ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым кадет классыщIэ къыщызэIуахащ

2021-11-13

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ «К» классым щIэс цIыкIухэр кадетым зэрыхагъэхьэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм. Iуэхур щекIуэкIар Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэрщ. Кадет ныбжьыщIэ 29-м тхьэрыIуэ ятащ икIи а цIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъхэри иратыжащ.

  • Илъэс кIуам, КъБР-м щыIэ МВД-м и жэрдэмкIэ, мы еджапIэм къыщызэIуахащ япэ кадет классыр икIи а проектым арэзы техъуауэ щытащ сабийхэри адэ-анэхэри.
  • Республикэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ: «Урысейм и кадет зэщIэхъееныгъэм илъэс щитI тхыдэ иIэщ икIи ноби ди сабийхэр хэкупсэу, къэралым къулыкъу хуэщIэным хуэхьэзыру къэгъэтэджынымкIэ Iэмал хъарзынэу щытщ. УзыщыгуфIыкIынщ ка-дет зэщIэхъееныгъэм республикэм адэкIи зэ-рызыщиужьыр». КIуэкIуэ Казбек а лэжьыгъэм жыджэру хэт псоми фIыщIэ яхуищIащ икIи кадет ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ а цIэр щIыхь пылъу зэрахьэну.
  • Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ кадет зэщIэхъееныгъэм зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэм зэрызыщIагъакъуэм папщIэ.
  • Павлов Василий тепсэлъыхьащ еджапIэм кадетхэм щагъуэт щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ: «Кадетхэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ хузэ- халъхьащ сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта программэ, абы хэтщ урысей милицэмрэ полицэмрэ къызэрызэрагъэпэщам, абыхэм зэрызаужьам щIэблэр щыгъэгъуэзэным, хабзэхъумэхэм я лэжьыгъэр зыхуэгъэпсам теухуа дерсхэр».
  • Кадет ныбжьыщIэхэм апхуэдэу ехъуэхъуащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, курыт еджапIэм и унафэщI Хъарзынэ Анзор, КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан сымэ.