АвтобусыщIэхэр трагъэувэнущ
2021-11-17
- Республикэм ис цIыхубэр ирогузавэ 14-нэ маршрутым тет ПАЗ автобуси 7 мафIэм зэрисам. КъэхъукъащIэм икIэщIыпIэкIэ къыхуагъуэта хэкIыпIэхэм топсэлъыхь Налшык къалэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.
- «Куэд дэмыкIыу хабзэхъумэхэм къыджаIэнущ къэхъуа Iуэху мыщхьэпэм и щхьэусыгъуэр, — щетх Ахъуэхъу Таймураз инстаграмым щиIыгъ и напэкIуэцIым. — Ауэ 14-нэ маршрутымкIэ зекIуэ цIыхухэр здэкIуапхъэм нэсын папщIэ, унафэ пыухыкIахэр къэтщтащ. «Налшык транспорт» IуэхущIапIэм и фIыгъэкIэ, зыхуэчэм автобус бжыгъэр иридгъэкъужауэ, иджыри къэс зэрылэжьам хуэдэ дыдэу автобус 11 мэлажьэ».
- Ахъуэхъу Таймураз щыгъуазэ дещI нэхъ пасэу Мэзкуу къалэм и Правительствэм къыбгъэдэкIыу республикэм къыIэрыхьа автобус 15-м нэмыщI, иджыри 20 тхьэмахуэ кIуам къызэрыдатар. Иджыпсту а псори лэжьыгъэм зэрыпэрыхьэнум епха дэфтэрхэр зэ-фIах, зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу къалэ гъуэгухэм теувэн хуэдэу.
- «Зэрызэтедухуам хуэдэу, къалэм щызекIуэ транспортыр зыхуей зэрыхуэдгъэзэным дыпэрытщ, — негъэс и хъыбарыр Ахъуэхъум. — Дэ ди мурадщ Налшык щызекIуэ транспорт псори цIыху куэд зэрыхуэ автобусыфIхэмкIэ тхъуэжыну. А псори зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу «Тройка» жыхуаIэ ахъшэ етыкIэ IэмалхэмкIэ дузэдынущ, абы куэдкIэ нэхъ игъэмэщIэнущ гъуэгу теувэ цIыхухэм я гъуэгупщIэр».
- Чэрим Марианнэ.