ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МафIэм илыпщIа сабиигъуэ

2021-11-25

  • Зауэр щыщIидзам илъэсий сыхъуу арат, ауэ а зэманым слъэгъуар сымыIуэтэжыныр сэркIэ тыншкъым, ар захуагъэуи къыщIэкIынкъым. Сыту жы пIэмэ, зауэ блэкIам и хъыбар тхылърэ кинокIэ фIэкIа зымыщIэ, дуней зэхэмыбз, зэхэзэрыхьа тет нобэрей щIалэгъуалэм, мащIэ дыдэ фIэкIа мы хъу-ми, къахуэщхьэпэжын гуэр къыхахынкIи хъунщ мы тхыгъэм.

  • А зэманым цIыкIуи ини псалъафэу яIэр зэ рызэщхьэщыкIышхуэ щыIэтэкъым — «Хэт сымэ нобэ зауэм яша?» «Хэтхэ щхьэкIуэ тхылъ къахуэкIуа?» «Бийм сыт хуэдэ щIыпIэхэр иубыда?» — ахэрат дэнэкIи щы зэхэпхыр.
  • Зауэ гущIэгъуншэр кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къыт хуэхъурт. АпщIондэхукIи цIыхум нэхъ зэхащIыкIырт абы и шынагъуэр. Ноби си нэгу щIэтщ 115-нэ лъэпкъ шуу дзэм хагъэхьэну къыхаха гупышхуэр къуажэку уэрамымкIэ зэрыблэкIар. Хьэблэм къыдэкIа лIы жь-фы зыжь, унэгуащэ, сабий куэд пIейтейуэ куэбжэм Iутт, адыгэ фащэкIэ хуэпауэ блэкI шуухэм еплъу, сэлам ирахыжу.
  • Зауэм кIуэхэр нэхъ гъунэгъу къыщытхуэхъум, си адэ къуэш Бицу ТIатI къыдбгъэдыхьэри шым къепсыхащ. Зи нэпсхэр къежэх и шыпхъу НыкIуэрэ и щхьэгъусэ Гуащэуэсрэ сэлам къарихыжащ. МакъкIэ гъы ипхъу Женярэ сэрэ ди щхьэм Iэ къыдилъащ.
  • — Фымыгузавэ икIи фымыгъ, Тхьэм жиIэмэ, къэдгъэзэжынщ, нэмыцэхэм датекIуауэ, — жиIащ ТIатI, шым шэсыжурэ. Ауэ къигъэзэжакъым абы. Дон Iус Ростов и щIыналъэм хиубыдэ Мартыновкэшхуэ станицэм деж лIыгъэ хэлъу ар зауэ гущIэгъуншэм щыхэкIуэдащ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м.
  • А гъэ дыдэм и бжьыхьэм Аушыджэр бийр къэблэ гъэпащ. Дэ, цIыкIухэр, хадэм дитт жыгхэм къыпына мыIэрысэ закъуэтIакъуэхэр тшхыуэ. Махуэр уэфIт. Зэуэ зэхэтха кхъухьлъатэ макъыр псынщIэ дыдэу ин хъуащ. Абыхэм кърадзыхыу щIадза бомбэхэм я къауэ макъым дунейкъутэжыр къэсауэ къыпщагъэхъурт. Ди хьэблэм Iугъуэ фIыцIэр щхьэщытт. Къуажэм и нэгъуэщI щIы пIэхэмкIи бомбэхэр къыщыуэрт. Хьэблэм дэсыр ды зэрыдэхри, Хъуу псыхъуэ бгы нэпкъ гуэрым зыщыдгъэпщкIуащ.
  • Аушыджэрыщхьэ пэмыжыжьэу мэзым дыщIэсащ жэщым. Нэхущым лIы гуэр мэзым ныщIыхьэу зэхэтхащ. Ар лъаIуэрт къуажэм дгъэзэжыну. Нэмыцэхэр мэзым топышэкIэ къыхэуэнкIэ зэрыхъунур къыджи -Iэрт. Сыхьэт ныкъуэ дэкIатэкъым абы жиIар пэж щы хъуам — макъ шынагъуэр щIэту топышэхэр тщхьэ п рылъэту щIидзащ. Дэри ди щхьэр мэзым къыщIэтхыжащ.
  • Къуажэм дыкъыщыдыхьэжам унэ къутахэр, бомбэхэм кърауда кумбышхуэхэр плъагъурт. А махуэм аушыджэрдэсу цIыху 24-рэ хэкIуэдащ, зыщыпсэун ямыIэжу куэдым я унэхэр бомбэм икъутат.
  • Ди хьэблэм щыщу а махуэм хэкIуэдат Бэрбэч БетIал, абы ипхъу зи ишэгъуэ дахэ Хъанигуащэ, а унагъуэ дыдэм я нысэ Тамарэ, Фрийхэ я нысэр, я пхъурылъху сабий цIыкIу, ефэнды лIыжь Уэсмэн Екъуб. А махуэм уIэгъэ хъури ныкъуэдыкъуэу къэнат Хьэх Сыма.
  • Ди гъунэгъухэм яхэтт зи унэхэр, игъащIэм зэрагъэпэща тIэкIур, псэуалъэхэр бомбэм зэхикъутахэр. Апхуэдэ хэщIыныгъэ ягъуэтат Къардэн Мэржан, Гъут Саш, Къардэнхэ Темболэтрэ Баширрэ, нэгъуэщIхэм. Нэхъ хэщIыныгъэ мащIэ ягъуэтатэкъым адрей хьэблэхэми.
  • Къуажэм зэрыдэса зэман мащIэм игъащIэ псокIэ пщыгъупщэ мыхъун гуауэшхуэ къагъэнащ нэмыцэ -хэм. Аушыджэр жьэгъу екIуэкI гъуэгум нэмыцэхэм цIыху куэд кIэраукIыхьат. Адэ-мыдэкIэ сэлэт хьэдэхэр щылът, шыхэри шыгухэри зэпкърыудат…
  • СощIэж: нэмыцэхэм къызэрыхуамыдэнур ящIэ пэтми, ди хьэблэ лIыжь гущIэгъулыхэр махуэкIэрэ джа -бэм хьэдэщIэлъхьэ дэкIырт. ЛIыгъэшхуэ яхэлът а лIыжь угъурлыхэм.
  • Насып диIэти, нэмыцэ хьэщхьэрыIуэхэр куэдрэ дэ сакъым ди жылэм.
  • Зэман хьэлъэ дыхэхуат. Къуажэр хуит хъужа щхьэкIэ упсэуну гугъут, псори хуэмыщIат. ЦIыхум я щхьэр щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ зэрахьэрт. А зэман гугъум ди хьэблэ лIыжь-фызыжьхэр чэнджэщэгъуфIу диIащ. Сыт хуэдэ гугъуехь дыхуэмызами дагъэIущырт, даущийрт, адыгэ хабзэр тщагъэгъупщэртэкъым.
  • Мис апхуэдэ цIыху зэпIэзэрыт нэхъыжьыфIхэт Бэрбэчхэ Хьэзиз, Гуэсис, Ашыбокъуэхэ Джэху, Къасыху, Къалмыкъхэ Жэмалдин, ТIасэ, Данил, ШэIимэт, Къардэнхэ Гуэшыр, Мэржан, Бейтокъухэ Даду, Мэдэ, Хьэмзэт, НыкIуэ, КъалакIуэ Дадис, Гъутхэ Чэмал, Мэдэ, УэсцIыкIу, Урысхэ Мацу, МытIэ, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм яхэлъа хьэл-щэн дахэр, адыгагъэр, Iущагъыр уигу къы щыкIыжкIэ, узэгупсысыр зыщ: дэ щIэныгъэкIэ ды зэ джэракъым цIыхур цIыху нэс зыщIыр.
  • Зауэр иухащ. Зи насып кърихьэкIыу къэзыгъэзэжа -хэм ящыщт Къардэн Башир, КъалакIуэ Исмэхьил, Бейто къухэ Зэлэдин, Хьэутий, Гъут Хьэжы, Жылокъуэ Мысост сымэ. Ауэ хьэблэр куэдкIэ нэхъ нэщI хъуауэ, зеиншафэ къытеуауэ къытщыхъурт. Хэкум папщIэ куэдым я псэр ятат. Къагъэзэжатэкъым Журт зэкъуэшиплIым: ТIытIу, Къумыкъу, Мухьэмэд, Мушкэ, Фрий зэшищым – Мухьэжыр, Хэжсуф, Хьэсет, ХьэцIыкIухэ Хьэжбийрэ Хъусенрэ, Гъутхэ Мухьэрбий, Мамышэ, Назир, Къалмыкъ Жыхьфар, Урысхэ Iэбубэчыр, Абдул, Лъостэнбэч, Бэдракъ Хьэжпагуэ сымэ, нэгъуэщIхэми .
  • Зауэ IэнатIэм и закъуэтэкъым цIыхухэр щыхэкIуэдар. Губгъуэхэм щикъухьауэ къина лагъымхэми, шэ къэ уэжхэми гъащIэ мащIэ яхьакъым. Гуауэшхуэт щIалэ цIыкIуитху зэуэ лагъымым иукIауэ хьэблэм къыщыдашэжа махуэр. Езыхэм я закъуэтэкъым — а щIалэ цIы кIуитхум ящыщу щым я адэхэр зауэм хэкIуэдат.
  • Шэч хэмылъу, а зэман хьэлъэр, зэман гуащIэр мып хуэдэ зы тхыгъэ цIыкIукIэ зэи къыпхуэIуэтэжынукъым. Ар хэти фIыуэ ещIэ. Ауэ мы си тхыгъэ кIэщIым и кIэухыу жысIэну сыхуейщ — зауэм зи сабиигъуэр илыпщIахэр дыхэкIуэдакъым гъащIэ гуащIэм. АтIэ абы дипсыхьауэ, лIы дищIауэ дыкъыхэкIащ.
  • Хьэблэ щIалэ цIыкIукIэ дызэджэу щытахэр иджы лIы хъужахэщ. Абыхэм я бынхэм бын ягъуэтыжахэщ. Си гуапэу я цIэ къисIуэнщ си лъэхъэнэгъухэу щытахэу Журт Биберд, егъэджакIуэ ахъырзэманхэу Къардэн Шупагуэ, Къалмыкъ Хьэбас, механизатор гъуэзэджэхэу Хьэх Лалушэ, КъалакIуэ Володя, Къалмыкъ Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • … Аушыджэрыщхьэ. Ар лъагэу икIи пагэу къуажэм къыщхьэщытщ. Къуажэ къэс иIэу къыщIэкIынщ псэм пащIу щIыпIэ хэха. Ди дежкIэ, аушыджэрдэсхэм я дежкIэ, апхуэдэщ Аушыджэрыщхьэ, Андемыркъан и хэщIапIэу щытар!
  • Бицу Михаил,
  • УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт.
  • 1998 гъэ