ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И гуащIэм щымысхьу лъэпкъым  хуэлэжьа Къалмыкъ Жылэбий

2021-11-13

  • 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м куэдрэ мысымаджэу дунейм ехыжащ Къалмыкъ Жылэбий Адэлбий и къуэр.

  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къалмыкъ Жылэбий кавка-зыдж цIэрыIуэу икIи жылагъуэ лэжьакIуэу щытащ. Иужьрей илъэсхэм ар лэжьащ КъБКъУ-м тхыдэмрэ этнологиемкIэ и кафедрэм и доценту. Абы тхылъиплI, брошюрищ, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ епха тхыгъэрэ очеркыу 60-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Ар нэхъыбэу елэжьырт адыгэхэм я тхыдэм, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, КъБР-мрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щызэфIэувэ тхыдэщIэм.
  • Къалмыкъ Жылэбий 1945 гъэм КъБАССР-м и Совет районым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. 1952 — 1962 гъэхэм ар щеджащ Зэрэгъыж дэт курыт школым. ЩIалэм и хьэлыр зауэ нэужь лъэхъэнэм ипсыхьащ.
  • А зэманым Iуэху нэхъыщхьэу республикэм илъар яхуэмыфащэу ягъэкIуэдахэм я пщIэр къэIэтыжынырт, захуагъэм гъуэгу етыжынырт, хэкум ирагъэкIа балъкъэр лъэпкъым къызэригъэзэжырт, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур 1957 гъэм гъэлъэпIэнырт. А псом, дауи, щIалэм и дуней еплъыкIэм лъэужь къытримынэу къэнакъым. ЗэрыцIыкIурэ абы и гупсысэкIэр епха хъуащ жылагъуэмрэ цIыхубэ гъащIэмрэ щекIуэкI къэхъукъащIэхэм. Арагъэнщ 1962 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ факультетым щIэтIысхьэныр къызыхэкIар. Ещанэ курсым щIэсу, щIалэр армэм ираджэри, и къалэныр Хэкум хуигъэзэ-щIащ, абы къикIыжа нэужь, еджэным пищэри, «тхыдэдж, тхыдэмрэ обществоведенэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэхэр иIэу 1969 гъэм университетыр къиухащ..
  • Жылэбий иджыри студентт жылагъуэ Iуэху зезыхуэ къулыкъухэр къыхуагъэфэщэн щыщIадзам. Ар хахауэ щытащ КъБКъУ-м и комсомол комитетым и секретару икIи ныбжьы-щIэ минитхум нэс зыхэт комсомол организацэр зэрихьащ. КъБКъУ-м щызэхэт комсомолым и комитетым студент фестивалхэр иригъэкIуэкIыу къыщиублар Къалмыкъ Жылэбий ар щыIэщIэлъа лъэхъэнэрщ. Апхуэдэ фестивалхэр тIэунейрэ ирагъэкIуэкIауэ щытащ.
  • Къалмыкъ Жылэбий тIэу хагъэхьащ ВЛКСМ-м и Къэбэрдей- Балъкъэр обкомымрэ Налшык горкомымрэ. 1971 гъэм ар ягъэуващ ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и къызэгъэпэщакIуэ къудамэм и инструктору. Ауэ щIэныгъэм нэхъ зэрыдихьэхым къыхэкIыу, а илъэс дыдэм КъБКъУ-м СССР-м и тхыдэмкIэ и кафедрэм и аспирантурэм щIэтIысхьауэ щытащ.
  • А лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIэувэрт Къумыкъу Тыгъуэн и унафэм щIэту лъэпкъ тхыдэр зыдж щIэныгъэ къудамэр. Къалмыкъ Жылэбий а Iуэхум и фIэщу зэрыбгъэдыхьам и щыхьэтщ 1974 гъэм тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат лэжьыгъэр зэрыпхигъэкIар.
  • ИужькIэ Къалмыкъ Жылэбий и гуащIэр зэрыщыту щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ иритащ. 1971-1991 гъэхэм ар лэжьащ КъБКъУ-м СССР-м и тхыдэмрэ КПСС-м и тхыдэмкIэ и кафедрэхэм я ассистенту, егъэджакIуэ нэхъыжьу. Ар яхэтащ университетым кафедрэщIэ щызэфIэзыгъэувахэм — КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнологиемрэ егъэджыным хуагъэпсар. Абы мыхьэнэшхуэ иIэт Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм тхыдэ щIэныгъэм нэгъэсауэ зыщиубгъунымкIэ.
  • 1991 гъэм бадзэуэгъуэм Къалмыкъ Жылэбий а кафедрэм и доценту хахри, дунейм ехыжыху абы щылэжьащ. Абы иригъэкIуэкIырт КъБР-м ис лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ тхыдэмкIэ лекцэхэр. Езым къызэригъэпэщри, щIэныгъэ къудамитI щIэуэ хигъэхьауэ щытащ.
  • ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ятеухуауэ Къалмыкъыр зыхэлэжьыхьу щыта лъэныкъуэхэм куэду заубгъу. Кавказ Ищхъэрэм Урысейм и хабзэ-административнэ унафэм зэрызыщиубгъуам япэу тепсэлъыхьын щIэзыдза кавказыджхэм язщ Къалмыкъ Жылэбий. Абы теу- хуауэ тхылъитIи итхащ: «Установление русской администрации в Кабарде и Балкарии» (1995), «Интеграция Кабарды и Балкарии в общероссийскую систему управления (вторая половина XVIII — начало XX века)» (2007). Ардыдэм теухуауэ щIэныгъэлI лэжьыгъэ 40-м щIигъу итхри, урысей къыдэкIыгъуэхэм къыщытрыригъэдзащ.
  • Къалмыкъ Жылэбий къаруушхуэ тригъэкIуэдащ КъБР-м и тхыдэ щIэныгъэ къудамэм щIэуэ къыхыхьа, къэбэрдей тхыдэдж цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэр джын Iуэхум. 2002 гъэм абы къыдигъэкIа «Тхыдэджым и гупсысэхэр» тхылъым Iыхьэ щхьэхуэу хэуващ къэбэрдей тхыдэдж нэхъыжьхэм я гъащIэ гъуэгухэр: Къумыкъу Тыгъуэн, Мамбэт Хьэлым, Медалы Хьэчим, Нало Евгение сымэ ейхэр. Зы лъэныкъуэкIэ, абыкIэ Жылэбий езыр езыгъэджахэм пщIэ яхуищIащ. Мыдрейуэ — совет зэманым и ужьым лъэпкъ тхыдэ щIэныгъэм и пащхьэ къиува Iуэху зэфIэхыпхъэхэр къигъэнэIуащ.
  • Къалмыкъым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къахощ ар совет зэманым зэфIэува кавказыдж къудамэм зэрыщыщыр. Ар темыплъэкъукIыу тетщ тхыдэм и пэжыпIэм, зэхэгъэж мыщIыным, IэщIагъэлIым щэн хэлъын зэрыхуей мардэхэм. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, 1990 гъэхэм щегъэжьауэ лъэпкъ Iуэхум ехьэлIа лэжьыгъэ куэд дунейм къытохьэ, лъэпкъ щхьэхуэхэм я тхыдэр пхэнжу къигъэлъагъуэу. Жылэбий зэлэжьа тхыдэ къудамэхэм язт Кавказ Ищхъэрэм XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым — XX-м и пэщIэдзэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэр. Къалмыкъым и къэхутэныгъэхэр щызэпкърахащ Налшык, Владикавказ, Краснодар къалэхэм щызэхэта конференцхэм. Дэтхэнэ зыри теухуат Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я блэкIам.
  • Къалмыкъ Жылэбий лэжьы-гъэ зыбжанэ итхащ къэбэрдей адыгэхэм я деж муслъымэн диныр зэрыщызэфIэувам теухуауэ: «Ислъамым къэбэрдей адыгэ-хэм я тхыдэм щиубыд увыпIэр: XIX лIэщIыгъуэм и кIэ — XX-м и пэ). Политикэ и лъэныкъуэкIэ нэфI-ней къыхимыгъахуэу а Iуэхур зэпкърызыхахэм язщ Къалмыкъыр. Ар гупыж хъарзынэ хъуащ адрей тхыдэджхэри диным захуагъэр я щапхъэу бгъэдыхьэн папщIэ.
  • Гулъытэшхуэ хуищIащ Къалмыкъым Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я зэхущытыкIэми. ЛъэпкъитIым я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дэлъу псэунырт тхыдэджым и плъапIэ нэхъыщхьэр. «Тхыдэджым и гупсысэхэр» тхыгъэм абы щыжеIэ: «КъулыкъущIэхэри утыкуакIуэхэри къыкъуокIри мэкIуэдыж, ди лъэпкъитIыр абыхэм щхьэкIэ къэмынэу зэгурыIуэу зэдогъуэгурыкIуэ. ИужькIэ дымыукIытэжын папщIэ, нобэ зым адрейм и жагъуэ дымыщIмэ нэхъыфIщ». А къыхуеджэныгъэр лъэпкъитIми яфI зезымыхуэ къулыкъущIэхэрт зыхуэгъэзар.
  • Гу лъытапхъэщ Къалмыкъ Жылэбий республикэм ис лъэпкъ-хэм я зэхущытыкIэр къызэригъэлъагъуэ щIыкIэми. 1994 гъэм абы итхауэ щытащ: «ЛъэпкъитIми цIыху щхьэхуэхэр яхэтщ, пщIэ зыхурагъэщIын мурадкIэ бэр утыку ирагъэлъэдэну хэту. Абыхэм зыкIи тщхьэщахыркъым лъэпкъ зэхэгъэжыр и щхьэусыгъуэу республикэр зыхэхуэ хьэлэбэлыкъхэр». А гупсысэм и мыхьэнэр ноби нэхъ мащIэ хъуакъым.
  • И тхылъхэм я зыр Къалмыкъ Жылэбий хуигъэфэщащ езыр къызыдэкIа Зэрэгъыж къуажэм. Абы тхыдэджым къыщызэщIиубыдащ къуажэм дэсхэм я къекIуэкIыкIар, я ехъулIэныгъэхэр.
  • ЦIыхухэм сыт щыгъуи къалъыхъуэ зэпытщ Жылэбий газетхэмрэ журналхэм къытрыригъэдза и тхыдэ лэжьыгъэхэр. Езыр цIыхубэ утыку къыщихьэм деж, ар сыт щыгъуи зэпIэзэрытт, набдзэгубдзаплъэу, нэфI-ней хэмылъу Iуэхур зэрызэпкърихыным иужь иту. Жылэбий и утыку къихьэгъуэхэмкIэ совет зэман нэужьым республикэм и цIыхубэ гъащIэм мыхьэнэ зиIэу щекIуэкIахэр къыбощIэжыф.
  • Къалмыкъ Жылэбий щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъым, гъащIэм и пIалъэ зэрищIэм, езыри адыгэ хэкулIу зэрыщытым я уасэр наIуэ къыщыхъуащ 1980 — 1990 гъэхэм, лъэпкъ Iуэхухэр гуащIэу къыщыхъея зэманым. 1992 — 1994 гъэхэм ар Адыгэ Хасэм и лIыкIуэу хахри, къэбэрдей адыгэхэм я лъэныкъуэкIэ съездым хэлэжьыхьауэ щытащ.
  • 1993 гъэм Жылэбий хагъэхьащ Къэбэрдей лъэпкъым и конгрессым икIи абы и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. 1993-1994 гъэхэм ар Конгрессым и лIыкIуэу хэтащ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Чэнджэщэгъу советым. Абы къыщаIэтауэ щытащ политикэмрэ щIы Iуэхумрэ республикэм щызэфIэха зэрыхъуну щIыкIэм теухуа упщIэхэр. КъызэщIэубыдауэ жыпIэмэ, цIыхубэ, жылагъуэ гъащIэм хэпщIауэ и иужь-рей илъэсхэр ирихьэкIащ Къалмыкъ Жылэбий.
  • И лэжьэкIэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэм, цIыху щIыкIэм, бгъэдэлъ жэуаплыныгъэм и хьэтыр ялъагъуу, Къалмыкъыр адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым и унафэщIу хахауэ щытащ, КъБР-м и Парламентым къедзауэ лажьэ ЗэгурызыгъэIуэж комиссэми хагъэхьащ.
  • 2009 гъэм Къалмыкъ Жылэбий хагъэхьащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм. 2011 гъэм республикэм и Iэтащхьэм пщIэ къыхуищIу, ар хигъэхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэ щIэт ЗэзыгъэуIу совещанэмрэ Жылагъуэ советымрэ; республикэм ЩIы IуэхухэмкIэ и комиссэми, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо адыгэ академиеми хэтащ.
  • Псэемыблэжу лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтым, IэщIагъэлI нэгъэсауэ зэрыщытым, Iуэху еплъыкIэ зэтет зэриIэм къыхэкIыу, Жылэбий тыгъэ къыхуащIауэ щытащ ВЛКСМ-м и Обкомым, КъБКъУ-м, Зэрэгъыж къуажэм и администрацэм, КъБР-м и Парламентым къабгъэдэкI тыгъэхэмрэ цIэ лъапIэхэмрэ. Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ, Къалмыкъ Жылэбий 2010 гъэм къыхуагъэфэщащ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр.
  •  Къалмыкъ Жылэбийщ Тхыдэр зыдж урысей зэгухьэныгъэм и къудамэ Налшык къыщызэIуезыгъэхар.
  •  ХэкулI-хэкупсэу, пэжым лIыгъэ дигъуэту, гуапагъэр къебэкIрэ цIыхур фIыуэ илъагъуу псэуа Къалмыкъ Жылэбий тхыдэм елэжь щIалэгъуалэм дежкIи, и лъэпкъым хуэпэж дэтхэнэ зым дежкIи щапхъэщ, ахърэт нэху Алыхьым кърит.
  • Къудей Аминэ.