Шэджэм Ищхъэрэмрэ Хъущтэ-Сыртрэ я гъуэгухэр 2022 гъэм зэрагъэпэщыжынущ
2021-11-23
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Шэджэм щIыналъэм.
- Республикэм и Iэтащхьэр Шэджэм Ищхъэрэ, Хъущтэ-Сырт къуажэхэм дэсхэм яIущIащ. Щызэпсалъэм ахэр Iэтащхьэм къелъэIуащ я гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным гулъытэ хуащIыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и УнафэщIым а Iуэхум хэплъэну нэхъ пасэу къалэн ящищIауэ щытащ зыхуэфащэ IэнатIэхэм. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн жиIащ проект-сметэ тхылъхэр хьэзыр зэрыхъуар. Я мурадщ дызыхуэкIуэ илъэсым и мэлыжьыхьым щIадзэу Шэджэм ЕтIуанэ — Булунгу автомобиль гъуэгур, Шэджэм Ищхъэрэрэ Хъущтэ-Сыртри хиубыдэу, зэрагъэпэщыжыну. А лэжьыгъэхэр километриблым щIигъум щрагъэкIуэкIынущ, лъэс лъагъуэхэри хуащIынурэ гъуэгубгъухэм уэздыгъэхэри щыфIадзэнущ. Апхуэдэуи къуажэхэм щыпсэухэм я лъэIукIэ 2022 гъэм уэздыгъэхэр щыфIадзэнущ Хъущтэ-Сырт къуажэм къыщыщIэдзауэ Шэджэм псыкъелъэхэм хуэкIуэ гъуэгум и Iуфэм. Шэджэм псыкъелъэхэм щегъэжьауэ Булунгу нэс гъуэгур захуэ ящIынущ, иужькIэ абы асфальт телъхьэнми и унафэ ящIынущ.
- ЗэIущIэм нэгъуэщI Iуэхухэми щытепсэлъыхьащ. Апхуэдэу Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм дэт еджапIэм и унафэщI Сарбашев Ахъмэт жиIащ я школыр къуажэ еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэпса къэрал программэм зэрыхагъэхьар. Ар Iэтащхьэм елъэIуащ школым къедза щIыпIэм спорт утыку къыщызэгъэпэщынымкIэ къадэIэпыкъуну. Республикэм и Iэтащхьэм абы и жэуапу жиIащ ари 2022 гъэм фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу зэрыхуаухуэнур. Апхуэдэуи хоплъэ къуажэм физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж комплекс щыщIыным теухуа Iуэхуми. Хъущтэ-Сырт щыпсэухэм республикэм и Iэтащхьэм зыхуагъэзащ жылагъуэ транспортым и лэжьэкIэм хэлъ ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжа хъунымкIэ ядэIэпыкъуну. КIуэкIуэ Казбек абыхэм яжриIащ мыгувэу а маршрутым цIыху нэхъыбэ зэрыхуэ автобусхэр зэрытрагъэувэнур, апхуэдэуи ахэр зэрызекIуэну зэманри тэмэму зэрызэтраухуэнур.
- КIуэкIуэ Казбек Шэджэм щIыналъэм щыщыIам илъэгъуахэм, цIыхухэм я гуныкъуэхэм теухуа пщэрылъ щхьэхуэхэр ахэр зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм яхуищIащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.