ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мазибгъум  кърикIуахэр къапщытэ

2021-11-02

  • КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм я зэIу- щIэ иригъэкIуэкIащ. Абы къыщапщытащ блэкIа мазибгъум республикэм и   социально-экономикэ зыужьыныгъэр.

  • КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм и щIышылэ-фокIадэ мазэхэм республикэм хьэпшыпу кърашахэр, Iуэхуу щызэфIагъэкIахэр, Iуэхутхьэбзэу щащIахэр сом мелард 38-рэ и уасэ мэхъу, къыщIагъэкIа ерыскъыхэм я индексыр процент 88,2-рэ ирикъуащ.
  • Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хуагъэфэща бжыгъэм хуэдиз къитакъым мэкъумэш IэнатIэм. Ар къызыхэкIар дунейм и щыты-кIэм гъавэ къехьэлIэжыгъуэр зэригъэкIэсарщ. Мылъку нэхъыщхьэм халъхьа инвестицэр нэхъыбэ хъуащ, блэкIа пIалъэм еплъытмэ, сату Iуэхум епха хьэрычэтри процент 13-кIэ хэхъуащ.
  • Туристхэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэм къата хэхъуэр сом меларди 6-м нэсащ, ар нэгъабэ и иджы хуэдэ пIалъэм еплъытмэ, хуэдэ 1,4-кIэ нэхъыбэщ.
  • КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ къызэрыхигъэщамкIэ, КъБР-м и бюджет зэхэлъыр щIышылэ-фокIадэ мазэхэм сом мелард 38,8-рэ хъуащ, ар къапэщылъ планым и процент 77-рэ мэхъу. Нэгъабэ еплъытмэ, хэхъуэр проценти 106,7-м нэсащ. Бюджет зэхэлъым и налог, налогым щымыщ хэхъуэу иIар 2020 гъэм елъытауэ сом мелард 1,4-кIэ нэхъыбэщ, проценти 113-кIэ дэкIуеящ.
  • Бюджет зэхэлъым щыщу къагъэсэбэпынур сом мелард 55-рэ мэхъу, жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу абы щыщу сом мелард 37-р къагъэсэбэпащ, ар планым и процент 67,5-рэ мэхъу. ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэмрэ хухахар ахъшэм и процент 74,4-рэщ.
  • 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу бюджет зэхэлъым щыщ къэрал щIыхуэр сом меларди 7,5-рэ   мэхъу. Къэрал щIыхуэм щхьэщатыкI ахъшэр нэгъабэрейм елъытауэ процент 32,9-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
  • КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм гу лъаригъэтащ 2021 гъэм республикэм телъ ахъшэ щIыхуэм зыри къызэрыхимыгъэхъуэнум. «Ар ди пщэрылъхэм щыщ гуэр дымыгъэзащIэу къыдэдгъэхуэну аракъым, атIэ ди хэхъуэр нэхъыбэ зэрыхъуамрэ зэрызэдгъэзахуэмрэ къыпэкIуэну аращ. Абы къищынэмыщIауэ, бюджет кредитхэр зэдгъэ-пэщыжкIэрэ къэрал щIыхуэу ттелъыр дгъэмащIэфынущ. Ар эпидемие щытыкIэ гугъум дит пэтми, тхузэфIэкIынущ», — жиIащ КIуэкIуэм.
  •  Дохъушокъуэ Синэ.