ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыжевских Вадим: Уи щэнхабзэр пхъумэн зэрыхуейм и щапхъэщ адыгэхэр

2021-11-13

  • Илъэс зыбжанэ мэхъу Витебск дэт Музыкальнэ колледжым и студент, белорус щIалэ Мыжевских Вадим кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм щыгъуазэ зэрыхъурэ. Адрейхэм къахигъэщу, Вадим итхьэкъупащ адыгэхэм ейм.

  • — Зэгуэр инстаграмым щызэбграх хъыбарыщIэхэм срижэурэ, Нэхущ Тимур и «Бей къудэ, бей дан» псынщIэрыпсалъэм срихьэлIащ, — игу къегъэкIыж ныбжьыщIэм. — Си пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым ар ягъэзащIэурэ зэIэпызыххэм сазэрыхыхьам Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдизу цIэрыIуэ сыщищIыну.
  •  ЩIэныгъэм и хьэтыр зылъагъу дэтхэнэ цIыхуми къыдекIуэкI хьэлщ гъунэгъум деж щыщIэдзауэ жыжьэ щыпсэу хамэм нэс и Iуэху зыIутыр зригъэщIэныр, нэгъуэщI лъэпкъхэм къадекIуэкI фIым дэплъеиныр. Вадим зэрегупсысымкIэ, апхуэдэущ цIыхум и къэухьым зэрызригъэужьри и хьэлыр зэрызэтеувэри.
  • — Сэ адыгэ лъэпкъым пщIэшхуэ хузощI, псом хуэмыдэу я щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щIыхь зэрыхуащIым къыхэкIкIэ, — жеIэ езы Вадим. — Нобэрей щIалэгъуалэм ящыщу зэплъэкIыжыр, езыр къызытехъукIахэм я блэкIам егупсысу къэгъуэгурыкIуэр мащIэщ. Адыгэхэр щапхъэу къыщIэсщтар я нэхъыжьхэм къащIэнар яхъумэныр къалэну зэрызыхуагъэувыжырщ. Минск дэт лъэпкъ библиотекэм Къущхьэбий Анзор и тхылъ къыщызгъуэтащ адыгэхэм я тхыдэм теухуауэ. Унэм пхьыну къуатыртэкъыми, сыхьэт зыбжанэкIэ тхылъ хъумапIэм сыщIэсащ абы седжэу, фIыуэ слъэгъуа лъэпкъыр нэхъыфIу зэзгъэцIыхун папщIэ.
  • Гуращэм утеIэбэным нэхърэ нэхъ гухэхъуэ сыт щыIэ? Мыгъэрей гъэмахуэм Витебск щрагъэкIуэкIащ «Славян бэзэр» зи чэзу ещэщIанэ дунейпсо фестивалыр. Адрей лъэпкъхэми я гъусэу, абы хэтыну ирагъэблэгъат «Кабардинка» къэфакIуэ ансамблымрэ Кавказ Ищхъэрэм и республикитхум я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ. Вадим апхуэдэ Iэмал зыIэщIигъэкIынт? Куэдрэ мыгупсысэу, щIалэ жыджэрыр КъБР-м и лIыкIуэхэр зригъэцIыхуну «Iупхъуэ къуагъ» уэршэрым хохьэ. Ди республикэм цIыху куэд къинэжа къыщIэкIынкъым белорус щIалэм адыгэбзэкIэ псынщIэрыпсалъэ къыжьэдэлъэлъу Нэхущ Чэрим щыбгъэдэт видеоролик цIыкIур имылъэгъуауэ.
  • Мыжевских Вадим зэрыцIыкIурэ къэфэным дехьэх. Интернетыр къигъэщхьэпэурэ, абы адыгэ къэфэкIэми зригъэсэну мурад ищIащ икIи абы Белоруссием къыщигъуэта ди лъэпкъэгъу щIалэ Къармэ Алим и гъусэу «лъапэрисэр» мыгувэу игъэзэщIащ. Къафэм къыкIэлъыкIуащ виолончель IэмэпсымэмкIэ игъэзэщIа «Адыгэ нысэр». ГъэщIэгъуэнращи, Вадим адыгэхэм я щэнхабзэм зэрызыщигъэгъуазэр музыкэмрэ къафэхэмкIэщ, абы-хэм ятеухуауэ къеджэ къудей мыхъуу, зытепсэлъыхьым зригъасэурэщ. Иджыблагъэ щIалэр яужь ихьащ адыгэбзэр зригъэщIэну.
  • — ФIыщIэ яхузощI чэнджэщэгъу къысхуэхъу зэ- пыт Битокъу зэкъуэшхэу Беслъэнрэ Науркъанрэ. Абыхэм я лъэпкъ щэнхабзэм и щэху сэр-сэру зыгурызмыгъэIуэфынухэм щыгъуазэ сащI. Уэрэдхэр зэзгъэщIэну сыщыхуежьэм, бзэр сымыщIэу жыжьэ сызэрынэмысынур къызгурыIуащ. ЗэкIэ зи ужь ситыр къэбэрдей диалектырщ, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуохъу Шэджэм щыщ Щад Заур. Ари щызэзгъэцIыхуар интернетырщ, — жеIэ Вадим.
  • Белорус щIалэм и гуращэ нэхъыщхьэр Налшык къэкIуэнырщ. Абы бысым хуэхъунухэм зэкIэ япэ итыр лъэпкъ дауэдапщэхэр нэгъэсауэ езыгъэкIуэкI Битокъу Науркъанщ.
  • — СфIэфI дыдэу Вадим Налшык щызгъэхьэщIэ-нущ, — жеIэ езы Науркъани. — Ди шхыныгъуэхэр Iузгъэхуэну, ди нысашэхэм хэзгъэплъэну сыхуейщ. Вадим зэчий зыбгъэдэлъ щIалэщ, абы къыхэкIыу, IэщIагъэм и IуэхукIи жыжьэ нэсыну къысщохъу.
  • Къудей Аминэ.