Псэм къыIэпыкI пшыналъэхэр
2021-11-17
- Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм, щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. ЗэрыцIыкIурэ адыгэ макъамэм щIэдэIун фIэфIщ, абы щыщIапIыкIащ унагъуэми щеджа макъамэ школми.
- Нанэ и пшынэм IэфIу сипсыхьырт…
- — Си анэшхуэ Тохъутэмыщ Лейла пшынауэу щытащ. СыщыцIыкIум сфIэфIу седаIуэрт нанэ зэуэ макъамэхэм. СыбгъэдэтIысхьэрти, пшынэ Iэпэр зэригъэ-джэгум сыкIэлъыплъырт. ИтIанэ, зезгъэщхьыну сыхэтт. Абы сипсыхьауэ къыщIэкIынущ. СыцIыкIуу пшынэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. Адыгэ пшынэм и макъыр си тхьэкIумэм ит зэпыту сыкъыдэкIуэтеящ.
- Си гъэсакIуэхэр щапхъэт
- — ИлъэсиплI сыхъуу сагъэкIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым пшынауэ щагъасэу япэу зэхаша гупым. Гъуаджэ Галинэ деж щезгъэжьащ. Абы езым сабий уэрэд цIыкIухэр етх. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтея нэужь, илъэси 7-м ситу, Ажийбэч Валерэ и деж зыщызгъэсэн щIэздзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуэпат адыгэ пшынэм си гъащIэр еспхыну сызэрыхуейр. Валерэ зэпымыууэ пшыхьхэм дыхигъэтырт, ди-гъэгушхуэрт, «Меркурий» ансамблым арат сыхэзышар. Нэхъри зызужьыну сыхущIэкъурти, Абхъазым макъамэмкIэ и колледжым сыщIэтIысхьащ. Пшынауэ цIэрыIуэ, композитор Хъунцарие Уэтэр си егъэджа-кIуэу колледжыр къэзух- ри, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуащ — Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и институтым сыщIэтIысхьащ, Кхъуэжь Мадинэ и гупым сыхэсащ. Куэдым хещIыкI Мадинэ, и гъэсэнхэми ар ябгъэдилъхьэн папщIэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къегъэсэбэп. Псом хуэмыдэу IуэрыIуатэ макъамэм щыгъуазэщ, езыми зэхуехьэс.
- Кавказым и щIыналъэ псоми къикIа студентхэр дызэхуишэсат еджапIэм. ПщыхьэщхьэкIэрэ пшынэ деуэрт, уэрэд жытIэрт, адыгэ джэгу тщIырт — щхьэж зыхуэIэижь къэдгъэлъагъуэрт.
- НэхъыжьыфIхэр
- — Си гугъэмкIэ, пшынэм адыгэ макъамэ къыщибгъэкIым деж пшынауэ нэхъыжьхэм я щапхъэм къытекIын хуейщ. АбыкIэ щапхъэщ КъБР-м щыщу Къашыргъэ КIурацэ, КъШР-мкIэ Ерыж Зулий, Цекъ Зэрылэ сымэ. Институтыр къыщызухми, си щIэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуауэ щытар аращ: Къашыргъэ КIурацэрэ Ерыж Зулийрэ я творчествэрт. СфIэгъэщIэгъуэну селэжьащ. Зы зэманым хэп- сэукIа пшынауитIым я макъамэ Iэмэпсымэ джэгукIэр зэзгъэпщащ. Гу лъыстащ: Къашыргъэмрэ Ерыжымрэ зы макъамэм еуэу чэзууэ уедэIуамэ, еуэр дэтхэнэрами зэхэбгъэзэрыхьырт — я гъэзэщIэкIэр зэтехуэрт. Иджы тыншу зэхыбоцIыхукI Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пшынауэм и макъамэ къигъэкIыкIэмрэ Къэрэ-шей-Шэрджэсым щыщыр зэреуэмрэ. Щхьэж и гупсысэ щIилъхьэ хъуащ макъамэм. Ари хъарзынэщ.
- «Бзабзэ»
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым еджакIуэ сыкъызэрыкIуэрэ сехъуапсэрт шыкIэпшынэ сеуэфу Еуаз Зубер и деж зыщызгъэсэну. Ар Iуэху сымыщIурэ, еджэным сыкъыдэмыхуэурэ, 5-нэ курсым сынэсащ. ЕджапIэр къэзухмэ Къэрэшей-Шэрджэсым згъэзэжын хуей хъунути, шыкIэпшынэми сыхэкIыжынут. Зэманыр къыщыскIэщIикъузэм, Зубер и деж сыкIуащ. Абы щыгъуэ Еуаз Зубер пшынауэ-шыкIэпшынауэ гуп къызэригъэпэщырти, абы къысхутепсэлъыхьащ, сыхыхьэнуи сригъэблэгъащ. Сэри арэзы сыхъуащ.
- «Бзабзэ» гупыр занщIэу къыщацIыхуащ ди республикэми, къуэш республикэхэми, хамэ къэрал щып-сэу ди лъэпкъэгъухэри гупым къыщIэупщIэ хъуащ. Иджыпстуи сызыхэт «Бзабзэ» гупым 2015 гъэм япэу концерт щыттауэ щытащ ХьэтIохъущокъуэм жыг хадэм. ЩIыуэпсым дыхэту, хьэуа къабзэкIэ дыбауэрэ уафэ къащхъуэр тлъагъуу концертыр зэрекIуэкIар гукъинэт. Гъэмахуэ пшыхьэщхьэ дахэм паркым итхэм я гум дехуэбылIэнщ жытIэри, Iуэху тщIауэ арат ар.
- Концертым кIэщIу иужь иту гупыр Тыркум дыщыхьэщIащ. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щытта концертым еплъа нэужь, филологие щIэныгъэхэм я доктор Бакъ Зерэ Еуаз Зубер къыжриIащ Тыркум ишэну щIалэгъуалэ гуп зэрызэхуишэсыр икIи гупым дахыхьэну зэригуапэр. Тырку республикэм и къалэ, къуажэ куэдым щыдгъэIуащ адыгэ пшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я макъыр. Тыркум Гъэзиуэсмэн пэщэ (Gaziosmanpasa Universitesi) университетым концерт щытта нэужь, абы еплъахэм зыкъытхуагъазэурэ дгъэзэщIа макъамэхэм я тхыдэм, дызэреуэ щIыкIэм теухуауэ куэдым щIэупщIахэт. Нэхъыбэу дгъэзэщIар щIопщакIуэ макъамэхэрт, нэхъапэм адыгэр сымаджэм зэреIэзэу щытахэрт. Абы и хъыбар щахуэтщIым, дауи, телъыджэ ящыхъуащ. Мыхьэнэ иIэщ узэуэ макъа-мэм и тхыдэр пщIэным, абы щыгъуэм ар псэкIэ зыхыбощIэри. А бгъэзащIэм лъагъуныгъэрэ уи псэм щыщ Iыхьэрэ хэплъхьэмэ, къохъулIэ-нущ.
- Пшынауэ цIыкIухэр согъасэ
- — Еуаз Зуберрэ сэрэ мызэ-мытIэу Германием драгъэблэгъащ адыгэм и макъамэ Iэмэпсымэхэр абы щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм едгъэцIыхуну, еуэкIэм хуедгъэсэну. Сэ — пшынэм, Зубер — Iэпэпшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я щэхухэм хуедгъэджащ ныбжьыщIэхэр. ГъэщIэгъуэну къызэгъэпэщат Iуэхур. Дерсхэр зэфIэкIа нэужь, Адыгэ Хасэм деж пшынауэ пшыхь щедгъэкIуэкIыжырт. Абдежым дэ едгъэджахэр зэдгъэса къафэхэм щеуэрт. Гухэхъуэт абыхэм уахэплъэну.
- Налшыки цIыкIухэр пшынэм щыхузогъасэ. СфIэфIщ, си гуапэщ садэлэжьэну. Я ехъулIэныгъэхэм сыщогуфIыкI.
- «Абазэ-адыгэ къафалъэхэр»
- Мы гъэм и гъатхэпэм «Абазэ-адыгэ къафалъэхэр» зи фIэщыгъэ си тхылъыр къыдэкIащ. Абы къафэ зэмылIэужьыгъуэу 91-рэ ихуащ. Тхылъыр къыдэкIыным хуэщхьэпащ Хъурей Феликс, нотэхэр зэпэщ хъунымкIэ къыздэIэпыкъуащ ХьэIупэ ДжэбрэIил, къафэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэмкIэ чэнджэщэгъу схуэхъуащ Думэныщ Iэулэдин, макъамэхэм селэжьыху си гупсысэхэр есхьэлIащ Еуаз Зубер. АдыгэбзэкIэ тхыгъэр зэригъэзэхуащ Езауэ Мадинэ, абазэбзэмкIэ — Апсэ ФатIимэ. Иджы етIуанэ тхылъым солэжь.
- Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ
- Пшынэ сеуэу е уэрэд жысIэу утыкум сыщитым деж, макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ. Сэ макъамэм сыхэту аракъым, атIэ макъамэр езыр сэ сщыщ хъуакIэщ. Пшынэр си гум, си псэм къоIэзэ. Зэгуэр зэ гъуазджэм и лъахэм иджэрэза цIыхур абы къыхэкIыжыфыну си фIэщ хъуркъым. Ар гъащIэ гъусэ пхуэхъунущ.
- Гугъуэт Заремэ.