ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Спортымрэ туризмэмрэ зрагъэужьынущ

2021-11-17

  • ЩэкIуэгъуэм и 15 — 17-хэм КъБР-м и Парламентым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуауэ щIалэгъуалэр, депутат ныбжьыщIэхэр зы-хэт зэIущIэхэр щокIуэкI. Iуэхур къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Парламентым, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым, Парламентым и щIалэгъуалэ палатэм.

  • Абы хэтщ депутатхэр, министрхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр. ЗэIущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм щыщщ. КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ депутат ныбжьыщIэхэм я гупсысэм зрагъэужьыну, чэнджэщ иратыну, ахэр щIыпIэ самоуправленэхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтыным къыхураджэну. ЗэIущIэхэр Iуэху зэмылIэужьыгъуэу 10-м траухуащ. Абыхэм къыхашащ республикэм и депутат ныбжьыщIэу 200-м нэблагъэ.
  • Ди республикэм спортым, туризмэм, курортхэм зыщегъэужьыным теухуауэ щытащ унэтIыныгъэхэм ящыщ зыр. Абы Iуэхугъуищ щызэпкърахащ: КъБР-м цIыхубэ спортымрэ сабий-ныбжьыщIэ спортымрэ зыщегъэужьыныр, туризмэр щегъэфIэкIуэныр, федеральнэ, щIыналъэ, муниципальнэ утыкухэм спортымрэ туризмэмрэ зыщегъэужьыныр. ЗэIущIэм кърагъэблэгъащ депутату хаха спортсмен ныбжьыщIэхэр.
  • — Спортымрэ туризмэмрэ цIыху гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ, узыншагъэр куэдкIэ елъытащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм зыщаужьащ спорт лIэужьыгъуэ куэдми туризмэми. Спорт зэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэ ди цIыхухэм, чемпионхэр къахокI. ДиIэщ гъэсакIуэ лъэщхэри. Къапщтэмэ, япэ тренерыр физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэрщ. Абы и деж къыщожьэ цIыхум спортым хуищI гупыжыр, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
  • ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ.
  • — Сэ мы зэIущIэм куэдкIэ сыщогугъ. Нобэ фэ фыспортсмен къудейкъым, атIэ икIи фыкъулыкъущIэщ. Дыхуейщ, а къалэным жэуаплыныгъэ пылъу фыпэрыувэну, Iуэхухэр жыджэру къызэвгъэпэщу зевгъэсэну. Абы папщIэ Iэмал хъарзынэхэри фиIэщ. Сэ, псалъэм папщIэ, сыщIалэу, цIыхубэ депутатхэм я Налшык къалэ Советым сыщыхагъэхьар сигу къокIыж. СыщыхахакIэ, дауи, къалэн гуэрхэр си пщэ къыдэхуэрт. Ауэ зыкъомрэ нэсу къызгурыIуакъым ахэр зэрызгъэзэщIэнумрэ есхьэлIэну гуащIэмрэ зыхуэдэр. Абы щыгъуэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр щыIатэмэ, нэхъри тегушхуауэ яужь дихьэну къыщIэкIынут Iуэхухэм. АтIэ, фэ апхуэдэ Iэмалхэр фиIэщ. Фи къулыкъум унафэ щхьэхуэхэр къэфщтэну хуит фищI къудейуэ аракъым. Iуэхуу фызыпэрыувэр и кIэм нэсыху фи нэIэ щIэвгъэтын хуейщ. Си гуапэщ депутатхэм спортсмен куэд зэрахэтыр. Къысщохъу спортсменхэм зыми хуэмыдэ хэлъэт яIэу, — жиIащ абы.
  • КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен депутат ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэну икIи Парламентым и зэхэтыкIэм, комитету иIэхэм, депутатхэм я къалэнхэм, фракцэхэм яхутепсэлъыхьащ, спортым цIыхухэр къыхашэнымкIэ чэнджэщхэр яритащ.
  • — Псом нэхърэ нэхъыщхьэр сабийр физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дегъэхьэхынырщ. Смартфонхэмрэ гаджетхэмрэ егъэгъэтIылъын хуейщ ди сабийхэм, абы зэраныгъэ куэд къехь. НэхъыфIкъэ спортым къыхэтшэмэ! Спортсменхэм щIэблэм закъевгъэлъагъу, фаIущIэ, щапхъэ фахуэхъу, зэвгъэхъуапсэ — аращ хэкIыпIэр. Псом хуэмыдэу тренерхэм къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ абы теухуауэ. Ахэр гъэсакIуэщ, егъэджакIуэщ икIи психологщ, — жиIащ абы.
  • КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур къытеувыIащ министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, республикэм спортым зэрызыщиужьым, ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэм.
  • КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шаваев Ислъам къытеувыIащ а IэнатIэм зэрызиужьым.
  • — КъБР-м щыIэщ туристхэм папщIэ ухуэныгъэ 229-рэ, абыхэм тыншу щIэхуэнущ турист мин 16-м нэблагъэ. Ди щIыпIэ дахэхэм Iэмал къыдат туризмэм зедгъэужьынымкIэ. Псом хуэмыдэу альпинизм спорт лIэужьыгъуэм цIыхухэр кърешалIэ ди щIыналъэм, — жиIащ абы. Шаваевыр къытеувыIащ щIыналъэм щыIэ псыхущхъуэхэм, псыкъелъэхэм, бгылъэхэм я фIагъхэм.
  • КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и деж щыIэ советым и унафэщI Тхьэзэплъ Iэниуар жиIащ республикэм и цIыхухэр узыншэн папщIэ тIэкIу зэплъэкIыжыну, лэжьыгъэкIэ нэхъ гугъу дыщехьу щыта зэманхэр дигу къэдгъэкIыжыну щхьэпэу:
  • — Ди щIалэгъуэм пхъэ ткъутэрт, мэкъу деуэрт, нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрхэри махуэ къэс тщIэрти, абыхэм ди Iэпкълъэпкъыр зэщIагъэкIырт, узыншагъэ диIэт. Нобэ а къалэнхэр щыткIэрыхуакIэ, спортым жыджэру дыхыхьэн хуейщ. Ауэ республикэм и щIыналъэу хъуам абы и Iуэхур щызэIубз дыдэкъым. Къуажэ пхыдза куэдым, псалъэм папщIэ, спортым зыщыхуагъэсэн клубхэр яIэкъым, яIэхэми цIыху куэд екIуалIэ хъууэ къызэгъэпэщакъым, — жиIащ абы.
  • «Альтаир» лъахэхутэ щIалэгъуалэ клубым и унафэщI Мокаев Тенгиз тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм, «ЗыхъумэжыныгъэмкIэ школ», «Туризмэмрэ лъахэхутэмкIэ школ» Iуэхухэм я сэбэпынагъым.
  • ЗэIущIэм щыжаIащ мы махуэхэм къаIэт Iуэхугъуэхэр къыщызэщIакъуэжу зы зэIущIэ щхьэхуэ зэрекIуэкIыжынур.
  • Гугъуэт Заремэ.