ЛъэужьыфIэу псэуа лIы щыпкъэ
2021-11-17
- Гупсысэ жан зэриIэм, Iуэхум зэи зэрыхуэмыщхьэхым, зыпэрыхьэ IэнатIэр зэрыригъэфIакIуэм я фIыгъэкIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр лъэпкъым, хэкум и тхыдэм къыхонэ. Апхуэдэу зи IуэхущIафэхэмрэ гъащIэ купщIафIэмрэ дэтхэнэми и щапхъэ нэсу къыт-хуэнащ къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министру илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьа, «Хэку» зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къалэ къудамэм я тхьэмадэу щыта Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр. Гур щIэгушхуэ IуэхуфIхэм я къызэгъэпэщакIуэущ, цIыхубэм гурэ-псэкIэ яхуэлэжьа IэщIагъэлI нэсущ ар дигу къызэринар. Театрым, музыкэм, гъуазджэм, цIыхубэ творчествэм республикэм зыщыщиужьа лъэхъэнэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Ефэндым и цIэм.
- Иджыпсту дызэрыгушхуэ щэнхабзэ ухуэныгъэ нэхъ инхэри, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щадж IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэри республикэм щыухуэныр зи жэрдэму щытар, абы емытIысэхыу иужь итар Джылахъстэнщ.
- ГъащIэм къыхуигъэув сыт хуэдэ къалэнми пэлъэщ акъылрэ къару-рэ къызыкъуихыфырт абы. Ар умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы къыдэкIуэу, республикэм лъэпкъыу исыр зэхуигъадэрт, дэтхэнэ-ми и лъэпкъ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ хъума зэрыхъуным егугъурт.
- Къыщалъхуа республикэмрэ абы ис лъэпкъхэмрэ я Iуэху дигъэкIын папщIэ ар зыщIэмыхьэф пэшрэ зыхуэмызэф къулыкъущIэрэ къэралым исакъым а лъэхъэнэм. Абы и фIыгъэкIэ ди лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIэмрэ я хабзэмрэ куэдым къаригъэцIыхуу Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэхэр Москваи Урысейм и нэгъуэщI хэгъэгу куэдми щекIуэкIащ. А псори къызэбгъэпэщыныр тынштэкъым, къаруи зэмани текIуадэрт, ауэ Джылахъстэн цIыху емызэшт, гу къабзэт, губзыгъэти, зи ужь ихьэнущ псори къехъулIэрт.
- Мэлбахъуэм и унафэкIэ щэнхабзэмкIэ министр IэнатIэм щыпэрыувам и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэмкIэщ и лэжьыгъэр зэрыригъэжьар — Музыкэ театр, оперэ, балет, опереттэ щагъэлъэгъуэфыну, ухуэн щIидзащ. Iуэху дахэ куэд щекIуэ-кIащ 30 гъэхэм зи бжэхэр къызэIузыха, совет властым и Iэужь Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театрым. ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIауэ яухуа-хэм ящыщщ иджыпсту ди щIэблэм я зэфIэкIым, къэухьым зыщрагъэужь, кхъухь теплъэ зиIэ, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейр, къэфапIэр, зоопаркыр, макъамэмкIэ, гъуазджэмкIэ школхэр, институтхэр, библиотекэхэр. IуэхущIапIэ куэд яухуащ а зэманым, адыгэ, балъкъэр щэнхабзэри утыкушхуэхэм щагъэлъэгъуащ.
- Зы гуфIэгъуи щекIуэкIыу къыщIэкIынтэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым, къафэрэ джэгурэ хэмыту. 1934 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамбль къэунэхуащ. Джылахъ- стэн министр щыхъуам, а ансамблым нэхъри зиужьмэ нэхъ къищтэу, уэрэд жызыIэхэр хор ищIу, къэфакIуэхэр ансамбль щхьэхуэу игъэпсыну зэримурадыр Мэлбахъуэм жриIати, къыдиIыгъащ. Абы щыгъуэм хорыр радиокомитетым ей хъуат.
- ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ драмтеатрым япэу концерт щитат къэфакIуэ ансамблым. Абдеж къыщежьащ «Кабардинка»-м и творческэ гъащIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я гъуазджэр «Кабардинка» ансамблым илъэс 25-кIэ щигъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм, Куржым, СССР-м, Африкэм, Азием, Европэм.
- «Сэ ансамблым сыщыхыхьагъащIэм сытезыгъэгушхуахэм, утыку сизышахэм ящыщащ Джылахъ- стэн жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Япэ дыдэу ар ди гъусэу Липецк дыкIуауэ щытащ. И гъусэу гъуэгу утехьэнри тыншт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар дэни къыщацIыхурт, пщIэшхуэ къыщыхуащIырт. Хамэ къэралхэм дыкIуа нэужь, ар унагъуэхэм, къулыкъущIэхэм ирагъэблагъэрт. Апхуэдэхэм зыбжанэри сыздишащ. Сыт щыгъуи гу лъыстэрт абы и псэлъэкIэ щабэм, и гукъэкIхэм, бысымхэм яхуищI пщIэмрэ ахэр зэригъэгушхуэмрэ. Джылахъстэн щэнхабзэмкIэ министру щыщыта илъэсхэрщ «Кабардинка»-р дуней псом къыщыщацIыхуар. Аращ апхуэдиз илъэс лъандэрэ ансамблым лъагэу зэрихьэ цIэр фIэзыщари. Къапщтэмэ, абы и закъуэкъым, къыпхуэмылъытэным хуэдизщ щэнхабзэм зегъэужьыным теухуауэ абы хузэфIэкIар», — и гуапэу игу къегъэкIыж «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь.
- Щэнхабзэм нэмыщI, парт, политикэ, къэрал IэнатIэхэми, жылагъуэ Iуэхуми пэрытащ Джылахъстэн. Хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэ лъэпкъыр зэрыIыгъ, зэкIэлъыкIуэ, зэкъуэт хъужыным и гуащIэ хилъхьащ. «Хэку» обществэм щыщыIам лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэнымкIэ, ахэр я адэжьхэм я щIыналъэм къегъэблэгъэнымкIэ.
- Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Иорданием, Сирием, Тыркум, США-м, Германием щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэр гъэ къэс къригъэблагъэрт, абыхэм я щIэб- лэ цIыкIухэм гъэмахуэм Налшык зыщрагъэгъэпсэхурт, нэхъ жыджэру къыдэлажьэхэр Налшык и санаторэхэм къишэрт, ныбжьыщIэ 25-40 хуэдиз КъБКъУ-м, КъБКъМУ-м къыщIагъэтIысхьэрт, апхуэдэ дыдэу, КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр яхэту, ди республикэм икIа лIыкIуэхэр яхуеблагъэрт я псэукIэр зрагъэлъагъуну, зыхэс лъэпкъхэм зэрадекIуэкIыр зрагъэщIэну.
- Апхуэдэу гурэ псэкIэ лэжьыгъэм зэрыпэрытыр, зэпыщIэныгъэшхуэхэр иIэу и Iуэхухэр зэрызэфIигъэкIыр, дэнэ IэнатIэ ямыгъакIуэми щIэ гуэр зэрыхилъхьэр къалъытэрт республикэ унафэщIхэми.
- КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и Япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ, секретарь ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ сымэ чэнджэщкIэ зыхуагъазэрт, и Iуэху зехьэкIэр зыхуэдэр ящIэрти. Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр къызэгъэпэщынымкIэ, цIыхубэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ Джылахъстэн зэфIихыу щыта Iуэхухэр иджыри лъэхъэнэ куэдкIэ щапхъэу къахьынущ.
- Ефэндым и лэжьыгъэм хуэфэщэн пщIэи игъуэтыжащ. Абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ», ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденхэр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэ-хэм папщIэ» орденыр, Иорданием и Вагъуэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ. Ар РСФСР-м, КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэт.
- И лэжьэгъуэ пIалъэр иухыу тIысыжа нэужь, абы и Iэдакъэ къыщIэкIа, бзэ шэрыуэкIэ къэIуэта тхылъхэм зэман жыжьэм къыхэна ди блэкIам теухуа гъэщIэгъуэн куэд къыщыгъэлъэгъуэжащ. Сыту бзэ дахэ Iурылът Джылахъстэн. Журналист, тхакIуэ нэсым хуэдэу дахэу итхыжащ абы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ бейуэ къекIуэкIа и гъащIэр. «Илъэсхэр, къэхъукъащIэхэр, цIыхухэр», «Афэрым, «Кабардинка» тхылъэр махуэ къэс уи Iэнащхьэм телъ хъунущ, къызэгуэпхрэ щхьэпэ гуэррэ узыпэрытым утезыгъэгушхуэ псалъэрэ къипхыу.
- НэщIэпыджэ Замирэ.