ХэкулI щыпкъэ Есчындар Мухьэдин
2021-11-13
- ЩэкIуэгъуэм и 15-м и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм. Абы къызэринэкIащ IуэхукIэ, лэжьыгъэ купщIафIэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ кIыхь, ар къапхыкIащ тхыдэ мыхьэнэ зиIа лъэхъэнэ зыбжанэм.
- Зы лIы ныбжь къыщызэбнэкIам деж блэкIам ухуоплъэкIыжри, къохъулIамрэ къомыхъулIамрэ, пхузэфIэкIамрэ узыхунэмысу къэнамрэ къыбопщытэж. Абы щыщ дэтхэнэ лъэбакъуэри лъапIэщ цIыхум дежкIэ, куэдым уогупсысыж, блэкIам нэгъуэщIу уIуоплъэж. А блэкIар бейуэ къызыхущIэкIахэм ящыщщ Есчындарыр, ауэ «къаплъэ нэхърэ къиплъ» жыхуаIэращи, лъэныкъуэкIэ укъыщытмэ, нэхъыбэж болъагъу.
- «КъызэрыгуэкI Iуэху къохъулIэн щхьэкIэ, Iуэхугъуэшхуэхэр уи плъапIэу щытын хуейщ» къыхуеджэныгъэм тету мэпсэу Мухьэдин. Абы и гъащIэр и щапхъэщ цIыхум езым и къарурэ зэфIэкIкIэ куэд зэрызригъэхъулIэфым.
- Зи махуэшхуэр зыгъэлъапIэ ди къуэшыр зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа Беслъэней шэрджэс къуажэм къыщалъхуащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ленинград къыдаша сабий 32-р къезыгъэла беслъэнейдэсхэм я щIэблэщ Есчындарыр. Гитлер и щхьэфIэххэр яужь ит пэтми, абыхэм ящымышынэу, сабийхэр унагъуэ-унагъуэкIэ зэбграшри, я унэ тхылъхэм ирырагъэтхауэ щытащ адыгэхэм. А Iуэхум я щхьэр халъхьэн хуей зэрыхъунур ящIэми, зы адыгэ къикIуэтакъым, сабийхэр кърагъэлащ.
- И лъэпкъым, къуажэгъухэм къакъуэкIа лIыгъэм иригушхуэ Мухьэдин къару къыхэзылъхьэхэм ящыщщ зи гугъу тщIа Iуэхур, езыри а щапхъэ дахэм ирикIуэри, и гъащIэ псом телэжьащ шэрджэс лъэпкъым и пщIэр къэIэтыным.
- И адэ-анэ Абдурэхьманрэ Рэбихьэтрэ я сабиибгъум я ебланэт Мухьэдин. ЗыхапIыкIар зэман гугъу пэтми, адэ-анэм яхузэфIэкIащ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху щыпкъэу гъащIэм хагъэувэн, абыкIэ езыхэр щапхъэ нэс яхуэхъуащ, лэжьыгъэмрэ цIыхугъэмрэ пщIэ хуащIу япIащ.
- Мухьэдин пщIэшхуэ хуищIырт Хэку зауэшхуэм хэта и адэм, абы и псалъэхэрщ гъуазэ хуэхъуари, аращ еджэным хуэзыущияри. ЦIыху хуэдэ цIыхуу щытынымкIэ мыхьэнэшхуэ игъэзэщIащ и анэми. Ар зыцIыхуу щытахэм жаIэж щIалэм зыхилъхьа хьэлыфIхэр — жыджэрагъыр, гурыхуагъэр, пашэу щытыныр, щIэм хуэпабгъэныр — и анэм хэлъу зэрыщытар. Абы и чэнджэщхэмрэ псалъэ Iущхэмрэ сытым дежи къыхуэсэбэпащ Мухьэдин, я нэхъ IэнатIэ гугъу дыдэм щыпэрыхьами. Зэанэзэкъуэм зэпыщIэныгъэ быдэ я зэхуаку дэлът. Мухьэдин махуэ къэс телефонкIэ епсалъэрт и анэм, Iэмал зэриIэу лъагъунлъагъу кIуэжырт. АбыкIэ абы игъэлъэгъуащ, и къулыкъу лъагэхэм емылъытауэ, къуэ гумащIэу зэрыщытыр.
- ЕджэнкIи, Iуэху щIэнкIи, гупсысэкIэкIи зэрыцIыкIу лъандэрэ къуажэ сабийм къахэщырт Мухьэдин. Ар дэни щыяпэт. Беслъэней курыт школым фIы дыдэу щеджащ, математикэм нэхъ дихьэхыу щытащ. Абы щыгъуэм егъэджакIуэхэм гу лъатат щIалэ цIыкIум акъыл жанрэ гупсысэ куурэ зэриIэм, гъуэгуанэшхуэ къызэрыпэщылъым.
- Мухьэдин сытым дежи тхылъыр и Iэпэгъут. Беслъэнейдэсхэм абы и гугъу щащIкIэ, ягу къагъэкIыж ар сытым дежи тхылъ еджэу зэрыщытар, сыт ищIэми, дэнэ щыIэми, тхылъыр IэщIэлъу зэралъагъутэр. ИкIи пцIы супсынкъым, мис а тхылъхэм я фIыгъэкIэ цIыху лъэрызехьэ зэрыхъуар жысIэмэ.
- Школыр къиуха нэужь, «Беслъэней» совхозым механизатору лэжьэн щыщIидзащ Мухьэдин, кIэщI дыдэуи комсо-мол зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ ящIащ.
- 1971 гъэм, и ныбжьыр илъэс 20 ирикъуа къудейуэ, къалащхьэм кIуэри, Москва финанс институтым щIэтIысхьащ.
- Япэ махуэм щегъэжьауэ жэуаплыныгъэ зыхэлъ, гъэсэныгъэ екIу зыбгъэдэлъ, щIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэу зыкъигъэлъэгъуащ абы. Къыдеджэхэм пашэу зэрахэтым гу щылъатэм, институтым и ВЛКСМ зэгухьэныгъэм и секретару 1973 гъэм ягъэуващ. Абы псоми зэрепсэлъэн бзэ къахуигъуэтыфырт, сыт и ныбжьми, сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами емылъытауэ. КъищынэмыщIауэ, литературэм, гъуазджэм, жылагъуэ гъащIэм фIыуэ хищIыкIырти, абыхэм ятеухуауэ гъэщIэгъуэну къыбдэуэршэрыфырт.
- Студенту къригъажьэри, зыщIэтIысхьа еджапIэм и ректор хъуащ Мухьэдин. Студенту, аспиранту, деканым и къуэдзэу, къудамэм и унафэщIу, декану, проректору, япэ проректору лэжьащ, 2006 гъэ лъандэрэ ректор къулыкъум пэрытщ. Абы ипкъ иткIэ, IэнатIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыуэ щыгъуазэщи, къалэну къэувым, цIыкIуми инми, езыр полъэщ, гупышхуэр зы унагъуэу зэдегъэлажьэ. ФинансхэмкIэ университетыр Есчындарым и унафэ щIэува нэужь, къэралым щынэхъ лъэрызехьэ еджапIэ нэхъыщхьэ хъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Аращ нобэрей лъэпкъ IэщIагъэлI нэхъ ехьэжьахэр къыщIэзыгъэкIыр.
- Иджы, щэкIуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ, Есчындарыр ФинансхэмкIэ университетым и Президенту лэжьэнущ.
- Еджагъэшхуэ, IэщIагъэлI къызэрымыкIуэу зэрыщытым къыдэкIуэу Мухьэдин цIыхугъэшхуэ зыхэлъ лIыщ. И ныбжьэгъухэм ящIэ абы хуэдэу ныбжьэгъум пщIэ хуэзыщI, ныбжьэгъугъэм хуэпэж зэрыгъуэтыгъуейр. Сэ илъэс 30 лъандэрэ си ныбжьэгъущи, солъагъу абы хэлъ хабзэмрэ нэмысымрэ, цIыхухэм зэрахущытымрэ къэзыухъуреихьхэм пщIэуэ яхуищIымрэ. Сыт щыгъуи чэнджэщэгъу пщIыну щхьэпэщ, дэIэпыкъуэгъу ухуэныкъуэми япэ иту къэсынухэм ящыщщ.
- Ныбжьэгъу куэд иIэщ Мухьэдин, уеблэмэ ахэр и гъащIэм щынэхъыщхьэ тхылъу къелъытэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри пщIэ, беягъ куэд зыбгъэдэлъ цIыхухэщ. Къапщтэмэ, ар къэзыухъуреихьхэр къулыкъу лъагэхэм пэрыт, щIэныгъэ куу зиIэ защIэщ е къызэрыгуэкI цIыху къабзэхэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми къыщохъуж Мухьэдин и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэр езырауэ, мис апхуэдэу дэтхэнэми пщIэ хуищIрэ и щхьэр лъагэу иригъэлъагъужу егъэныбжьэгъуфри. Къулыкъу лъагэ иIыгъ, цIыхушхуэхэм яхэт щхьэкIэ, Мухьэдин беслъэней щIалэ цIыкIум и псэ къабзагъыр игъэкIуэдакъым, и сабиигъуэм хэлъа зы хьэлы-фIи зыхинакъым. Зэи щыгъупщэркъым цIыхур гъащIэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэу зэрыщытыр.
- Мухьэдинрэ сэрэ ди зэныбжьэгъугъэр лъэщщ икIи быдэщ, ауэ бий дыщызэрыгъэхъуи щыIэщ, дызыдэщI футбол командэхэр зэрызэмыщхьым щхьэкIэ. Ар «Динамо»-м и телъхьэщ, сэ сызыдэщIыр «Спартак»-рщ. Ди командэхэр щызэдэджэгу махуэм дэ тIур дызэхуэмызэмэ нэхъыфIщ. Иужьрейуэ стадионым дисащ ди футбол командэхэр зэдэ-джэгуу. Сыту куэд щыщIа ди псэм абы щыгъуэм. Сэ зы лъэныкъуэкIи, «Спартак»-м и текIуэныгъэм сыщIэхъуэпсырт, зы лъэныкъуэкIи, Мухьэдин и юбилейм ирихьэлIэу игу хэзгъэщIыну сыхуейтэкъым. Алыхьыр къыддэIэпыкъуащ — командэхэр зэрытегъэкIуакъым.
- Есчындарым гъэщIэгъуэну хэлъхэм ящыщщ езым бгъэдэлъ акъылымкIи, цIыхугъэмкIи, гъэсэныгъэмкIи, щIэныгъэмкIи адрейхэм зэрадэгуэшэфыр. И хъуреягъым щыт псори тригъэгушхуэфынущ абы. Арагъэнщ апхуэдиз илъэс лъандэрэ цIыху гупышхуэ щылажьэ, щеджэ университетыр, пашэхэм хабжэу, щIигъэлэжьэфри. Абы къулыкъукIи, лэжьыгъэкIи, щIэныгъэкIи куэд хузэфIэкIащ, мащIэкъым а псом щхьэкIэ къыхуагъэфэща щытхъухэмрэ фIыщIэхэмри. 1996 гъэм абы къратащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр 1997 гъэм къратащ, 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и саугъэтым и лауреат хъуащ, «Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 2009 гъэм къыфIащащ, «Урысейм и хэкупсэ» медалыр, Николаев Лев и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалхэр, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и IV, III нагъыщэхэр, Столыпиным и медалыр къратащ.
- Зыпэрыт лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэ куэдым и гуащIэ хелъхьэ Мухьэдин. Ар хэтщ Урысей Федерацэм и Президентым, министерствэ зыбжанэм я деж щыIэ къэпщытакIуэ гупхэм, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и ЩIэныгъэ советым, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, УФ-м и Налог къулыкъущIапIэм я Жылагъуэ советхэм хэтщ, Урысей ректорхэм я союзым и унафэщI гупым, компание, банк зыбжанэм я УнафэщIхэм я советхэм хэтщ, УФ-м Дзэ щIэныгъэхэмкIэ и академием и действительнэ членщ.
- А псоми къадохуэри, къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ и гулъытэрэ IуэхущIафэкIэ ялъоIэсыф. Ар сытым дежи щыгъуазэщ и хэку цIыкIум щекIуэкI Iуэхухэм, хэгъэгу Iэтащхьэхэм япыщIащ, чэнджэщкIэ, щIэныгъэ IуэхукIэ сыт щыгъуи я щIэгъэкъуэнщ.
- Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным щыщ щIалэгъуалэ куэдым я хъуэпсапIэщ ФинансхэмкIэ университетым щIэтIысхьэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм щапхъэ яхуохъу еджапIэ лъэрызехьэм и ректор адыгэ щIалэр.
- И хэкум гупцIанэу зэрыхущытым и щыхьэтщ республикэ Iэтащхьэхэм езы Мухьэдин къыхуащI гулъытэри, апхуэдэу 2018 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр къыхуигъэфэщауэ щытащ, Ингуш Республикэм и ЩIыхь тхылъыр къритат Iэтащхьэу лэжьа Евкуров Юнус-Бек. Ар Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш республикэхэм, Бурятием, Къалмыкъым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ.
- Сыт хуэдэ къулыкъу пэрымытами, Есчындар Мухьэдин щIэныгъэ Iуэхум зэи къыхэкIакъым. Урысейм и къэкIуэнум, экономикэ, финанс, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм зегъэужьыным хуищI хэлъхьэныгъэр куэдщ икIи куущ.
- НобэкIэ Мухьэдин дэзыхьэх Iуэхухэм иджыри зы къахэхъуащ — ар и къуэрылъхухэрщ. Адрей зыпэрыта IэнатIэ псоми щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм йофIэкIыж адэшхуэм игъэзащIэ къалэнымрэ мыхьэнэмрэ. Ауэ ахэр зэгуэпх мыхъуну зэпхащ. Абы сытри ищIэнущ и къуэрылъхухэр Урысей лъэщым, зызыужь зэпытым къыщыхъун, щыпсэун папщIэ.
- Уи махуэшхуэмкIэ сынохъуэхъу, си ныбжьэгъу! Узыншагъэрэ насыпрэ уи куэду, уи щIэныгъэмрэ акъылымрэ дяпэкIи уи гъуэгур пхуагъэнэхуу Тхьэм уигъэпсэу!
- Агъырбэ Юрий,
- Москва къалэм щIыхь зиIэ и ветеран,
- Москва дэс адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и Нэхъыжьхэм
- я советым и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор,
- Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм,
- Ингушым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.