ щекIуэкIащ, Нэхущ Чэрим Сокъур Ольгэ, Тут Заур сымэ Адыгейм фIыуэ къыщалъагъуу, пщIэшхуэ къыщыхуащIу апхуэдэщ, «Кабардинка»-р зыпащI щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэу АР-м и щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр ди деж къокIуэри концерт щат. А зэпыщIэныгъэхэр фIыщ, дахэщ, быдэщ, зи щIалэгъуэхэм дяпэкIэ къыпащэн хуейщ. Куэд яхузэфIэкIащ ди нэхъыжьыфIхэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Мейкъуапэ гъэ къэс щекIуэкI Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалым и зэхэублакIуэ хъуар Нэхей Аслъэнщ. Иджы и хъуэпсапIэщ адыгэ композиторхэм я фестиваль зэхишэну. «Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр куэд хъужыркъым, композитор щIалэхэр мащIэ дыдэщ, абы хуеджэну хуей щыIэххэкъым. Ауэ зэманым сытым дежи декIуу щытынур музыкэ лъагэращ, классикэрщ. ЗэпыщIэныгъэ диIэщ, дыпсэухуи диIэнущ, нэхъыщхьэр мис а классикэм дихьэх щIалэгъуалэ къытщIэхъуэнырщ», — жеIэ Аслъэн.
- Композиторхэм, музыкантхэм я бынхэм адэм и IэщIагъэр къыщыхахыж куэдрэ урихьэлIэркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а лэжьыгъэм къарууэ, зэману, узыншагъэу пIихыр куэдщ, абы псоми гу лъатэ. Ауэ Аслъэн и къуэ Азэмэт абыхэм игъэшынакъым икIи и адэр игъэгушхуащ творческэ IэнатIэр къызэрыхихамкIэ. Илъэс куэд щIауэ зэгъусэу зэдолажьэ, зэдотхэ ахэр. И адэр Тбилиси консерваторэм щыщIэсым, абы къепха школым щеджащ Азэмэт, итIанэ Мейкъуапэ ГъуазджэхэмкIэ дэт училищэр къиухащ, Адыгей къэрал университетым и макъамэ-педагогикэ къудамэм щеджащ. Иджыпсту «Ислъэмей» ансамблым и художественнэ унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ, макъамэ етх, цIыхубэ уэрэдхэм аранжировкэ яхуещI. Нэхей Аслъэн и IэдакъэщIэкIхэм япэу едаIуэр, зэпкърызыхыр, фортепианэкIэ зыгъэзащIэр Азэмэтщ. «Хьэгъэудж и зэхуэкIуэ» рапсодиер аращ Аслъэн зыхуитхар.
- Нэхей Аслъэн и симфоние музыкэмрэ вокал IэдакъэщIэкIхэмрэ Iэгуауэшхуэхэр щыхуаIэтащ Грецием, Италием, Германием, Инджылызым, Тыркум, Иорданием, Израилым, нэгъуэщI щIыпIэхэм. И цIэр щаIэт адыгэ дунейм, къэрал куэдым. Апхуэдэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу къэсащ нобэрей махуэм, лъэпкъым и напщIэрэ артистхэм я гъуазэу. АдэкIи тхэну, лэжьэну зегъэхьэзыр абы. «ЩIыхьыцIэ сиIэщ, зылI ищIэн сщIащ» — жиIэу тIысыжхэм ящыщкъым. Симфоние оркестрми «Ислъэмей» ансамблми яхуэтхэнущ. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэу сыт щыгъуи щытар иджыри къонэж: фIагъ лъагэ зиIэ адыгэ макъамэ цIыхубэм я деж нихьэсынырщ, ар цIыхухэм къагурыIуэ, яфIэфI ищIынырщ.
- «Адыгэ уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу къалъытэну яхуэфащэщ. Абы щхьэкIэ, шэч хэмылъу, дэ, композиторхэр, музыкантхэр, уэрэджыIакIуэхэр, хореографхэр, къэфакIуэхэр псэемыблэжу дылэжьэн хуейщ, цIыхухэм зрагъэсапхъэщ артистхэм я Iэзагъымрэ зэчиймрэ, ахэр къазэрахуэупсэ псэ хуабагъымрэ гу къабзагъым- рэ пщIэ хуащIу», — жеIэ Аслъэн.
- НэщIэпыджэ Замирэ.