Анэдэлъхубзэмрэ гуащэгъэджэгумрэ
2021-11-25
- Анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ щIэблэ къэгъэтэджыныр егъэджэныгъэм пщэрылъ зыщи щIыжын, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къилъытэн хуей пщэ рылъщ. Зи щхьэ пщIэ хуэ зыщIыж лъэпкъым абы теухуауэ зэфIигъэкI лэ жьы гъэр тхэрэ еджэфу еджакIуэм есэныгъэ иритым къыщыувыIэн хуейкъым, атIэ анэдэлъхубзэмкIэ гупсысэу, гъащIэм и лъэныкъуэ псоми щызэрахьэу, шэщIауэ ирипсалъэу, ар шэрыуэу псэлъэкIэм хиухуанэу, жыпIэпэнумэ, фащэу щызэрихьэу зэпыу зимыIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыпхъэщ.
- ЗэрытщIэщи, бзэр лъэп къым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и гъуджэщ. Ауэ, нэхъыщхьэращи, ар къэ кIуэнум и гъуэгугъэлъа гъуэщ, пщэдейрей махуэ -хэм лъэ быдэкIэ ухэзыгъэ тын хъугъуэфIыгъуэщ. Анэ дэлъхубзэр быным езы гъащIэр, япэ бзэ щIэныгъэр абы ябгъэдэзылъхьэр адэ-анэхэра пэтми, иджырей лъэхъэнэм а IуэхумкIэ мы нэхъ мащIэу пщэдэкIыж яхь хъуащ егъэджакIуэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэ рал къулыкъущIапIэхэм. Абы къикIыр аращи — анэ дэлъхубзэр хъумэныр, егъэ фIэкIуэныр, зегъэужьыныр зэрылъэпкъыу я зэхуэдэ пщэрылъщ.
- Адыгэбзэр утыкум зэпы мычу итыным, абы и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ иужьрей илъэсхэм Iуэху -гъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд дыдэ зэфIегъэкI ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зе зыхьэ Адыгэбзэ Хасэм. Абы къызэригъэпэщ икIи иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэмрэ гъэ лъэгъуэныгъэхэмрэ теу хуащ ныбжьыщIэхэм я адыгэ бзэм зегъэубгъуным икIи гъэкуууным, ар лъагэ щIыным. Лъэпкъ IуэрыIуа тэхэм къыщегъэжьауэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щэхухэмрэ ахэр хъума зэ рыхъуну Iэмалхэр къэгъуэ тынымрэ ирипсэ лъэ жы ным рэ щыщIэкIыжу щIэблэм я къэухьым зезыгъэужь, я гупсысэкIэм зыкъезыгъэIэт проект хьэлэмэт куэд утыку кърелъхьэ Адыгэбзэ Хасэм. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ я деж щIэ упщIэшхуэ щызыгъуэта, гушы Iэрейхэмрэ къэщIэ рейхэмрэ я «Джэгурэш» гушыIэ зэпеуэр, «ЛIакъуэ еджэ» щIэ ныгъэ-узэщIакIуэ зэпеуэр, щIэныгъэщIэкъу хэм я «Жыжьаплъэ» лъахэхутэ зэпеуэр, къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкI ныбжьы щIэ хэм я «ЩIэнхабзэЛъахэ» зэпеуэр, «БэрэIущ» Iущы рыхэш зэпеуэр, «Усэпсэ» уна гъуэ зэпеуэр, нэгъуэщI куэдри.
- Лэжьыгъэ купщIафIэ куэд ирегъэкIуэкI къызэрыу нэху рэ куэд мыщIа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондми. Абы и фIыгъэщ Налохэ къахэкIа щIэныгъэлIхэм — Жансэхъу, Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ — я цIэхэр зэрихьэу Хьэтуей къуажэ къыщызэ Iуаха щIэныгъэ-узэщIакIуэ центрыр щыIэ зэрыхъуар, лъэпкъым дежкIэ мыхьэ нэшхуэ зиIэ тхылъ зыбжанэ дунейм къызэрытехьар, «Сы ринэ» зи фIэщыгъэ ныбжьыщIэ театрыр къызэ ры зэпэщар. Дэтхэнэ проектми анэдэлъхубзэм и пщIэр еIэт, ныбжьыщIэхэр зэрешалIэ, пщэрылъ зыщищIыжа Iуэ хугъуэ пыухыкIахэр зэщIа мэхъу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэ джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху хэмкIэ и министерст вэм егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ икIи щрагъэфIакIуэ и центрым анэдэлъхубзэхэм яхуэгъэзауэ лажьэ лабораторие щыIэ зэрыхъурэ куэд щIакъым. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу унафэ пыухыкIа зыгъуэтын хуей IуэхугъуэфI зыбжанэ зэфIигъэкIащ абы. Дызэрыщыгъуазэщи, анэ дэлъхубзэхэр зэрадж тхылъ хэр еджэныгъэм къигъэув мардэщIэхэм тету зэхэгъэувэжын, программэщIэхэр абы хэм яхуэтхын, бзэри литературэри зэраджын методикэ дэIэпыкъуэгъухэр гъэ хьэзырын хуейуэ щытыкIэ лъэпкъ мащIэхэр иува хъуат. Лабораторием и гуащIэ хэлъщ зи гугъу тщIа Iуэху гъуэ псори псынщIэу икIи купщIафIэу зэфIэгъэкIа зэ ры хъуам. УзыщыгуфIыкIын хуейуэ мыбы хэлъщ дяпэкIэ курыт еджапIэхэм яIэщIы хьэну тхылъхэр щIыналъитIым — Къэбэрдей-Балъкъэ рымрэ Къэрэшей-Шэрджэ сымрэ — зэдайуэ зэрызэ халъ хьар, лъэныкъуитIми щыщ IэщIагъэлIхэр Iуэхум зэрыхэлэжьар, адыгэбзэм и фIэщыгъэр хамэбзэкIэ зыуэ Iууэ зэращIар.
- Лабораторием и лэжьа кIуэхэм — Щоджэн Iэминатрэ (адыгэбзэмкIэ пщэдэкIыж зыхь IэщIагъэлI) Конаковэ Любэрэ (балъкъэрыбзэмкIэ пщэдэкIыж зыхь IэщIагъэлI) — еш имыIэу ирагъэкIуэкI зэпеуэхэм къыхашэр еджа кIуэ хэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я закъуэкъым, атIэ ахэр уна гъуэмкIи йоплъэкI, абы телъ хьэкъри гъэсэныгъэм рэ еджэныгъэмрэ нэры лъагъу щащIу, щхьэж къы лъыс къалэныр къыхалъхьэ проектхэм щрагъэгъэзащIэу.
- Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэным хуэу нэтIащ иджыблагъэ лабораторием и лэжьакIуэ хэм ирагъэкIуэкIа «Гуащэгъэджэгур анэдэлъхубзэ хэм кIэ» зи фIэщыгъэ проект дахэр. Мыбдеж занщIэу къы щыхэгъэщын хуейщ мы гупсысэр Урысейм щызекIуэ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм заужьынымкIэ щыIэ фондым (Фонд развития родных языков РФ) и дэIэ пыкъуныгъэ хэлъу зэрырагъэкIуэкIыр. Ар теухуат еджа пIэхэм лъэпкъ Iуэры Iуатэм щыщу нэхъ езэгъ рабгъуу къалъытэ таурыхъ хэр е хъыбархэр къащтэу гуащэгъэджэгу щIыным икIи утыку къилъхьэным.
- Лабораторием мы гъэм япэ дыдэу иригъэкIуэкI мы гуащэгъэджэгу гъэлъэгъуэ ныгъэм къыхыхьащ Хьэ тIохъу щыкъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр, Бахъ сэн къалэ дэт, Пащты Сулъ тIан и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэр, Мысостей къуажэ дэт курыт еджапIэр, Инарыкъуей цIыкIурэ Тамбовскэрэ зэдай, Щомахуэ Алексей и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм я ныбжьы щIэ гупхэр.
- Курыт еджапIэхэм Iэмал хъарзынэхэр яIэщ ныбжьы щIэхэм жылагъуэ зэхэты кIэм рэ щэнхабзэмкIэ пэ щIэ дзэ есэныгъэхэр езыт дерсхэр къызэрагъэпэщыну. Абы и лъэныкъуэкIэ теат рымрэ гуащэгъэджэгухэм -рэ яхуэбгъадэ хъун щымы -Iэу Iэмал хъарзынэхэр якъуэлъщ. Сабийм театрым е гуащэгъэджэгум щигъа кIуэ зэманым и бзэм зригъэужь къудейм къыщынэркъым, атIэ абы и зыIыгъы кIэм, псэлъэкIэм, утыку ихьэ кIэ-икIыжыкIэм я нэщэ нэхэм зыщегъэгъуазэ, ахэр лъэпкъ хабзэхэм я жыпхъэм иту зэрихьэу зегъасэ. Сабийр щыпсалъэкIэ гупсы -сэр зэпигъэувэфу гъэсэ -ным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Гуа щэр щигъэджэгум деж, ныбжьыщIэм щапхъэу илъагъу псэлъэкIэмрэ Iуэху зе гъэ кIуэ кIэмрэ абы пкърилъхьэну хуожьэ, къызэрыкIуэ щы тыкIэм ещхьу утIыпщауэ псалъэу щIедзэ, зыщIыкIэ-зыIыгъыкIэхэмкIэ къэзы къуз щымыIэу екIуэкIым хелъасэ. Арыххэуи, ар и щэ ным щыщ зы Iыхьэу, къытригъэзэжмэ имыжагъуэу зыхущIэкъу есэныгъэу ныбжьы щIэм иIэ мэхъу. Гъэсэ ныгъэр зэрыщытыр аращи, зэ щапхъэу ирагъэлъэгъуар сабийхэм бзыпхъэу къащтэри, абы адэкIэ гъащIэ егъуэт.
- Гъэлъэгъуэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэри аращ: гуа щэгъэджэгум гъуэгу еты нырщ, ар гъэсэныгъэ лэ жьы гъэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэу гъэувынырщ, адыгэ бзэр щIэблэм фIыуэ ящIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщу къегъэщтэнырщ, театр Iэмалхэр хэлъу цIыкIухэр лъэпкъ щэнхабзэм куууэ щыгъэ гъуэзэнырщ.
- Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, гуащэгъэджэгу зэпеуэм къыхыхьа гупхэм зэ фIэкIышхуэ къакъуэкIащ. Дэт хэнэ зы гупми гуащэгъэджэгур гъэхьэзырыным зэманышхуэрэ къарууш хуэ рэ зэрырихьэлIар нэры лъагъут. ХьэтIохъущыкъуейхэм я «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъри (зыгъэхьэзырар Тембот Оксанэрэ Псэныкъуэ Стеллэрэщ), бахъсэндэсхэм я «ТхьэкIумэкIыхь анэр, ба жэр, дыгъужьыр» псысэри (зыгъэхьэзырар Бэрбэч Юлэщ), мысостейхэм я «Мывэм и къуэ» нарт тхы дэжьри (зыгъэхьэзырар Зы хьэ Маритэщ), джылахъс тэней ныбжьыщIэхэм ягъэува «Бажэ пшынэ» ли тературэ псысэри (зыгъэ хьэзырар Бузд Хьэрифэтщ) бгъэувынкIэ тынш яхэткъым. Джэгунухэм я къалэныр щхьэж и хьэлым хуэфащэу къыхэхыныр, текстыр зэрыщыIэ бзэр сабийм Iурылъхьэныр, щызэпыуд къыхэкIмэ, хуэкIуэ псалъэкIэ джэгур «егъэ ды жыныр», Iэпэгъэджэгумрэ утыкумрэ зэщымыкъуэу, екIуэ кIыр еплъым къыгу рыIуэу гъэпсыныр, макъамэр екIуу щIэлъхьэныр — нэгъуэщIу жыпIэмэ иджыри зы гъуазджэ дуней щIэрыпс къэгъэщIыныр — егъэджа кIуэми еджакIуэми зэдащIэ лэжьыгъэшхуэщ.
- А IэнатIэм пэрыувахэм ар хъарзынэу къазэрехъулIам шэч хэлъкъым, къэпщы та кIуэ гупми къызэгъэпэща кIуэхэми фIэщхъуныгъэ бы дэ яIэ хъуащ гуащэгъэ -джэгу зэпеуэр илъэс къэс ебгъэкIуэкIи зебгъэубгъуи зэрыхъунум.
- Iуэхугъуэм хэта сабийхэр сыт и лъэныкъуэкIи абы и курыхт. Я нэгур зэлъыIухарэ зыхэтым гукъыдэж къазэ рыритыр зыхэпщIу я къалэ ныр нэсу ягъэзэщIащ. Ар щыплъагъукIэ, уогупсыс: хэт деж къыщынэр анэдэлъхубзэм и псэуныгъэр — ар щIэб лэм я деж нэзыхьэсын хуейхэра хьэмэрэ нэсу зы хуэмыгъэIэкIуэлъакIуэхэ — ра, жып Iэу. Анэдэлъхубзэ хэм яхуэ гъэзауэ лажьэ ла бораторием апхуэдэ уп щIэ рэ гурыщхъуэрэ къы хэ мыкIыу ди щIыналъэм щызекIуэ бзэхэм я щыIэныгъэм толажьэри, я гупыжыр ядэ п Iыгъыну уасэ иIэкъым.
- Зэхьэзэхуэр иджыри и кIэм нэсакъым, адыгэбзэ Iы хьэр зэфIэкIауэ, балъкъэ рыбзэмрэ урысыбзэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэхэр мы махуэхэм екIуэкIын хуейщ. ФIым я фIыжыр къыхэ хы ныр, сабийхэр гъэфIэжыныр лабораторием къы щыпэ щы лъыр дяпэкIэщ.
- ШУРДЫМ Динэ.