Зеущэ Арсен: Уадыгэнумэ, Iэмалыр гъунэжщ
2021-11-18
- Нобэ ди псэлъэгъущ сурэтыщI ныбжьыщIэ, и ныбжьым хуумыгъэфэщэн зэфIэкI зыбгъэдэлъ Зеущэ Арсен.
Арсен къыщысцIыхуар «Акрополь» уардэунэм папщIэ Грозный Иванрэ Мариерэ къызэрыщыр, ищIа сурэтыр, утыку къыщрахьа махуэрщ. Хуабжьу згъэщIэгъуат ар зи лэжьыгъэр зэрыщIалэщIэ дыдэр къыщысщIам. Пэжщ, IэпэIэсагъыр ныбжьым елъытакъым, ауэ мыр а IэщIагъэм куэд щIауэ ирилажьэ фIэкIа умыщIэну, IэкIуэлъакIуэт.
- Зеущэм псалъалэкIэ уеджэнкъым, езым и дуней иIэжу къызэрекIуэкIыр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы и лэжьыгъэхэм куэду зэтепщIыкI гупсысэхэм ущIыхуашэфри.
- Арсен зэрыжиIэмкIэ, дунейм дахагъэ хэлъэгъуэным ехьэлIауэ Леонардэ да Винчи къигъэсэбэпу щыта Iэмалхэм тетщ. «Дунейм фIыуэ зыщыфплъыхь, фыпкърыплъыхь, абы къыщывгъуэтынущ фи гупсысэм зэи къыхуэмыгъэщIын образ телъыджэхэр», — яжриIэрт Леонардэ и гъэсэнхэм. Сыт хуэдэ гупсысэ-тIэ Арсен дунейм къыпкърихар? — жаIэу щIэупщIэни щыIэщ. Абы и жэуап мы тхыгъэм щеттыну яужь дитынщ.
- ЩIалэм и IэдакъэщIэкIыу слъэгъуа псоми я лейщ испы цIыкIухэм ятрищIыкIа гуащэ телъыджэхэр. Адыгэхэм яжыIауэ, «къопсэлъэным» хуэдэщи, зэпэпплъыхь пэтми защыбгъэнщIыркъым. Абыхэм сигу къагъэкIыр Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуащэ» новеллэм хэта ефэндымрэ Хьэбалэрэ я зэпсэлъэныгъэрщ.
- «Ещхьщ Iунэ, ауэ дэндейра ещхьыр? И нитIра? Хьэмэрэ и Iупэра? Е и пэрауэ пIэрэ? — Ефэндым къыхуэубыдыркъым пхъэ гуащэр Iунэ зэрещхь щIыкIэр. — Дауэ мыр? И пэр ещхькъым, и нэр ещхькъым, и Iупэ-жьэпкъыпэри ещхьыщэу жыпIэнкъым. ИтIани, ещхьщ. Тхьэр согъэпэж, ещхьыркъабзэкIэ! Ауэ ещхьыр дэндейми къысхуэгъуэтыркъым.
- — И псэращ ещхьыр, — жи Хьэбалэ, зэрихабзэжьу псалъэхэр зэпишу».
- Арсен зэрыцIыкIурэ сурэт ещI, зэрыжиIэмкIэ, абы егъэджакIуэ иIакъым, езым зигъэсэжауэ аращ.
- — Сурэт щIыным сыщыдихьэхари къысхуэщIэжыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сурэт щызмыщIа къысхуэгубзыгъыжыркъым. Ар дапщэщи си гъащIэм хэтащ, — жеIэ абы и IэщIагъэм зэрыхуэкIуам теухуауэ ущеупщIкIэ.
- — УнэтIыныгъэ хэха уимыIэу, лъэныкъуэ куэдым зэрызупщытым гу лъыстащ. Сыт ар къызыхэкIыр?
- — Пэжщ, си творчествэм жыпхъэ пыухыкIа гуэр иIэкъым. Псалъэм папщIэ, академизмэм жыпхъэ иIэщи, абы утекI хъунукъым, ар сэ къызэзэгъыркъым. Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум сыт хуэдэ Iуэхум зрипщытми и гупсысэр жыпхъэ пыухыкIа гуэрым иригъэзэгъэну хущIэкъункIэ Iэмал иIэкъым. Гупсысэр тэмэму къэкIуэн папщIэ, шэщIауэ, хуиту убзыхун хуейщ. Армыхъу гупсысэм щыщ гуэр Iэмал имыIэу кIэрыхунущ, ар гупсысэм и купщIэрауи щытынкIэ хъунущи, абы хуэсакъын хуейуэ къысщохъу.
- — Уи лэжьыгъэхэр дэнэ щыбгъэлъагъуэр?
- — Курыт еджапIэм сызэрыщIэсрэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхэтащ, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд дыдэ сиIэщ. Гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ Бахъсэнрэ Налшыкрэ щысщIащ.
- — Сытым утригъэгушхуэрэ уи лэжьыгъэм?
- — СурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил упщIэ иратати, «Музэ симыIэмэ, сытхэфыркъым жызыIэхэр делэуращ», — жиIауэ щытащ (мэдыхьэшх). Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхухэм я зэфIэкIыр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я гупсысэкIэри Iуэху бгъэдыхьэкIэри зэтехуэркъым. Си щхьэкIэ сыхуейщ сигурэ си псэрэ езышажьэ. Лэжьыгъэм сыхуэзыгъэушым, си гупсысэ къезыгъэблхэм ящыщщ пасэрей сурэтыщIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн къытхуагъэнахэр. Апхуэдэу зи лэжьыгъэкIэ зызмыгъэнщIхэм ящыщщ Брейгель Питер (нэхъыжьыр), Босх Иероним. Скульпторхэм ящыщу Антокольский Марк, Микеланджелэ Давид сымэ, нэгъуэщIхэри. Сыт и лэныкъуэкIи зэщхь сыхъуну сызыщIэхъуэпс сурэтыщI сиIэкъым. Зи цIэ къисIуахэм псоми я IэдакъэщIэкIхэм сфIэфI, спэгъунэгъу хэтщ, ауэ сэ езым си творческэ гъуэгу сиIэжщи, абы сытетынущ.
- — Творческэ цIыхум и IэщIагъэр и щхьэр зэригъэфIэж Iуэхуу къэзылъытэ щыIэщ. УэркIэ сыт уи IэщIагъэр?
- — А псом сегупсысауэ схужыIэнукъым, ауэ сымытхэу, сурэт сымыщIу схуэшэчынукъым. Адрей гупсысэ псори гуэдзэну аркъудейщ. Пэжщ, си лэжьыгъэхэм гупсэхугъуэ къыщызат щыIэщ, а щытыкIэ телъыджэр арагъэнщ дэтхэнэ творческэ цIыхури къезыхуэкIыр. Сэ гу лъыстащ цIыху гумызагъэм къехъулIэм нэхърэ къемыхъулIэр дапщэщи зэрынэхъыбэм.
- — Таурыхъ лъахэм къикIа хуэдэ, уи гуащэ сурэтхэр гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Я сюжеткIэ ахэр зэщхьщи, таурыхъ тепхыну бгъэхьэзыру гугъэ уагъэщI.
- — Пэжыр жыпIэмэ, ар си хъуэпсапIэщ, къызэхъулIэмэ, арэзы сыхъунут. Ауэ зэкIэ а мурадым сыхуэкIуэу аркъудейщ. Гъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэпеуэ куэдым сыхэтащ. Къыхэзгъэщынут а зи гугъу пщIы лэжьыгъэхэр зыми зэрытезмыщIыкIар. А образхэр сэ къэзгупсысри, сщIауэ аращ.
- Къезгъэжьар зищIысыр къызгурымыIуэу, ауэ сылэжьэну сы- хуейуэ, сурэт щIын щIэздзэурэ а таурыхъ лIыхъужь цIыкIухэр къыхэкIащ. Лэжьыгъэ хьэзыру сиIэм нэхърэ къезгъажьэу хыфIэздзэжар куэдкIэ нэхъыбэщ. Сэ сымыарэзыуэ зыри дунейм къысхутегъэхьэнукъым, сыт хуэдиз зэманрэ къарурэ абы езмыгъэхьми, лэжьыгъэр си гум зэрилъым нэзгъэсын хуейщ.
- — Грозный Иванрэ Мариерэ я теплъэр уэ къэбгупсыса хьэмэрэ ари зыгуэрым тепщIыкIа? Псом хуэмыдэу сфIэгъэщIэгъуэн хъуар Марие и теплъэращ. Ар нэхъ ипэкIэ слъэгъуахэм къащхьэщокI.
- — Мыбыхэм я теплъэр зэфIэзгъэувэн папщIэ дэфтэр куэд дыдэ щIэзджыкIащ. Марие и сурэту зы закъуэ фIэкIа къызэрымынам Iуэхур гугъу ищIырт. Абы къыхэкIыу сэ сыхущIэкъуащ Марие и теплъэу ятхыжахэм нэхъ пэгъунэгъуу сщIыну. Сызэджахэм си щхьэм щызэфIагъэува теплъэрщ нобэ флъагъур. Ауэ, Грозный Иван зэрыс шэнтжьейр къэзгупсысакъым, Москва Iэщэ (Оружейнэ) палатэм щIэтым тесщIыкIыжауэ аращ.
- — Арсен, зэман гъунэгъум выставкэ пщIыну уи мурад?
- — Пэжыр жыпIэмэ, сыхуейт, ауэ сыхуэхьэзыркъым. Абы нэхъ плъапIэ симыIэу сыщыткъым, солажьэ, къызэхъулIэр зызогъэтIылъэкIри, сызыхуэарэзыхэм я бжыгъэр ирикъуауэ къыщысщыхъум деж згъэлъэгъуэнущ. Ди сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гъусэу гъэлъэгъуэныгъэ сщIыну, ахэр нэхъыбэу, нэхъыфIу къэсцIыхуну сыхуейт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дызэрыцIыхуну Iэмал диIэкъым. Моуэ дыщызэхуэсын, дыщызэпсэлъэн, дыщызэчэнджэщын щIыпIэ диIэну сыщIохъуэпс. Ар ди зыужьыныгъэм хуэщхьэпэну къысщохъу.
- — Уи мурадхэм дыщыбгъэгъуэзэн?
- — Мы зэманкIэ испы цIыкIухэм солэжь. ЗэкIэлъхьэпыту зы гуп сщIыну сыхуейщ, ауэ сщIынум и бжыгъэр жысIэфынукъым. Сурэт щIыным нэхъыбэу селэжьыну си мурадщ.
- — Къыхэпха IэщIагъэр тыншу къыпщыхъурэ?
- — Тыншкъым, ауэ абы и IэфIагъри гугъу зэрызыдебгъэхьым елъытащ. Дэтхэнэми зэфIэкI иIэу дунейм къытехьэр пэжу къыщIэкIынущ, ауэ абы игъуэтыну зыужьыныгъэр цIыхум а IэщIагъэм зэрызригъэлIалIэм куэдкIэ елъытащ. Творческэ IэщIагъэм гурыфIыгъуэ хэплъэгъуэн папщIэ, уи псэри уи къарури хэплъхьэн хуейщ. Лэжьыгъэр сызэрыхуейм хуэдэу хъуамэ, гугъу сызэрыдехьар сщогъупщэж.
- — Уи IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ нэщэнэ яхэлъщ. УэркIэ уадыгэныр сыт?
- — Шэч хэмылъу, срогушхуэ сызэрыадыгэм, ауэ езыгъэлейхэм сащыщкъым.
- Адыгэхэр лъэпкъ щхьэхуэ зэрыхъурэ псы куэд ежэхащ, ауэ нобэми уадыгэнумэ, Iэмалыр гъунэжщ.
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.