ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Коларуссо Джон Адыгэ университетым и студентхэм яIуощIэ

2021-11-18

  • Мейкъуапэ дэт Адыгэ къэрал университетым хэт Дунейпсо щIэныгъэ-къэпщытакIуэ центрым мы махуэхэм онлайн IэмалкIэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ, политикэмрэ жылагъуэ Iуэхумрэ пщIэшхуэ щызиIэ цIыху щэджащэхэм.

  • Япэрей лекцэм къеджар куэд щIауэ адыгэбзэр зыдж, дунейм щыцIэрыIуэ бзэ щIэныгъэлI, Канадэм щыIэ Макмастер университетым и профессор, США-м и президенту щыта Клинтон Билл Кавказым епха IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Коларуссо Джонщ.
  • ЩIэныгъэм епха псалъэмакъым хэпщIа хъуащ Адыгэ Республикэм, Урысейм, Тыркум, Иорданием, США-м, «Экономикэм и еджапIэ нэхъыщхьэ» щIэныгъэ-къэхутакIуэ университетым хыхьэ, Щхьэ куцIымрэ бзэмрэ я центрым щылажьэ щIэныгъэлIхэр.
  • Лекцэм едэIуахэщ АГУ-м, КъБКъУ-м, Кубань, Саратов къэрал университетхэм я студентхэр, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Мэзкуу университетым тхыдэмкIэ и магистратурэм щIэсхэр, Тыркум щыщ Дюзджэ къалэм дэт университетым тхыдэм, хэхэс гъащIэмрэ щIыпIэхъуэжымрэ елэжьу Токио дэт лабораторэм и еджакIуэхэр, хамэ къэрал къэхутэныгъэхэм елэжь университетым щеджэхэр.
  • ЗэIущIэр махуитIкIэ екIуэкIащ. Псалъэмакъыр зытеухуауэ щытар адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэщ.
  • ЩэкIуэгъуэм и 11-м утыку кърахьащ «Пасэрей КъухьэпIэ Кавказыбзэр. Пасэрей индоевропеибзэр. КъежьапIэмрэ лъабжьэмрэ (Proto-North West Caucasian/Proto-Indo-European. Sources and origin) зи псалъащхьэ лекцэр.
  • ЩэкIуэгъуэм и 12-м зэхаубла псалъэмакъыр нартхэм ятеухуат: «Нарт эпосыр адыгэхэм я щэнхабзэм и IункIыбзэщ» (The Nart Sagas as a cultural code of the Adyghe people).
  • Лэжьыгъэр къызэзыгъэпэща Мэчэр Сусаннэ я мурадыр къазэрехъулIам топсэлъыхьыж: «ЗэIущIэр жьы щIэту екIуэкIащ. И жыпхъэкIэ ар ещхьт щIэныгъэлIхэр студент гупым щадэуэршэр зэхыхьэм. Мы Iуэхум мурад нэхъыщхьэу иIэр студентхэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм тегъэгушхуэн, хэпщIа хъунырщ. Ущием я нэхъыфIыр щапхъэрауэ зэрыщытыр хэти ещIэ, гъуазэ пхуэхъури тхыдэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI ЦIыхурщ. Абы къыхэкIыу, дызыдэплъейри лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ я пIалъэ зыщIэ, псалъэм папщIэ, Коларуссо Джон хуэдэу гулъытэ зэзышалIэ IэщIагъэлI гъэщIэгъуэнхэрщ. Ди егъэблагъэ тхылъым фIыщIэкIэ къыщыпэджэжым абы къытхуитхащ адыгэбзэм зыщIиша адыгэхэм я щIэныгъэ щIэинымрэ Нарт эпосым къыхэщ лIыхъужь образхэмрэ я философиемрэ иджыным и гъащIэр зэрыхуигъэфэщар.
  • «А щIэныгъэлI щэджащэм и цIыху щIыкIэм ситхьэкъуауэ сыкъыхэкIыжащ зэIущIэм», — жеIэж конференцым хэлэжьыхьа псори зэпызыщIа журналист Панеш Саидэ.
  • Зи гугъу тщIы лекцэхэри абы ихъуреягъкIэ ежьа адрей лэжьыгъэхэри щызэфIахар Адыгэ университетым инджылызыбзэмкIэ и факультетырщ, абы и лэжьакIуэхэри Iуэхум хэпщIауэ. КъинэмыщIауэ, конференцым и лэжьыгъэм жыджэру хэуващ Адыгэ Республикэм ис IуэрыIуатэджхэр, Кавказым щыщ адрей щIыналъэхэм щыщ щIэныгъэлIхэр.
  • Пасэрей кавказыбзэхэм я гугъу щыпщIкIэ, Iэмал уогъуэт щэнхабзэ, бзэ зэмылIэужьыгъуэкIэ псалъэхэм я зэхуаку лъэмыж щызэпрыпшыну. ЗэIущIэм зигу хигъэхъуар щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым. Хамэ къэралыбзэхэр щадж факультетым и студентхэм бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгум ириплъэну, я упщIэхэм жэуап убгъуа езы профессорым къыбгъэдахыну Iэмал яIащ. Уэ пIурылъ анэдэлъхубзэм и къежьапIэ жыжьэм апхуэдэ цIыху къыщыпхутепсэлъыхькIэ, гъащIэр зэрыщыту лъэныкъуэ гуэркIэ зыунэтI щхьэусыгъуэхэр гъуэгу къытоувэ. Абы нос бзэм и зэфIэкIыр.
  • «Дэнэ Прометей (Нэсрэн ЖьакIэ — ред. ) зыщыщыр?» — иратащ профессор Коларуссо упщIэ.
  • «Шэч хэлъкъым, — Кавказым», — къажриIащ щIэныгъэлIым.
  • ЕтIуанэ упщIэр Нарт эпосыр зеинкIэ хъуну лъэпкъхэм ятеухуат. Ар Кавказ лъэпкъ зыбжанэм зэIэпахыр пэжми, япэ ирагъэщыр адыгэ-абхъаз IуэрыIуатэрауэ къыщIэкIащ.
  • «Мыхьэнэ зиIэр Нарт эпосым Кавказыр зэрыщыту зэрызэпищIэрщ, щIыналъэхэм я зэхуаку гъунапкъэ къызэримыгъанэрщ», — аращ зэхуэзахэр зэакъылэгъуу зыхуэкIуа гупсысэр.
  • КъызэгъэпэщакIуэхэм зэIущIэр къайхъулIауэ къалъытэ.
  • Чэрим Марианнэ.