Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъахэгъу сурэтыщI
2021-11-17
- Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ
- УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск Ксилогра-фиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор, республикэм исхэр зэрыгушхуэ, дуней псом къыщацIыху художник Пащты Герман и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 9-м илъэс 80 ирикъуащ.
- Герман пасэу дихьэхат сурэт щIыным, зыми абы хуримыгъэджами. Нэхъ иужьыIуэкIэ, и унагъуэм и гъусэу къалэм къыщыIэпхъуам, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щыIэ гупжьейм зыхригъатхэри, егъэджакIуэ Ткаченкэ Андрей и гъэсэнхэм ящыщ зы хъуащ. Пащтыр илъэс 26-м иту СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. И сурэтхэр къытехуащ «Дружба народов», «Художник», «Панорама» журналхэм, «Известия», «Советская культура», «Литературная Россия», «Книжное обозрение» газетхэм.
- 1957 — 1963 гъэхэм ар щеджащ Гре-ков М. Б. и цIэр зэрихьэу Дон Iус Ростов дэт художественнэ училищэм. 1968 — 1974 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Украинэм Фёдоров Иван и цIэр зэрихьэу щыIэ полиграфие институтым. 1964 гъэм къыщыщIэдзауэ и лэжьыгъэ щхьэпэхэр щигъэлъэгъуащ щIыналъэ, республикэ, урысейпсо, союзпсо, дунейпсо выставкэхэм. Уралым къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс, Улан-Удэ щегъэжьауэ Якутск щиухыу и лэжьыгъэхэр утыку къыщрехьэ нобэми.
- Герман Налшык щыщыпсэуам «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм дэла-жьэу щытащ. Иджыри дунейм къытемыхьа, зыми имылъэгъуа тхылъыщIэхэр япэу щIэзыджыкIыр ара-ти, сурэт щIэщыгъуэхэр яхуищIырт.
- Санкт-Петербург Репиным и цIэр зэрихьэу дэт институтыр, а къалэм гъуазджэхэмкIэ щыIэ музейр, Москва гъуазджэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыухахэр иджы Герман и деж щоджэ. КъищынэмыщIауэ, Якутием, Бурятием, Тыва, нэгъуэщI щIыпIэ- хэм щыщ, лъэпкъ зэмылIэужьы-гъуэхэм къыхэкIа куэд щIэныгъэм хуэпабгъэу къакIуэурэ Герман и мастерскойр къаух. И гъэсэнхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, псори СурэтыщI-хэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ. Зыбжанэр профессорщ, доцентщ. Герман иригъэджахэр урысей, дунейпсо гъуазджэм екIуу, дахэу хыхьащ, Урысей академием и медал-хэр, щIыхь тхылъхэр, Красноярск крайм и губернаторым и саугъэтыр, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэны-гъэм и стипендиер къыхуагъэфа- щэу. Я лэжьыгъэхэр зэманым докIу, уригушхуэу сыт хуэдэ утыкуи щыбгъэлъагъуэ хъуну. Къыхэгъэщыпхъэщ и студентхэм адыгэ хабзэр зэрахилъхьэри. Ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ахэр зэрыщыгъуазэм имызакъуэу, зэрагъэзащIэми кIэлъоплъ. Псалъэм папщIэ, щыщIыхьэкIэ къэтэджурэ гуапэу сэлам кърах, Iэнэм хабзэм тету пэрысщ.
- Красноярск и «Поликор» тхылъ те-дзапIэм экземпляр 300 хъууэ къыщыдэкIа тхылъ гъэщIэгъуэным хагъэхьащ Пащты Герман и школыр къызэрызэригъэпэщам, ксилографием и лъабжьэм, а унэтIыныгъэм ди къэралым щиIэ увыпIэмрэ зыужьыныгъэмрэ теухуа тхыгъэ.
- Пащтым и япэ выставкэ Налшык къыщызэIуихам утыку къыщрихьат и сурэт 73-рэ. А выставкэм наIуэ къищIат Герман и зэфIэкIыр зэры- иныр, и творчествэр зэрыкупщIа- фIэр. Гукъинэжт абы и «Ленинград», «Щихухэр», «Iуащхьэмахуэ», «Ван Гог», «Макъамэ» зыфIища сурэт- хэр, нэгъуэщIхэри. Абы лъандэрэ ди хэкуэгъу художникым и лэжьыгъэхэр дуней псом и щIыналъэ куэ-дым щигъэлъэгъуащ, щIыхь тхылъ, щIыхьыцIэ куэди къыхуагъэфэщащ.
- Гъуазджэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хуэIэкIуэлъакIуэ дэтхэнэ зы сурэтыщIми иIэщ зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу зы унэтIыныгъэ. Пащты Герман и дежкIэ ар пхъэм тхыпхъэхэр, сурэтхэр тещIыхьынырщ (ксилографие). Пащтыр нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщщ сурэтыщI щIэщыгъуэщIу зэрыщымытыр. Абы и гравюрэхэр тхыгъэм зэрыщыту къытрищIыкIыркъым, атIэ усакIуэм и гупсысэм езым и Iуэху еплъыкIэр хуэм-хуэмурэ хеухуанэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, игъэщIэрэщIэну тхылъхэр къыщыхихкIэ усэхэм нэхъ дахьэх. НэхъыфIу илъагъу усакIуэхэм ящыщщ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Бещтокъуэ Хьэбас, Лермонтов Михаил, Пушкин Александр сымэ.
- Иужьрей илъэс тIощIым дунейм къытехьащ Герман игъэщIэрэщIа тхылъ щэщIым щIигъу. Дэтхэнэ зы- ми абы хелъхьэ и псэм щыщ Iыхьэ. Лермонтовым и поэмэхэм илъэситхум къриубыдэу гравюрэ 40-м нэблагъэ триухуащ Пащтым. Пушкиным и «Тхыгъэ къыхэхахэм» илъэсипщI- кIэ елэжьащ, гравюрэ зыбжанэ хуищIу. Красноярск дэт Политехникэ университетым и юбилейм ирихьэ-лIэу напэкIуэцI 400-м нэблагъэ хъууэ къыдэкIа тхылъым ихуа сурэтхэм елэжьащ. Апхуэдэу адыгэлIым къыдигъэкIащ «Ксилографы Красноярска» альбомыр, пэублэ псалъэр щIыналъэм и губернатору щыта Хлопонин Александр ейуэ. Лэжьыгъэр зи жэрдэмыр Герман и къуэ Пащт-Хъан Алимщ. Тхылъым ихуащ Герман и лэжьыгъэу 800-м нэблагъэ. Ксилографие, линогравюрэ, акварель, живопись, керамикэ, феррографие жыпIэми, абы куэд къызэщIаубыдэ.
- Зэгуэрым Китайр Пащтым и гравюрэ 1000-м къыщыщIэупщIэм, ар зыпэмылъэщыну бжыгъэу къилъытэри, лэжьыгъэ 600-кIэт къызэригъэгугъар. Абы теухуа хъыбарыр ялъигъэIэсащ Челябинск, Уфа, Москва, Санкт-Петербург, Улан-Удэ, Якутск, Иркутск къалэхэм, Тывам, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу и гъэсэнхэм. Къагъэхьа лэжьыгъэхэм яхэплъэурэ, нэхъыфIхэр къыздыхихым, гравюрэхэм я бжыгъэр 1000 ирикъуа нэужь, и зы лэжьыгъэ щIигъужащ, «гравюрэ 1001-рэ ирехъу», — жиIэри. Китайхэм апхуэдиз гравюрэр абдж рамкэхэм ирагъэувэри, «1001 гравюра Красноярской студии ксилографии Германа Паштова» гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуахащ. И гъэсэнхэм я гъусэу Пащтыр абы щыгъуэ ирагъэблэгъат Харбин къалэм.
- Къэралыгъуэм и махуэр бгъэлъэпIэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу и гербыр, ныпыр бгъэлъэгъуэн, гимныр жыпIэн хуейщ. Пащты Германрэ и ныбжьэгъу балъкъэр щIалэ Аккизов Екъубрэ зэгъусэу ящIауэ щыта гербыр 1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым къищтащ.
- Пащты Герман илъэс куэд щIауэ Красноярск щопсэу икIи щолажьэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, и лъэр щIыпIэ куэдым нэсми, къару нэхъыбэу къыхэзылъхьэр, гукъыдэж къезытыр Хэкум къэкIуэжурэ зэрыщыIэращ. Германрэ и щхьэгъусэ Жаннэрэ зыпхъурэ зы къуэрэ яIэщ — Лилиерэ Алимрэ. Герман и къуэ Пащт-Хъан Алим и адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ. Ар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIщ.
- Пащтыр зыми емыщхь, зи лэ- жьыгъэхэр IэзагъкIэ псыхьа, гъуазджэм и лъагапIэм нэса сурэтыщIщ. Герман и лэжьыгъэхэр цIыху псоми яхуэгъэзащ икIи щIэупщIэшхуэ яIэщ. Ахэр къэрал музейхэм щахъумэ, цIыху щхьэхуэхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. Нэхъыщхьэращи, абы и IэщIагъэмкIэ цIыхухэм дэрэжэгъуэ ярет.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.