КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 80 ирокъу
2021-11-25
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ теат рым иджыблагъэ щагъэ лъэпIащ КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэ гу хьэ ныгъэр къызэрызэрагъэ пэщ рэ илъэс 80 зэрыри къур.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуи хым артистхэм ехъуэхъури, езыри театр гъащIэм пэ IэщIэу къызэримылъытэр, къи щынэмыщIауэ, Теат рым и лэжьакIуэхэм я зэгу хьэ ныгъэм илъэситхукIэ зэ рыщылэжьари жиIащ.
- — Къыхэзгъэщыну сы хуейщ КъБР-м щыIэ СТД-р къэралым щынэхъыфIхэм зэращыщыр. КъБР-м и театрхэр лъагапIэшхуэ тетщ. ЦIыхухэм я гъащIэр гуапагъэрэ дахагъэкIэ дгъэнщIыфу, яхуэщ хьэпэну гупсысэхэр еттыфу илъэс куэдкIэ ди театрхэр щыIэну си гуапэщ! Мы махуэмкIэ, илъэс бжыгъэ дахэмкIэ сынывохъуэхъу, ехъу лIэныгъэ, узыншагъэ фиIэну, фефIэкIуэну си гуапэщ, — захуигъэзащ Къумахуэм артистхэм.
- АдэкIэ министрыр къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэ рым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Каз бек къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм.
- «Быдэу си фIэщ мэхъу КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и илъэс 80-р зэригъэлъапIэр республикэм и щэнхабзэ гъащIэм дахэу къы зэрыхэщынур. БлэкIа зэманым мы зэгу хьэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуи щIащ театр гъуазджэм зе гъэу жьыным, творчес кэ ехъу лIэныгъэ ди артист хэм яIэным, псэкупсэ гъэ сэныгъэ щIэблэм ябгъэ дэлъхьэным. Зэманыр зэ ры гугъум щхьэкIи къэмынэу, абы и лэжьыгъэр зэ пи гъэуркъым. Творческэ ехъу лIэныгъэ, гукъыдэж, узын шагъэ фиIэну сынывохъуэхъу!», — итщ абы.
- КъБР-м и Правительст вэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъ абы иритащ Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэ ныгъэм и унафэщI Фырэ Майе икIи къэпсэлъапIэр хуит хуищIащ.
- Майе кIэщIу тепс эл ъы хьащ зэгухьэныгъэм и тхы дэм, 1941 гъэм къыще-жьэм.
- — СТД-р ди республикэм щылажьэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъ инхэм ящыщщ, абы и IуэхущIафэ хэлъщ КъБР-м и щэнхабзэ гъащIэм ехьэлIа Iуэху куэдым. Ди зэгухьэ ныгъэр хущIэкъу зэпытщ иджыри къэс ху зэ фIэкIам хигъахъуэу ипэ кIэ кIуэтэным.
- Сэ схужыIэнукъым пан-де мием ди лэжьыгъэр къигъэувыIауэ. Пэжщ, абы ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къыхилъхьащ, цIыху зэхуэтшэсым я бжыгъэри дгъэмэщIэн хуей мэхъу, ауэ зыми емылъытауэ долажьэ.
- КъБР-м и СТД-м и лэжьыгъэм мызэ-мытIэу гулъытэ ин къыхуащIащ. 1998 гъэм Франджым щыIэ «Monde Sans Frontiere» ассоциа цэм, «Партнёрство ради прогресса» программэм ипкъ иткIэ, «Дыщэ пальмэ» къыщытхуагъэфэщауэ щытащ. 2018 гъэм СТД-р къалъытащ КъБР-м щыIэ творческэ IуэхущIапIэ нэхъы-фIу.
- Нобэ илъэс 80 дрокъу, икIи ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ творческэ цIыху-хэм я Iуэху дэгъэкIыныр, лей къатемыгъэхьэныр.
- УФ-м и СТД-м и унафэщI Калягин Александр и псалъэхэр хуабжьу сигу ирихьащи, фэри зэхывэзгъэ хыну сыхуейт: «Дэ псоми зэщхьу зыгуэр тхэлъщ, дэ дызэблагъэщ, хьэуэ, лъы кIэкъым, ауэ абы нэхъ рэ нэхъ гъунэ гъуж гуэрщ дэ дызэпызыщIэр: дэ зы уна гъуэу дызэхэтщ, ды зэ Iыхьлыщ, театрым ды зэ ри шэлIауэ».
- Майе къеджащ Каляги ным къыбгъэдэкI хъуэхъу те леграммэм.
- «Илъэс 80-р бжыгъэ дахэщ. АдэкIи фи IэнатIэр евгъэфIакIуэу, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм фыпэлъэщу, фи мурадхэм зэран къа хуэхъун лъэпощхьэпо щымыIэу фылэжьэну сы ны вохъуэхъу!» — псалъэ гуа пэхэр итт абы.
- Пшыхьым ягу къыщагъэ кIыжащ республикэм и театр гъащIэм зи гуа щIэ хэзылъхьа артист нэхъыжьхэр, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуахэр.
- Абы щагъэлъэпIащ утыкум и ветеранхэу, цIыхубэм илъэс куэд щIауэ фIыуэ ялъэгъуа, ягъэзэщIа ролхэмкIэ гукъинэж артистхэр. Абыхэм республикэм и щэнхабзэ гъащIэм щыпхаша лъагъуэ дахэм, теат р хэм нэхъыжьыфIхэм ща гъэзащIэ къалэным щы тепсэлъыхьащ.
- Пшыхьым къыщеджащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIа хъуэхъу тхыгъэхэм.
- Республикэм и театритхуми хъуэхъу гъэщIэгъуэнхэр ягъэхьэзырат, хэт уэрэд зэхилъхьат, хэти къафэ игъэуват. А псоми дэрэжэгъуэ къыхахыу еплъащ пшы хьым хэтахэр.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.