ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГуащIэдэкI хьэлэлрэ щIэныгъэ куурэ

2021-11-23

  • Нарткъалэ дэт химкомбинатыр (иджыпсту ООО «Стандарт-Спирт») ди республикэм и промышленнэ IуэхущIапIэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Абы и лъабжьэр ягъэтIылъауэ щытащ 1931 гъэм. ИлъэсиблкIэ екIуэкIа ухуэныгъэр зэфIэкIри, IуэхущIапIэр 1938 гъэм лажьэу яутIыпщащ. Совет Союзым и лъэхъэнэм а комбинатыр къэралым и апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэм халъытэу щытащ. Илъэсым хуэзэу абы къыщIигъэкIырт спирт декалитр мелуанрэ ныкъуэм щIигъу. IэнатIэм щызэфIаха, ноби щекIуэкI лэжьыгъэфIхэми текIуэныгъэ инхэми я щIыбагъ къыдэлъщ щыщIэныгъэхэр, гугъуехьхэр, нэхъыщхьэращи, щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну цIыху гъащIэ купщIафIэхэр. Апхуэдэ цIыху щыпкъэхэм, лъэпкъ промышленностым и зыужьыныгъэм зи гуащIэ хьэлэлрэ щIэныгъэ куурэ езыхьэлIахэм ящыщщ хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкI Нэзэр Хьэчим Iэюб и къуэр.

  • Нэзэр Хьэчим къикIуащ Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ, купщIафIэхэмкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ. Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм 1938 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къыщалъхуащ ар. Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэмрэ абы къыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэ хьэлъэмрэ хиубыда щIалэ цIыкIум псэкIэ зыхищIащ гъащIэм и дыджагъ куэд. Хьэчим и адэ Iэюбрэ и анэ Дадушэрэ унагъуэу псэун щIадза къудейт, зауэр къыщыхъеям щыгъуэ. Iэюб ящыщащ лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу бий бзаджэм пэщIэува совет зауэлIхэм.
  • — Си адэр зауэм щыдашам щыгъуэ, си къуэш нэхъыжьыр илъэси 8 хъуат, сэ иджыри илъэси 4 срикъуатэкъым, си шынэхъыщIэ цIыкIур илъэсрэ ныкъуэрэ ныбжьым иту арат, — игу къегъэкIыж Хьэчим. — Ди анэм жиIэжу зэрыщытамкIэ, 1942 гъэм унагъуэм къытIэрыхьауэ щытащ фронтым къикIа дэфтэр. Абы итт ди адэр хъыбарыншэу зэрыкIуэдар.
  • Ар, дауи, гуауэшхуэт Дадушэ и дежкIэ, арщхьэкIэ иужьрейтэкъым. Уз хьэлъэ къеуалIэри, куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ зэшхэм я къуэш нэхъыщIэ цIыкIур. А псори хуабжьу къытехьэлIат анэ тхьэмыщкIэм, ауэ, итIани, и бгыр щIикъузэри быныр пIыным, унагъуэр зехьэным яужь ихьэжащ. А къалэнхэм ящIыгъут колхоз лэжьыгъэ ткIийри.
  • Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ иуха нэужь, мамыр гъащIэр дэнэкIи щызэтрауIэфIэж хъуащ. Лъэхъэнэр хьэлъэми, щыщIэныгъэхэр куэдми, зауэжьым къахуихьа гуауэмрэ бэлыхьхэмрэ зи псэр яхузауэ илъэси 4-кIэ псэуа цIыхухэр нэхъ нэжэгужэ хъужат, мамырыгъэм къахуихьыну зыщIэхъуэпс гъащIэ дахэр къэкIуэнум ирапхыу. Апхуэдэт Нэзэрхэ я унагъуэри. Зи щхьэгъусэр зауэм Iиха Дадушэ дэIэпыкъуэгъуу иIэр и щIалэ цIыкIуитIырт, псом хуэмыдэу нэхъыжьыр. Илъэси 4 школыр къиуха нэужь, анэм и лъэIукIэ ар гъукIэгъэсэну къищтат Нэзэрхэ я гъунэгъуу щыпсэу, къуажэ гъукIэу лажьэ Шыбзыхъуэ Сэлэдин. Зэрылажьэм хуэдэурэ ар анэм щIэгъэкъуэнышхуэ хуэхъурт.
  • Хьэчим зэрыцIыкIу лъандэрэ тхылъыр фIыуэ илъагъуу, еджэным и нэ къыхуикIыу къэхъуащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, пасэу къыгурыIуащ щIэныгъэ зимыIэ, IэщIагъэ гуэр зыбгъэдэмылъ цIыхум гъащIэм увыпIэ хэха щигъуэтынымкIэ нэхъ гугъу зэрехьыр. А гуращэхэр щэхуу зи гум щызыгъафIэ щIалэ цIыкIур Къэхъун къуажэ курыт школым хъарзынэу щеджащ, абы щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэми жыджэру хэтащ.
  • — ФIы дыдэу сощIэж школым дыщезыгъэджахэр. ФIыщIэ ин дапщэщи яхуэсщIынущ щIэныгъэ зэдгъэгъуэтынми гъащIэм дыхуэущиинми унэтIакIуэ тхуэхъуа а егъэджакIуэ щыпкъэхэм, — игу къегъэкIыж Хьэчим. — Псом хуэдэжтэкъым класс унафэщIу диIа, иужькIэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор хъуауэ щыта ШэкIыхьэщIэ Марие. Урысыбзэмрэ литературэмрэ егугъуу зэрыдигъэджым къыдэкIуэу, ар сабийхэм къыдэлIалIэрт, бын пэлъытэу. Хьэл-щэн дахэ къытхилъхьэным, лъэныкъуэ куэдкIэ зыужьыныгъэ дгъуэтыным мыхьэнэшхуэ ириту къыдбгъэдэтащ Марие. Апхуэдэ гулъытэр зэи пщыгъупщэ хъунукъым.
  • Курыт школыр хъарзынэу къиухами, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтыным ехьэлIа и хъуэпсапIэхэр Хьэчим занщIэу зригъэхъулIэфакъым. Куэд дэмыкIыу щIалэр ираджащ дзэм къулыкъу щищIэну. 92128-рэ дзэ частым хэту адыгэ щIалэм къулыкъур щытхъу пылъу щрихьэкIащ Азербайджаным и щIыналъэхэм. Хьэл-щэн екIу зыхэлъ бгырыс щIалэм бгъэдэлъ гупсысэ шэщIамрэ щIэныгъэмрэ гу лъамытэу къэнакъым. Ар штабым ягъэкIуащ щэхуу хъумэн хуей дэфтэрхэр зытх IэщIагъэлIу. Нэзэрым пщIэ къыхуащIырт штабым и унафэщIхэм, абы и лэжьакIуэхэм. Абыхэм я жэрдэмкIэ 1961 гъэм ар хъуащ КПСС-м хыхьэнухэм я кандидат. Штабым и унафэщIхэращ Хьэчим щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтынымкIэ сэбэп хуэхъуари. Иджыри къулыкъур ирихьэкIыу, абы и дэфтэрхэр ягъэхьащ КъБКъУ-м и агроном факультетым. ЗэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр зэритын хуейм къыхэкIыу, дзэ къулыкъуми нэхъ пасэу къыпэрагъэкIыжащ.
  • ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэнэхъуеиншэ щIалэр а хъуэпсапIэр зэрызригъэхъулIэн Iэмал къызэрыхукъуэкIам дамэ къытригъэкIауэ къэкIуэжащ щалъхуа щIыналъэм. КъБКъУ-ми лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьат, арщхьэкIэ унагъуэм ядэIэпыкъун хуейти, махуэрыеджэр IэщIыб имыщIу хъуакъым. Партым и Аруан район комитетым и жэрдэмкIэ, ар ягъэуващ Нарткъалэ дэт ацетон заводым (арат абы щыгъуэ химкомбинатым зэреджэр).
  • И кандидат пIалъэр зэриухыу, Нэзэрыр 1962 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм заводым партым щыхагъэхьащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ еджэну и мурадами, ар къыхузэпищакъым Хьэчим: еджэным тригъэкIуэдэн зэмани къаруи къыхуэмынэжу, ар е лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытт, е унагъуэ Iуэху зэрихуэрт. Апхуэдэу хъуами, зэман дэкIа нэужь Нэзэрым зригъэхъулIащ и гуращэр. 1963 гъэм ар щIэтIысхьащ Москва дэт технологие институтым. Абы илъэси 3-кIэ щIэсауэ и еджэным щыпищащ Ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ Союзпсо институту Москва дэтым икIи ар ехъулIэныгъэ-кIэ къиухащ.
  • КъызэрыгуэкI лэжьакIуэу химкомбинатым ува Хьэчим бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэр гулъытэншэ хъуакъым. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, ар инженер-технолог пашэхэм ящыщу заводым щылэжьащ. ИужькIэ кадрхэр гъэхьэзырынымкIэ инженер нэхъыщхьэу, производственно-техникэ егъэджэныгъэмкIэ инженер нэхъыжьу, комбинатым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу илъэс куэдкIэ къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ. Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хигъэхъуэн мурадкIэ Нэзэрым къиухащ СССР-м микробиологие промышленность IэнатIэм и унафэщIхэм папщIэ къызэригъэпэщ хабзэ курс нэхъыщхьэхэр, СССР-м ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ и IэщIагъэлIхэм я Iэзагъым хагъэхъуэн папщIэ къызэригъэпэщу щыта илъэситI курсхэр.
  • Псори зэхэту къапщтэмэ, Нэзэрыр IуэхущIапIэм Iутащ илъэс 55-м щIигъукIэ. А зэманым къриубыдэу IэщIагъэлI IэкIуэлъакIуэм и цIэр фIыкIэ зэкъым-тIэукъым къызэрыраIуар. Комбинатым, IэнатIэм щекIуэкI социалист зэхьэзэхуэхэм ари и нэIэм щIэт лэжьакIуэхэри жыджэру хэтт сыт щыгъуи, увыпIэфIхэр къахьу. ГуащIэдэкI хьэлэлым Нэзэрым щIыхь лъагэ къыхуихьащ. Абы и щыхьэтщ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Абыхэм ящыщщ «СССР-м микробиологие промышленностымкIэ и отличник» бгъэхэIур, «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр, «Социалист зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуам папщIэ», «Граждан зыхъумэжыныгъэм и отличник» дамыгъэхэр, СССР-м и Министрхэм я Советым къепхауэ лажьэ, микробиологие промышленностымкIэ управленэ нэхъыщхьэм, СССР-м Биологие промышленностымкIэ и министерствэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр, нэгъуэщIхэри. 1978 гъэ лъандэрэ Хьэчим хэтщ Ерыскъыпхъэ промышленностым и нэIэм щIэту лажьэ ЩIэныгъэ-техникэ зэгухьэныгъэм (НТО).
  • И IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зэфIэкI лъагэхэр зиIэ, и лэжьыгъэм гурэ псэкIэ пэрыт Нэзэрым дапщэщи и щIыбагъ къыдэтщ и унагъуэ дахэр. Хьэчим и щхьэгъусэ Таисие (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) пщIэрэ щIыхьрэ иIэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ Къэхъун дэт курыт школ №1-м. Урысыбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм езыгъэджа лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэм и гъэсэнхэр адрейхэм къахэщырт ябгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ, яхэлъ хьэл-щэнымкIэ. Хьэчимрэ Таисиерэ быныфIэт. Абыхэм къащIэхъуащ, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я лъабжьэу ягъэсащ хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ. Iэсият, Заурбэч, Iэнусэ сымэ щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зыщIэхъуэпс IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ зэщхьэгъусэхэм. Ахэр псори унагъуэ дахэ хъужащ.
  • Быным, къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм Хьэчим ирогушхуэ, иропагэ, игури и псэри ядыхохъуэ. ЩIэблэр къохъу, адэ гумащIэм, адэшхуэ IэфIым пщIэ хуащIу, абы и ущиехэмрэ чэнджэщхэмрэ я гъуэгугъэлъагъуэу, нэхъыжьыфIым и гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэр, и гупсысэ куухэр, дуней еплъыкIэ екIур я гъуазэу. Лъэпкъ промышленностым и зыужьыныгъэм, Нарткъалэ химкомбинатым и зэфIэувэныгъэм зи гуащIэрэ щIэныгъэрэ езыхьэлIа Нэзэр Хьэчим ящыщщ ди щIыналъэм и ехъулIэныгъэм гукIи псэкIи хуэлэжьахэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр зэрызэфIэувэрэ илъэси I00 щрикъу лъэхъэнэм нэхъыжьыфIым дохъуэхъу и унагъуэ дахэм иджыри куэдрэ узыншэу ящхьэщытыну, и гъащIэ гъуэгуанэр нобэ хуэдэу щапхъэу ягъэлъагъуэу, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ иригушхуэу бэрэ дунейм тетыну.
  •  КЪАРДЭН Маритэ.