ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэр матэ  щIэдзакъым

2021-11-23

  • Псалъэм жьауэу къищI хуэдиз и кIыхьагъщ, жиIащ адыгэм — апхуэдизкIэ абы щыIэныгъэм IущыгъэкIэ ипсыхьа нэхъыжь псалъэм пщIэ хуещIри, жыIэгъуэ папщIэу кърехьэкIри, гъэсэпэтхыдэхэм хелъхьэри. Дунейм и пIалъэр къэзыщIа цIыхум и жыIэм, шэч хэлъкъым, уигъэщхьэрыуэнукъым, я нэхъ мащIэуи чэнджэщ пэлъытэ пхуэхъунущ. Апхуэдэщ ди щIыналъэм и мызакъуэу, хамэ щIыпIэ куэдым фIыуэ къыщацIыхуа Пщыбий СулътIан и псалъэр.

  • УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт нэхъыжьыфIым щIэблэм я псэкупсэ дунейм зиузэщIыным, ар хэкупсэ нэсу къэгъэтэджыным хуэгъэзауэ тхыгъэ купщIафIэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Пщыбий СулътIан и къалэмыпэм къыпыкIа Iуэтэжхэм, кIэщIущыгъэхэм, публицистикэ тхыгъэхэм я нэхъыбэр Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэм ятеухуащ. Пщыбийм зэуапIэм Iухьахэм я лIыгъэри зауае илъэсхэм я гугъуехь псори зи фэ дэкIа цIыхубэм я гуащIэдэкIри щIалэгъуалэм щапхъэу къахуехь, ауэ сытми «екIуэкIар мыращ» жимыIэу, гумрэ псэмрэ къащтэн псалъэхэр къахуигъуэтурэ, къэхъукъащIэ екIуэкIахэм къэIуэтэкIэ гъэщIэгъуэнхэр яхуищIурэ абыхэм я пащхьэ ирелъхьэ.
  • Пщыбийм и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Уэгум щыхуарзэ къашыргъэр» («Эль-Фа» тхылъ тедзапIэ, 2006), «Хэкупсэхэр гъэсэн» («Печатный двор» тхылъ тедзапIэ, 2014) тхылъитIым щIэупщIэшхуэ яIэ хъуащ, урысейпсо утыкуми гулъытэ дахэ щагъуэтащ. ТхакIуэм къиIэт Iуэхугъуэхэр къаIуэтэжу зэхихами и нэгу щIэкIами, зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу, пэжагъ инкIэ гъэнщIащ. Зауае илъэс хьэлъэхэр фIыуэ зыщIэж СулътIан куэдрэ къыхуихуащ балигъхэм хуэдэу колхоз лэжьыгъэм зыщрипщытын, щIытIым жэщыбэхэр щрихын, махуэ бжыгъэхэр шхын тэмэм Iумыхуэу щигъэкIуэн. Ауэ лъэхъэнэр апхуэдэти, цIыхум ищIэри илэжьри ТекIуэныгъэр гъунэгъу къызэрищIыным, зауэм кIуа щIалэхэр зыдэкIа жьэгу пащхьэм нэхъ псынщIэу къызэрекIуэлIэжыным теухуат. Жьым и IэщIагъэр щIэм и щапхъэу щыпсэу зэмант, цIыхум цIыху нэс къыщищIыкI лъэхъэнэт. ЗылI и быну зэкъуэува цIыхубэм къахэхъукIа Пщыбийм, зэрыгурыIуэгъуэщи, гугъуехьхэр къызэринэкIами, абы хэлъ фIагъым зэхъуэкI зэримыIэр къыгурыIуащ, Хэкум мамыр гъащIэр зэрыщызэфIагъэувэжыр и щхьэкIэ и нэгу щIэкIащи, ар лъапIэныгъэшхуэу зэрыщытыр фIы дыдэу зэхищIыкIащ. Ди япэ итахэм лъырэ нэпскIэ къалэжьа фIыгъуэр хъумэныр и щIагъщIэлъыбзэу Пщыбийм щIалэгъуалэр и тхыгъэхэмкIэ еущий икIи еузэщI.
  • Къалэмыр зэ тебгъэувамэ, къэгъэувыIэжыгъуейщ. Псалъэм и зэгъэпэщыкIэм хуэIэрыхуэ Пщыбийм иджыблагъэ и зы тхыгъэщIэ дунейм къытехьащ. «НэкIуIупхъуэ зыIулъ зэныбжьэгъуитI» — аращ «Iуащхьэмахуэ» журналым Пщыбий СулътIан къытрыригъэдза тхыгъэшхуэм зэреджэр. Ар теухуащ гъащIэм зэхэзедзэн ищIа, абы и удын куэд зылъэIэса Алексейрэ зыхуейр зыгъуэт, псэукIэ зэгъэпэща зиIэ Натальерэ. Уи насып зыхэхуэнур пщIэркъым, ар къыкъуэкIыжу зыкъэпIэтыжынуми щыгъуазэ щыIэкъым, ауэ блэ зэуар аркъэным щощтэ, жыхуиIэм ещхьу дзыхьмыщI хъуа щIалэм хиш лъагъуэр и кIуапIэу, имыIуэху зэримыхуэу, псэлъэгъу ищIышхуи щымыIэу дунейм тетщ, езым и гупсысэм хилъасэрэ кIуэцIыкIыщIэм щигъэпщкIу щэхум и щхьэр трачыну хуейуэ къыкIэлъыплъыр къехъуапсэу. Лэжьыгъэ IуэхукIэ унафэщI къыхуэхъуа Наталье щIэх къыгуроIуэ абы дзыхь хуэпщI зэрыхъунур, пэжагъ теухуауэ укъызэримыгъэщIэхъунур. Зеиншэу къызэрыхъуарами, зыпIыжа анэшхуэр къытеубгъуауэ къызэрекIуэкIарами, Алексей гумащIэщ, апхуэдэ дыдэуи гулъытэ иIэщ, здынэмысрэ и Iэм имыщIэрэ щымыIэу.
  • Мащэ куум ихуар гугъусыгъуурэщ къызэрикIыжыр. ЩыIэныгъэм и архъуанэм зэрихьэу куэдрэ кърихьэкIа щIалэм лэжьапIэщIэм щIэщхъу къыщыщощI — Наталье и ахъшэ гъэтIылъыгъэр мэкIуэд, ар зытралъхьэри Алексейщ. Ауэ щIалэм и фIагъ фIэкIа мыхъумыщIагъэ дэзымылъэгъуа Наталье абы зиухеижын щхьэкIэ къыжриIэ псалъэхэр къещтэ икIи апхуэдэу зэрищIам хущIегъуэжыркъым — пIалъэ кIэщIым къриубыдэу дыгъур хэтми сэтей къохъу. Ауэ хьэтыр къыхуэзыщIа цIыхубзым щIалэр дяпэкIэ нэхъ нэ лейкIэ еплъу хуожьэ, нэхъ гъунэгъу зэхуохъу. Ар къызыхэкIыр щIалэм игу зэрымыгъэтIылъарауэ къыщIэкIынщ, цIыхубзым щэхуу къыкIэлъыплъу, дэнэкIэ мыкIуэми, иужь иту къеублэ. Нахуэу дищIэм щэхуу къыщIэлъыр зэхигъэкIын, пэрыIэбэу къэзыса цIыхубз лъагъуныгъэр иджыри зэ игъэунэхуну хуожьэ, абы щхьэкIэ ныбжьэгъур зыхуэкIуа Iэмалым къыхешэ…
  • Тхыгъэр хьэлэмэт ещI абы и къэIуэтэкIэм хэлъ детектив макъамэм, адэкIэ къэхъунум упигъаплъэу, Iуэхур зыхуэкIуэнум гур хуигъэпабгъэу. Пщыбийр и тхыгъэм повесткIэ еджами, ар нэхъыбэу дунейпсо литературэр мемораткIэ зэджэ псалъэ зэгъэпэщыкIэм и жыпхъэм итщ, е, нэхъ тэрэзу жыпIэнумэ, и зы лIэужьыгъуэу гъэпсащ. Абы и нэщэнэхэм ящыщу тIур тхыгъэм хыболъагъуэ: япэрауэ, сюжетым зигъэкIыхькъым, кIэщIу къэIуэта мэхъу, теплъэгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ зэблокI; етIуанэрауэ, нэгум щIэкIа Iуэхугъуэхэр жьэрыIуатэу къызэраIуэтэж Iэмалхэр хэлъщи, узэджэм уедаIуэм ещхьу тхыгъэм зешэщI. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Пщыбийм и тхэкIэр щIэщыгъуэ дыдэщ.
  • Пщыбийр щIэтхэр щIалэгъуалэращ. Жыжьэу уплъэмэ, нэхугъэ гуэр зэрыщыIэр, абы ухуэзышэ гъуэгур кIыхьми, гугъуу щытми, ерыщагъ зыхэплъхьэмэ, узэрынэсынур, къызэрыпщыхъум хуэмыдэуи зэрыблагъэр уи фIэщ ещI. Пщыбий СулътIан и IэдакъэщIэкIыр цIыхум гурыхь къазэрыщыхъунум шэч къытетхьэркъым. ТхакIуэм и гуащIэр имыкIыу, и къалэмыр мыубзэщхъуу иджыри тхыгъэфI куэдкIэ дигъэгуфIэну дыхуейщ.
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.