ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Казбек Есчындар Михаил ехъуэхъуащ илъэс 70 зэрырикъумкIэ

2021-11-17

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 15-м хэтащ Финанс университетым и ЩIэныгъэ советым Москва щригъэкIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсым. Абы щагъэлъэпIащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ урысей академием и академик Есчындар Михаил, а махуэм зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуар.

  • Зи махуэр зыхуагъэлъапIэм зыхуигъазэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жиIащ: «Уэ уи гъащIэр тебухуащ фIыуэ плъагъу Iуэхум, IэщIагъэлI нэсхэр бгъэхьэзыркIэрэ, къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэпщIащ». КIуэкIуэ Казбек Есчындар Михаил ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ иIэну, зэIузэпэщу псэуну, щIэныгъэ, жылагъуэ Iуэхухэм ехъулIэныгъэхэр адэкIи къыщихьыну.
  • ГуфIэгъуэ пшыхьым хэтащ Урысейм финансхэмкIэ и министр Силуанов Антон, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэ Меликов Сергей, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
  • Есчындар Михаил Финанс университетым и унафэщIу щытащ илъэс 15-кIэ, 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ. АдэкIэ ар лэжьэнущ еджапIэм и президент къулыкъум пэрыту. Есчындар М. и пIэкIэ иджы ректору щытынущ профессор, Федеральнэ казначействэм и унафэщIым и къуэдзэ, «Къэрал, муниципальнэ унафэ щIыкIэр» кафедрэм и пашэ Прокофьев Станислав.
  • Есчындар М. щIэныгъэ лэжьыгъэ, монографие, зэреджэ тхылъ, тхыгъэ 500-м щIигъу и къалэмыпэм къыщIэкIащ, щIэныгъэ журналхэм къытрыригъэдзащ. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм зэпкърихахэм ящыщщ лэжьыгъэм фейдэ нэхъыбэ къыпэкIуэным, финанс-промышленнэ гупхэм зегъэужьыным, къэрал унафэ щIыкIэм ехьэлIа Iуэхухэр, экономикэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтыным пыщIа гугъуехьхэр.
  • Есчындар М. Финанс университетым и унафэщIу щылэжьам еджапIэ нэхъыщхьэм хэпщIыкIыу зиужьащ. Университетыр къэзыуха куэд, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри яхэту, экономикэ, финанс, къэрал къулыкъущIапIэхэм, IуэхущIапIэхэм я унафэщI хъуахэщ. Нобэ университетыр хуэфащэ дыдэу къалъытэ Урысейм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ пажэу.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.