Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-11-13
- Iуащхьэмахуэ и адэ
- Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ!
- А вулканыр куэдым яцIыхуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэмыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къибыргъукIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ! Географ цIэрыIуэ Страбон и тхыгъэхэм (ди эрэм и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щыта, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къызэзынэкIа алыдж географщ) дызытепсэлъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэлеяуэ абрагъуэу щытащ, ауэ и къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехым-ехыурэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ.
- Хэт ищIэнт зы зэман Шэджэмыщхьэ вулканым и зы къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ езым нэхърэ нэхъ лъагэ хъуну?!
- Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ умыплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэтIакъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхыркъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ пIэрэ жыуегъэIэ, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэщыгум ныбжь гуэрхэр къиувэу къыпщохъу. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи. хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэ-хэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ.
- Дохъушокъуэ Синэ.
- Гу щIыIэ
- Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зеб-гъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым, сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт…
- Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэр къибдзэртэкъым. Зызэхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкърыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар бухыху. ИтIанэ-щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIыпIэ щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла гъуэгур къэбгъуэтыж-ри укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ бжэIу- пэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ успхъуэтэжын пфIэщIу къыщIэкIынут.
- Ауэ сэ иджы сы гу щIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн.
- Си бжэIупэм IуищIа мылым ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури утехуащ. УкъызэфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым. Жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри, укъыIузгъэхьакъым. Сылеймыгъэгъут. Сы гу щIыIэт. УэркIэ сы гу щIыIэт.
- Гугъуэт Заремэ.
- Зи игъуэр дахэщ
- КъыптекIуэр лъэщщ.
- МафIэм сахуэ ещIри, дзэм шхахуэ ищIыркъым.
- Шу гъуэгурыкIуэм бзыпхъэ трех.
- Хамэхьэр къохьэри, унэхьэр иреху.
- ЗыщI нэхърэ еплъ нэхъ Iэзэщ.
- Джэду здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ.
- Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.
- Зи игъуэр дахэщ.
- Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъапIэщ.
- Хейм и лъыр хамэм ещIэж.
- Хуарэр дэхуэхмэ, гум йокъу.
- ЦIыхум я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, ягури зэхуэдэкъым.
- Лыр быдэмэ, серчэм хэвгъэлъ
- Пхъэщхьэмыщхьэ компот щывгъавэкIэ, шыгъу тIэкIу хэфлъхьи, фошыгъуу ихьынур нэхъ мащIэщ.
- * * *
- Кхъуейлъалъэр гуащIэ хъуамэ, шэм зы сыхьэт хуэдэкIэ хэвгъэлъи, гуащIагъэр щIэкIыжынущ.
- * * *
- Бдзэжьейр щывгъажьэкIэ, пIащIэу зэтегъэжауэ кIэртIоф тIэкIу дэвгъажьи, бдзэжьеимэр игъэкIуэдынущ.
- * * *
- Бжьыныр фымыгъэлыбжьэ и пэкIэ хьэжыгъэм хэфкухьмэ, и фэр тхъуэплъ дахэ хъунущ.
- * * *
- Пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуар япэщIыкIэ псы хуабэм сыхьэтищ хуэдизкIэ хэвгъэлъмэ, компот вгъавэм и фэр нэхъ дахэ, езыри нэхъ гурыхь хъунущ.
- * * *
- Пхъыпсым тхъуцIынэ тIэкIу хэплъхьэмэ, нэхъ гуакIуи, нэхъ IэфIи мэхъу.
- * * *
- Бдзэжьейр щыбгъажьэкIэ мащIэ-мащIэурэ псы тIэкIу щIэпкIэмэ, нэхъ IэфIи, нэхъ щаби мэхъу.
- * * *
- Лыр быдэмэ, вгъэжьэн и пэкIэ серчэм тIэкIурэ хэвгъэлъ.
- Къэб зыдэлъ хьэлывэ
- ПщагъэкIэ япща тхьэвыр гуэдз хьэжыгъэ зытегъэщэща Iэнэм тралъхьэри, я хьэлъагъыр г 60-70 хъу Iыхьэурэ зэпаупщI, я Iувагъыр мм 2 — 3 хъууэ яху, къэб хьэжар тралъхьэри, тхьэв кIапэхэр зэрагъэубыд. Хьэлывэр тхъу зыщыхуа тебэм иралъхьэ, хьэкулъэм ирагъэувэри, хьэзыр хъуху, дакъикъэ 20 — 25-кIэ, ягъажьэ.
- Хьэлывэм дэлъынур: зи фэр нэхъ Iув къэб къащтэ, ятхьэщIри, ялъэщIыж, IупщIэурэ зэгуауд, и кум жылэри лъэхъыцхэри кърах, и фэр трагъэж, къэнар лыхьэжым щIагъэкI. Абы фошыгъу халъхьэ, зэIащIэри и щхьэр тепIауэ дакъикъи 10 — 12-кIэ щIыIапIэм щагъэт. Псы лей къыщIэжамэ, щIакIэж.
- Халъхьэхэр:
- Тхьэвым: гуэдз хьэжыгъэу — г 500, шэуэ — г 250-рэ, пщагъэу — г 40, шыгъуу — г 5, фошыгъуу — г 30.
- Хьэлывэм дэлъынур:
- къэбу — г 700.
- Къубатий Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Псыхьэ щыкIуэкIэ пэгунитIыр абы фIадзэ. 5. Нарт Щэуей и адэр. 7. ЦIыхур къызытепщIыкIауэ къалъытэ псэущхьэ. 8. Гъэгъа хужь Iэрамэхэр куэду къызыпыкIэ жыг. 9. Аушыджэр къыщалъхуа тхакIуэ. 10. Къуалэбзу пIащэ. 15. А хьэкIэкхъуэкIэм «лъэбыцэжькIэ» йоджэ. 16. ХадэхэкI. 17. Фэншэ, теплъэншэ. 18. КIуэ пэтми гущэм … икIуркъым. 19. ЩIакхъуапхъэ.
- Къехыу: 2. ЩэкI кIапэ. 3. Уэс зэратхъу. 4. Къуэпс кIыхь, лъэдий быдэ зиIэ, шэмэджыр «зыгъэтхьэусыхэ» удз. 5. Хэтхэ я унэ … тес? 6. Адыгэ уэрэдыжь цIэрыIуэ «Щауэ …». 11. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, егъэджакIуэ, литературэ лэжьакIуэ … Хьэмыщэ. 12. А цIэр зэрихьэу ди республикэми Къэрэшей-Шэрджэсми къуажэ щыIэщ. 13. Унагъуэ къулейм я IуэхутхьэбзащIэ. 14. ЦIыхубз пшэрыхь …
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩэкIуэгъуэм и 3-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Ахьмэдхъан. 2. Къузгъун. 6. Уд. 8. Хьэ. 10. Акъсырэ. 12. Жэп. 13. Сэхъу. 14. Хъэрахъэ. 15. Сэ. 16. ГъущI. 18. Баку. 20. Бзэгузехьэ.
- Къехыу: 1. Арму. 2. Мэкъу. 3. Хъан. 4. Налъэ. 7. Дапхъэ. 8. Хьэсэгъу. 9. Бжы. 11. Пхъужь. 15. Сэмб. 17. ЩIакIуэ. 18. Блэ. 19. Уае.