ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ хадэхэр къыдахыж

2021-11-25

  • Мейкъуапэ дэт Адыгэ университетым хэт ЩIэ ныгъэ библиотекэм щэ кIуэгъуэм и 23-м щызэ-хэтащ «Адыгэ хадэр щIы налъэм щекIуэкI жы лагъуэ-щэнхабзэ зэ хъуэ кIыныгъэхэм зэраде кIуэкIыр» Iэнэ хъурейр.

  • Псалъэмакъ щхьэпэм кърихьэлIащ Адыгэ рес пуб ликэмрэ Краснодар краймрэ щыщ щIэныгъэлI хэр, курыт школхэмрэ щIэ ныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэмрэ щIэсхэр. Iэнэ хъурейм зэ хуишэсащ адыгэ хадэм и тхыдэмрэ и нобэмрэ щыгъуазэ, лъэпкъым и жыг гъэкIыкIэм щIэныгъэкIи лэжьыгъэкIи епха IэщIагъэлIхэр. Къэпсэлъэныгъэ щхьэхуэкIэ утыку къи хьахэщ Адыгэ республикэм щыпсэу щIэныгъэ ры лажьэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ. Абыхэм ящыщщ Адыгэ республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмрэ и институтым, КIэ рашэ Тембот и цIэр зе зыхьэм, этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкIэ и кафедрэм и щIэныгъэ ры ла жьэ нэхъыщхьэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Хъуэт къуэ Самир; Адыгэ уни верситетым филосо фиемрэ социологиемкIэ и кафедрэм и доцент хэу Нэхей Вячеславрэ Хьэ щIэ цIыкIу Зауррэ; Ва виловым и цIэр зезыхьэ, Генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ урысейпсо институтым постгеномнэ къэхутэныгъ э хэр щрагъэкIуэкI и лабораторэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Шаповалов Максим; Адыгэ университетым педагогикэмрэ егъэджэныгъэм къы щагъэщхьэпэ IэмалыщIэхэмрэ и кафедрэм и доцент Аулъэ Iэсият; АКъУ-м и филологие фа культетым урысыбзэмкIэ и кафедрэм и уна фэщI Бе данокъуэ Зулейхъан; ХьэмышкIий къуажэм «Адыгэ хадэ» музей къыщызэIухынымкIэ проектым елэжь Фархатов Ильяс, нэгъуэщIхэри.
  • «Телемост» IэмалкIэ Iэнэ хъурейм къыхэлэжьыхьащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа, Генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэрылажьэ Ухатовэ Юлие.
  • ««Адыгэ хадэ» проектым зыгуэр къызыфIэIуэху псори зрешалIэ, — жиIащ Iэнэ хъурейр Шаповалов Максим и гъусэу езыгъэкIуэкIа Аулъэ Iэсият зэIущIэр къыщызэIуихым. — КъэхутакIуэхэм я гулъытэ егъэлея зыхьэху дунейпсо цIыхубэм я хъугъуэфIы гъуэщ адыгэ хадэр. Ар испы унэхэм хуэдэу адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэм язщи, Iэмал имыIэу хъума, зегъэужьа зэрыхъуным къару ехьэлIэн хуейщ».
  • Япэу псалъэ зрата Хъуэт къуэ Самир адыгэхэм я хадэ зехьэкIэр джын Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа псо ми я цIэ къриIуащ, абы зэ ман-зэманкIэрэ гъуэгу ирамыту щытами, иджы фIым ущызыгъэгугъ куэд зэрыплъагъум къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ.
  • «ФIыщIэ яхузощI къы зэгъэ пэщакIуэхэм, — жиIащ Самир. — Мыр уасэ зимыIэ зэхуэсщ лъэныкъуэ куэдым хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр къызэхуишэсауэ икIи ар щхьэусыгъуэ хуэхъуну къыс щохъу дызытепсэлъыхь Iуэ хур ипэкIэ кIуэтэным. Урыс-Кавказ зауэр зэ риухрэ блэкIа илъэсищэрэ щэ ныкъуэм урыс щIэныгъэлIышхуэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ адыгэ-хэм къащIэна мы щIэ ныгъэ къудамэр джыным. Адыгэхэр щыжытIэкIэ, абы, дауи, Адыгэ Хэкум (Черкесием) щыпсэуа абазэхэри, убыххэри яхыдогъэубыдэ, сыту жыпIэмэ псоми я щэнхабзэр зэтохуэ».
  • Хъуэткъуэ Самир Iэнэ хъу рейм къекIуэлIахэм ягу къигъэкIыжащ адыгэ хадэ зехьэкIэр джыныр щIэ рыпсу убла Iуэхуу зэ рыщымытыр. ФIыщIэм я нэхъ иныр хуэфащэу жы-пIэ хъунущ Сталин Иосиф и зэманым, 1948 гъэм, и псэм темышыныхьу «Адыгейм щыIэ адыгэ хадэхэр» («Адыгейские черкесские сады») тхылъыр къыдэзыгъэкIауэ щыта Тхьэгъуш Нухь. Абы иужькIэ щIэныгъэр зэрыщыту тхылъым Iэпхъуэри, музей фэеплъу къэнэжащ. КъулыкъущIэхэр сытым дежи хуэсакъыу щытщ апхуэдэ Iуэхухэм. Ауэ совет зэманыр зэриух рэ жьыщIэ къыкъуэуащ. И фIыщIэр хэбгъэкIуадэ хъунукъым Адыгейм щэнхаб зэмкIэ и министру щыта Чемсо Гъэзий лэжьыгъэр кърахьэжьэжын папщIэ хузэфIэкIахэми».
  • ЩIэныгъэлIхэр зэакъы лэгъуу тепсэлъыхьащ адыгэ хадэ зехьэкIэр хэ мы кIуэдэжыпэ щIыкIэ, абы Адыгейм и къуажэ школхэм щIэс сабийхэр зэрыхурагъэджэн Iэмал къэгъуэтын зэрыхуейм.
  • «Гупыж хъарзынэу къыс щохъу лэжьыгъэр курыт еджапIэхэми щрагъэкIуэкIыну зэрамурадыр, — жиIащ Ухатовэ Юлие Iэнэ хъурейм хэтхэм фIэхъус къащрихым. — КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр ча хъуным абы и сэбэпынагъ куэд къекIынущ».
  • Iэнэ хъурейр щекIуэкIа хьэ щIэщым пэгъунэ гъуу къызэIуахащ «Адыгэ хадэр лъэпкъым и щэнхабзэм къызэрыхэщыр» зы фIаща гъэлъэгъуэныгъэр. ЕпщIанэ школым и еджакIуэхэм «Си лъабжьэ — си жыг» сурэт Iэрамэ ягъэхьэзыращ.
  • Чэрим Марианнэ.