ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэр дахьэхрэ псэр яхьэхуу

2021-11-13

  • СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Гуданаев Борис и гъэлъэгъуэныгъэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху дахэщ — и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуарщ.

  • Гуданаев Борис 1951 гъэм Къэзахъстаным и Головачевкэ къуажэм къыщалъхуащ. 1983 гъэм абы къиухащ ЖивописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ академиеу Репин И. Е. и цIэр зезыхьэр (Ленинград), 1986 гъэм — ХудожествэхэмкIэ Урысей академием монументальнэ живописымкIэ и творческэ мастерскойр. Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ хэтщ, 2016 гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI» цIэ лъапIэр къыфIащащ. ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и академикщ (2018), 1985 гъэм щегъэжьауэ ди республикэм, абы и гъунэгъу щIыналъэхэм щекIуэкIа, урысейпсо, лъэпкъ зэхуаку мыхьэнэ зиIэ гъэлъэгъуэныгъэхэм и IэдакъэщIэкIхэр хэтащ.
  • Борис и лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэрыратым и щыхьэту, ахэр щахъумэ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и ЩIэныгъэ- къэхутакIуэ институтым, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ А. и цIэр зезыхьэм, Ставрополь крайм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм, Краснодар и ЩIына- лъэ художественнэ музей, апхуэдэуи художественнэ галерее-хэм, ди къэралми нэгъуэщI хэгъэгухэми я коллекционерхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ.
  • ЖыпIэнурамэ, Борис и гъащIэ псор гъуазджэм хуэлэжьэным триухуащ. Абы и гуащIэм къызэщIеубыдэ хьэуа къабзэм и жьы гуакIуэр къызыпих IэдакъэщIэкIхэмрэ цIыхум и хьэл-щэныр къызэрыбджыкI сурэтхэмрэ скульптурэр лъабжьэ зыхуэхъу лэжьыгъэхэмрэ.
  • Гуданаевым и къалэмыпэм къыпыкIащ Iуащхьэмахуэ районым, ди республикэм и щIыналъэ щхьэхуэхэм я дахагъэр, абы и цIыху цIэрыIуэхэр наIуэу ди нэгу къыщIэзыгъэувэ лэжьыгъэхэр.
  • ЖытIа псом я щыхьэтщ музейм и бжэр зэрыIупхыу уи пащхьэ къихутэ лэжьыгъэхэр. Япэ пэшым къыщыщIэдзауэ псоми щIэплъагъуэр нэр дэзыхьэх, псэр зыхьэху защIэщ. Плъыфэбэу зэщIэжьыуэ удз гъэгъахэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ уи гур гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэкIэ ягъэнщI, цIыху щхьэхуэхэм, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ яхэту, я су-рэтхэм гушхуэныгъэ къыпхалъхьэ, философие гупсысэ куу зыщIилъхьа IэдакъэщIэкIхэми «къыбжаIэр», гугъуехь лъэпкъ хэмылъу, къыбгуроIуэ. «Жэнэтым кърахуахэр», «Лъыпэ къигъэкIын», «Уэшх нэужьым», «Пщыхьэщхьэ», нэгъуэщIхэми я фIэщыгъэм къагъэлъагъуэ абыхэм псоми нэхугъэ гуэррэ гупсысэ куурэ зэращIэлъыр.
  • — ФэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу жысIэнщи, Гуданаев Борис сэ нэхъыфI дыдэу слъагъу сурэтыщIхэм ящыщ зыщ, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. — Псом хуэмыдэжу сыдехьэх абы плъыфэхэр зыми емыщхьу къызэригъэсэбэпым, зэрызэхилъхьэм. УзыIэпешэ, узрегъэплъ, узыщIегъэгупсысыж… аракъэ нэхъыщхьэу гъуазджэм хэлъри?! Сурэтхэр ар зыщIам ещхьу къызолъытэ сэ. Борис езыр цIыхуфIщ, цIыху хуабэщ, цIыху щабэщ, аращ и сурэтхэми гуапагъэ мыкIуэщIыр къащIыпкърыкIыр.
  • АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэ- лъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий, ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ, Гуданаевым и ныбжьэгъуфI Зумакулов Борис, ди республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип, коллекционер Локьяев Рашид сымэ. Абыхэм зыжьэу жаIащ мы гъэлъэгъуэныгъэр Гуданаевым къилэжь пщIэм зэриIыхьэ ма-щIэр, и сымаджагъэм къыхэкIыу зэIущIэм къызэрыримыхьэлIэфар абы и жагъуащэ зэрыхъур, екIуу, дахэу зэрекIуэкIар зэрыхуаIуэтэ-жынур. Гъуазджэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, ар нэгъэсауэ къызыгурыIуэхэр тепсэлъыхьащ Борис и гуащIэм, ар сурэтыщI Iэзэу, гуащIафIэу зэрыщытыр къыхагъэщащ. Адрейхэм япэ къафIищырт и цIыхуфIагъымрэ и гу пцIанагъэмрэ. Дауэ мыхъуми, а Iуэхугъуэхэм зэкIэщIэчыпIэ яIэу си гугъэкъым, псори щызэгъусэм и деж тIэунейкIэ, нэхъыбэжкIэ цIыхум и мыхьэнэр багъуэу аркъудейщ. Аращи, хужаIа псалъэ гуапэ псори зи махуэр зыгъэлъа-пIэ IэщIагъэлIым и деж нэсыжы-ну, абыхэм гукIи псэкIи щыгуфIыкIыну дэри ди гуапэщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ Гуданаев Борис и гъэлъэгъуэныгъэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджы япэу къыщызэIуахыу зэрыарар. Ар екIуэкIынущ щэкIуэгъуэм и 28 пщIондэ. Мы махуэхэм къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зрагъэлъагъуфыну IэдакъэщIэкIхэр, къанэ щымыIэу, уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъ защIэщ.
  •  ИСТЭПАН Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.