«Адыгэ щэнхабзэ хышхуэр ди адэ щIэинщ»
2021-11-17
- Псалъащхьэу къэтщта псалъэухар фIэщыгъэ хуэхъуащ дызэрыт илъэсым дунейм къытехьа тхылъым. Ар и IэдакъэщIэкIщ Тыр-кум къыщыхъуа, Мюнхен щыIэ Адыгэ Хасэм и къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа Къардэн Хьусний.
- ГъащIэ къэзыгъэщIа цIыхур зэрысабийрэ и нэгу щIэкIа дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжам щриплъэкIэ, сэтей къимыщIынкIэ Iэмал зимыIэ гупсысэхэр къытогуплIэ. Аращ Къардэн Хьусний и тхылъым гукъэкIыж къудей фIэпщыну ущIытемыгушхуэр. Тхыгъэр япэ щхьэм къызэрыбгъэдэкIым къалэмыр зыIыгъым уэршэрэгъу ухуещI. НыбжьыщIэхэр зыщIэгъэтэджыпхъэ дерсу тхьэкIумэм къоIуэ Хьусний и хабзэ зэпкърыхыкIэр. Абы и уасэр, шэч хэмылъу, инщ, сыту жыпIэмэ, напэкIуэцI 200-м нэблагъэ тхылъ IыгъыгъуафIэм щызэхуэхьэса хъуащ адыгэ щэнхабзэм и дауэдапщэ лъэныкъуэри лъэпкъым и цIыху хэтыкIэм щIэлъ мыхьэнэри.
- «ТыркубзэкIэ тхауэ адыгэбзэм къизгъэзэгъа «Адыгэ щэнхабзэ хышхуэр ди адэ щIэинщ» тхылъыр зытеухуар ди лъэпкъым Хэкум къы-здрихыу хамэ щIыпIэм щихъумэфа хабзэращ, — щетх пэублэм тхылъым тэрмэш хуэхъуа Емуз Баязыт. — Къардэн Хьусний зытепсэлъыхьыжыр адыгэхэр Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къэкIуа нэужь, зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэу илъэс куэдкIэ ягъэзэщIа зэхэтыкIэ, IуэхузехьэкIэ, зэхущытыкIэхэрщ. Нэхъыбэу къыхэщыр Гёксун, Афшин-Джылахъстэней, Анзорей жылагъуэхэм щып-сэуа адыгэхэм я дуней тетыкIэращ».
- Гу лъытапхъэщ зэдзэкIакIуэм езыр икIуэту тха-кIуэр къытхуигъэкIуатэ пэтми, тхыгъэр Емузым и адыгэбзэ нэгъэсамкIэ шэрыуэу анэдэлъхубзэм къигъэзэгъа зэрыхъуам. КъалэцIэхэмрэ щIыпIэцIэхэмрэ Iуэхур щекIуэкIыр Хэкур зэрыармырар уи фIэщ ящIми, Хьусний къиIуэтэж хъыбархэм «тырку акцент» ящIэлъкъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хамэм къиIуэтэжу уи нэгу къыщIэувэркъым.
- «Сэ сы-Хьуснийщ, Къардэнхэ сащыщщ. Си унагъуэцIэр Гёзташщ, — дыкъыщоджэ «Си сабиигъуэ, си къежьапIэ» Iыхьэм. — Уэсмэн пащтыхьыгъуэм (нобэрей Тыркум) къэIэпхъуа Къардэн Анзор срикъуэрылъхущ. АнзорейкIэ (ШыкIуртIакъей) зэджэ, тыркум щыIэ адыгэ къуажэм сыкъыщалъхуащ».
- Сыт зытепсэлъыхьыр къалэмым зи дзыхь езыгъэза тырку джылахъстэней тхакIуэр? Дауи, и Хэкур гум изымыгъэху хабзэрщ. Псалъащхьэхэм дриплъэмэ, тыншу къыдгуроIуэ ар: «Адыгэ хабзэм и къежьапIэр унагъуэращ», «Адыгэ щэнхабзэм щIалэгъуалэр зэрыхэтыр», «Адыгэхэм я унагъуэ щIыкIэр», «Адыгэхэр лъыхъу зэрыкIуэр», «Нысашэ джэгум и екIуэкIыкIэр», къинэмыщIхэр. Хьусний и тхылъыр зыгуэркIэ поджэж Хэкужьым къыщежьа дауэдапщэхэм хамэ щIыпIэм щагъуэта-щамыгъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къызыхэщ, Тэгъулан Екъуб и тхыгъэхэм. Зэремыщхьыр Къардэныр зыгуэр къигупсысыным, и тхыгъэм щIэщыгъуагъ хилъхьэным емылIалIэу, итхыр гукъэкIыж къудейуэ зэрыщытырщ, и нэгу щIэкIам и щыхьэту езыр къызэрыувыжырщ. Аращ ар нэхъыбэу «мемуар» лIэужьыгъуэм щIыхуэкIуэр.
- Лъэпкъым зи псэр етауэ псэуа щIалэр, и чэзу къэсри, Адыгэ Хасэхэм гъуэгу щагъуэтыжа лъэхъэнэм хиубыдащ. Хьусний ябгъурытащ Хэкуми, Тыркуми, Европэми Адыгэ Хасэхэр щызэфIэзыгъэувэжахэм, иужькIэ къыхуагъэфащэри, Мюнхен щылажьэ ДАХ-м и къудамэм тхьэмадэ хуэхъуащ. Абы и фIыгъэкIэ тхылъеджэм и нэгу щIокI «адыгэ Iуэхум» Хэкуми хамэ щIыналъэхэми щича лъэбакъуэхэр.
- Илъэс зыбжанэ дэкIмэ, мыпхуэдэ тхылъхэр лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэзыгъэувэжынухэм дыщэ плъыжьым ещхьу къалъыхъуэнущ. Ноби ар тIуащIэ-щащIэу гъэщIэгъуэн ещI и Iэмэпсы- мэр хамэбзэу зэрыщымытым.
- ГукъэкIыжхэмрэ адыгэ хабзэмрэ къадэкIуэу, зи гугъу тщIы тхылъым ихуащ адыгэ шхыныгъуэхэм лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ дауэдапщэхэм щагъэзащIэ мыхьэнэр. Апхуэдэхэм я щапхъэщ «Нэгэгъур адыгэ хабзэм къызэрыхыхьар», «Адыгэм я Iэнэ щысыкIэр», «Iэмал имыIэу ныш щIаукIыр» хуэдэ Iыхьэхэр.
- Къардэн Хьусний и тхылъым пэублэ дахэ хуащIащ тхылъ еджэн зи хьэл адыгэ псоми фIыуэ яцIыху Шэу-джэн Джэудэт, ХьэцIыку Рае, Къаныкъуэ Заринэ, Хъуажь Фахъри, Емуз Баязыт сы- мэ.
- МащIэу уагъэнэщхъей Хэкум имыс адыгэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Зы лъэныкъуэкIэ — дыгъэм зи щхьэр хуэзыгъазэ сэхураным ещхьу, «Хэку» псалъэм «хабзэр» напэкIуэцI къэс къыщыдожьу. Ауэ къэкIуэжу хэкурысым бгъурыту щIыр IэбжьанипщIкIэ къизытхъуну хьэзырхэр сыту мащIэ! Иджыри лIэщIыгъуэ дапщэ текIуэдэну пIэрэ адыгэр и гуращэм и ужь иувэным тегушхуэфу зригъэсэхукIэ? Е а гуращэр имыIэххэу пIэ-рэ? ЩIыналъэр и пIэ итщ, цIыху и мащIэщ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ. Пщэдейрей ныбгъуэр лъагэIуэу зэрыдгъэлъатэр армырауэ пIэрэ нобэрей бзум и зэфIэкIхэм дыщIыхуэбэлэрыгъыр?! Апхуэдэ гупсысэхэри къадоуш Iэмал фиIэххэмэ, къызэгуэфхыну фызытедгъэгушхуэ тхылъым.
- «Налшык зымылъэгъуам Кавказыр слъэгъуащ жремыIэ», — щетх абы Къардэн Хьусний. «Налшык щымыпсэуам сыпсэуащ жремыIэ», — поджэж абы къалэм дэт жыгхэри, псыежэххэри, цIыхухэри.
- Чэрим Марианнэ.