ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыкIураш

2021-11-17

  • Дыщэ кIанэ
  • Еуэщ-еIэри, зы Бзу цIыкIу гуэрым, пщым и пхъэнкIий идзыпIэм щыулъэпхъащэм-щыулъэпхъащэурэ, зы дыщэ кIанэ цIыкIу къигъуэтащ. Бзу цIыкIум ды-щэ кIанэр къищтэ-ри, лъэтэжащ икIи пщым и бжэIупэм Iут жыгым къытетIысхьащи, мэбзэрабзэ, мыр жиIэурэ:

  • Пщым имыIэ сэ сиIэ,
  • Гуащэм имыIэ сэ сиIэ!
  • Ар пщыжьым зэхихри, унэIутхэр щIигъэкIащ:
  • — А Бзуужь цIыкIум сэ симыIэу иIэр зищIысыр фыкIуи къысхуэфщIэ! — жиIэри.
  • УнэIутхэр щIэжщ, Бзу цIыкIум иIыгъыр зрагъащIэри, къагъэзэжащ:
  • — Уэ, зиусхьэн, уимыIэу абы иIэр дыщэ кIанэщ.
  • Ар жраIэжа къудейуэ Бзу цIыкIур аргуэру къэджащ:
  • Пщым имыIэ сэ сиIэ!
  • Гуащэм имыIэ сэ сиIэ!
  • — ФыкIуи къытефх а Iейм и дыщэ кIанэр! — унафэ ищIащ пщым.
  • УнэIутхэр жэри Бзур къаубыдащ, дыщэ кIанэр къытрахри, пщым къыхуахьащ. АрщхьэкIэ Бзу цIыкIу гуэрыр жыгым къытетIысхьэжри, къаджэу щIидзэжащ:
  • Къызэфыгъуэри страха,
  • Къызэижри страха!
  • — ФыкIуи ефтыж! — унафэ ищIащ пщым.
  • Дыщэ кIанэр яхьри иратыжащ.
  • Згъэшынэри, къытесхыжа,
  • ЗгъэкIэцIри къытесхыжа!
  • Шынэртэкъым Бзу цIыкIур.
  • ФыкIуи, къэвубы-ди фIэвгъэж! — уна-фэ ищIащ аргуэру пщым.
  • Бзу цIыкIур унэIутхэм къаубыдри фIагъэжащ. ЩыфIагъэжым мыр жиIэрт Бзу цIыкIум:
  • Си пэ лъы къож,
  • Си пэ лъы къож!
  • — Мыдэ схуэффыщIи схуэвгъажьэ а Iейр! — унафэ ищIащ пщым.
  • УнэIутхэм щафыщIым Бзу цIыкIум жиIэрт:
  • Бацэ сопхъ,
  • Цы сопхъэх!
  • Бацэ сопхъ,
  • Цы сопхъэх!
  • ФыщIын яухри, дзасэм паIуауэ щагъажьэм, Бзу цIыкIум жиIэрт:
  • Си щIыб мафIэ изогъэу,
  • Си щIыб мафIэ изогъэу!
  • Ягъэжьауэ пщым щишхым, Бзу цIыкIум жиIэрт:
  • Пщым и ныбэм гъуэ щызощI,
  • Пщым и ныбэм гъуэ щызощI!
  • Бзу цIыкIур ишхри, пщыр хущхьащ. Пщыр щыхущхьэм, Бзу цIыкIур къыжьэдэлъэтыжащ, дыщэ кIанэр къипхъуэтэжри, жыгыщхьэм итIысхьэжащ. Жыгыщхьэм итIысхьэжауэ, пщым къыщIонакIэ Бзу цIыкIур:
  • Пщым имыIэ сэ сиIэ,
  • Пщым имыIэ сэ сиIэ!
  • Жаным Борис.
  •  
  • Нартхэ я  гъубжэ щIыкIэр
  • Нартхэм мэш ящIэмэ, къызэрахыжын яIэтэкъым, мэшым и ныкъуэр къафыщIыжмэ, и ныкъуэр яфIыхэкIуэдэжырт. Лъэпщ гупсысэщ-гупсысэри, къыхуэгупсыса щыIэкъым.
  • Тхьэгъэлэдж зыгуэр къытхуигупсысынщ, — жари Тхьэгъэлэдж деж чэнджэщакIуэ кIуащ нартхэр.
  • — Ар си акъыл зыхэмылъщ, — къажриIащ Тхьэгъэлэдж. — Уэрсэрыжь къафшэ, Уэрсэрыжь дечэнджэщынщ.
  • Уэрсэрыжь ирагъэджащ:
  • — Мэшыр къызэрытхынумкIэ дыночэнджэщынущ, — жари.
  • Уэрсэрыжь къакIуэри, бжэщхьэIум къыщебакъуэм лъэпэрэпащ.
  • — Тхьэгъэлэдж и унэ сыщIоджагуэ, — жиIащ Уэрсэрыжь щылъэпэрапэм.
  • Зы жьэгъу яхэсти, Уэрсэрыжь къыщIэнэкIащ:
  • — УщIэджагуэркъым, ущIоджалэ, — жери.
  • Ар и щхьэм иригъажэри, Уэрсэрыжь яхэкIыжащ — бжэщхьэIум къыщхьэдэхакъым.
  • — И ужь фиуви фыкIэлъыкIуэ: Уэрсэрыжь щхьэхуэпсалъэщ, Iуэрбжэрщ, и ужь фызэритыр зыкъевмыгъащIэ, фыкIэщIэдэIухь, — жари Уэрсэрыжь и ужь щIалэ ираутIыпщхьащ.
  • Уэрсэрыжь и щхьэ хуэпсэлъэжурэ мэкIуэж:
  • — Сыт хэлъ абы, нарт делэхэ: адакъэкIэ хуэдэу къэгъэш, къаз шырыдзэ хуэдэу дэпкIыкIыжи, аракъэ мэш къызэрыпхынур…
  • Уэрсэрыжь и ужь ита щIалэр нартхэм яхыхьэжащ.
  • — Сыт зэхэпха? — еупщIащ щIалэм.
  • — «Сыт хэлъ, — жиIащ, абы: адакъэкIэ хуэдэу къэгъэши, къаз шырыдзэ хуэдэу дэпкIыкIыж».
  • Лъэпщ и кIыщым кIуащ нартхэр:
  • — АдакъэкIэ хуэдэу къэгъэши, къаз шырыдзэ хуэдэу дэпкIыкIыж, — жари.
  • Лъэпщ гъущI тхьэмпэ игъэплъащ, хихуурэ адакъэкIэ хуэдэу къигъэшащ, къаз шырыдзэ хуэдэу дипкIыкIыжри, нартхэм къаритащ:
  • — Фрихэнумэ, ар гъубжэщ, — жери.
  • ХъумпIэцIэджхэр
  • ЦIыкIухэ, хъумпIэцIэджым теухуауэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ къэдвгъащIэ, дигу идвгъэубыдэ!
  • ХъумпIэцIэдж
  • гуащэ яхэтщ
  • ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдизкIэ псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ.
  • КъарууфIэхэщ
  • ЦIыкIу щхьэкIэ хъумпIэцIэджхэр егъэлеяуэ къарууфIэхэщ — езыхэм нэхърэ хуэдитхукIэ нэхъ хьэлъэ къаIэтыф, гъуэм яхьыф. ЛэжьакIуэшхуэхэщ, щхьэх ящIэркъым. ГъэщIэгъуэнщ: хъумпIэцIэджхэми IэщIагъэ яIэщ — зэхуэгуэшауэ щхьэж и къалэн егъэзащIэ. Хэт зигу къыдэмыжым йоIэзэ, хэт ухуакIуэщ, хэт шхын кърехьэлIэ, хэт псэупIэр ехъумэ.
  • ЗэрызэрыщIэ бзэ яIэщ
  • Зы хъумпIэцIэджыгъуэм щыпсэухэм езым я мэ яIэжщ — загъэгъуащэркъым, хами зыхагъэхьэркъым. Жыжьэ IукIами, тыншу къыщIагъэзэжыфыр аращ. ХъумпIэцIэджхэр тэрмэшкIэ зэрощIэхэр: я пащIэр, е я Iэ-я лъэр зэжьэхагъауэ. ХъумпIэцIэджыр бгъэпIейтея нэужь, пхэ лъакъуэкIэ мэуври, и ныбэр кърегъэпщ — абы зэрыгузавэр къокI.
  • ЛIэужьыгъуэ куэд мэхъу
  • Дунейм хъумпIэцIэдж лIэужьыгъуэу мин 13 хуэдиз тетщ. Абыхэм ящыщу лIэужьыгъуэ 300-м Урысейм ущрохьэлIэ.
  • ЗэфIэкI телъыджэхэр яIэщ
  • Нэхъ хьэпщхупщ губзыгъэхэм хабжэ: и щхьэ куцIыр клеткэ 250000-у зэхэтщ. Махуэ бжыгъэкIэ псы щIагъым щыпсэуфынущ, Iэпсэу-лъэпсэууи къыхэкIыжынущ.
  • Зэрысэбэпыр
  • ХъумпIэцIэджхэр икIи сэбэпщ: щIыр ягъэпшэр. ХъумпIэцIэдж куэду ущрихьэлIэ щIыпIэм гъавэр бэв щохъу.
  • Зэрыбжэ усэ
  • — Яз!
  • — Языр шэщ.
  • — ЯтI!
  • — ЯтIыр хьэсэщ.
  • — Ящ!
  • — Ящыр мэлщ.
  • — ЯплI!
  • — Жэмыр быдзиплIщ.
  • — Ятху!
  • — Iэр Iэпхъуамбитхущ.
  • — Ях!
  • — Яхыр мэшщ.
  • — Ябл!
  • — Яблэр бжьын благъэщ.
  • — Яй!
  • — Яир блынщ.
  • — Ябгъу!
  • — Яубгъур алэрыбгъущ.
  • — ЯпщI!
  • — ЯпщIыр цыщ.
  • Iэгъэбэгум и жэуап
  • — Iэгъэбэгуу
  • ПыIэжьынэ,
  • Хуабэвэхым,
  • ПыIэ хуабэ
  • Пщхьэрыкъуауэ,
  • ЗыбгъэлIыфIу щхьэ ущыт?
  • Уи щхьэ цIыкIум
  • Жьы щIебгъэхуу,
  • ЩхьэпцIэу хъуркъэ
  • Губгъуэм уит?!
  • — УмыщIэжу,
  • ШынэхъыщIэ,
  • КъызжепIащ
  • Си жагъуэ хъун.
  • И жэуапыр
  • Мырщ уи упщIэм:
  • ЛIым хуейщ пыIэ
  • Щхьэрыгъын!
  • АфIэунэ Лиуан.
  • Чыху-чыху, мафIэгу
  • ЦIыкIураш сымэ зы IэпкълъэпкъзэщIэгъэкI фэдгъэщIэнщ:
  • Фи Iэдакъэр къэгъэшауэ, Iэпхъуамбэхэр щIэгъэшауэ къэфкIухь. КъыщыфкIухькIи, фи лъакъуэхэр къэвмыгъэш. IитIыр гъуэрыгъуэурэ зэблэфхыурэ щIэвупскIэ. Iэ зэблэхыгъуэ къэс жыфIэ: «чыху-чыху, мафIэгу» (мафIэгум зыпыдощIыж). Мы IэпкълъэпкъзэщIэгъэкIым нэхъыщхьэу хэлъыр тхьэмбылыр фIыуэ игъэлэжьэнырщ: пэкIэ щызу жьы зыжьэдэфши, «чыху-чыху» щыжыфIэм ирихьэлIэу жьыр къыжьэдевгъэхуж — тхьэмбылыр къэвунэщI. ИкIи доджэгу, узыншагъэми догугъу!
  • Гуащэ хьэпшыпхэр
  • ЩIэщыгъуэщ Аккизовэ Имарэ и IэрыкIхэр — гуащэ хьэпшыпхэр. Гуащэхэр, псэущхьэхэр, бзухэр щищIкIэ къегъэсэбэп цы, фэ, щэкI, ятIагъуэ, нэгъуэщIхэри.
  • «Дэтхэнэ си гуащэми езым и хьэл иIэжщ», — жеIэ Имарэ. ЗэрыжиIэмкIэ, хьэпшыпхэр зытрищIыкIын тхыпкъэ (эскиз) игъэхьэзырыркъым. Езыр-езыру я щIыкIэ ягъуэтыжмэ нэхъ къещтэ. Хьэлу зыхалъхьэнури абы елъытащ. Гуащэ хьэпшып- хэр хэт нэжэгужэщ, хэт зигъэгусауэ фэ тетщ, хэт дырийпсырийуэ къыпщохъу, нэщхъей нэкIухэри яхэтщ. Адыгэ фащэкIэ хуэпа гуащэхэри иIэщ IэпщIэлъапщIэм. Фащэм Iэмал имыIэу кIэрылъын хуей пкъыгъуэ гуэрхэр якIэрилъхьэну къалэн зыщищIыркъым абы. Мыхэр нэхъ къызэрыгуэкIщ — аращ я щIэщыгъуагъри. Гуащэ хьэпшыпхэр щищIкIэ ятригъэкIуадэ зэманыр зэтехуэркъым. И гукъыдэжыр, хэбгъэзыхьмэ, езы гуащэхэм я гукъыдэжым щелъыта щыIэщ ар. Псалъэм папщIэ, илъэситI хъуауэ ныкъуэщIу щыт гуащэ иIэщ.
  • Аккизовэ Имарэ и лэжьыгъэхэр инстаграм напэкIуэцIым къыщыгъэлъэгъуащ, щIэупщIэ яIэщ. Ахэр зыIэрыхьэ сабийхэр хуабжьу щогуфIыкI.