ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-10-30

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Тхьэв и гъусэу гъэва джэдыщIэ
  • Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэгъущ, зэпкърах, шыуан лъащIабгъуэм иралъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэ, шыгъу тракIутэ, тхьэв ягъэхьэзырар лым и щIыIум сатыру тралъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэжри зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэ цIыкIум тету лыри тхьэври хьэзыр хъуху, дакъикъэ 20 — 25-кIэ, ягъавэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ тхьэв вар тепщэчым иралъхьэ, абы лыр тралъхьэ, зыхэвыкIа лэпсым щыщ тракIэж. Пщтыру яшх.

  • Тхьэвыр зэращIыр: Гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам и кур кумб ящI, абы шыгъу, джэдыкIэ хэлъу псы щIыIэ иракIэри фIыуэ япщ. Нэхъ щабэ хъун щхьэкIэ ар хъыдан тепхъуауэ дакъикъэ 20-25-кIэ щагъэт. Хьэзыр хъуа тхьэвыр хьэжыгъэ зытеуда Iэнэм тралъхьэри, и Iувагъыр мм 2, и кIыхьагъыр см 55, и бгъуагъыр см 30 хъууэ хупхъэкIэ яху. Абы и щIыIум тхъу щахуэ, бжьын цIынэ, къуэнтхъурей упщIэта, шыбжий сыр плъыжь, джэдгын, бурш хьэжа тракIутэ. ИтIанэ тхьэвыр жэрумэм хуэдэу яшыхь мыгъум дыдэу, и кIапэр джэдыкIэпскIэ зэтрагъэпщIэж, и кIыхьагъыр см 2, и хьэлъагъыр г 20 — 25-рэ хъууэ сэкIэ зэпаупщI.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): джэдылу — г 500, псы щIыIэу — г 230, гуэдз хьэжыгъэу — г 350-рэ, тхъууэ — г 50, псыуэ — г 120-рэ, джэдыкIэу — 1. Бжьын цIынэу, къуэнтхъурейуэ, шыгъуу, шыбжийуэ, буршу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Стхащ, ауэ…
  • Школым къикIыжа Заур цIыкIу и адэм жреIэ:
  • — «Уи адэм и IуэхущIафэхэр» темэм теухуауэ нобэ сочиненэ дагъэтхащ.
  • — НтIэ, дауэ уехъулIа?
  • — Стхащ, ауэ си сочиненэр яIыгъыу ди егъэджакIуэмрэ полицэ щIалэшхуитI-рэ къэкIуауэ уэ къожьэри ди щIыхьэ-пIэм деж щытхэщ.
  • Нэмыс хэлъу ягъэсащи
  • ЛъэIуакIуэр экзамен къеIызыхым бгъэдохьэ:
  • — Иджыпсту мыбы зы щIалэ цIыкIу къыщIыхьэнущ, школыр фIы дыдэу къиухащ, адэ-анэфI иIэщ, апхуэдизкIэ нэмыс хэлъу ягъэсащи, уэлэхьи, нэхъыжь щысу «цIутI» пхужимыIэну. «Тхуэпсэлъакъым» жывмыIэу, моуэ зы «плIы» цIыкIу хуэвгъэуви ныщIэвутIыпщыкIыж.
  • И ныкъуэр сиIащэрэт
  • ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
  • — Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! — щыжиIэм:
  • — Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, — пидзыжащ лIым.
  • ЗэвгъэцIыху
  • Къуалэбзухэр
  • Адэжынэ Куропатка. Адэжынэр мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытIысхьэр зэзэмызэ дыдэщ. И щIыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, фIыцIафэ къыщIэуэу, пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, хулъащхьэр щхъуэщ. Щопсэу Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми. И нэхъыбэм лъэтэжкъым, атIэ Iэпхъуэу аращ. Ди къэралым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэхэу уэсыр куэду къыздесымкIэ щыIэхэр ипщэкIэ къолъатэри, щIымахуэр щрах Ипщэ Украинэм, Кавказыкум, Курыт Азием. Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафIэ ди къуалэбзухэм яхэмытми (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкIэ 24-м нос), я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу.
  • Адрей джэд теплъэ зиIэ къуалэбзухэм елъытауэ адэжынэр нэхъ щымащIэщ Кавказыкум. Абыхэм нэхъ ущрохьэлIэ мэкъупIэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм. Я шхыныгъуэ нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, гъавэхэкI, хьэпщхупщ.
  • «Адэжынэм и гъащIэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гъыбзэм къикIыр «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкIыу упсэу» жыхуиIэщ.
  • АмкIыщ Хохлатая синица. ЦIыжьдадэ лъэпкъщ. Щопсэу Европэмрэ Кавказымрэ я мэзхэм. ЩIымахуэм зыщIыпIи лъэтэжкъым. Абгъуэ здищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр.
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Фо зиIэр нэгъуэщI IэфI мэлъыхъуэ
  • Ер вы бжьакъуэм къикIыу жаIэ щхьэкIэ, ар къызэрыкIыр цIыху псалъэрщ.
  • ГъащIэм и IэфIагъым хуэдизи и дыджагъщ.
  • Ахъшэ и куэд щхьэкIэ бохъшэ къыхуэщэхуртэкъым.
  • Мывэ хъурейр уи япэкIэ бгъэжэн хуей хъумэ, нэхъ цIыкIуу къыхэх, ущIегъуэжынкъым.
  • Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ.
  • Щхьэ зимыIэ цIыху щыIэкъым, акъылыр зыхуримыкъу гъунэжщ.
  • Мыхъуапсэу псэу щыIэкъым.
  • Фо зиIэр нэгъуэщI IэфI мэлъыхъуэ.
  • ЗэгурыIуэ здэщымыIэм сыт хуэдэ Iуэхури щыхьэлъэщ.
  • Сымаджэр узыншэм йохъуапсэри, узыншэр мылъкум щIохъуэпс.
  • «Пщэдей» псалъэр куэдрэ къыбжезыIэм укъигъэпэжыну ущымыгугъ.
  • Гуауэм Iумыуам, гуапэр зищIысыр ищIэнукъым.
  • Щэхур хуэму зекIуэурэ псом я дежи нос.
  • Акъылыр щытхуримыкъум деж къарур Iуэхум къыхохьэ.
  • ФIы пщIамэ, Iейм щыгугъ.
  • Зи акъылыр куум и псалъэр кIэщIщи, зи псалъэр кIэщIым и акъылыр куущ.
  • Сызыхуейр къысхуэзымыщIэр цIыху икIэщи, си Iуэху къизыгъэкIыр цIыху дыщэщ.
  • И къулыкъукIэ яIэт пэтми, и акъылкIэ яхуэIэтыртэкъым.
  • Дыщэ здэщыIэм, дыжьыным щищIэн щыIэкъым.
  • Уи япэкIэ умыплъэу лъэбакъуи умыч.
  • КIурашын Алий.
  • Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр
  • Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэк
  • Лъэпщ и цIэу Алъхъохэ пщылI гуэр яIэт.
  • — Пщэдей ХьэпцIей узгъэкIуэнущ, Лъэпщ! — жиIащ пщым.
  • «Пщэдджыжь сыщыкIуэнукIэ, ныжэбэ сыкIуэрэ сыкъэкIуэжмэ, щхьэ мыхъурэ!» — жиIэри Лъэпщ жэщым ХьэпцIей кIуэри къэкIуэжащ.
  • Пщэдджыжьым Лъэпщыр пщым къриджэу ХьэпцIей щIэкIуэнумкIэ унафэ щыхуищIым:
  • — Уэлэхьэ, зиусхьэн, а жыхуэпIэм ныжэбэ сыкIуэри сыкъэкIуэжамэ, — жиIащ Лъэпщ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 5. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 6. Гъуэгум иIэ кумблъэмб. 8. … вы бжьакъуэм къокI. 9. Партизанхэм бийм хьэлэчыпцIэ зэрыхалъхьэу щыта Iэщэ. 10. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам и щхьэм къытрещIэ. 14. ГъущI быдэ лъэпкъ. 15. БгитI зэхуаку. 16. ХадэхэкI. 17. Танэ мэжэлIам и … макъ. 19. Зи пхъэр щабэ, зи гъэгъахэр гъуэжь жыг. 21. Дыгъужьым, мыщэм я унэ. 22. Къэгубжьауэ нэгъуэщI унагъуэм зэрытелъадэм апхуэдэу йоджэ. 23. Районищым чэзууэ я тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь.
  • Къехыу: 1. Дунейм ехыжам и цIэкIэ хуэмыщIахэм ират Iыхьэ. 2. Адыгэ пщышхуэ … нэху. 3. Дохутыр пэшым къыщIэIукIащ сымаджэ хьэлъэм и … макъ. 4. Къамэ Iэпщэм ар халъхьэ, ирагъэщIэращIэу. 7. Зы пцIым пэжищэ … 8. Пасэрей фоч.11. … пыIэ. 12. Къуацэчыцэ. 13. Ху къызыщIаIукIа мэш хьэуазэ. 18. Iэпслъэпсым щыщ. 19. Таурыхъхэм зэрыхэтымкIэ, хьэкIэкхъуэкIэ хьилэшы, дзыгъуэкIэ ерыщу. 20. Тхьэвыр зэраху пхъэ яе. 21. … -жэ-рэгъу жысIэми, си унэ ныкъуэщIыр и кIэм нэзгъэсыжащ.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Жэпуэгъуэм и 23-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 7. МэракIуей. 8. Мывэсэху. 11. Дудакъ. 12. Ету. 13. Псы. 14. ЛъэкIэн. 15. Ашэху. 16. Бабыщ. 17. Щхьэл. 18. Кхъузанэ. 20.Тэбакъ. 25. Джэрджэм. 27. Мэшбэв. 30. Лъапсэ. 31. ПIырыпI. 34. Зэгущ. 36. Къамэ. 37. ТIыгъуа. 38. Ауан. 39. Хывбанэ. 40. Жырыщхъуэ.
  • Къехыу: 1. ЛъэгущIэуэ. 2. Мажьэкъуаншэ. 3. Зеикъуэ. 4. Къылыш. 5. Лъэныкъуэбэкхъ. 6. ШэгъэфIэIу. 9. Тахътэбан. 10. Маисащхъуэ. 19. Ажэ. 21. Бжьэ. 22. Хьэпс. 23. Налкъут. 24. Къуэды. 26. Мэламу. 27. Мыштыку. 28. ПIалъэIых. 29.Мыващхъуэ. 32. Пкъынэ. 33. Нагъыху. 35. Щабэ. 38. Амыщ.