ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Иджырей гъуазджэ

2021-10-30

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм жэпуэгъуэм и 19-м къыщызэIуахащ Аккизов Чэрим и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

  • «Притяжение» фIэщыгъэм щIэт арт-проектым щыплъагъур гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ защIэт. Чэрим и лэжьыгъэхэм нэхъыбэу зи гугъу щищIыр Интернетым зэщIишха дунейращ. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ пхъэм, тхылъымпIэм тедзауэ абы сурэтхэм хигъэува зэрызэщIэупщIэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. УзэрыщIыхьэу узыIуплъэ гъуджэм «Уи махуэ фIыуэ! Дауэ ущыт?» — псалъэхэр тедзащ. АдэкIэ, гузэвэгъуэ гуэрым зэрыхэтыр къапщIэ цIыхум и сурэтым ерагъыу хэплъагъукI хьэрф инкIэ «Умыгузавэ, псори тэмэм хъунущ», — псалъэхэм укъыщоджэ. КъыкIэлъыкIуэ сурэтым фIыуэ зэрылъагъуитI зэлъэмыIэсыфу хыболъагъукI «Сытым хуэдэу сигу укъэкIа!..» — жиIэу тету. АбджыпскIэ къэщIыхьа гъэлъэгъуапIэм (витринэм) пхъэпс пIащIэу пхъэ упсам тетха хъыбар кIэщIхэм къэпкIухьурэ уздеджэм, зы цIыхум и хъуреягъым щыджэрэз дуней болъагъу, ухуейуэрамэ, абы щыщ Iыхьэ ухъуауэ къыпщохъу. Степлерым и Iунэхэм къыхэщIыкIа гур-щэ?! Хьэмэ, цIыху нэкIу зыхэплъагъуэ мывэ инхэр-щэ?! Балъкъэрхэр хэкум щрагъэкIам теухуа сурэт гъэщIэгъуэн утыку кърихьащ Чэрим. Гу зэкIэщIэчам и кум ахэр хэкум пэIэщIэу щыпсэуа илъэс бжыгъэхэр кIэщIэту унагъуэ сурэт щыболъагъу. «ГъащIэм и гъуджэ» теплъэгъуэри телъыджэ сщыхъуащ. Аккизовым къимыгъэсэбэп Iэмэпсымэ щыIэкъым, абы и гупсысэр зэрыхуэкIуам укъагъэуIэбжьу.
  • Музейм цIыхур щыкуэдащ, уеблэмэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу. Иджырей щIэблэр щэнхабзэм, гъуазджэм пэIэщIэу зэрыжаIэр пэжкъым, нэгъуэщI Iуэхущ абыхэм куэд зэрафIэмыгъэщIэгъуэныр. КъэхъугъэкIэ бей ди зэманым ахэр игъэудэфауэ къызыщыхъу щыIэми, сыт хуэдизу Интернетымрэ телефонымрэ зыIэпашэми, яфIэгъэщIэгъуэн здэщыIэм кIуэнущ. Ар къызгуригъэIуащ мы гъэлъэгъуэныгъэм .
  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат зэIущIэр къыщызэIуихым, гъэлъэгъуэныгъэм зэритхьэкъуар ибзыщIакъым.
  • — Чэрим и Iыхьлы гъунэгъухэу Сиярэ, Якъуб сымэ я цIэхэр республикэм и щэнхабзэ тхыдэм дыщэ хьэрфкIэ хэтхащ. Зэрынэрылъагъущи, щIалэм абыхэм я Iуэхум хуэфащэу пещэ. Абы и япэ лэжьыгъэхэр плъыфэбэщ, зэманым декIущ икIи къызэрымыкIуэщ. Чэрим творчествэм и цIыхущ, абы и дуней лъагъукIэр, гупсысэ къэIуэтэкIэр телъыджэщ. Сынохъуэхъу уи ехъулIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хэхъуэу, мурадхэм гъащIэ ептыфу упсэуну, — жиIащ Карчаевэм.
  • — СогъэщIагъуэ Чэрим и дуней лъагъукIэмрэ гъуазджэм абы хуиIэ бгъэдыхьэкIэмрэ. Адрей сурэтыщIхэм къагъэсэбэп Iэмалхэр мыбы нэгъуэщI зыгуэру «къегъэпсалъэ». ЩIалэгъуалэр къызэрымыкIуэу дехьэх абы и гупсысэ щIэщыгъуэхэм, зыми емыщхьхэм. И зэфIэкI убагъуэ! — жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий.
  • Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Акки-зов Чэрим и гъэлъэгъуэныгъэм, дапщэщи хуэдэу, щIэщыгъуэ куэд зэрыхэтыр, дяпэкIэ нэхъыбэжкIэ зэрыщыгугъыр.
  • Iуэхур зэхьэкIам псалъэ ирата щхьэкIэ, куэд жиIэн идакъым: «Си сурэтхэр си пIэкIэ ирепсалъэ. Дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэн гъэлъэгъуэныгъэм къыщигъуэтыну сыщогугъ». Чэрим къыхигъэщащ иджырей гъэлъэгъуэныгъэр и анэм тыгъэ зэрыхуищIыр.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.